Гупсысэ куу щыпхрышащУсакIуэ, критик, литературовед, егъэджакIуэ Къэжэр Хьэмид а унэтIыныгъэхэм ящыщ дэтхэнэми хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм купщIэшхуэ яхэлъщ, гупсысэ куу щыпхрышащ, узыщIагъэгупсысыжрэ гъащIэм нэгъуэщIынэкIэ ухагъаплъэу апхуэдэщ. Абы и творчествэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыд прозэу тха усэхэм. Ахэр щIэщыгъуэщ, еджэгъуафIэщ, Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр къыщыIуэтащ.
Дыгъэ бзий IуданэкIэ - Къажэ, си псэ, къажэ, си деж къэкIуэж! - сабий пцIанэ цIыкIум кIэлъоIэбэ цIыхубзышхуэ, жыгым хуэдэу дахэу. Сабийр къажэркъым икIи къэкIуэжыркъым – ауи къеплъыххэркъым. Жьым ирихьэжьа пхъэупсахуэ нэхъей, пкIатэ-лъатэу, зэ зы лъэныкъуэмкIэ, зэми адреймкIэ триIуантIэу, тенджызым хуожэ. - Ей, си щIалэ цIыкIу, зэ къэувыIэ, псым сэ ухэсшэнщ. ЩIалэ цIыкIур мажэ. Гулъ шыр хуэдиз фIэкIа мыхъу лъэбжьанэ цIыкIухэм дыгъэр тоцIуукI. Сабий зекIуагъащIэм и лъакъуэ цIыкIуитIыр маститI хуэдэщ, дыгъэ бзийр Iуданэу илъэфауэ. Зы лъэбакъуэ. ТIу. Щы. Зы лъэбакъуэр – зы мастэнэщ. Уафэ къащхъуэмрэ щIы щхьэфэмрэ сабийм зэреIулI дыгъэ бзий IуданэкIэ.
ХьэщIэм и чэнджэщ Илъэсибгъум ит Маринэ унэ лъэгу къилъэсми, пэшыр зэлъыIуихми, тхылъ еджэми, - сыт ищIэми дзапэ уэрэд тIэкIу жиIэ и хабзэт. Маринэ и уэрэд жыIэкIэр унэм щIэсхэм ягу ирихьыртэкъыми, махуэ псом зэхэпхыр зыт: «Маринэ, бэяу! Бэяу, Маринэ!» ХьэщIэ къахуэкIуат зэгуэр унагъуэми, гу лъитэщ абыи, щIэупщIащ: - Уа, мы Маринэ щхьэ Iуэху фщIырэ? - Iэмал хуэдгъуэтыркъым, уэрэд тфIыжеIэ; жиIэфми зыгуэртэкъэ, джэду гурым фIэкIа пщIэнкъым. - И гугъу фымыщIу зэ феплъыт, - жи хьэщIэм. – Ар щIэгурымыр фыпэроуэри аращ. Уэрэд жызыIэ цIыхум къыпэрыуэ щымыIэу, и псэр хуиту, и гур утIыпщауэ щытын хуейщ. ИтIанэщ абы и макъыр къыщиутIыпщынури.
ПцIащхъуэ Сэ газет соджэри щхьэгъубжэм сыIусщ; уэ дунеишхуэр тIэу пкIэгъуэ пхуэмыхъуу уоджэгу. Сыт апхуэдизу ущIэнэщхъыфIэр? Хэт къызыхуипшыр уи уэрэд зэпымычыжри? Пшэхэр зэрызохьэ. Иджыпсту уэшх къыпхиудынуи зыри хуэIуакъым. Армырауэ пIэрэ зызыхуэбгъэхьэзырыр? Сыт, зэбгъурыту къех ткIуэпсым яку уи бжыхьдэжыпэ цIыкIур дэбгъэувэну ара? Сыноплъри сынохъуапсэ. Уэ пщIэркъым нэщхъеикIэ. Сэ сыхэзыгъаплъэ Iэджэщ. Ар дауэ? Хэт дэ тIум щыуэр? Сэ газет соджэ. Уэ сыт хэпщIыкIрэ дунейм щызекIуэ залымыгъэм! СыткIэ ущыгъуазэ нэпсу хейм щIагъэкIым! Уэ уоджэгу. Ар захуагъэ атIэ? Уи унапIэр си бжьыхьэкIапэти, си шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIу. Сэ сызыгъэгузавэм щхьэ уимыгъэгузавэрэ? Сэ сыкъэзыгъэгубжьым щхьэ укъимыгъэгубжьрэ? Уэ уоджэгу. Уэ зыри къыпфIэIуэхукъым. Уэ упцIащхъуэщ. Уи хъыринэр уафэрщ; уи гурыфIыгъуэр хуабэрщ; уи плъапIэр дыгъэрщ; уи гупсысэр щIэмычэу къебгъэблыж уи уэрэд щхъуантIэ цIыкIурщ. Уэ уоджэгу. Абы къикIыу пIэрэ уэ зыри къыбгурымыIуэу? Уэ унэхъ Iущмэ-щэ генералу дунейм тетым нэхърэ?..
Сыту пIэрэт? ЩIалэ цIыкIум, зредзыхри, абдж къутахуэ лыдыр къепхъуатэ. Абы пэмыжыжьэу щыт адэшхуэр мэкIий: - ХыфIэдзэ, абы уиуIэнущ! ХыфIэдзэ иджыпсту! Сабийр зэрылъэлъу мэдыхьэшх, и нитIым уафэ щхъуантIэ джабэ зырыз къыщIэцIыщхъукIыу, ауэ абдж къутахуэр хыфIидзэркъым. - ХыфIэдзэ жысIакъэ! ХыфIидзакъым. Адэшхуэм лъэбакъуэхъуу зреч. ЩIалэ цIыкIум зигъэхъейркъым. - КIыр-кIыр-кIыркI!.. КIыр-кIыр-кIырк1!.. – псынэ макъ жьгъыру псыгъуэм и пыудахуэ хужь хъурей цIыкIухэр сабийм худэплъейуэ зэхэт удзхэм щыгъэ зырызыххэ яхуохъу. А щыгъэ цIыкIухэр лъапэкIэ къыпигъэлъэлърэ теувэжу, абыи гу лъимытэххэу макIуэ адэшхуэр… Нос. МэIэбэри, и къуэрылъхур Iэ лъэныкъуэкIэ къеубыд. Адрей Iэ лъэныкъуэмкIэ зешэщI. Ауэ… сабийр IитIкIэ къеубыдри, гъунэгъу дыдэу зрешалIэ, и Iупэри щIалэ цIыкIум и тхьэкIумэм хуехь – зы щэху гуэр жриIэну къыпфIэщIу. Пэж дыдэу, абдж къутахуэри щIалэ цIыкIум асыхьэту хыфIедзэж. Сыту пIэрэт – апхуэдиз къару зиIэ псалъэу абы жриIар? Зыри жриIэххатэкъым: сабийм и тхьэкIумэ кIапэ тIэкIум щабэ дыдэу зы ба цIыкIу закъуэ хуищIауэ аркъудейт.
Номиныр гъуэгущхьэм тест, хэт блэкIми зыпищIыжу. БлигъэкIырт, зыпищIыжырти, - цIыхухэр игъэдыхьэшхырт. Зыгуэр къэувыIэри, къеущийуэ щIидзащ. Зыри къикIакъым. Гъуэгу щыхъукIэ, цIыху блэкIынтэкъэ. Къэсыр блэкIырт. Хэт блэкIами, номиным абы зыпищIыжырт. Ар зылъагъухэри дыхьэшхырт. Абы хэту портфелышхуэ иIыгъыу зы лIыжь къэсри, ари блэкIащ. Номиным абыи зыпищIыжу щыщIидзэм, нетIэрейр къэпсалъэри: - Уэ пщIэрэ ар хэтми? – жиIащ. - Ар зи хэтым сэ сыткIэ сыхуэныкъуэ! – мэдыхьэшх номиныр. - Ар профессорщ. Абы уэ ущIэнэкIэн дэнэ къэна, жиIэр къыбгурыIуэн папщIэ, быдэу уегупсысын хуейщ. - Уа, - жи номиным, - фыделэщ фэ, цIыхухэр. - СыткIэ? – егъэщIагъуэ лIым. - ФызэмылIэлIапхъэ куэдым фолIалIэ. Зыгуэр къыбгурыIуэн папщIэ абы уегупсысын хуейщ, узэрегупсысыни уиIэпхъэщ; ауан пщIын щхьэкIэ – а псом ущIыхэтынур сыт!
Поделиться:
Читать также:
25.03.2025 - 12:26 →
Псыпэр хэзышахэм ящыща Теунэ Хьэчим
25.03.2025 - 10:01 →
Лъэпкъыр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр
24.03.2025 - 15:04 →
Псэр и закъуэу къыщынэм деж
21.03.2025 - 14:13 →
Псэр и закъуэу къыщынэм деж
21.03.2025 - 12:00 →
Адыгэ псысэм и бзэ къулейр
|