(Нарт тхыдэжь)
Жэщыбг хъуауэ куэбжэм зыгуэр къыбгъэдыхьэри къэджащ:
– Уэзырмэдж! – жиIэри.
Бжэр Iусхрэ сыкъыщIэкIмэ – куэбжэм зы лIыжь цIыкIу Iутщ, башышхуи иIыгъщ.
– Еблагъэ! – жесIа щхьэкIэ, еблэгъэн идакъым.
– Мыпхуэдэ Iуащхьэр пIалъэ пхузощI, Уэзырмэдж, некIуалIэ,– жиIэри лIыжь цIыкIур кIуэдыжащ, мазэхэ жэщти.
Нэху щыри Iуащхьэ пIалъэм секIуэлIащ. ЛIыжь цIыкIур къэсауэ къыспэплъэрт.
– Укъэса, Уэзырмэдж? – жиIащ лIыжь цIыкIум.
– Сыкъэсащ, – жызоIэ.
– Укъэсамэ, бжесIэнум къедаIуэ. Ди тхьэмадэм (и цIэр ириIуэри) и пхъур лIы ирет, джэгур зэхыхьащи, махуиблкIэ зэхэтынущ, пщэдей ебланэ махуэщ – джэгум ухэсшэн мурад сщIащ. Иджы жылэм дыхьи, хьэщIэ зэрымыс унагъуэ гуэрым деж еблагъэ – хэIущIыIу зыпщI хъунукъым. ИужькIэ узэрызекIуэнуми ущызгъэгъуэзэнщ.
Сышэсыжри жылэм сыдыхьащ, лIыжь цIыкIур Iуащхьэм къытезнэри.
Мэл къыдыхьэжыгъуэ хъуауэ, зы хьэщIэщ секIуэлIащ, си шыр шы фIэдзапIэм фIэздзэри хьэщIэщым сихьащ. Гу къыслъызыта щыIэкъым: пщIантIэм дэтыр зэрызохьэ, хэт мэл жи, хэти щынэ.
«ХьэщIэ Iуэху зэрахуэркъым мыбы, нэхъ бысым нэгъуаджэ згъуэтынкъым», – жысIа къудейуэ, Iуащхьэм къытезна лIыжь цIыкIур хьэщIэщым къихьащ:
– Укъэса, Уэзырмэдж, – жиIэри.
– Сыкъэсащ, – жызоIэ.
– Укъэсамэ, бжесIэнум къедаIуэ. Нэху щымэ, цIыхум замыужь щIыкIэ, уи шым уанэ теплъхьэжынщи, удэкIыжынщ. Джэгум уекIуэлIэнщ, ауэ уахэмыхьэ, шым епсыхи, лъэныкъуэкIэ ув, шыри Iыгъ, къыббгъэдыхьакIэ йомыт. Сэри сыныхыхьэнущ джэгум. Бжьамияпщэм зыбгъурызгъэхуэнщи, бжьамияпщэр ешмэ, бжьамийм сэ сепщэнщ. Бжьамий сепщэурэ, лIы ират пщащэр бжэщхьэIум къытесшэнщ – сэ бжьамийкIэ къыдэзмыхьэхын къэхъуакъым. Пщащэр бжэщхьэIум къытеувэмэ, бжьамийр згъэтIылъыжынщ. «Щхьэ бгъэтIылъыжа? Епщэ!» – жаIэнщи, къысщыхьэнщ. «Сепщэнукъым, си тхьэмадэм хуит зыкъевмыгъэщIауэ», – яжесIэнщи, уезгъэлъагъунщ. Уэ къажепIэнуращ: «Си пщафIэр бжьамийм езгъэпщэнщ, фи пщащэр къыдэвгъэуджынумэ». Пщащэр къыдашынурэ къыздагъэуджынущ. Зэ дыкъеуджэкIмэ, пщащэр къостынщ, уэ шыплIэм къыдэбдзэнщи, къепхьэжьэнщ. Пхъэрыр зыщIомыгъыхьэ, уи лъэужьыр яфIэгъэкIуэди, Iуащхьэм некIуэлIэж. Сашхын хъуми, салIын хъуми, къомыгъазэ – къызащIэфын щыIэкъым. АдэкIэ зэрыхъури плъагъунщ.
Ар жиIэри лIыжь цIыкIур хьэщIэщым икIыжащ.
Пщэдджыжьым сышэсыжри джэгум сыкIуащ. ЦIыхур къызэхуэсыжри джэгур яублэжащ. Джэгум сахыхьакъым, сепсыхри лъэныкъуэкIэ сыуващ. ЛIыжь цIыкIури къэсащ. Бжьамияпщэр еша хъунти, джэгур щызэпагъэум, лIыжь цIыкIум бжьамийр къищтащ, бжьамийм епщэу щIидзэри цIыхур зэхигъэплъэжащ.
Джэгур яублэжа къудейуэ, лIыжь цIыкIум бжьамийр игъэтIылъыжащ.