Куэцэ Хьэсэн и усэхэрКуэцэ Хьэсэн Мухьэмэд и къуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа, усэхэмрэ поэмэхэмрэ щызэхуэхьэса «Балъкъ Iуфэ ныджэ» тхылъыр иджыблагъэ Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдагъэкIащ. Тхылъым и редакторри и пэублэ псалъэр зейри усакIуэ Хьэту Пётрщ. Мыр усакIуэм и етIуанэ тхылъщ. НэхъапэIуэкIэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 1999 гъэм къыщыдэкIащ Куэцэ Хьэсэн и «Испытание» япэ усэ тхылъыр. Куэцэ Хьэсэн 1949 гъэм Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, Хьэсэн дзэм къулыкъу щищIэри, Политехникэ училищэр къиухащ. «Искож» комбинатым лэжьакIуэу уври, щIэх дыдэу бригадир, мастер нэхъыжь, жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэ нэхъ гугъухэр ирихьэкIащ. Иужьым сменэм и унафэщIу лэжьащ. Ар Италием ягъакIуэри фэ IэрыщI щащI комбинатым щылэжьауэ, Налшык и «Искож» комбинатым итальян IэщIагъэлIхэм и гъусэу къигъэзэжри, абы щылэжьэну къакIуэ цIыхухэр иригъэджащ, игъэсащ. Комбинатыр зэхуащIыжыху пщIэшхуэ иIэу абы щылэжьащ. Куэцэ Хьэсэн и лэжьыгъэм къэралми гулъытэшхуэ къыхуищIащ. Абы къыхуагъэфэщащ «ЩIыхь орденым» и ещанэ, етIуанэ нагъыщэхэр, щIыхь тхылъ зыбжанэ. Хьэсэн и усэхэр триухуащ сабиигъуэм, и адэ-анэм, анэшхуэ-адэшхуэм, и ныбжьэгъухэм, и щхьэгъусэ Аллэ, гъэм и зэманхэм. Усэхэр гум къыбгъэдокI, бзэ шэрыуэкIэ тхащ. Фигу дыхьэмэ ди гуапэу, Хьэсэн и усэхэм щыщ тыдодзэ.
Си адэм и медалхэр Си сабиигъуэр кIуащ дыгъэпсу, Гъэмахуэ бзийхэр сэ къыслъохъу, Сигу къагъэкIыжхэр зэм уэшхыпсу, Си гущIэм къыхэжа къысщохъу. Сыхэсщ гупсысэ иримыкъухэм, Жэщ кIыхьхэм хызогъэт и пщIыхь: Зауэм хэта сэлэт шырыкъухэм Си адэр гуфIэу толъэщIыхь. Шынелри, мес, къыфIихри бгыкъухэм, КъысщитIэгъащи, тIэкIу схуэкIыхьщ… Аращ си адэм и щыгъынхэр, ЗыщитIэгъауэ пщIантIэм докI. Шынелым щоу тхъуэбзащхъуэ гынхэр, КIуэж хуэдэ зауэм, си гум къокI… КъызжеIэ адэм: «Си медалхэр, Естащ лIы гуэрми, къысхуэхьыж!» Сабийм сымыщIэ сэ лIы хьэлхэр, Сурэт птрахам, медалхэр хьыж! СыкIуат медалхэр къэсхьыжыну, ХьитI бзаджэ яIэу къыщIэкIащ. Хьэхэр къысхуэлъэрт сашхыжыну, Мывэ техуати зыр IукIащ, Абдеж «лIы хахуэр» къыщIэкIащ, Сядэм и орденхэр иIыгъыу, Сэри сыщытт, мывэшхуэ сIыгъыу, СфIэщIу сэ ахэр къэззэуж!
Нанэ Егъажьэр Нанэ чыржын тхъуэплъ, IукIакъым жыжьэ и жьэрымэр, Уи жып гъунэгъури къысхукъуоплъ, Шхын IэфIхэр ноби схубохъумэр.
СощIэж ехахэр мы си джийм, Къэзжьэдэплъхьати бгъэтIыгъуахэр, «Шхэ» жыпIэу укъыщызэкIийм, IэщIэлът IэмыщIэм мэрзей гъуахэр.
Си Нанэ закъуэр сиIэжам, Дунейм сытетт сынасыпыфIэу, Уи нэгум зэ сыщIэплъэжам, Къэна си гъащIэр схьынт нэщхъыфIэу.
Си сабиигъуэ мынэщхъейр Нанэм и макъкIэщ къызэрыджэр, УпIа сигу цIынэм къитыху хъер, ДэкIащ умыщIэу илъэс Iэджэр.
Къэбгъэна жьэгур зэщIэплъэху, Си Нанэ дыщэр гум укъокIыр, КIэгъуасэ блынхэм сыIуплъэху, Уэ Iугъуэ фагъуэм укъыхокIыр.
Зэман Мэпсэу, мэбауэ бэзэр иныр, Уфафэу хышхуэм хэхуар шхийщ, Езыр здыхуейм узыхь толъкъуныр Къэзыгъэушыр зэман ткIийщ.
Зэманым, ткIийми, хэлъыжщ хабзэ, Ихьынур ехь, пихынур пех… Зэманым псэхэр тхуегъэкъабзэ, УигъафIэм, ныджэ гуэр пхухех.
Зэманым декIур лIыфIщ, ар сощIэ, Абы шэч лъэпкъ къытезмыхьэн, Ауэ мы щIыр лIыфI куэд хущощIэ, Нэхъыбэр хъуащи «зиусхьэн».
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 13:44 →
Бзу анэм и уэрэд
10.09.2026 - 18:19 →
IуэрыIуатэр къезыхьэкIт
10.09.2026 - 16:50 →
Хуитыныгъэр ищIауэ псэгъу
09.09.2026 - 12:54 →
Мэзым щIэсхэм я зэхуэс
08.09.2026 - 13:28 →
Къэдмыгъэсэбэпыж яхэтми, щхьэпэщ
| ||




