Таурыхъхэм я дунеймДи республикэр зэрыгушхуэ тхакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ Мэзыхьэ Борис и тхыгъэ купщIафIэхэм куэд щыгъуазэщ. ГъащIэм и купщIэр IупщIу къызыхэщ, дерс щхьэпэхэмкIэ гъэнщIа прозэхэр. Бзэ тынш зэгъэкIуа дахэкIэ тха абы и сабий Iуэтэжхэм увыпIэшхуэ щаубыд тхакIуэ Iэзэм и творческэ IэдакъэщIэкIхэм, къытебгъэзэжурэ щIэбджыкIкIи утемызашэу. Борис прозэ телъыджэхэр итхым и мызакъуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм я таурыхъхэми гулъытэ лъагэ иритырт икIи абыхэм ящыщ куэд адыгэбзэкIэ зэридзэкIауэ диIэщ. Абыхэм ящыщ зыщ «МафIэ, псы, щIыхь» итальян таурыхъыр. Еуэщ-еIэщ аби, жи, махуэ гуэрым МафIэрэ псырэ гъуэгум щызэхуэзат. Фэ фощIэ МафIэ сабыру и пIэм зэримысыфыр. Хьэкум ираубыдэми жьэгум даубыдэми къаIэщIэкIыу къызэрежьэным хэтщ. Псыри щхьэпсщ, жэщи махуи зыщIыпIэ кIуэну пIащIэу - къижыхь зэпыту и гъащIэр ехь. НтIэ махуэ гуэрым зэгъусэу гъуэгу зэдытехьэну а тIум мурад ящI, ауэ зэбгъэдэкIуэтапэ хъуртэкъыми, гъуэгубгъу зырызым тоувэ. Арати, зэхуэзэу сэлам зэраха къудейуэ, абыхэм къабгъэдохьэ Щ1ыхь. Мыдрей тIуми ягъэщIагъуэ: иджыри къэс абыхэм зэи ялъэгъуатэкъым ЩIыхь нэгузыужьакIуэ къежьауэ - апхуэдэу Iуэхуншэтэкъым хьэулейуэ къиджэдыхьыну. МафIэрэ Псырэ дэнэ щащIэнт ар емыкIу зыпылъ Iуэху зылэжьа зиусхьэн гуэрым фIэкIуэдауэ? - Зи пщIэр лъагэ, - жаIэ МафIэрэ Псырэ, - ярэби, уи щхьэ хуумыгъэфэщэну пIэрэ ди гъусэу зыплъыхьакIуэ унежьэну? - ИкъукIэ си гуапэу, - къет жэуап ЩIыхь, - си фIэщ мэхъу сывигъусэмэ, хуабжьу фи нэгу зэрызиужьынур. Ауэ, емыкIу сыкъэвмыщI, сэ сымыцIыху гъусэ сщIыркъым. НэгъуэщI мыхъуми, фи IуэхущIафэ щыгъуазэ сыфщI. - УмыпIетей, зи пщIэр лъагэ ЩIыхь, - мэшкIуршкIур Псы, - зы мэскъалкIэ укъыстеукIытыхьынкъым. Сэ цIыхухэм я псыхуэлIэ изох, сожьыщIэ, хьэсэхэм псы щIызогъэлъадэ. Щхьэл мывэхэри согъэкIэрахъуэ. Хэбдзын щымыIэу пэжт Псы жиIэр. Ауэ абы ибзыщIащ шкIуршкIуру ежэх Псы къытехьэ нэужь, псыхъуэр къигъэпсалъэу зэрыгъуахъуэр, псыIущIэхэр зэрыIуитхъыр, къуажэхэр зэрихьыр, лъэмыжхэр хьэбэсабэу зэрызэхикъутэр. Апхуэдэ Iуэху мыхъумыщIэхэр къызэрыпIэщIэщIэмкIэ тынш зыбумысыжыну? - Сэ, - жеIэ МафIэ, - пэшхэр согъэнэху, согъэхуабэ, сопщафIэ, гъущI согъавэ, жыр согъэж. МафIи хуейтэкъым ЩIыхь и пащхьэ зыщигъэIеину, абы къыхэкIыу зыкъом ибзыщIащ. Псалъэм папщIэ, къызэрыкIа нэужь, къуажэ псо зэригъэсыфыр е, уафэм зыкъридзыхмэ, илъэсищэкIэрэ мывэ сэхым хуэдэу губгъуэм ита жыгей абрагъуэри абы и лъабжьэм щIэса цIыхури хьэбэсабэ зэрищIыфыр. ЩIыхь щхьэцпэщтэ щхьэкIэ, къабзагъэ, гуапагъэ псори фIыуэ илъагъурти, гъусэ хуэхъуахэри и псэм дыхьащ. - ФынакIуэ-тIэ, - жиIащ абы гуфIэу, - зэгъусэу къэткIухьынщ. - Зэ фымыпIащIэ, - къигъэувыIащ ахэр МафIэ, - гъуэгум дыщызэкIэрыхункIэ мэхъу. Е зыгуэр догъуащэ. Дызэрызэрыгъуэтыжын нэщэнэ гуэр диIэн хуейщ. Мис сэ си IугъуэмкIэ сыкъэвгъуэтыжынщ. Псыи жеIэ: - КъэкIыгъэхэр гъуэжьу дыгъэм щилыгъуа, щIыр къыщыча щIыпIэхэм сэ сыкъыщывмылъыхъуэ. Сэ сыздэщыIэм къэкIыгъэхэр щыщхъуантIэпсщ. - Си гугъу фщIымэ, - жеIэ ЩIыхь, - сыкъызэрыфцIыхужын апхуэдэ нэщэнэ хэха сиIэкъым. Ауэ, сывгъэныбжьэгъуну фыхуеймэ, зэпымыууэ фыкъыскIэлъыплъ, сакъыу сыфхъумэ. Сэ си нэщэнэ гъэщIэгъуэныращи, сэ сызыфIэкIуэдам игъащIэкIэ сыкъигъуэтыжыркъым. А щым ящыщу, имыбзыщIауэ пэж жызыIар ЩIыхь и закъуэщ.
Апхуэдэ зэдзэкIыныгъэ хъарзынэхэр къытхуигъэнащ ди газетым щылэжьа журналист, тхакIуэ Тхьэмокъуэ Барэсбий «Пащтыхьымрэ мэлыхъуэмрэ фIэщыгъэм щIэту абы зэридзэкIа хьэрып таурыхъыр абыхэ ящыщ зыщ. Дэтхэнэ зы таурыхъми, сыт щыгъуи хуэдэу, фIыр ем, пэжыр пцIым, гуапагъэр губжьым щытокIуэ, гъащIэ дерсым и къежьапIэ нэсу. Пащтыхь гуэр и къалэм дэкIри ежьат, и цIыхухэм я псэукIэр здынэсыр зригъэщIэн мурад иIэу. КъикIухьым-никIухьурэ, ешри, зигъэпсэхуну щетIысэхащ жыг жьауэм. ЛъэныкъуэкIэ маплъэри, къелъагъу: мэл гуартэшхуэм пэрытщ щIалэ бжьыфIэ, дзапэ уэрэдыр кърешри. ЩIалэм бгъэдыхьэри, пащтыхьыр елъэIуащ: «Къызэщэ уи мэлхэм щыщ зы». ЩIалэм къыжриIащ мэлхэр езым и мылъкуу зэрыщымытыр. Пащтыхьыр лъэIуащ аргуэру: «КхъыIэ къызэщэ. Уи унафэщIым дыкъилъагъуркъым, умышынэ». ЩIалэм, укIытауэ, и щхьэр ирихьэхащ, «Сыт си унафэщIым жесIэнур?» - Iущэщащ. Пащтыхьым и нэхэр игъэупIэрэпIащ, мыпхуэдэ чэнджэщи къритащ: «ЖеIэ зы мэлыр дыгъужьым пфIихьауэ». Мэлыхъуэм игу ирихьакъым апхуэдэ псалъэхэр. «Си унафэщIым пцIы хуэзупсра Iуэхур? - жиIащ абы. - Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ хуэсщIыну ди Тхьэу псори зылъагъум, псори зэхэзыхым? Хьэуэ, гъуэгурыкIуэ, си гугъу къыумыщI, уи хьэтыр схуэлъагъунукъым». Пащтыхьым икъукIэ гурыхь щыхъуат мэлыхъуэри, ар зыщыпсэур зригъэщIащ, мэл гуартэр зыIэщIэлъым бгъэдыхьэри, мыпхуэдэу жриIащ: «Уэ тхьэмадэ, мэл хъарзынэ уиIэщ. Къызэщэ мэлхэри мэлыхъуэ щIалэри». Мэлхэр зейм жиIащ: «Сэ уэ узгъэщIэхъуфынукъым, зи щIыхьыр ин!» Пащтыхь Iущым, мэлыхъуэр къриджэри, мыпхуэдэу жриIащ: «Си щIалэ, нобэ щыщIэдзауэ ущхьэхуитщ, мэл гуартэшхуэри тыгъэ пхузощI узэрыхьэлэлым, цIыху пэжу узэрыщытым папщIэ!»
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:32 →
УсакIуэм и лэжьыгъэщIэ
12.12.2025 - 15:30 →
Кулиевым и сатырхэр
11.12.2025 - 14:00 →
Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ
11.12.2025 - 12:00 →
Жаныкъуейхэм зэрахуэусам и хъыбарыр
09.12.2025 - 14:33 →
Хэкум ипхъу губзыгъэ
| ||




