Хъыбар зиIэ псэлъафэхэр

ЛIам унафэ ищIыжыркъым

Къэзанокъуэ Жэбагъы щылIэм и щхьэгъусэр бгъэдыхьэри еупщIащ:

- Сэ дауэ сыпсэуну, сыт унафэу къысхуэпщIрэ?

- Сэ уи унафэ сщIыну си Iуэху пхэлъыжкъым. ЛIам унафэ ищIыжыркъым. Уи унафэр фыз хьэдагъэм щащIынщ, - къыжриIащ, «узратыжынур фыз хьэдагъэм щыжаIэнщ» къригъэкIыу.

Сыкъаплъэмэ, фэракъэ слъагъунур!

ЛIыжьыр и псэм еджэу телът, и къуэжьхэр къеувэкIауэ щхьэщытт. ЛIыжьыр и къуэхэм яхуэарэзытэкъым.

- Уэ, ди адэ, моуэ уи напIэ къызэтехи, тIэкIу къаплъэт! – щыжраIэм:

- Сыкъаплъэмэ, фэ цIапIэ къомыракъэ слъагъунур! – жиIащ лIыжьым.

ТхьэмыщкIэр ди деж къэмыкIуэмэ, дэнэ кIуэн?

Увжыкъуэ лIыжьым и пхъурылъхум къилъхужауэ зы Iыхьлы гуэр яшауэ иIэт. А лIыжьым фIэкIа абы ади, ани, Iыхьлыи иIэтэкъым.

Дыщ палъэу иIэ лIыжьым деж пхъурылъхур къэкIуэжащ зэгуэрым.

- Гуащэпагуэ къокIуэж! – жраIащ лIыжьым.

- Сыт къэзыхужыр, емынэм къихужрэ? – жиIэу лIыжьыр хъущIащ.

- Мати пхъуанти иту зэгъэпэщауэ гукIэ къашэж! – щыжраIэм:

- Фыжи, куэбжэр Iуфх, тхьэмыщкIэр ди деж къэмыкIуэмэ, дэнэ кIуэн? – жиIащ лIыжьым.

Уэ укъыщаша махуэр нэхъ гукъутэгъуэшхуэт…

ЗэтIуанитIым я лIыр лIауэ ягъейрт.

- Нобэрей махуэр сыту гукъутэгъуэшхуэт! – гъуэгыурэ нэхъыщIэм щыжиIэм:

- Уэ укъыщаша махуэр нэхъ гукъутэгъуэшхуэт нобэ нэхърэ, - жиIащ нэхъыжьым.

Пэжымрэ пцIымрэ я зэхуакур

- ПцIымрэ пэжымрэ сыт я зэхуаку, Жэбагъы? – жаIэу щеупщIым:

- ПлIалэщ! – итащ жэуап.

- Ар дауэ? – щыжаIэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы и IэпхъуамбиплIыр и нэмрэ и тхьэкIумэмрэ я зэхуакум дилъхьэри:

- Мыракъэ пэжымрэ пцIымрэ я зэхуакур? Нэм илъагъур пэжщ, тхьэкIумэм зэхихыр пцIыщ, сыту жыпIэмэ, ялъагъур зэрамыхьэкIыу зэи яIуэтэжыркъым, - къажриIащ.

Ахъмэт и фо изщ

Къущхьэхъу щIыпIэм щыIэщ АхъмэткIэ зэджэ бгы лъагэ. Абы и джабэм апхуэдизкIэ бжьэ куэд исщи, абыхэм ящI фор гъэми щIыми бгы гъуанэм къитIэтIу изу жаIэ. Ауэ бгыр апхуэдизкIэ лъагэщ, задэщи, фор къипхыну Iэмал хуэбгъуэтыркъым.

«Ахъмэт и фо изщ» псалъэжьри абы къытекIащ. УлъэмыIэсмэ, къыпIумыхуэмэ, сыт и мыхьэнэ жыхуиIэщ.

Хъудз гъунажэщ

И мэлхэм ядигъэхъуну мэлыхъуэм елъэIуу, зы щынэ е зы мэл гуартэм хадзамэ, абы зэреджэр хъудзщ. Апхуэдэу хадза хъудзыр, зыхадзар мэл мин хъуми, а гуартэ иным хэзагъэркъым. А гуартэм и дежкIэ ар хамэщи, гъунэм щехъурэхъуэкIыу фIэкIа, зэи мэл гупым и кум къыщыхутэркъым.

Апхуэдэу мэл гуартэ гъунэм къыщызыжыхь щынэр е мэлыр кIуэдыгъуафIэщ. Ар ящIэри, куэд щIауэ мэлыхъуэжьхэм хъудз къыIахыркъым.

 «Хъудз гъунажэщ» псэлъафэр къызэрежьар мыпхуэдэу жаIэж. Зы гъэ гуэрым гъатхэу мэлхэр Къущхьэхъу хъупIэм яхуну загъэхьэзырырт. Зы тхьэмыщкIэ гуэрым щынэ цIыкIу закъуэ иIэти, гуартэ гуэрым хидзэу Къущхьэхъу игъэкIуэну мурад ищIащ. Мэлыхъуэхэм яхыхьэри, яхэлъэIухьу щIидзащ. АрщхьэкIэ, Iуэху и пIалъэ зыщIэ мэлыхъуэжьхэм зыми Iахын ядакъым. Ауэ хъудз пIалъэр зымыщIэ мэлыхъуэ щIалэ гуэрым, тхьэмыщкIэм и хьэтыр илъагъури, мэл гуартэм щынэ цIыкIу закъуэр хригъэдзащ.

Мэлыхъуэм мэл гуартэр Къущхьэхъум ихуауэ щигъэхъурт.

Адрей гъэхэм хуэмыдэу, а илъэсым хьэр бийт, абы щхьэкIэ мэлыхъуэхэри нэхъ лейуэ сакъырт.

Пщыхьэщхьэм мэлыхъуэ щIалэм и гуартэр хъурыхъуурэ егъэзыпIэм къыщихужым, хъудз цIыкIур гъунэмкIэ къежэкIри, чыцэ лъапэм щIэлъэдащ. Дыгъужьыр къежьэу щысыххэти, ищтэри щIэпхъуэжащ.

ЕтIуанэ махуэм мэлыхъуэм хъудз щынэ цIыкIур гуартэм зэрыхэмытыжым гу щылъитэм, гущIыхьэ щыхъуауэ и гъусэхэм яжриIащ.

АрщхьэкIэ, мэлыхъуэ бзаджэжьхэр дыхьэшха къудейщ.

Ауэрэ, гъэмахуэр икIри бжьыхьэр къыщихьэм, мэлхэр нэхъ къекIуэтэхри, Дзэлыкъуэ къэкIуащ. Абыи зыкъомрэ щагъэхъури, щIымахуэр къэблагъэу щыхуежьэм, мэлхэр унэм къахужащ.

- Мэлхэр къэсыжащ, - щыжаIэм, хъудзыр зей тхьэмыщкIэр гуфIэри, и щынэ цIыкIу закъуэр къихужыну кIуащ.

- Си щынэ цIыкIур дауэ щыт? - жиIэу мэлыхъуэм щеупщIым:

- Уи щынэ цIыкIур дыгъужьым ишхащ! - къыжриIащ.

- Е дыгъужьыжь тхьэмыщкIэ, сыту гугъу Iей ехьа! Мыпхуэдиз мэлым хэлъыхъухьу си щынэ цIыкIу закъуэр къыхиубыдыкIыу щишхыфакIэ, уэлэхьи, и хьэлэлым! - жиIащ тхьэмыщкIэм.

- Мыпхуэдиз мэлым хэплъыхьу уи щынэ цIыкIу закъуэр къыхиубыдыкIыу ишхауэ аракъым, атIэ хъудз гъунажэти, аращ. Уи щынэ цIыкIур хъудзт, - жиIащ мэлыхъуэ щIалэм.

«Иджы щIалэм къыгурыIуащ хъудз къеIыхын зэрыхуэмейр», - жаIэри мэлыхъуэжьхэр я пащIэкIэ щIэгуфIыкIащ.

Аращ «хъудз гъунажэщ» жыхуаIэр.

Мо нартыхур къызэрыфэ…

ЛIыжьыр щIалэхэм яхэсу бжыхь джабэм здыкIэрысым, плъэри зы шу къакIуэу къилъэгъуащ. ЛIыр зытес шыр лъэрытемыту къафэрт. ЛIыжьым ар щилъагъум, жиIащ:

– Мо нартыхур къызэрыфэ...

ЩIалэхэр плъэри, нартыху ялъэгъуакъым, а шы дэгъуэр къызэрыфэми гу лъатакъым.

 - Дадэр хэпсэлъыхь хъуащ, тхьэмыщкIэ, - жиIэри зым адрейм жриIащ, и жагъуэ хъууэ.

ЛIыжьым ар зэхихри:

- Уэращ, хьэм хуэдэ, хэпсэлъыхьыр. Мо къафэу къакIуэ шыр къэзыгъафэр нартыхущ, – жиIащ.

Зыгъэхьэзырар Тхьэхущынэ Ланэщ.
Поделиться: