КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, СурэтыщIхэм я урысей академием, СССР-м, КъБР-м, Сочэ къалэм я СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, СурэтыщIхэм я дунейпсо федерацэм хэта Акъсырэ МуIэед ящыщщ а IэщIагъэм япэу хуеджа ди лъэпкъэгъухэм.
Акъсырэ МуIэед Псыгуэнсу къуажэм 1931 гъэм къыщалъхуащ. Сурэт щIынымкIэ абы зэфIэкI зэриIэр къалъытэри, 1947 гъэм къэралым и еджапIэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зым - Саратов къалэм дэт художественнэ училищэм - еджакIуэ ягъэкIуащ. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухри, къигъэзэжащ. 1981-1984 гъэхэм КъБАССР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу лэжьащ.
СурэтыщIым и лэжьыгъэхэм щIэупщIэ ин яIэщ. Ахэр щахъумэ Налшык, Ставрополь щыIэ художественнэ музейхэм я фондхэм. КъищынэмыщIауэ, Урысейм и щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэу цIыху щхьэхуэхэми абы и сурэтхэр зэхуахьэс. Акъсырэ МуIэед и лэжьыгъэхэм апхуэдэ щIэупщIэ щIаIэм и щхьэусыгъуэхэм ящыщщ зыIэригъэхьа щIэныгъэм зэпымыууэ зэрыхигъэхъуэным зэрыхущIэкъуар, къигъэсэбэп Iэмалхэм зэрызригъэужьар.
1952 гъэм щыщIэдзауэ Акъсырэ МуIэед жыджэру хэтащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщ гъэлъэгъуэныгъэхэм, Москва, Ленинград къалэхэм (1957, 1983, 1995 гъэхэм) щекIуэкIахэм. 60 гъэхэм къыщыщIэдзауэ 90 гъэхэм пщIондэ КъБР-м и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэу Мэхъэчкъалэ, Грознэ, Дон Iус Ростов, Винницэ, Краснодар, Орджоникидзе, Ставрополь къалэхэм къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэхэм Акъсырэм и лэжьыгъэхэр утыку къыщрахьащ. Налшык, Москва, Ставрополь, Пятигорск къалэхэм, нэгъуэщI щIыналъэхэми езым и закъуэ теухуа гъэлъэгъуэныгъэхэр зыбжанэрэ щекIуэкIащ. Абы и сурэтхэр щагъэлъэгъуащ Иорданием, Сирием къыщызэрагъэпэща дунейпсо выставкэхэми.
Зи адэ-анэр пасэу зыфIэкIуэда, сабиигъуэ дыдж зиIа Акъсырэр есат гъащIэм и гугъуехьхэр къызэринэкIыфу. Абы и лэжьыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжащ и нэгу щIэкIа Хэку зауэшхуэм хилъагъукIа гугъуехьхэр, гузэвэгъуэхэр. А лэжьыгъэхэр художникым и гъащIэм и гъуджэ щIэхъуар зыхэпсэукIа зэманым ижь къазэрыщIихуарщ. Аращ Акъсырэм и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр нэгъуэщIхэм я лэжьыгъэхэм щIыхэмыгъуащэр. Апхуэдэу бгы уардэхэр, сэхуран гъэгъахэр, дыгъэ бзийхэр зытеджэгухь щIыуэпсыр, гъэм и зэманхэм я теплъэ дахэхэр, натюрмортхэр, удз гъэгъахэр, бзылъхугъэхэм я сурэтхэр, республикэм и теплъэхэр къызэрыщ и сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр удэзыхьэхщ, узыгъэгупсысэщ. Абыхэм щыболъагъу и Хэкум, щIыуэпсым хуиIэ лъагъуныгъэ иныр.
Акъсырэм республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэр зэрыиным и щыхьэтщ 2001 гъэм КъБР-м и Къэрал саугъэтыр абы къызэрыхуагъэфэщар.
Акъсырэ МуIэед и IэщIагъэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм и фIыщIэ хэлът сыт щыгъуи абы и Iуэхухэр къыдэзыIыгъыу, дэIэпыкъуэгъуу къыкъуэта и щхьэгъусэ Лидэ. ЦIыхухэм гукъыдэжрэ гуапагъэрэ езыт, купщIэ зыхэлъ, зи плъыфэхэр зэгъэкIуа и лэжьыгъэхэм щIэдзапIэ яхуэхъуащ хабзэ, нэмыс, зэгурыIуэ зэрылъ МуIэед и унагъуэ дахэр. НэхъыжьыфIыр иригушхуэрт и IэщIагъэм и къуэмрэ и пхъурылъхумрэ зэрыпащэм, и сурэтхэр цIыхухэм щIэщыгъуэ зэращыхъум, зэхуэгуэпэным ягухэр къызэрыхуигъэушым, лэжьыгъэхэм ящIэлъ хуабагъэм я псэм зэрызригъэужьым.
СурэтыщI Iэзэм и IэщIагъэм ехъулIэныгъэрэ зэфIэкIрэ къагъэлъагъуэу пащащ и къуэ Михаилрэ и къуэрылъху Тамарэрэ. Я адэм, адэшхуэм хуэдэу, ахэри хуэIэкIуэлъакIуэщ сурэтыщI гъуазджэм и лIэужьыгъуэ зыбжанэм. Михаил республикэ, урысейпсо, дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм зыбжанэрэ хэтащ, и лэжьыгъэхэр Москва, Санкт-Петербург, Дон Iус Ростов къалэхэм, Англием, Германием, нэгъуэщI щIыпIэхэм щагъэлъэгъуащ. И адэм хуэфащэ къуэ Михаил къызэрищIыкIам и щыхьэтщ КъБР-м гъуазджэмрэ щэнхабзэмкIэ и къэрал саугъэтым, «Искусство народов мира» зэгухьэныгъэм я лауреат зэрыхъуар. Апхуэдэ ехъулIэныгъэху иджыри къыпхуебжэкIынур мащIэкъым.
Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэр гъуазджэм, дахагъэм зэрызэришалIэм и щыхьэтщ Тамарэ и адэ Михаилрэ зыщыщ лъэпкъкIэ нэмыцэ и анэ Викториерэ. Тамарэ и адэ-анэри, и адэшхуэ МуIэеди я IэщIагъэкIэ зэрысурэтыщIым къыдэкIуэу, и адэшхуэ Бюлл Лев (и анэмкIэ) Ставрополь къалэм и музей-заповедникым и сурэтыщI-реставраторт. ЗэрыцIыкIурэ гъуазджэм щIапIыкIа, и Iыхьлыхэр зи щапхъэ гъэлъагъуэ Тамарэ сурэт щIыным димыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, хъыджэбзым мурад быдэ ищIащ хуабжьу дэзыхьэх сурэт щIыным хуеджэну. ИкIи ар зригъэхъулIащ. Санкт-Петербург и Художественнэ школымрэ Гъуазджэхэмрэ щэнхабзэмкIэ и институтымрэ ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Иджыпсту Санкт-Петербург къалэм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, езым и закъуэ гъэлъэгъуэныгъэхэри иIащ. Гу зылъыптэращи, Акъсырэхэ я сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэм гуапагъэр, нэхугъэр, хуабагъэр йобэкI. Ахэр щхъуэкIэплъыкIэщ, плъыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэхэухуэнащ. ГъащIэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым я теплъэ дахэхэр къызэрыщ а сурэтхэм ущеплъкIэ гур хагъахъуэ, гуапагъэм ухуагъэуш. Нэхъыщхьэращи, дэтхэнэ зыми нэгъуэщIхэм къазэрыщхьэщыкI хъэтI иIэжщ.
Республикэм и гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ Акъсырэ МуIэед и ныбжьыр илъэс 85-рэ хъууэ 2016 гъэм дунейм ехыжащ. СурэтыщIым и фэеплъыр яхъумэ и унагъуэм, и лэжьэгъухэм, ныбжьэгъухэм.
ЗэрыжаIэу, лIэужьыр бжьиблкIэ мауэ. Хэт ищIэрэ, МуIэед и IэщIагъэм къыпызыщэну, и лъэужьым ирикIуэну сурэтыщIхэр иджыри Акъсырэхэ я лъэпкъым къыхэкIынкIэ хъунщ.