Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт осетин къуажэ пхыдзам и Iэгъуэблагъэм щыхъуакIуэ мэлхэм бэлэбанэу хуэпа дадэ жьакIэху ящхьэщыту.
Асыхьэтым нэхъыжьыфIым и пащхьэм хъыджэбзитI къохутэ.
- Къуажэ школыр дауэ къэдгъуэта хъунуми къыджумыIэфыну пIэрэ, дадэ? - урысыбзэкIэ зыкъыхуегъазэ тIум я зым.
Дадэм и жэуапыр къыдримышей щIыкIэ, мыдрейм и ныбжьэгъум инджылызыбзэкIэ зыхуегъазэ:
- Уи фIэщу жэуапкIэ ущыгугърэ? Сыт абы къыбжиIэфынур? И Iэбжьанэм фIейуэ дэлъыр урикъунщ!
- Iэбжьанэм дэлъ фIейр ахэр зэрыла лэчым щефIэкIи къохъу зэзэмызэ, - инджылызыбзэкIэ жэуап къарет лIыжьыфэ зраплъа мэлыхъуэм. ИтIанэ ардыдэр франджыбзэрэ нэмыцэбзэкIэ яхузэредзэкIыжри, осетинхэм щIэныгъэ иратын мурадкIэ къагъэкIуа урыс егъэджакIуитIыр я жьэр ущIауэ къегъанэ. КъызэрыщIэкIымкIэ, абыхэм я пащхьэ итыр хамэ къэралыбзэу блым ирипсалъэ генерал-лейтенант Фидаров Афэкъуэт. Зыгъэпсэхугъуэ чэзур и хэкум щезыхьэкI дипломатым езым фIэфIу мэл игъэхъуу арат, и лъэпкъ IэщIагъэм зыщимыгъэужын папщIэ.
Хэт хъуну-тIэ Фидаров Афэкъуэ? Мы гъэм илъэси 165-рэ ирикъуну осетин цIэрыIуэр 1859 гъэм шыщхьэуIум и 29-м Зильгий къуажэм къыщалъхуащ. Къуихрэ пхъуиплIрэ зиIэ офицер Фидаров Пицэ и къуэ Афэкъуэ и пэщIэдзэ щIэныгъэр Владикавказ дэт реальнэ училищэм щызригъэгъуэтащ. ФIыуэ зэреджам къыхэкIыу, щIалэр Бытырбыху дэт Константиновскэ шуудзэ офицер еджапIэм занщIэу къащтат. Афэкъуэ ари ехъулIэныгъэкIэ къиухри, «Анэ лъапIэм и орденыр» къратауэ щытащ. ЕджапIэм «хорунжий» зауэлIыцIэр зэрихьэу къыщIэкIри, Владикавказ дэт Тэрч къэзакъ полкым къулыкъу щрихьэкIащ.
Афэкъуэ и зауэлI гъуэгур къедбжэкIкIэ зыхэтщIэнур мащIэщ. Дэ тфIэгъэщIэгъуэныр абы игъэшэрыуэ бзиблыр зэрызригъэщIамрэ осетин щIалэфIу къызэрынамрэщ.
1897 гъэм Фидаровыр Япэ кавказ къэзакъ дивизэм хагъэхьэри, Персием ягъэкIуат. 1904 - 1905 гъэхэм екIуэкIа урыс-япон зауэм щIалэр хэтащ дзэм и мылъкум кIэлъыплъынымкIэ командиру. Персиемрэ Афганистанымрэ щызэфIах Iуэхугъуэхэм хэпщIауэ, Фидаровыр я гъусэныр яфIэигъуэу, политикэ зэхуэсхэм ираджэу щытауэ жаIэж.
Урыс офицер куэдым къащыщIам Афэкъуи къелакъым. Революцэ нэужьым ар «Урысей Ипщэм и дзэ узэдахэр» зыфIаща, Кавказ Ищхъэрэм щызэуа «хужьхэм» ящыщ хъури, къэралым къинауэ щытащ. 1920 гъэм «лъэпкъхэр зэрызэщигъэхьэжым къыхэкIыу» ягъэкъуаншэщ, ягъэтIысри, тегъэщIапIэ щамыгъуэтым, 1921 гъэм къаутIыпщыжын хуей хъуащ. АрщхьэкIэ 1929 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м Кавказ Ищхъэрэ ОГПУ-м Фидаровыр аргуэру хьэпсым иридзэри, 1930 гъэм хейуэ яукIащ.
Афэкъуэ къыщIэна тхылъхэри и благъэхэм я гукъэкIыжхэри щыхьэту къоув ар дзэ къулыкъущIэшхуэу, къэрал лIыкIуэу, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа цIыхуу зэрыщытамкIэ. А лъэхъэнэм бгырыс интеллигенту къалъытэхэм язт ар. Афэкъуэ и адэ Паци «Дунай зауэ» жыхуаIэ зэпэщIэтыныгъэм хэтауэ, урыс пащтыхьыгъуэм дамыгъэ лъапIэкIэ къыхигъэщауэ апхуэдэт. Уеблэмэ къулыкъур фIыуэ зэрырихьэкIым щхьэкIэ, Афэкъуэ и адэм Джылахъстэнейм щыщ Ислъэмей къуажэм къыпачри, дестынэ 75-рэ тыгъэ хуащIауэ щытащ. Пацэ и къуихми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яригъэгъуэтыфат.
Афэкъуэ деж къэдгъэзэжынщи, щIалэм къулыкъу щрихьэкIа Персием къыщрата дамыгъэхэм язщ «Дыгъэмрэ аслъэнымрэ я орденыр». Абы къыкIэлъыкIуащ дыщэ вагъуэхэр зыхэпхъа сэшхуэр. Пруссием «Пащтыхьыгъуэм и орденыр» къыщыхуагъэфэщат. Фидаровым и щхьэгъусэу щытар Елъхъуэт щыщ Адырхаев Аслъэмбэч ипхъу Сэлихъанщ. Бын къыщIэнакъым. И къуэш нэхъыжь Инал и къуэр ипIауэ щытащ.
Генералым и дамыгъэхэм я къебжэкIыр кIыхьщ. Дзэ къулыкъум щхьэдэхыжу къэрал лIыкIуэ дипломат зэращIар урокъу ар ипэкIэ зэрыкIуэтам и щыхьэту. ИтIани, Персием щыIэу революцэм и хъыбар щызэхихам, къелъэIуми къэзыгъэгугъэми емыдаIэу, «си лъэпкъым сримыгъусэу хъунукъым» жиIэри, Афэкъуэ Кавказым къигъэзэжауэ щытащ.
Тхыгъэр къызэрыщIэддза хъыбарым хуэдэ куэд къыщIэнащ лIы махуэм. Псалъэм и хьэтыркIэ, Фидаровым къаруушхуэ ирихьэлIащ Хетагуров Коста и тхылъхэр дунейм къытехьэным. ЗэрыжаIэжымкIэ,1918 гъэм Осетием къэкIуэжа Афэкъуэ Къэбэрдейми Ингушми пщIэшхуэ щиIэу, цIыхухэр къакIуэрэ къечэнджэщу щытащ. Адрей щхьэусыгъуэхэр къэгъэнауэ, ар къызыхэкIар Афэкъуэ кавказыбзэхэм я нэхъыбэр зэрищIэрт.
Зэгуэр ящIхэр зыхузэрымыгъэгуэш осетинхэмрэ ингушхэмрэ щызэщыхьам, лъыгъажэ къамыгъэхъун папщIэ, Владикавказ и къалэтетыр Фидаровым елъэIуат цIыхухэм епсэлъэну. Урысыбзэрэ хьэрыпыбзэкIэ тхыгъэхэр яхуигъэхьурэ, Афэкъуэ псори зэригъэкIужауэ щытащ.
Къаугъэр къыщыхъея Базоркинэ къуажэм кIуэщ, сыхьэтищкIэ цIыхухэм яхэпсэлъыхьри, мин бжыгъэу зэхэт цIыхубэр зэбгригъэкIыжат генералым.
УкъэзыгъэуIэбжьщ мамырыгъэм апхуэдиз гуащIэ хэзылъхьа лIым тезыр нэпцIу тралъхьари лъэпкъ зэпэщIэгъэувэнрауэ къызэрыщIэкIар.
Фидаровыр зэраухеижа унафэр 1989 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-м къыдэкIащ. Абы лъандэри мы гъэм илъэс 35-рэ мэхъу.