«Сабиипсэр зыхэзыщIэу сабиибзэм декIуэкIыф» псалъэ гуапэхэр тхакIуэ, усакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людэ зыхужиIар адыгэ усакIуэ-уэрэдус, радиожурналист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Вындыжь Мариещ.
Марие и тхыгъэхэр егъэнщI нэхугъэрэ дахагъэкIэ. Ар топсэлъыхь гъащIэ гъуэгуанэми, анэ гу пцIанэми, сабиигъуэ IэфIми. УсакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIхэм Iущыгъэ яхэлъщ псэр ягъэIэсэу, гур ягъэхуабэу. Вындыжьым и усэ куэдым макъамэ щIалъхьауэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм ягъэзащIэ.
Марие и усэхэм щIалэгъуалэри зэIэпахыу йоджэ. Ар узыгъэгуфIэ Iуэхущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр фIым и телъхьэщ, гъэсэныгъэ мыхьэнэи яхэлъщ. Апхуэдэщ «Зэхуэзэшхэр зэхуозэж», «Нэ дахэ», «Бжьыхьэ», «Дыкъыздэгъафэ», «Зыри жумыIэ», «СфIэфIкъым», «Адыгэ пшыналъэ», «Анэ», «Гъэмахуэ» усэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЩIэдзапIэм и гугъу тщIымэ, усакIуэм и япэ тхыгъэр школым щезыгъэджа Лыджыдэ Хьэлимэт хуитхауэ щытащ.
- ЦIыхубзхэм я махуэшхуэр къэст… Усэ гъэпсыкIэм дыхуезыгъаджэу щыта Лыджыдэ Хьэлимэт сыткIэ сыхуэупсэ хъуну пIэрэ, жысIэу сыщегупсысэм, «Си егъэджакIуэ» усэр стхауэ щытащ, - жеIэ Марие. - Абы щыгъуэ ар усэ дыдэ хъуауи къыщIэкIынтэкъым, ауэ иужькIэ селэжьыжри, Блашэ Владимир макъами щIилъхьащ. Сыщымыуэмэ, ар уэрэд хъарзынэ хъуащ, цIыхум ягу ирихьащ. Япэ лъэбакъуэ щыпчым деж куэд елъытащ уи Iуэхур къызэрыбдаIыгъым. ЗыкъыпщIэзыгъэкъуэн уиIэмэ, узыщIэхъуэпсми нэхъ утогушхуэ. Апхуэдэ щIэгъэкъуэну сэ сиIащ Сокъур Мусэрбий. Университетым сыщыщIэсым, абы гъуэгу сигъэлъэгъуащ, усэ тхынми сытригъэгушхуащ. ЖысIэми ягъэщIагъуэ, ауэ курыт еджапIэм сыщыщIэсым, нэхъыфI дыдэу слъагъууи сщIэуи щытар есэпрат. ЕгъэджакIуэм доскам къритхэну хунэмыс щIыкIэ, сэ ар гукIэ сщIыфырт. Пэжщ, сыдихьэхырт ди адыгэ тхакIуэхэм я усыгъэми, псалъэм папщIэ, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, ЩоджэнцIыкIу Алий сымэ ейхэм… уеблэмэ Бицу Анатолэ и «Уэс къос» тхылъ цIыкIум ит усэхэр псори гукIэ сщIэрт.
- Тхылъым къибджыкIымрэ тхакIуэм ущепсалъэмрэ зэи зэхуэдэкъым. Абы къыхэкIыу Вындыжь Марие ди школым мызэ-мытIэу къедгъэблэгъащ, ныбжьыщIэхэм едгъэцIыхуну ди гуапэу, - жеIэ Къэхъун дэт курыт еджапIэ № 1-м и лэжьакIуэ Езий Оксанэ. - Къыхэзгъэщыну сыхуейт, школым «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэхьэзэхуэр щедгъэкIуэкIыу, Вындыжь Марие къэпщытакIуэ гупым хэтыну къедгъэблэгъауэ зэрыщытари. А зэпеуэм ди зы хъыджэбз цIыкIум Марие итха «Анэ» уэрэдыр щигъэзащIэрти, жетIащ ар зытхар къэпщытакIуэ гупым зэрыхэтыр. ИгъэщIэгъуат, «ар цIыхубэ уэрэдыжь си гугъат», жиIэри. Си гугъэмкIэ, уи тхыгъэр цIыхубэм ейуэ къащыхъуным нэхъ лъапIэ щыIэу къыщIэкIынукъым. АбыкIэ жысIэну сызыхуейращи, Марие и IэдакъэщIэкIхэм я мыхьэнэр инщ.