Налшык дэт къэрал Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ сурэтыщI, скульпор цIэрыIуэ, зи IэдакъэщIэкIхэр дуней псом фIыуэ щалъагъу СэвкIуий Хьэмид и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ. Ар зытраухуар сурэтыщIыр дызэрыт мазэм илъэс 60 зэрырикъурщ. «Анэ» - аращ фIищар гъэлъэгъуэныгъэм, цIыхум и дуней къытехьэгъуи, и псэугъуи, и текIыжыгъуи гупсысэ куу щIилъхьэу.
Iуэхум зыкърезыгъэхьэлIахэр къригъэблэгъащ музейм и унафэщI Накуэ Феликс.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Правительствэм къабгъэдэкIыу сурэтыщIым ехъуэхъуащ Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат. Абы СэвкIуийм иритащ КъБР-м и Правительствэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъ.
- Бадзэуэгъуэм и 20-м илъэс 60 зэрырикъур игъэлъэпIэнущ цIыху щэджащэ, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмид. ЩэнхабзэмкIэ министерствэм игъэхьэзыращ мы мазэр и кIэм нэблэгъэху абы теухуауэ республикэм щекIуэкIыну зэIущIэхэмрэ гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ.
ЖивописымкIэ, скульптурэмкIэ, архитектурэмкIэ Санкт-Петербург Репиным и цIэр зэрихьэу щыIэ къэрал академическэ институтыр къэзыуха щIалэм и лэжьыгъэхэм щынэрылъагъущ Урысейм и гъуазджэм и къулеягъыр, республикэм хуиIэ лъагъуныгъэр, лъэпкъым и хабзэ-щэнхабзэр.
СэвкIуий Хьэмид и IэдакъэщIэкIхэр къыщацIыхур ди къэралым и закъуэкъым. Голландием, Испанием, Китайм, Къыргъызым, нэгъуэщI щIыналъэ куэдми щыцIэрыIуэщ абы и сурэтхэмрэ скульптурэхэмрэ. 1996 гъэм щегъэжьауэ Хьэмид езым къиуха институтым гъуазджэр щрегъэдж – зыхуэIэзэр щIэблэм ябгъэделъхьэ, - жиIащ Хъубийм. – Республикэм фIыщIэ ин къыпхуещI щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хуэпщI хэлъхьэныгъэшхуэм папщIэ, - зыхуигъэзащ абы сурэтыщIым. - АдэкIи лэжьыгъэм гукъыдэж къыхэпхыу упсэуну ди гуапэщ. Псом нэхъыщхьэращи, уэ цIыхубэм я псэм удыхьащ IэщIагъэ дахэкIэ.
Урысей Федерацэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил жиIащ СэвкIуийм Тхьэм кърита зэчий лъагэ зэриIэр, и лэжьыгъэхэм езы сурэтыщIым и псэри къызэрытещыр.
- Сурэт телъыджэхэм соплъри, зыхэщIэм и къарум сиIыгъщ, си тэмакъым фIэлъщ, симыгъэпсалъэу. Гъэлъэгъуэныгъэм и фIэщыгъэ къудейми пщIэ хуэфащэщ – «Анэ!». Хьэмид Тхьэм къритащ зыхуэныкъуэнкIэ хъуну псори. Узыншэу и гум илъ телъыджэхэр къигъэлъагъуэу Тхьэм игъэпсэу, цIыхубэм ядэгуашэу. Хьэмид, Тхьэм ухущIигъэхьэ! - жиIащ абы.
- СэвкIуий Хьэмид зыми хуэдэкъым. Езым и лъэщэкIэ, и хъэтI, и дуней къэгъэщIыкIэ иIэжщ. Я купщIэкIэ мы лэжьыгъэхэр зэпкърыпхыну иужь уихьэмэ, ар зы тхылъми ихуэнукъым. ГъащIэ псо мэхъу. Сигу къокIыж Хьэмид Санкт-Петербург еджапIэ кIуэну зэрежьар. Сэ сохъумэ абы и диплом лэжьыгъэр екIурэ ещхьу щыпхигъэкIам траха видеотхыгъэр. Сыщыгъуазэщ Сыбырым Хьэмид и IэдакъэщIэкIхэр нэхъ зэрацIыхум. Абы къыщрахьэкI сурэтыщIым и лэжьыгъэхэр зэрыт тхылъ цIыкIухэр тIорысэ дыдэ хъужауэ, зэпымыууэ цIыхуIэ зэреIусэр нэрылъагъуу. СэвкIуий Хьэмид и лэжьыгъэхэр гъуазджэм и лъагапIэщ, философием и курыхщ, - жиIащ УФ-м ХудожествэхэмкIэ и академием и академик Пащты Герман.
«КъуэкIыпIэм и лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ къэрал музейм» Кавказ Ищхъэрэм щиIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Сулеймановэ ФатIимэ жиIащ СэвкIуий Хьэмид и гъэлъэгъуэныгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и пщIэр зыIэт тыгъэ лъапIэу къызэрилъытэр.
- Сурэтхэр зыфIэлъ пэшым укъыщыщIыхьэкIэ уи гум зекъуз, апхуэдизу мыбы щыплъагъухэр зыхыбощIэри. Сэрэтхэм дыхохьэ, абыхэм къарыщхэр тцIыху хуэдэу къытщыхъуу, ди псэм пэгъунэгъуу, абыхэм депсэлъэну дыхуейуэ. СэрэтыщIым и гупсысэкIэр зэрыкуур щынэрылъагъущ дэтхэнэ лэжьыгъэми, - жиIащ ФатIимэ.
- Гъуазджэм щхьэкIэ жаIэ ар дамыгъэ щэхуу, иероглифу, къару нэрымылъагъуу. Достоевскэм итхауэ щытащ ишхынрэ щитIэгъэнрэ зэрыхуэныкъуэм хуэдэ дыдэу цIыхур гъуазджэми хуэныкъуэу. Японхэм жаIэ сурэтыщIым дежкIэ насып нэхъ ин дыдэр абы Тхьэм зыпилъытрэ и дуней къыщигъэщIыр, а дунеймкIэ цIыхубэм щадэгуашэр арауэ. Нобэ мы Iуэху дахэм хэтхэм шэч къытрахьэну си гугъэкъым СэвкIуий Хьэмид гупсысэкIэ дуней телъыджэ къызэригъэщIам. СэвкIуийр сэ фIыуэ щIэслъагъур зэрысурэтыщIым и закъуэкъым - абы и дуней тетыкIэри дахэщ. Ар цIыху гуапэщ, ныбжьэгъу пэжщ, къуэфIщ, къуэшыфIщ, адэ гумащIэщ. Мисри мы гъэлъэгъуэныгъэр нэхъри екIу ещIри Хьэмид и анэм хидыкIа хьэпшып дахэм. Сэ срогушхуэ ар сызэриныбжьэгъум, - жиIащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч.
Лэскэн районым и администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Насып Люсенэ сурэтыщIым иритыжащ щIыналъэм къыбгъэдэкIыу хуагъэфэща щIыхь тхылъыр икIи жиIащ яхуеблагъэмэ, гъуазджэм дихьэх щIалэгъуалэм яхуэзэмэ зэрагуапэр.
КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысейм и академием и академик Црым Руслан жиIащ СэвкIуий Хьэмид и лэжьыгъэхэр щытхъумэну музей диIэныр щхьэпэу къызэрилъытэр.
- Мыпхуэдиз дахагъэм укъыхэхута нэужь, нэхъри гу лъыботэж дызыхунэмысахэмрэ тщIэн хуейуэ къэнахэмрэ. Куэд щIакъым Леонардэ да Винчи адыгэм къызэрыдэпхам щыхьэт техъуэ хъыбархэр къызэрытIэрыхьэрэ. Гулъытэ хуэтщIа? - ХуэтщIакъым! Шемякин Михаил зыбжанэрэ щыIащ республикэм проектхэр и хьэзыру. Ар къызытекIухьахэмкIи дгъэщIэхъуащ.
Мис иджы СэвкIуий Хьэмид и гур къытхузэIуихри, хуиту дригъэплъащ. Долъагъу и сурэтхэр зэрытелъыджэр. Абы къыхэкIыу, сэ зы гупсысэ фэсхьэлIэну сыхуейт: сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр щытхъумэн, зэпымыууэ лэжьэн музей диIатэмэ фIыт. Ди щIыналъэми, гъунэгъу республикэхэми, къэралым и адрей щIыпIэхэми къикI цIыхухэр зыщыгуфIыкIынт ар. ПхуэмыгъэзэщIэн хуэдиз дыдэуи щыткъым! - жи-Iащ Црымым.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ СэвкIуий Хьэмид иритащ Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм къыхуигъэфэща медалыр.
- Нобэрей гъэлъэгъуэныгъэм утепсэлъыхьыныр мащIэщ. Къытедгъазэу деплъын, дыхэтын хуейщ сурэтхэм, - жиIащ абы.
- СэвкIуий Хьэмид сэ соцIыху и сабиигъуэм щыщIэдзауэ. Сыщыгъуазэщ гъэсэныгъэ тэмэм щигъуэта унагъуэ дахэ къызэрыхэхъукIам, ар щIэныгъэм хуэпабгъэу сыт щыгъуи зэрыщытам. Хьэмид ищIа сурэтхэм соплъри, къызоцIыхуж си къуажэгъу куэд. ГъащIэм сызыщрихьэлIахэр, щысцIыхухэр сурэтыщI Iэзэм и IэдакъэщIэкIхэм лIыхъужьу хэтщ. Ар куэд и уасэщ. Сурэт къэс укъытеувыIэу утепсэлъыхь хъунущ, бгъуэтынущ дэтхэнэми щIэщыгъуэу хужыпIэн. Хьэмид езыр зэпIэзэрытщ егъэлеяуэ, и псалъэр кIэщIрэ гупсысэу хилъхьэр куууэ апхуэдэщ. Гуапагъэ хэлъщ, пэжым тетщ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. Ар сурэтыщIым ехъуэхъуащ узыншэу гъуазджэм куэдрэ щылъэщэну икIи зыхуигъэзащ, - Хьэмид, Лэскэн ЕтIанэм гъуэгу утригъэуващ, Къэбэрдей-Балъкъэрым уи гурылъхэр къыбдиIыгъащ. Иджы нобэ уэ дуней псор къыпхуэныкъуэщ. Тхьэм ухущIигъэхьэ!
Лъэпкъым къабгъэдэкIыу къэпсэлъащ СэвкIуий Аслъэн.
- СурэтыщIым и гупсысэхэр уафэмкIэ гъэзауэ си гугъэщ. АтIэ цIыхугумрэ Тхьэмрэ зэраухылIа гупсысэ куухэр цIыхубэм зыхащIэн хуэдизу теплъэ зэхуэмыдэхэмкIэ къэбгъэлъэгъуэныр ар телъыджэкъэ!
Хьэмид езым и щэным къыхощ зыкъызэрилъыхъуэжыр. Дунейм зыкъыхегъуатэ езым, къыхегъуатэ и лъэпкъыр, и унагъуэр, и дадэжьхэр. КъыгуроIуэ ди къежьапIэр зыхуэдэр. Ар и IэдакъэщIэкIхэм къыщыдопсалъэ Лэскэн ЕтIуанэм и цIыху- хэр. Уеблэмэ нарт эпосым триухуа лэжьыгъэхэми уащрохьэлIэ. Сурэтхэм гъащIэ яхыболъагъуэ: гуауи, гуфIэгъуи, къэхъугъи, лIэныгъи, - жиIащ Аслъэн.
СэвкIуий Хьэмид фIыщIэ яхуищIащ Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм, абы хэтахэм, дэIэпыкъуэгъу хъуахэм.
- ИкъукIэ сэркIэ гуапэщ нобэ сэ стеухуауэ жыфIа псалъэ дахэхэри фи хъуэхъухэри. Гъэлъэгъуэныгъэм иужь дитыху куэд къыздэIэпыкъуащ псалъэкIи, IуэхукIи, чэнджэщкIи. «Си ныбжьэгъухэр къуэш схуэхъуащ, си къуэшхэр ныбжьэгъу схуэхъуащ» - мис мыпхуэдэу къэзгъэлъэгъуэнт си гум фхуилъыр, - жиIащ абы. ЩэнхабзэмкIэ министерствэм, Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэхэм я гульытэр хэхауэ фIыщIэ ищIащ.
Къумахуэ Мухьэдин гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэлIахэм ягу къигъэкIыжащ ар мазэр и кIэм нэблэгъэху зэрекIуэкIынур, нэгъуэщI выставкэхэри республикэм и музейхэм къызэрыщызэIуахынур.
«Анэ» гъэлъэгъуэныгъэм укъыщыхута нэужь, блыным фIэлъ сурэтхэр щхьэж и бзэкIэ псалъэу къыпщохъу. Шым шэсам, мэл зыгъэхъум, гъуэгу тетым, мэш зыщIэм, пхъэ зыкъутэм, жэм къэзышым, мафIэ зыщIым, цыкIуэкIым я макъхэр зэхэпцIыхукIи хуэдэщ. ЦIыхур дунейм къыщытехьэмрэ и текIыжыгъуэмрэ я зэхуакум дэлъ псори къигъэлъэгъуащ сурэтыщIым. Къуажэ гъащIэм и хъугъуэфIыгъуэхэм дыхегъаплъэ. ЛIыхъужьхэр къызэрыгуэкIхэщ, къуажэдэсхэрщ нэхъыбэу - мэш ящIэ, губгъуэм итщ, тхьэ йолъэIу, нэмыс зэхуащI, бын ягъасэ… мэпсэу. Адыгэ унагъуэм и жьэгу пащхьэ хуэдэщ мыхэр. Пасэрейуэ яхэтыр гум дохьэ икIи блэкIам ухуагъэзэш, тхыдэм урагъэгупсыс. СэвкIуийм и лIыхъужьхэм нэжэгужагъэ ядэплъагъуркъым. Ахэр хоплъэ, мэгупсысэ, упщIэ куэди лъэужьу къагъанэ. Сурэтхэм уабгынэркъым - къоджэ. Псори йокIуэлIэж анэм и теплъэм, и дунейм. «Анэгу нэхъ тхьэмыщкIэ сыт щыIэ, итIани, аращ абы и насыпыр здэщыIэр» - гупсысакIуэ Бейтыгъуэн Сэфарбий и псалъэхэр уигу къегъэкI мыбы хэт анэм. Анэм зыхищIэр сурэтыщIым къегъэлъэгъуэф и плъэкIэмкIи, щыгъынымкIи, и Iэм IэщIэлъ хьэпшып гуэрхэмкIи, къэзыухъуреихьхэмкIи.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.