Дызэрыгушхуэ сурэтыщIДифI догъэлъапIэ УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием хэт, Санкт-Петербург щыпсэу икIи щылажьэ ди хэкуэгъу сурэтыщI цIэрыIуэ СэвкIуий Хьэмид и ныбжьыр илъэс 60 зэрырикъум и щIыхькIэ, бадзэуэгъуэм и 18-м щыщIэдзауэ бадзэуэгъуэм и 30 пщIондэ Налшык зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр щекIуэкIынущ. СэвкIуий Владимир и къуэ Хьэмид Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэпхъукIыу Къэзахъстаным и Джамбул къалэм щыпсэуа адыгэ унагъуэм 1964 гъэм къыщалъхуащ. 1979 гъэм ар Налшык къэIэпхъуэжащ. СурэтыщI цIэрыIуэ Сындыку Анатолэ и лъэщапIэм щIэх-щIэхыурэ зэрыкIуам къыхэкIыу, а IэщIагъэм дихьэхащ Хьэмид. ЯпэщIыкIэ ар щеджащ Ставрополь пединститутым и художественно-графикэ факультетым, иужькIэ живописымкIэ, скульптурэмрэ архитектурэмкIэ Репиным и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт институтым монументальнэ живописымкIэ и къудамэм. СэвкIуийм зэуэ гъуазджэм и унэтIыныгъищым - графикэм, живописым, скульптурэм - ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ. Гъуазджэм и лIэужьыгъуэхэу графикэм, живописым, скульптурэм ехъулIэныгъэфIхэр щызиIэ ди лъэпкъэгъу сурэтыщIым и лэжьыгъэхэр ягу дохьэ ахэр зылъагъухэм. «Невеста» лэжьыгъэм папщIэ Хьэмид 1995 гъэм къыхуагъэфэщащ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и щIыхь тхылъыр. А лэжьыгъэр СэвкIуийм Налшык этнографиемкIэ и институтым щищIащ. ЕгъэджакIуэхэм я лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ институтым къыщызэрагъэпэщхэм 1996 гъэм щыщIэдзауэ Хьэмид и Iэдакъэ къыщIэкIахэри илъэс къэс хегъэхьэ. Хьэмид и IэдакъэщIэкIыу ди щIыналъэм щыIэм я гугъу пщIымэ,1997 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентымрэ Правительствэмрэ я унэхэм папщIэ игъэхьэзыращ «Иван Грозный принимает кабардинскую делегацию», «Выход пахарей» декоративнэ лэжьыгъэхэр. 2000 гъэм и щхьэзакъуэ выставкэ Барселонэм (Испание), 2002-2006 гъэхэм (живопись, графикэ, пхъэм къыхэщIыкIа скульптурэхэр) Голландием (Амстердам, Гауда) и «Goda» галереем, 2004 гъэм Москва сурэтыщIхэм я Унэ Нэхъыщхьэм, «Белая река» зыфIаща и гъэлъэгъуэныгъэр Санкт-Петербург и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм я гъэлъэгъуапIэ пэшышхуэм щекIуэкIащ. Апхуэдэу СэвкIуийм живописымкIэ и щхьэзакъуэ выставкэхэр 2005 гъэм Самарэ, «Эпоха бронзы» зыфIищар а гъэ дыдэм Санкт-Петербург, къыкIэлъыкIуэхэр УФ-м и Къэрал Думэм и музейм, Санкт-Петербург художествэхэмкIэ и академием, «Собирающие камни» зыфIищар 2006 гъэм Санкт-Петербург и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм щекIуэкIащ. Ар хэтащ Урысейм и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэу Китайм къыщызэрагъэпэщам, урыс щэнхабзэм хухахауэ Голландием щекIуэкIа фестивалым. СэвкIуий Хьэмид и Iэдакъэ къыщIэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерий и скульптурэр. Ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал аграрнэ университетым и пщIантIэм 2007 гъэм щагъэуващ. Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм 1996 гъэм СэвкIуийр хагъэхьащ. А гъэ дыдэм къыхуагъэфэщащ ХудожествэхэмкIэ урысей академием и ЩIыхь тхылъыр. 1999 гъэм медаль тыгъэ къыхуащIащ Москва КъегъэлакIуэ Христос и цIэр зезыхьэ и члисэр къэгъэщIэрэщIэжыным хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIам папщIэ. 2005 гъэм ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и дыжьын медалыр къыхуагъэфэщащ. 2007 гъэм ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент цIэр къыфIащащ. Мы щIыхьыцIэхэм дэщIыбгъун иджыри куэду щыIэщ, нэхъыщхьэращи, ди хэкуэгъум и лэжьыгъэхэм щIэупщIэшхуэ щаIэщ ди къэралми хамэ щIыпIэхэми. - СэвкIуий Хьэмид и Iэдакъэ къыщIэкIахэм къызэрымыкIуэ лэжьыгъэ яхэплъагъуэркъым. Зи хъэтI зиIэж художникым и сурэт псори зыгуэркIэ зэрызэщхьым гу лъыботэ, абыхэм ящIэлъ гупсысэм апхуэдизкIэ узыщIешэри, ахэр зэгъунэгъу ещIри, уи нэр здытеплъызэм зы сурэтым хуэдэу зэпыбогъэувэ, - жеIэ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и академик, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Михайловский Семён. – Хьэмид и лэжьыгъэхэр зытриухуар зэрыцIыкIурэ къэзыухъуреихь, фIыуэ зыщыгъуазэ Iуэхухэрщ, и лъэпкъым и тхыдэрщ. СэвкIуий Хьэмид и лэжьыгъэ телъыджэхэр щахъумэ къэралым и музейхэм, Урысейм, Китайм, Испанием, Голландием, Германием, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэууэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIахэм дихьэххэм я уней гъэтIылъыгъэхэм хэлъщ. 2000 гъэм щыщIэдзауэ Хьэмид Санкт-Петербург ХудожествэхэмкIэ и академием живописымкIэ и факультетым сурэт щIынымкIэ и къудамэм щрегъаджэ. Зи хэкуэгъухэр зыщызымыгъэгъупщэ сурэтыщIым и лэжьыгъэхэр нэхъыбэу зытеухуар и лъэпкъым и тхыдэрщ, и къекIуэкIыкIарщ, и щIыналъэм и щIыуэпс къулейрщ, нобэрей гъащIэм и лъапIэныгъэхэрщ. Хьэмид и лэжьыгъэхэм гупсысэ куурэ купщIэ инрэ ящIэлъщ. СурэтыщIыр щIэх-щIэхыурэ Налшык къокIуэж икIи и гуапэу хэтщ ди щIыпIэм щекIуэкI щэнхабзэ, гъуазджэ зэхыхьэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм. СэвкIуийм и IэщIагъэм, и зэфIэкIым и лъэпкъэгъухэр дрогушхуэ, ди щхьэр лъагэу дегъэлъагъуж. СэвкIуий Хьэмид къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу, Лъэпкъ музейм бадзэуэгъуэм и 18-м сыхьэт 16-м къыщызэIуахынущ «Уо, си анэ!» гъэлъэгъуэныгъэр. СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, бадзэуэгъуэм и 19-м сыхьэт 16-м художникыр щаIущIэнущ жылагъуэмрэ щIалэгъуалэмрэ. «Нартхэр» гъэлъэгъуэныгъэри абыхэм къапоплъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем бадзэуэгъуэм и 23-м сыхьэт 11-м щагъэлъэгъуэнущ СэвкIуийм и «Ковчег» арт-проектыр. КъинэмыщIауэ, Къулъкъужын Ищхъэрэм Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ ГъуазджэхэмкIэ и еджапIэм бадзэуэгъуэм и 25-м сыхьэт 11-м СэвкIуий Хьэмид сабийхэм щаIущIэнущ икIи дерс яритынущ. Лъэпкъ музейм бадзэуэгъуэм и 30-м художникым и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуа зэIущIэ щекIуэкIынущ. УпщIэ зиIэхэр фыпсалъэ хъунущ мы телефонымкIэ: 42-43-13. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2025 - 09:40 →
Гъуазджэм и цIыхухэр
06.05.2025 - 17:16 →
Уи ужькIэ къэбгъанэрщ…
06.05.2025 - 16:13 →
IэщIагъэр гъащIэ гъуэгуу
05.05.2025 - 16:13 →
Тхэ цIыхур игъащIэ псокIэ еджэн хуейщ
05.05.2025 - 15:12 →
Москва щагъэлъагъуэ
|