ПщIыхьэпIэ-нэрыIуапIэ

Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий итхыжауэ щыта хъыбархэм ящыщ зым къыхэтхыжащ адэкIэ щыгъуазэ фызыхуэтщIынур.

         ПщIыхьэпIэ-нэрыIуапIэ

 

 ЩIалитI пщыIэм зэдытест. Зым и цIэр Нурт. Пщэдджыжь гуэрым къэушахэу, Нур мыпхуэдэу жеIэ:

- Уэлей, си ныбжьэгъужь, ныжэбэ пщIыхьэпIэ гуэр слъэгъуащи, зыхуэсхьынур сымыщIэ.

- Хъер Тхьэм ищI! КъыжыIэ, дызэдегупсысынщ!

- Дыгъэр си пIэщхьагъыу, мазэр си тепIэну сыщылъу сепщIыхьащ.

И ныбжьэгъур тэлаифIкIэ гупсысэри:

- Уэлей, Нур, апхуэдэ пщыхьэпIэ телъыджэм и мыхьэнэм уэри сэри дыпэлъэщыну къыщIэмыкIын. КъыбжезыIэфын къэплъыхъуамэ нэхъыфIт!

- АтIэ апхуэдэу щыхъуакIэ, сыкъэтыху пщыIэр уи пщэ къыдохуэри, сакъ! Си плъырыгъуэхэр спшыныжынщ, уэ зозгъэгъэпсэхуурэ! – жеIэри, Нур и шы-уанэ зэщIекъузэ, зымыгъэгузэвэн гъуэмыли здещтэри, гъуэгу тоувэ…

ХьэщIэ еблэгъэгъуэ пщыхьэщхьэм техуэу, псыIуфэрыс къуажэ гуэрым и бгъум Iуохьэ. Псы пэгунитI телъу фыз гуэр къыщыпэщIэхуэм, шыр IумпIэкIэ иIыгъыу бгъэдохьэри фIэхъус ирех, Iэдэб хэлъуи зыхуегъазэ:

- Уэ, ди шыпхъу, фи къуажэ лIы Iущ дэсу пIэрэ си пщыхьэпIэм и щIагъ щIэлъыр къызжиIэфыну?

- Еблагъэ, си дэлъхушхуэ! Жылэ щыхъукIэ дауэ хъун лIы Iущ дэмысу? Модэ мо зи гуэнхэр лъагэу пкъохэм тегъэува пщIантIэшхуэм дэсщ зэкъуэшыбэ. Абыхэм я нэхъыжь Гъур тхьэгурымагъуэщ. Абы Iущыгъи адыгагъи ебгъуэтылIэнущ.

Нур кърагъэлъэгъуа пщIантIэм дыхьэри, щыхьыбжьэу щIа фIэдзапIэм и шыр фIидзащ. Зыкъиплъыхьри, къыгурыIуащ къыздеблэгъар зэрыунагъуэшхуэр. Адыгэ унэ кIыхьым жьыпэууэ зыкъигъэзэжу лэгъунэбэу зэпыщIыхьат, пщэфIапIэм и уэнжакъышхуэр IупщIу адрейхэм къахэщу. ПщIантIэр лъхукъуэщо зи изыгъуэу зэгъэпэщат, гуэнхэр пкъо лъагэхэм тегъэуват. Пкъо къэс IэфракIитIым нэсын и лъагагъыу жыгыфэ пэгун лъащIэншэ кIэрыгъэбыдыхьат, дзыгъуэ дэмыпщеифыну къегъэзыхауэ, я Iуэри бори, хьэщпакъхэри къызыхуэтыншэт, къабзэлъабзэт.

- Еблагъэ, къуэш, хьэщIэ щыIэу хэгъэрейм и Iупэ гъущIэркъым! – жиIэурэ, зы щIалэ нэфIэгуфIэ къыбгъэдыхьэри, фIэхъус кърихащ. Нур хьэщIэщым щIишэщ, «иджыпсту» - жиIэри, езыр щIэкIащ. Асыхьэту тас-къубгъанрэ напэIэлъэщIрэ зыIыгъ хъыджэбз цIыкIу и гъусэу къигъэзэжащ. ЗытхьэщIыныр зэфIокIри, Iэнэр къегъэс…

ХьэщIэгъуэ махуищыр зэфIэкIыху Гъур зэ къыщIыхьэри, фIэхъус кърихащ, нэхъ зыкIи къеупщIакъым. ЕплIанэ пщыхьэщхьэм а къезыгъэблэгъауэ щыта щIалэм Нур бжьэпэмкIэ ешэр, и Iэпкълъэпкъ зригъэукъуэдиину, и нэгу жьы щIихуну.

Къыщагъэзэжам, Гъур и ныбжьэгъу-жэрэгъухэр щIэсу, езыми хьэблэ лIыжь хэгъэрейм и сэмэгур тIысыпIэ хуащIауэ, къахуозэж. И хьэщIэ тIысыпIэм Нур ягъэтIысри, Iэнэхэр къахьу щIадзэ.

Нур зэуэ игу иримыхьын къелъагъу: Iэнэзехьэр лIыжьщ, езы Гъур жьантIэм дэсщ… Шхэныр зэфIокIри, Iэнэхэр Iуахыж.

- Иджы, щIалэ, узыщыщри къыджепIэ хъунущ! – жиIэри, гупым я нэхъыжьым зыкъыхуигъэзащ.

- Си цIэр Нурщ, мыпхуэдэ къуажэм сыщыщщ. IуэхукIэ сыкъежьат, цIыху Iущ и чэнджэщ сылъыхъуэу. Ауэ, зи сэбэп къызэкIын сыкъыхуэмыза хуэдэу къысщохъу! – жеIэ Нур.

- Iэу, ар сыту щIэх ди шы лъэгум укъыщIэплъа? - къогузавэ Гъур.

- Мо лIыжьым Iэнэ къихьу, уэ жьантIэм удэсу здэщыт унагъуэм Iущыгъэ сыщымылъыхъуэмэ нэхъыфIу къысфIощI.

- А зыра дагъуэу къытхуэпщIар?

- Зэ папщIэ аращ.

- АтIэ, ди хьэщIэфI, ину си гуапэщ адыгэлI и хабзэу, уигу иримыхьыр нэщIэплъэу зэрыжыпIар. Абы къеIуатэ пхурикъун лIыгъи пэжагъи зэрыпхэлъыр. Мо лIыжь къыпщыхъуар сэр нэхърэ илъэситхукIэ нэхъыщIэщ, ауэ бзылъхугъэ мыхъумыщIэ къыхуэзэри, а плъагъу сурэтым иригъэуващ. Иджы узыгъэгузавэ Iуэхум дыхэгъэгъуазэт, си шынэхъыщIэ, тлъэкIым деблэжынкъым! – жеIэ Гъур.

- Уэлей, лъэпкъ Iуэху е Хэку Iуэху сыкърахужьауэ армыра. ПщIыхьэпIэу слъэгъуат дыгъэр си пIэщхьагъыу, мазэр си тепIэну сыщылъуи, абы и мыхьэнэр къызгурызгъэIуэн сылъыхъуэу къэскIухьурэ, уи деж сыкъэсащ. Согугъэ жэуап пщызгъуэтынкIэ.

- АтIэ, ди хьэщIэфI, а уэ узыщIэупщIэм пэгъуэкI естын ипэ, зы лъэIу пхузиIэщи, уи жэуапым елъытащ сэ уэстынури.

- ЖыIэ, Гъур, уи лъэIур, си зэфIэкI къиубыду узгъэщIэхъункъым!

- Си лъэIур зищIысыр мыращ: зэкъуэшхэм диIэщ шыпхъу, ауэ ар шыпхъу къызэрыкIуэкъым – нэфщ, Iэшэщ, лъашэщ, дэгущ, абы уфIэкIыжынщи – бзагуэщ. Мис а ди шыпхъур щхьэгъусэу пщтэфмэ, сэри уи пщыхьэпIэм и жэуапыр уэстыжынщ. Иджы гъуэлъыжыгъуэ дахэ хъуащи, пщэдджыжь нэгъунэ егупсыси, жэуапыр уи хьэзыру нэху зыкъегъэкI. Ар нэхъыжьми игу ирохьри, гупыр зэбгрегъэкIыж.

Нур жэщ псом и щхьэм щигъэкIэрэхъуащ Гъур и лъэIур. Йогупсыс: «Е, зи лIэужь бэгъуэн, апхуэдиз дерт зэхуэхьэсауэ дэнэ къриха а пщащэ тхьэмыщкIэм? Дауэ сщIыну? Мыр Тхьэшхуэм гъэунэхупIэу къыслъигъэсамэ-щэ? Дауи щрет, щхьэгъусэ схуэхъуагъэххэу а дагъуэхэр къехъулIатэмэ, зесхьэн хуейуэ си пщэм зэрилъым хуэдэу, мыри зесхьэнщ. Таучэл сщIынщи, «ерэхъу!» жесIэнщ си бысымым!»

Пщэдджыжьышхэм хуэзэу дыгъуэпшыхь щIэсахэр къызэхуосыжри, щIалэм и жэуапым къыпэплъэу къотIыс.

- Сытым тебубыда, атIэ, Нур? – жеIэри, хьэщIэм зыкъыхуегъазэ Гъур.

- Си жэуапыр «ерэхъущ!», нэхъ мыпхуэдэу сыкъэзылъэгъуа цIыху хъарзынэхэм фи лъэIу закъуэмкIэ си нэ къижу дауэрэ фызущхьэкIун? Ауэ щыхъукIэ, нэфми – си нитIыр зырызу тхурикъунщ, зэхэсхыр и Iэгум сеIэбмэ гурызгъаIуэу езгъэсэнщ, къызжимыIэфыр – гукIэ къызигъэщIэнщ, Iуэху тщIэн хуей хъумэ – си Iэпкълъэпкъ узыншэр тхурикъунщ, - яжриIащ.

Зы тэлайкIэ псори щым хъуат. Гъур игукIи и псэкIи зэрыгуфIэр хущIэмыхъумэу къэтэджри:

- Уэ, си хьэщIэ лъапIэ, иджы си малъхъэ жысIэми хъунущ! Сызэрыпщыгугъауэ укъыщIэкIыжащи, афэрым! Уи жэуапыр адыгэлI нэс и жэуапщ! – жеIэ Гъур.

ХьэщIэщым къыщIашэ узримыгъэплъу хъыджэбз дахащэ, улъыхъуэпами дагъуи дерти кIэромыгъуэтэну. Нур къэтэджауэ щытт, Iэнкун хъупауэ. ЩIалэм и Iуэху зытетыр Гъур илъагъурти:

- Къысхуэгъэгъу, щIалэ, дыгъуэпшыхь лъандэрэ гугъумыгъу узэрыхэзгъэтар! Уэрауэ къыщIэкIынт а ди шыпхъум и натIэм Тьэм къритхари, сыхуейт узгъэунэхуну, ди шыпхъур ныпIэщIыхьэмэ, узэрыхущытыфынур сщIэн папщIэ. Ауэ мы дахэ цIыкIу плъагъум а жыхуэсIа дагъуэхэр иIэщ: нэфщ – имылъагъупхъэ илъагъунукъыми, бзагуэщ – жимыIэпхъэ жиIэнукъыми, дэгущ – зэхимыхыпхъэ зэхихынукъыми, Iэшэщ – зэмыIэбыпхъэ еIэбынукъыми, лъашэщ – здэмыкIуапхъэ кIуэнукъыми! Иджы, Нэху, уи насып къыкъуэкIащи, узэрыпежьэнум хуэдэу зыгъэхьэзыр! – жиIэри, Гъур и шыпхъур щIигъэкIыжащ.                     

- АтIэ, Гъур, иджы си пщIыхьэпIэм и щIагъыу сыт къызжепIэфын?

- Уи пщIыхьэпIэм и щIагъ щIэлъым и жэуапыр къанэ щIагъуэ щымыIэу уэ зэптыжащ. Дыгъэмрэ мазэмрэ щIэплъэгъуар – ди шыпхъум япэ илъэсым дыгъэ нурыр къыщхьэщихыу щIалэ къуитынущ, абы къыкIэлъыкIуэнущ мазэр зэфэгъуэкI хъыджэбз цIыкIу. КъыкIэлъыкIуэнухэри бын дыгъэ-щыгъэщ. НасыпыфIэ фыхъу! – жеIэ Гъур.

- А псори хъарзынэщ, си бысым гуапэ, ауэ фи шыпхъум и жэуап зэхэзмыхауэ, сэ арэзы сыхъуауэ схужыIэнукъым! – йоувыкI Нур.

ЩIалэр Нэху и лэгъунэм яшащ.

Япэ зэIуплъэгъуэм зэуэ хьэщыкъ зэхуэхъуа пситIым сыт я жэуапынт?

Апхуэдэу, пщIыхьэпIэр нэIуапIэ зыхуэхъуа щIалэм зэрыхуэфащэу, яIэтащ цIыху дахитIым я хьэгъуэлIыгъуэр.

«Акъылыр, цIыху дахагъэр, псэ къабзэр, гуапэмрэ хьэлэлымрэ зэщIыгъумэ, апхуэдэ къарур зыпэмылъэщын шынагъуи, тхьэмыщкIагъи, гугъуехьи мы дунейм теткъым…», - щыжеIэр зи гугъу тщIа мы и тхыгъэм IуэрыIуатэ зэхуэхьэсыжынымкIи ар къетхэкIыжынымкIи зыхуэдэ щымыIэу къэгъуэгурыкIуа Шэрджэс Алий.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.        

Поделиться:

Читать также:

13.11.2024 - 12:57 ГъащIэ купщIафIэ
11.11.2024 - 14:00 Бзылъхугъэ ц1эры1уэ
08.11.2024 - 12:11 «ФатIимэ» и усакIуэр
07.11.2024 - 10:19 ГъащIэр - гъуджэщ!