ХамэщI къыщыхута шэрджэсхэм папщIэ

Урысей литературэм Кавказым теухуауэ хъыбар мащIэкъым хыхьар. Псом хуэмыдэу ахэр Урыс-Кавказ зауэмрэ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэмрэ ехьэлIащ. Лохвицкий (Аджыкъу-Джэрий) Михаил «Громовый гул» фIищауэ 1977 гъэм дунейм къытехьауэ щыта и повестыр абыхэм ящыщ зыщ. Ари «Поиски богов» повестри Москва дэт «Исолог» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIыжауэ щытащ. 

Къыхэгъэщыпхъэщ совет лъэхъэнэм Лохвицкэм итха а повеститIри цIыхум я пащхьэ ихьэн папщIэ гъуэгуанэ гугъу зэрыпхыкIар. Тхылъ тедзапIэ нэхъыщхьэхэм ахэр къыдагъэкIын ядатэкъым. АрщхьэкIэ Iыхьэ гуэрхэр зригъэзэхуэжыныр Лохвицкэм пщэрылъ къыщащIри, Куржым а тхыгъэхэр абы къыщыхудагъэкIащ, япэ щIыкIэ «Громовой гул»-р, итIанэ - «Поиски богов» повестыр. Апхуэдиз хьэлэбэлыкъ хэтами, тхыгъэхэм къэралым мыхьэнэшхуэ щагъуэтащ. 
«Громовый гул», «Поиски Богов» повестхэр зи IэдакъэщIэкIым и къуэпсхэр къыщежьэр хьэлэмэтщ, и гугъу умыщIу ублэкIыфыркъым. Абы и цIэ дыдэр Аджыкъу-Джэрийщ. МафIэ лыгъэм ис жылэм зы урыс офицерым (Лохвицкэт и унэцIэр) игу щIэгъуу къыхиха шэрджэс щIалэ цIыкIум къыщIэхъуащ нобэ зи гугъу тщIы тхакIуэр. А къэхъугъэр мыхъуамэ, урысей литераторхэм зи IэдакъэщIэкIкIэ ехьэехуэну Лохвицкэ Михаил щыIэнт, и «Громовый гул» повестыр къыдэкIыу Межиров Александр «Ар урысей литературэм къыхэнэнущ», жиIэнт?! 
Лохвицкэм и тхыгъэхэм къытхуаIуатэр адыгэ жылэ мыинхэм я гъащIэр нэхъ пасэм къызэрекIуэкIарщ. Ауэ, абы къыдэкIуэуи, тхыдэм и Iуэхугъуэ нэхъ инхэм, Кавказ зауэм и кIэуххэм къэхъуахэм, тхакIуэр тоIэбэ. Хэкур гуузу ябгынэн хуей щыхъуа, лъэпкъ щхьэхуэхэр кIуэдыпэнкIэ шынагъуэ щыщыIа лъэхъэнэщ ар. Лохвицкэм IупщIу къехь тхыдэм и пэжыпIэхэр. Апхуэдэ зы щапхъэщ цензурэм хигъэкIынкIэ шынагъуэ щыIэми, Михаил «Громовый гул» тхыгъэм къыщихьа мы псалъэухаитIыр: «Шэрджэсхэр мыкIуэдыпэным къезыгъэлар Октябрь зэщIэхъееныгъэрщ. 1926 гъэм къызэрыхатхыкIамкIэ, шапсыгъхэм я бжыгъэр а зэманым ирихьэлIэу 3733-рэ хъурт, ахэр ноби щопсэу Краснодар крайм хыхьэ Лазаревск, ТIуапсы районхэм». Мыхьэнэ зиIэ мыпхуэдэ жыIэгъуэ кIэщIхэрщ Синельников Михаил тхылъым и псалъащхьэм деж къызэрыщыхигъэщащи, купщIэ зыщIэлъыр, блэкIам и сурэт гуэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэр. 
Повестыр зэрытха щIыкIэми щхьэхуэу утепсэлъыхь хъунущ. Тхыгъэр япэ щхьэм къыбгъэдэкIыу зэрытхам и фIыгъэкIэ лIыхъужь нэхъыщхьэм япэу дыщыIущIэкIэ абы и псэм щыщIэмрэ и гупсысэмрэ къыббгъэдэсу къыпхуиIуатэ фIэкI умыщIэну къэгъэлъэгъуащ. Кайсаров Яков къопсалъэми ярейщ, ихъума «щэхухэр» гупсэхуу зыкъыпхуигъазэурэ къыбжеIэ. 
Абы и щхьэм щокIэрахъуэ хамэщIым къызэрыщыхутамрэ абы щригъэкIуэкI гъащIэ мыIэфI-мыщIагъуэмрэ. Кайсаровым зыкъыщиумысыж щыIэщ и щIалэгъуэм Кавказым теухуауэ иIа еплъыкIэхэмкIэ. Шэрджэсхэр къыпхуэмыгъэш лъэпкъ утIыпщауэ, гъунэгъухэм теуэ хъунщIакIуэу, абрэдж залыму къэзылъытэ куэдым ар ящыщт. Ауэ, иджы, ар зэджэ тхылъхэм шэрджэсхэм я шыфэлIыфIэу итым, и анэм къыжриIауэ щыта псалъэхэм езым и гугъэу щытахэр хутегъэхуэжыртэкъым. Маринскэм и повестхэм ар къыщеджэрт шэрджэсхэр я теплъэкIэ бжьыфIэу, езыхэр Iущу, лэжьыгъэр фIыуэ ялъагъуу псэу лъэпкъыу. Калугэ ягъэIэпхъуа адыгэхэр зылъэгъуа и анэм жиIари иджыт абы и тхьэкIумэм къыщиIуэжыр. «ЦIыху хэтыкIэ, зыIыгъыкIэ ящIэ. Псори дахьэхащи, набдзэгубдзаплъэу ахэр цIыхум зэпаплъыхь. Дауи, гулъытэ яIэнутэкъэ Африкэм къраша аслъэн бланэхэми?!». Апхуэдэу екIуу цIыхубзым адыгэр аслъэным иригъэпщэфат. АдэкIэ Кайсаровыр езыри шэрджэсхэм IущIащ, тхыдэми абы и нэкIэ дыпхрегъэплъ…
Илъэс 25-кIэ къулыкъу Кавказым щызыщIа унтер-офицер Кузьмин Тимофей Кавказ зауэр къыщIэхъуам и щхьэусыгъуэу къилъытэр хьэлэмэту къыхуеIуатэ «Громовый гул»-м и лIыхъужь нэхъыщхьэм. «ЗэманыфIкIэ узэIэбэкIыжмэ, ар зэрыщытаращ: шэрджэсхэр сыт щыгъуи лъэпкъ щхьэхуиту псэуащ, я щIыналъэр къэзызэун нэгъуэщIи зыбгъэдамыгъэхьэу. Апхуэдэу екIуэкIырт, ауэ пащтыхь Гуащэ Екатеринэ игу иримыхь хъуащ запарожье къэзакъхэми псэукIэ хуит зэраухуар. Арати, ахэр Кавказым иригъэтIысхьащ, шэрджэсхэмрэ къэзакъхэмрэ зэбий зэхуищIу, зыр-зым игъэкIуэдыжыным щыгугъыу. АрщхьэкIэ, лъэпкъитIыр зэкIэлъыкIуэурэ зэныбжьэгъу хъуащ, уеблэмэ къэзакъхэм шэрджэсым и лъэпкъ фащэр щапхъэу къащтащ. Зы псалъэкIэ жыпIэмэ, ахэр зэкъуэт щыхъум, пащтыхь Гуащэр гужьеижри, и зауэлIхэр зэщIигъэтэджащ, хуэмурэ къэзакъхэри и лъэныкъуэ къищIыжри…». 
Лохвицкэ Михаил и етIуанэ повестым философие нэхъ куу хэлъщ, уеблэмэ языныкъуэхэми литературэм и «фантастика» жанрым ар мащIэу щытехьэ къохъу. Къыхэгъэщын хуейщ «Громовый гул», «Поиски Богов» повестхэр зэрызэпыщIар, япэм къыщытцIыху лIыхъужьхэм «Поиски Богов» тхыгъэми дазэрыщыхуэзэр. Куэдым урагъэгупсыс тхылъыщIэм ит сурэтхэм.
ЛIэщIыгъуэрэ ныкъуэм щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ къэхъуа Iуэхугъуэхэр зи лъабжьэ тхыгъэхэм тхыдэр зэрахъумэм и закъуэкъым щIэлъапIэр, абыхэм пэжымрэ нэпцIымрэ зэрызыхагъэкIри, а зэманхэм псэуа цIыху хейхэм я фэеплъыр зэрахъумэри къэлъытапхъэщ. Лохвицкэ Михаил и «Громовый гул», «Поиски Богов» повестхэр ящыщщ уи гъэтIылъыгъэхэм хэбгъэлъыну узэхъуапсэ тхылъ купщIафIэхэм.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: