Сабийхэм я дунейми хуэщIат и зэчийр

Лъэпкъым и блэкIамрэ и тхыдэ жыжьэмрэ къыдэкIуэтей щIэблэр щыгъэгъуэзэнымкIэ, фIымрэ пэжымрэ хуэущиинымкIэ ди таурыхъхэм я мыхьэнэр инщ. Хэт фIыкIэ зигу къэмыкIыжыр щIымахуэ жэщ кIыхьхэм анэшхуэ-адэшхуэхэм сабийхэр зыщIагъэдэIуу щыта хъыбархэмрэ таурыхъхэмрэ.

ТхакIуэ, усакIуэ Уэрэзей Афлик итхыжауэ щытахэм яхэтщ «Пщащэ Iущ» таурыхъри. Афлик езым, щыIэм я зырызу, бзэ дахэ Iурылът, адыгэбзэм и купсэм лъэIэсыну хуей дэтхэнэмкIи школ псо ирокъу жыпIэну. Къигъэсэбэп псалъэ щхьэхуэхэр, псалъэухахэр, гупсысэ гъэпсыкIэ телъыджэхэр - псоми удахьэх, укъызыхуеджэхэр зэи зэрытемызэшэнур пщIэуэ. Таурыхъыр здитхыжым,  Уэрэзейм къигъэсэбэпа псалъэхэм зыбжанэрэ къыщытригъэзэж урохьэлIэ, нэгъуэщI гъэпсыкIэм иригъэувэурэ. Зэхих псори зэуэ къэзыпхъуатэ сабий акъылым а къэкIуэкIэ псори еубыд, и бзэм зригъэубгъуу, апщIондэху акъылми зригъэужьу.  Апхуэдэ хъэтI зиIэфынур сабийми балигъми бзэ къахуэзыгъуэт, Уэрэзей Афлик хуэдэ, цIыху Iущхэрт.

 Ди адыгэ литературэм апхуэдэхэр и мащIакъым, абыхэм языхэзми къытхуагъэна IэдакъэщIэкIхэр, махуэгъэпсым хуэдэу, ди стIолыщхьэхэм сыт щыгъуи телъын, адыгэ унагъуэхэм къихъуэ цIыкIухэм гъуазэ яхуэхъун хуейуэ. Нобэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди сабий садхэм кIуэ цIыкIухэм лъэпкъыбзэм, ди таурыхъхэм ятеухуауэ лэжьыгъэ купщIафIэ ирагъэкIуэкIыу пхужыIэнукъым. Абы елIалIэркъым урысыбзэмрэ инджылызыбзэмрэ тегъэщIауэ къэна езы адэ-анэхэри. Бзэ зыбжанэ пIурылъыныр хъарзынэщ, ауэ абыхэм я бжыгъэм а яйр щыхэмытыр нэхъ хэплъэгъуэщ. Сабий гупсысэм и къулеипIэр я анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ таурыхъхэмрэщ.

Пщащэ Iущ

         Мыр къызэрыхъурэ куэд щIащ. Къуажэ гуэрым пщы залым яIэт. Мылъку и куэдт пщым, нэхъыбэжт и залымыгъэр. И ней зыщыхуам щысхь лъэпкъ хуиIэтэкъым! ЦIыху куэд игъэунэхъуащ пщы залымым.

         КъызыхэкIари ямыщIэу, пщым и ней щыхуащ и унэIут лIыжьым. Зэгуэрым пщыр зекIуэ къикIыжащ, и Iуэхур зэрыхуейм хуэдэу къемыхъулIарэ, губжьауэ. Хабзэу зэрыувати, пщыр зекIуэ къыщикIыжкIэ зэрыжылэу пежьэн хуейт. Мызыгъуэгум унэIут лIыжьыр пщым пежьэфакъым. Арыншами, и губжьыр зытригъэпщэхэн къэзылъыхъуэ пщым лIыжьыр къриджэри, унафэ хуищIащ:

         - Уи сэр жану зэщIэлъыкIи, пщэдей пшапэр щызэхэуэм ирихьэлIэу, мо мывэжьым и фэр тех!

         ЛIыжьым сыт ищIэнт, нэщхъейрэ и щхьэр къыфIэхуауэ унэм кIуэжащ. ЗдэкIуэжам унэм къыщыпэплъэрт ипхъу закъуэр. Пщащэм къыгурыIуащ и адэм щIэщхъу гуэр къызэрылъыкъуэкIар икIи адэм еупщIащ:

         - Дадэ, сыт ущIэнэщхъейр?

         ЛIыжьым пхъум хуиIуэтэжащ пщым къыхуищIа унафэр.

         - Умынэщхъей икIи умыгузавэ, дадэ, гъуэлъыжи, тыншу жей. Тхьэм жиIэмэ, пщэдджыжь пщIондэ зыгуэр къэдгупсысынщ.

Пхъум едаIуэу гъуэлъыжами, лIыжьым и нэбдзыпэ жэщ псом къехакъым. Нэху ща къудейуэ пщащэр къыщIыхьащ, маисэу зэщIэлъыкIа сэр иIыгъыу икIи адэм мыр жриIащ:

         - Дадэ, пщым деж кIуэи, мыпхуэдэу жеIэ: «Ди пщы Iущышхуэ, уи унафэр згъэзэщIэну сыхьэзырщ. Ауэ, уэри зэрыпщIэщи, псэум и фэр трахыркъым. Уэ япэщIыкIэ мывэр фIэгъэжи, итIанэ сэ и фэр тесхынщ». ЛIыжьыр пщым деж кIуащ. Абы жылэр къыщызэхуэсакIэт, пщым и унафэр унэIут лIыжьым зэригъэзащIэм еплъыну. ЛIыжьым, пщым щхьэщэ хуищIри, жиIащ: «Ди пщы Iущышхуэ, уи унафэр згъэзэщIэну сыхьэзырщ. Ауэ, уэри зэрыпщIэщи, псэум и фэр трахыркъым. Уэ япэщIыкIэ мывэр фIэгъэжи, итIанэ сэ и фэр тесхынщ».

         Жэуап шэрыуэм пщыр къигъэнэжэгужащ. Нэжэгужагъэм губжьри щхьэщихащ.

         - Апхуэдэ чэнджэщ Iущ къозытар хэт? - щIэупщIащ пщыр.

         - Си пхъум, - жиIащ лIыжьым.

         Пщым и унафэкIэ лIыжьым и пхъур къашащ. И Iущагъри ефэгъуэкIыжу, пщащэр зэрытхьэIухудыр щилъагъум, пщыр ехъуапсэри, ар щхьэгъусэу къишащ.

Зыгъэхьэзырар ШЭРЭДЖ Дисэщ.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: