«Нахъуэ и вы егъэзыпIэ» щIыпIэм хъыбар хьэлэмэт иIэщ. Пасэ зэманым цIыхухэр зэрывэу щытар выщ. Махуэ псом зэрыва, зэрылэжьа вым жэщым зегъэгъэпсэхун, хэгъэпщын хуейт. ГурыIуэгъуэщ, ар хэти игъэхъуфу, хэти хигъэпщыфу зэрыщымытар, атIэ ар зыхузэфIэкIыр лIыгъэ зыхэлъ, къару зыбгъэдэлъ цIыху мышынэрт.
Къуажэдэс нэхъыжьыфI, лэгъупэжьу илъэс куэдкIэ лэжьа Шыдакъ Тузем къызэрыджиIэжамкIэ, а зэманым апхуэдэу Инарыкъуей къуажэм дэсар Уэзыр Нахъуэщ. Абы лIыгъэшхуэ хэлъу, ингуш, шэшэнхэм щыщ бийхэр иIэу щытащ. И Iэщэ зыкIэрихауэ, зитIэщIу гъуэлъыжауэ зэи цIыхум ямылъэгъуауэ жаIэж. Сытым дежи, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми хуэхьэзыру щытт. Апхуэдиз лIыгъэ зыхэлъ щIалэм къуажэ псор елъэIуауэ явхэр ирагъэгъэхъурт жэщым. Мо лIы мышынэм выхэр жэщым къуэм, мэзым пэгъунэгъуу ихурти, абы щыхигъэпщырт, щигъэхъуакIуэрт, къуажэ псом я выр мащIэтэкъым зэтепIыгъэнуи укIэлъыплъынуи, а лэжьыгъэ мытыншыр щIыхь пылъу игъэзащIэрт Нахъуэ и закъуэ. Шэшэн, ингуш и бийхэр щыпсэу щIыпIэм пэгъунэгъут абы выхэр щигъэхъу къуэр, абы щхьэкIи шынэртэкъым ар. ЛъэпкъкIэ къумыкъут жаIэ езы Нахъуэ. Къуажэ Iуэху игъэзащIэу, Iуэхутхьэбзэ яхуищIэу зэрыщытам щхьэкIэ, а выхэр щигъэхъуу щыта къуэм «Нахъуэ и вы егъэзыпIэ» фIащащ.
- Инарыкъуей къуажэм иIэщ «ШыкхъэкIэ» еджэу зы щIыпIэ. Мыбы и гугъу къыщытхуищIым, Шыдакъ Тузем и нэпс къекIуахэм гу лъыптэрт, ар къызыхэкIар, дэ дызэрегупсысамкIэ, езыр мэлым, шым хэту и гъащIэ псор зэрихьарауэ къыщIэкIынт, - жеIэ щIыпIэцIэхэр къэтIэщIыжынымкIэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкIа Хьэрэдурэ Эммэ.
1939-1940 гъэхэм Инарыкъуей, Ислъэмей, Къаншыуей къуажищым унагъуэу дэсым шыуэ яIэр къытрахри, сымаджэу, уз зэрыцIалэ къахыхьауэ жаIэри дашри яукIауэ щытащ. Ахэр псори зы щIыпIэм деж щаукIащ, мащи къыщатIыжри ирадзащ. 1941 гъэм, зауэр къыщыхъеям, къуажэм зыш дэтыжтэкъым жаIэ зауэм ирикIуэну.
- Мы хъыбар дыдэр Тумэ Мухьэрбии къыджиIэжащ, ауэ, абы зэрыжиIэжамкIэ, зауэм ипэ къуажэм щэхурылажьэ (диверсантхэр, шпионхэр) гуэрхэр къыдагъэхьэри, ахэращ шыхэр сымаджэу зыгъэIуари, дезыгъэшари, езыгъэукIари. Шыхэр щаукIыну щIыпIэм нэса иужь, я нэм зыри имылъагъун папщIэ, я щхьэм къэп фIакъуэрт, занщIэу мащэм зэрихуэным хуэдэу щхьэщагъэувэрти, уадэшхуэкIэ я натIэм еуэрти пхаудырт. ЕгъэджакIуэ Джэрмэшык Хьэжмурат езым зэхиха хъыбар хьэлэмэтри къыджиIэжащ: «Пэнагуэ Бцинэ мыгъуэм зэрыжиIэжамкIэ, абы и адэм шы дэгъуэ лъакъуэхуу, натIэхуу, езыр пцIэгъуэплъу иIэти, ари трахри дашат, ауэ шыр апхуэдизкIэ губзыгъэти, зэраукIынур къищIэри, къаIэщIэкIри я деж къэкIуэжщ, куэбжэм къелъэри, шыгъуэгу хадэм бэрэжьей кIыр гуэрэнышхуэ итым зигъэпщкIуну хэгъуэлъхьат. Куэдрэ къалъыхъуащ жеIэ а шыр. Зейхэм ялъэгъуат къызэрыкIуэжар, ауэ ябзыщIащ, зэгуэпырти. Сытми шыр къагъуэтыжри, бынунагъуэр зэщIэгъуагэу дашри ари яукIащ. Шыр щыдашыжым, и нэпсыр къежэхырт жаIэ». Аращ псэр Iэфщ щIыжаIэр, апхуэдизкIэ и псэм къигъэгузэват а шы тхьэмыщкIэр. А шыхэр щаукIыу щыщIата щIыпIэм къуажэдэсхэм иужьым «Шыкхъэ» фIащащ, пещэ Хьэрэдурэм.
Хъыбар зиIэ щIыпIэцIэхэр и мащIэкъым Тэрч районым хиубыдэ Инарыкъуей къуажэ цIыкIум. ЩIыпIэ, Iуащхьэ, псынэ къэс езым и хъыбар хьэлэмэт, тхыдэ иIэжщ. А хъыбархэр Эммэ къыхуаIуэтэжащ нэхъыжьыфIхэу Тумэ Мухьэрбий, Джэтэжьей ТIыкъынэ, Джырандокъуэ Рае, Шыдакъ Тузем, егъэджакIуэ Джэрмэшык Хьэжмурат, Шэрий Iэлисэгь и къуэрылъху Шэрий Ислъам сымэ.
- Ислъамейм, Инарыкъуейм, Къаншыуейм я щIыпIэцIэхэр къэдгъуэтыжащ, къыджаIэжащ, ттхыжащи, иджы тхылъу къыдэдгъэкIыну ди мурадщ. Псори зэхэту щIыпIи 117–м я фIэщыгъэцIэ къэтхутащ зэкIэ. Къаншыуей къуажэм и фIэщыгъэцIэхэм дыщелэжьым, Инарыкъуейм ейуэ, щIыхэр щагуэшыжым абы къыхагъэхьэжауэ иджыри щIыпIитIым я цIэ къыхэдгъэхьэжащ Инарыкъуейм. Ар «ПцIащхъуэмб», «Шэдыкъуащхьэ» фIэщыгъэцIэ зиIэ щIыпIэхэращ, - жи Хьэрэдурэм.
«ПцIащхъуэмб» - щIыпIэр лъагэт, пцIащхъуэ куэду щыпсэууэ. Бжьыхьэм лъэтэжми, гъатхэм къыздагъэзэжыр а щIыпIэрат, ямыгъэгъуащэу я абгъуэхэри къагъуэтыжу. Апхуэдэу пцIащхъуэ куэд зэрыщыпсэум щхьэкIэ «ПцIащхъуэмб» фIащащ.
«Шэдыкъуащхьэ» - мы щIыпIэр кумбу щытщ. Уэшхышхуэ къешха нэужь мы кумбым псыр илъадэрт, шэдышхуэу итти, абы щхьэкIэ «Шэдыкъуащхьэ» фIащащ.