Бзэр зыгъэбзэрабзэ

Усэныр IэщIагъэу къалъытэркъым, абы хурагъаджэркъым, усакIуэр езыр къоунэху… Апхуэдэхэм ящыщщ Аброкъуэ Беллэ.
Беллэ мы зэманым «Нур» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэщ икIи зэдзэкIакIуэ Iэзэщ. Абы и гуащIэ хилъхьащ таурыхъхэр зэдзэкIыным. Апхуэдэу, Къалмыкъ Юрэ и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ фондым и фIыгъэкIэ, къыдигъэкIащ мультфильмхэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIауэ зытет дискхэр. Абыхэм ящыщщ: «Спирит: Душа прерий», «Рапунцель: запутанная история», «Ледниковый период-3» лэжьыгъэхэр. ЦIыхухэр зыщыгуфIыкIа лэжьыгъэщ Аброкъуэм радиом щигъэхьэзыра «ПсысэфI дыдэхэр» аудиопроектри.
- «Дунейм щыщыIэ жэнэтыр тхылъыфIымрэ напэ къабзэмрэщ», - жиIащ Шекспир Уильям. Абы и псалъэм пысщэнщи, дуней жэнэтщ, псалъэм папщIэ, цIыхум ягу фIы зэхуилърэ зэщыгуфIыкIмэ, псалъэ гуапэ зэжраIэмэ. Нобэ хуабжьу дыхуэныкъуэщ апхуэдэ зэхущытыкIэм. Уузыншэу нэху укъекIрэ, дыгъэ къыкъуэкIам ущыгуфIыкIмэ - ари насыпщ, жэнэткIэ узэджэ хъунщ, - жеIэ Аброкъуэм. - ЦIыхум згъэлъапIэу хэлъ хьэл-щэныр пэжыгъэрщ. Зигу хьэрэмагъ къыпхуимылъ цIыхум сытри хуэбгъэгъуфынущ. Сэ си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, нэхъыщхьэ дыдэу цIыху гъащIэр зэтезыIыгъэ къарууэ щыIэр анэ гущIэрауэ къызолъытэ. Анэм и гурыщIэ къабзэм пэплъытын зыри щыIэкъым. Сыхуейт, мы дунейм мыхъумыщIагъэу хэлъыр хэткIукIыу лъагъуныгъэр псом я гущIыIу къэхъуну.
И IэдакъэщIэкIхэмрэ зэфIэкIымкIэ куэдым къацIыху бзылъхугъэм и гуащIэм теухуауэ къыддэгуэшахэм къыджаIахэр:
ЛIызам Лидэ, «Амра» лъэпкъ фондым и унафэщI: «Беллэ лэжьакIуэ гуащIафэщ, абы и IэдакъэщIэкIхэм псэ яхэтщ, ар сэ зыхэсщIащ, абы и усэ зыбжанэ фIэкIа сыкъыщемыджами. Иужьрей зэманым псори дигъэгузавэ хъуащ ди бзэм и щытыкIэм, абы нобэ пщIэ зэримыIэжым. Ди тхыдэ купщIафIэр, щэнхабзэр, бзэ дахэр тIэкIу IэщIыб тщIами, Аброкъуэм хуэдэ усакIуэхэр диIэмэ, а ди хъугъуэфIыгъуэхэри къэщIэрэщIэжынущ. Сыт и уасэ Беллэ и «Купсэ» тхылъым хуэдэ лъэпкъым иIэныр! Абы ит усэхэм хэпхъащ жьы хъуа псалъэхэр. Ахэр Беллэ щыпсалъэкIи мычэму къегъэсэбэп, усакIуэ цIыхубзым и IэдакъэщIэкIхэр зыгъэлъапIэри ахэрщ. 
Езауэ Мадинэ, КъБКъУ-м ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ и Адыгэ щэнхабзэ центрым и унафэщI: «Япэ курсым иджыри дыщыщIэсым къыддеджэхэм гу лъатауэ щытащ Аброкъуэм усакIуэ нэс къызэрыхэкIынум… УсакIуэр дунейм нэгъуэщIынэкIэ йоплъ, ар зыгъэусакIуэжри арауэ къыщIэкIынщ. Абыхэм дэ дымылъагъу куэдым гу лъатэ, къэдмыпсэлъыф гурыщIэ Iэджэ я псэм къыщоуш, ахэр тхылъымпIэм трагъэзэгъэф. Абы и Iуэху еплъыкIэр сфIэгъэщIэгъуэнщ: «уафэ нащхъуэр магъ, и ткIуэпсхэр зэрогъэгужьей…», е «уджэраджэу джэгур лъэгум щIолъэтыкI». Хьэлэмэткъэ, зэгупсысын хуей сатыркъэ мыхэри: «Лъагъуныгъэ къуза, лъагъуныгъэ плъыза, лъагъуныгъэ гъащIэншэу си гъащIэм хэпщIа». Беллэ и псалъэхэмкIэ къыбдиIыгъ хуэдэщ уи гуауэри уи гуфIэгъуэри. 
Хьэвжокъуэ Людмилэ, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым и лэжьакIуэ, усакIуэ: «Беллэ и усыгъэм щызэхэухуэнащ мифологие, шыпсэ, таурыхъ, нэгъуэщIхэми ехьэлIа гупсысэ хьэлэмэтхэр. Зы щапхъэ: мазэр цIыхубзу, дыгъэр цIыхухъуу абы къегъэлъагъуэ. НтIэ, «адыгэбзэр» цIыхубзу пIэрэ, бзылъхугъэм и бзэу, анэр сабийм зэреубзэну бзэуэ пIэрэ? Псом хуэмыдэу абы и IэдакъэщIэкIхэм къыхэзгъэщынут «Адыгэбзэм и гъыбзэ» усэр. Ар къиIэт IуэхугъуэкIэ щIэщыгъуэу къызолъытэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тхыдэр, адыгэм и блэкIа гуузыр, лъэпкъым и къэкIуэнур, абы и зэхэщIыкIыр - мыхэрщ усакIуэ цIыхубзыр нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьыр. Лъэпкъым и тхыдэр зы усэ сатыркIэ къыпхуэIуэтэныр ехъулIэныгъэкъэ?! «Ахыным - Iыхыныр и натIэщ», жеIэ Беллэ. Усыгъэр къызыдалъхуам къалэмыр игъэтIылъынкIэ Iэмал иIэкъым. Беллэ апхуэдэщи, си гуапэщ псэуху усэну».
Багъ Марьям, Налшык къалэ дэт гимназие №14-м адыгэбзэмкIэ щезыгъаджэ: «УсакIуэм и псалъэхэр зыр адрейм дежьууэ щытщ, абыхэм макъамэ зыщIэт усэ къагъэщI. Лэжьыгъэхэм хъыбар гуэр къыпхуаIуатэ, щIагъыбзэ зыщIэлъ псалъэхэр я куэдщ, философие гупсысэ ящIэлъщ. Зил, зигу адыгэ лъэпкъым папщIэ уз дэтхэнэми зи гугъу сщIыр и гум къимыIукIынкIэ Iэмал иIэкъым. Ди щIалэгъуалэм хуиту и псалъэр къигъэсэбэпыфу, лъэпкъ литературэр утыку кърихьэфу, адыгэ хабзэм тету къэхъунымкIэ Беллэ и IэдакъэщIэкIхэр щапхъэфIщ».
Мыз Ахьмэд, радиожурналист: «Беллэ зэрытхэм, и бзэр зэрыдахэм теухуауэ куэд схужыIэнущ. Литературэр кIуэдыжу жызыIэ щыIэщ. Сэ мыбы арэзы сытехъуэфынукъым. Аброкъуэ Беллэ, Къармэ Iэсият, Хьэвжокъуэ Людмилэ, Жамбэч Рабия… иджыри зыкъомрэ къыпхуебжэкIынущ зи къалэмыр жану нобэ адыгэбзэм тезыгъэлажьэхэм я цIэхэр. Беллэ и усэхэм я гугъу щысщIкIэ, къыхэзмыгъэщын слъэкIыркъым ахэр зытхам зэчиишхуэ зэрыбгъэдэлъыр, и бзэр зэрыхьэлэмэтыр». 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: