РСФСР-ми КъБАССР-ми щIыхь зиIэ я артист, лъэпкъ театр гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, актёр цIэрыIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Сонэ Башир къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 110-рэ ирокъу.
Сонэ Башир Аруан щIыналъэм хыхьэ Псыгуэнсу къуажэм 1914 гъэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым Пятигорск къалэм и педагогикэ курсхэр къиухри, пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу лэжьэн щIидзащ. Театрым дихьэх щIалэм еджапIэм къыщызэригъэпэщат драмкружок.
Театр гъуазджэм ГИТИС-м и студием щыхурагъэджэну щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къыхахыну ди республикэм 1935 гъэм къыщызэрагъэпэща зэпеуэм Сонэр ирагъэблагъэри, и гуапэу зэхьэзэхуэм хэтащ икIи абы пхыкIри, 1935 гъэм и щIэныгъэм щыпищащ Театр гъуазджэхэмкIэ къэрал институт Луначарскэм и цIэр зезыхьэм.
1940 гъэм къагъэзэжащ ГИТИС-м и къэбэрдей студиер къэзыухахэм: Сонэ Башир, Сыбэч Быхуэ, ТIыхъужь Алий, Сонэ Мухьэрбий, Балъкъэр Калисэ, КъардэнгъущI Зырамыку, Щхьэгъэпсэу Мухьэмэд, Шэру Азрум, Щхьэгъэпсэу Тэужан, Къумахуэ Хужьэ, Тхьэзэплъыж Азрэт, Атэлыкъ Тэзрэт, Жыгун Тимэ. Абыхэм къыздашэжат ГИТИС-м щагъэхьэзыра спектаклищ: Бомарше и «Фигаро и фызышэ», Островскэм и «ЗэчиифIэхэмрэ абыхэм ятхьэкъуахэмрэ», КъардэнгъущI Зырамыку и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» спектаклхэр. 1940 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м «Фигаро и фызышэмкIэ» къызэIуахащ IэщIагъэм хуеджахэр щылэжьэну лъэпкъ театрыр.
Сонэ Башир театр драмэ гъуазджэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIащ. 1953 гъэм абы щIыхь тхылъ къыхуагъэфэщащ, республикэм и колхоз клубхэмрэ ЩэнхабзэмкIэ унэхэмрэ совет пьесэ нэхъыфI зэрыщигъэувам папщIэ. КъызэщIэпкъуэжмэ, театрым щылэжьа зэманым къриубыдэу роли 100-м щIигъу игъэзэщIащ. Ар зыхэта спектаклхэм нэхъ гукъинэж хъуахэм ящыщу къалъытэ «Чапаев» (Чапаев), «Когда загорается свет» (Магомед), «Оптимистическая трагедия» (Боцман), «Васса Железнова» (Железнов), «Слуга двух господ» (Понталонио), «Как закалялась сталь» (Артём), «Аршин Мал Алан» (Султанбек) лэжьыгъэхэр. КъинэмыщIауэ, ар щыджэгуащ «Лавина с гор», «Герой нашего времени» художественнэ фильмхэм.
КъыжыIапхъэщ, театр лэжьыгъэм къыдэкIуэу, Сонэ Башир республикэм и драмкружокхэм я зыужьыныгъэм и къарурэ зэфIэкIрэ зэрыхилъхьар. Ар илъэс зыбжанэкIэ я унафэщIу щытащ театрым и профсоюз IуэхущIапIэмрэ урысейпсо театр зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэмрэ.
Театр гъуазджэм гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ зэрыхуэлажьэр къалъытэри, Сонэм щIыхьыцIэхэр къыхуагъэфэщащ, «За доблестный труд в Великой Отечественной войне» медалымрэ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденымрэ къратащ.
Сонэ Башир 1991 гъэм дунейм ехыжащ. И лэжьыгъэхэр фIыуэ зылъагъуу, ар къэзыцIыхуу щытахэм ноби ящыгъупщэркъым артист гъуэзэджэр.