Езым гу лъитэмэ…

Ди лъэпкъэгъуу Тыркум и Бурсэ къалэм щопсэу Гъурф Хъейри Хьэжысмел и къуэр.
Тыркум къыщыхъуами, адэкIэ зыуэ, анэкIэ зырызу шыпхъуитIрэ зы къуэшрэ (ар дунейм ехыжащ) ХэкумкIэ къыщигъуэтыжауэ абы иIэщ. Къэрал зэхъуэкIыныгъэхэр къэмыхъу щIыкIэ, Хъейри и адэр иджыри псэууэ, и шыпхъу нэхъыжьыр Тыркум кIуэри абыхэм я деж щыхьэщIат. Я лъэпкъэгъуу япэ дыдэ зыгуэр щалъэгъуар абы щыгъуэщ. ИужькIэ къэрал Iуэхухэр нэхъ тынш хъури, зэкIэлъыкIуэ хъуахэщ. Япэ дыдэу Хъейри I993 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуауэ щытащ зы мазэ хуэдэкIэ щыIэну, 2006 гъэм къытригъэзащ, иужькIэ нэхъ щIэх-щIэхыурэ къэкIуэжын щIидзащ. Хъейри бухгалтер IэщIагъэм илъэс 25-кIэ ирилэжьащ, мы зэманым пенсэм щысщ, тыкуэн къызэIуихауэ сату Iуэхуми хэтщ. Абы хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ иIэщ.
«Я анэдэлъхубзэр ящIэрэ, Хъейри?» - сеупщIащ абы сэ. Жэуапуи мыр къызитыжащ: «Бзэм и Iуэхур тIэкIу нэхъ гугъущ. Сэ си щхьэгъусэр шэшэнщ. Ауэ и анэмрэ (Сосмакъхэ япхъущ) и анэшхуэмрэ (Мэкъейхэ) къэбэрдейщ. Абы къыхэкIыу адыгэбзэр абы къыгурыIуэрт, арщхьэкIэ ирипсэлъэфыртэкъым. Сэ адыгэбзэкIэ сыпсалъэми, абы къигъэсэбэпыфыр тыркубзэт. А псом кърикIуаращи, ди быным мащIэу я анэдэлъхубзэр къагуроIуэ, ауэ дызэрыхуейм хуэдэу псэлъэфкъым. Сипхъу нэхъыжьыр Налшык къэдгъакIуэри, илъэситIкIэ щыIати, абы нэхъыфIу бзэр къищтащ.
Анэр бзэмкIэ быным емыпсалъэмэ, быныр нэхъ къулейсыз мэхъу абы и лъэныкъуэкIэ. ГъэщIэгъуэнращи, си щхьэгъусэр иджы адыгэбзэм ирипсэлъэф хъуащ (мэдыхьэшх). Бурсэ къалэм къэбэрдейхэмрэ адыгейхэмрэ щымащIэ дыдэщ, узыхэтми елъытащ бзэм сыт хуэдизкIэ ухунэсынуми. Ауэ, Тхьэм и шыкуркIэ, лъэпкъ хабзэм, къафэм хащIыкIыу, хасэхэм екIуалIэу щытщ ди щIэблэр.
- Бурсэ Адыгэ Хасэм зыхуигъэувыж къалэнхэр сыт хуэдэ? Пэлъэщрэ и лэжьыгъэм?
- ДызэрыцIыкIурэ Адыгэ Хасэм дыкъыщыхъуащ икIи куэд абы къыдитащ. ФIыуэ узэIэбэкIыжмэ, Хасэ тхьэмадэу сэри илъэситIкIэ сылэжьауэ щытащи, абы и мыхьэнэм мащIэу сыщыгъуазэщ. ЗэрыжысIауэ, Бурсэ къэбэрдейхэр щымащIэщ, еджэну, лэжьэну кIуэурэ закъуэтIакъуэххэ абы къыщымынамэ. Аращи, я адыгагъэр, анэдэлъхубзэр а щыIэм нэхъ яIэщIоху, тырку лъэпкъым хошыпсыхьыж. Къэралым зыкъомрэ адыгэбзэкIэ псэлъэну хуит имыщIу зэман щыIащ. Абы щыгъуэм зи гур ехуэха хъуа адыгэхэм защIэгъэкъуэнырщ, къызэрысщыхъумкIэ, дэтхэнэ зыми ди лэжьыгъэ нэхъыщхьэр. Къайсэр къалэкIэ, къуажи I00-м нэблагъэ хъууэ, зэпэгъунэгъуу адыгэхэр щытIысауэ щытати, абыхэм нэгъуэщI лъэпкъ къахэмыхьэу я бзэр, хабзэр нэхъ яхъумэжыфащ. Ди жагъуэ дауэ мыхъуми, дэнэ лъэныкъуэкIи апхуэдэкъым. Абы къыхэкIыу Бурсэ Адыгэ Хасэри хущIокъу ди лъэпкъэгъухэм я гупсысэр адыгагъэм щIэрыщIэу къыхуигъэушыжыным. 
- Ди лъэныкъуэкIэ щыIэ Гъурфхэм уапыщIа?
- Хэкум сыкъэмыкIуэ щIыкIэ «Бжьамий» къэфакIуэ гупым хэту къэсцIыхуауэ щытащ Гъурф Борис и къуэ Артур. Ар гуфIэгъуэшхуэт абы щыгъуэм. Иужьым Къэбэрдей-Балъкъэрым сыкъакIуэу мазэ хуэдэкIэ сыщыщыIам, Гъурфхэ я нэхъыжь куэдым саIущIат, сепсэлъат. АрщхьэкIэ етIуанэрей гъуэгум куэдрэ сыкъыщызэтеувыIэ хъуатэкъыми, зэзгъэлъэгъуфар мащIэт. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, Тхьэм сыхуэарэзыщ си Iыхьлы дыдэхэр, си шыпхъуитIыр, къэзгъуэтыжащи.
Ди лъэпкъым Кавказ зауэ нэужьым дунеягъэкIэ жыхьэнэмэр зыхищIат. Хэти и адэр, и дэлъхур псэуми имыщIэу, языныкъуэм я унагъуэр, лъэпкъыр щыIэж-щымыIэжым хамыщIыкIыу илъэс куэдкIэ лъэпкъыр гупсысэм хэтат. А гъуэгуанэ мытыншхэм теухуауэ си адэмрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ гупу зэхэсу куэд къаIуэтэжу сэ зэхэсхащ, я дэтхэнэ псалъэри си гум изубыдауэ сохъумэ. Хэт ищIэрэ, ахэр зэгуэр тхылъ хъужынкIи хъунщ.
- Иужьрейуэ укъыщыкIуам сытхэм нэхъ гу лъыпта?
- Япэ дыдэу Хэкум сыкъыщихьэжам лъэсу куэд къызэхэскIухьат, нэхъыбэ си нэгу щIэкIмэ нэхъ сфIэфIу. Налшык зэхъуэкIыныгъэфIхэр иIэу сыIуплъащ. Псом хуэмыдэу щIыналъэм и экономикэм зэрызиужьар си гуапэ мэхъу. Иджы Налшык адыгэбзэр нэхъ щызэхэпхыу къысщыхъуащ, «у-адыгэ?», - жысIэу, къэслъыхъуэну къысхуихуакъым. Бурсэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр мы лъэныкъуэхэмкIэ щыIа нэужь, «Адыгагъэр яIэтмэ, ар къэбэрдейхэращ», - жаIэу зэхэсхащ. А псалъэхэр ущIэгушхуэн щхьэусыгъуэщ. НыбжьыщIэ зэрышэхэми я бынхэм адыгэцIэхэр ирату хуежьэжащи, къэкIуэнум фIыкIэ дыхуэплъэнщ.
- Хамэ къэралымкIэ абы и Iуэхур сыт хуэдэ мы зэманым?
- ЗэрыфщIэщи, нэхъ пасэм фIагъэщынутэкъым сабийм адыгэцIэ. АрщхьэкIэ, уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу, илъэс 23-м ит сипхъу нэхъыжьым Жансери фIезгъэщащ а зэманым. КъыкIэлъыкIуэ хъыджэбзым Сэтэней цIэр естащ. ЩIалэм БэркъукъукIэ доджэ. А цIэр дэфтэрым къысхуизытхэну цIыхубзыр япэ щIыкIэ къызэупщIат: «ЩIалэр гугъу ехьынкъэ?!» - жиIэри. АрщхьэкIэ сэ сызыхуейм сыхутекIакъым. 
Дэ дыщыщIалэм хасэхэм укъыщыфэу уалъэгъуа закъуэмэ: «Уэ зи Iуэху зепхуэр сыт?» - жаIэу уи ужь къихьэнкIэ хъунут, адыгагъэ зепхьэну тынштэкъым. Ауэ иджы псори нэхъ зэтеухуа хъуащ. Ди бынхэм хабзэ-нэмыскIэ дахуэсакъащ, ауэ бзэм дытеплъэкъукIащ.
- Сытхэр ебгъэлъэгъуа япэу Хэкум уи щхьэгъусэмрэ уи щIалэмрэ къыщыпшам, щIыналъэр дауэ къащыхъуауэ жаIэрэт?
- Нэхъ дахэ дыдэу диIэ щIыпIэхэм защезгъэплъыхьащ: Iуащхьэмахуэ, Гуэл щхъуантIэхэр, Шэджэм псыкъелъэхэр, нэгъуэщIхэри. Налшык къалэ махуэ псом къыщыткIухьа нэужь, щIалэм жиIат: «ИкIи щыхьэр цIыкIукъым икIи инкъым, ауэ мэз щхъуантIэм къиухъуреихьауэ хэтщ, дахэщ, уэрамхэр къабзэщ. Нэхъ иужькIэ сэ езыр сэр-сэру сыкъакIуэу, анэдэлъхубзэри зэзгъэщIауэ, къэскIухьынущ». Дынэсыжын фIэкIа пIалъэ иIакъым, адыгэбзэ хьэрфхэр зригъэщIэну ар компьютерым бгъэдэтIысхьащ…
Нэхъыбэуи арат ар къыщIэсшар. Хэку зэриIэр, и лъэпкъэгъухэр зэрыпсэур - а псом гу лъитэн хуейт езым.
Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
Поделиться: