Я мурадхэр зэрызрагъэхъулIэну къарухэр щыхуримыкъум и деж бийхэр хуэкIуэ хабзэщ террорист Iэмалхэм. Ар къыщежьари дыгъуасэкъым. Мы тхыгъэм дэ щыфхуэтIуэтэну дыхуейт къэунэхуу лъэлъэжыхукIэ къэрал кIуэцI, къэрал щIыб жагъуэгъухэм екIурабгъу имыIэу япэщIэту СССР-м и НКВД-м иригъэкIуэкIа бэнэныгъэм и тхыдэм щыщ зы Iуэхугъуэ закъуэ.
1920 гъэм Кърымыр ябгынащ хужьыдзэхэм. Абыхэм япэщIыкIэ хэщIапIэ яхуэхъуат Тыркумрэ Алыджымрэ. Хамэ щIыналъэм къыщыхутами, зауэлI хабзэр къызэтенат икIи ар текI имыIэу ягъэзащIэрт. КъыхагъэщIами, кIэухыу къатекIуауэ зыми къилъытэртэкъым. ЩызэпсалъэкIэ зыгуэрхэм куэдрэ къафIыхэхуэрт «Мыдэ зэ дгъэзэжмэ…» псалъэхэр. Псори пэплъэрт гъуэгу техьэну унафэ къыщыхуащIынум. АрщхьэкIэ ар къэмысурэ, илъэсхэр дэкIащ. Я мылъкур яIэщIэухэу хуежьащ, къыдэIэпыкъуну батэр зыгъэша къэралхэри къелIэлIэжыртэкъым, къаужэгъуати. Дзэр лъэлъэжырт. Генералхэм епIэщIэкIыу къалъыхъуэрт хэкIыпIэхэр.
1924 гъэм фокIадэм и 1-м барон Врангель унафэ къыдигъэкIащ урысеидзэр псоми я зэхуэдэ урыс дзэ зэгухьэныгъэм (РОВС) зэрыхуагъакIуэм теухуауэ. Дзэр зэбграутIыпщыкIыжырт, арщхьэкIэ зауэлI къызэрыгукIхэри офицерхэри быдэу зэпыщIауэ икIи зэрыщIэу щытын хуейт. ЦIыху мини 100-м щIигъу зыхэт зэгухьэныгъэм къудамэхэр щиIэт дунейм и щIыналъэ куэдым. «Цырхъ» зэрызэхахыу батальону, полкыу, уеблэмэ дивизиеу зэхыхьэу ахэр къежьэну хьэзырт. СССР-м и гъунапкъэхэм щэхуу къызэпрысыкIыурэ, унафэм пэмыплъэжыфхэм ди къэралым и щIыналъэм бзаджэнаджагъэхэр щалэжьырт.
Врангель Петр лIа иужь 1928 гъэм РОВС-м и Iэтащхьэ хъуа генерал Кутепов Александр жиIащ Совет Союзым и бий террорист бэнэныгъэр зэрыщIагъэхуэбжьэнур. Ауэ ахэр зыхуэлъэхэри жейртэкъым. 1930 гъэм щIышылэм и 26-м махуэ шэджагъуэм Париж лъэужьыншэу щыбзэхащ езы Кутеповыр. Хужьхэм я газетхэм къалъытащ ар большевикхэм яукIауэ икIи абыхэм епцIыжакIуэхэр ядэIэпыкъуауэ. ЗэщIэхъееныгъэм хэтхэм шэч зыхуащI хъуащ. ИпэIуэкIэ абы къыщызэрагъэпэщат «бийхэм зезыщахэр» сэтей къащIыну пщэрылъ зыщащIа гуп. АрщхьэкIэ Кутепевыр яхуэхъумакъым. Контрразведкэр и къалэнхэм пэмылъэщу къилъытэри, властыр зыIэщIыхьа генерал Миллер Евгений абы и унафэщIу игъэуващ Граждан зауэм лIыгъэ щызезыхьа генерал Скоблин Николай. Абы дзыхь хуумыщIмэ, хэт хуэпщIын?
Совет Союзыр сакъыу кIэлъыплъырт зэгухьэныгъэм и IуэхущIафэхэм. КъэхъеинкIэ хъуну зауэм дэтхэнэм и лъэныкъуэу къыщыувыну абы хэт цIыху минипщIхэр? Сыт я мурадыр? А упщIэхэм я жэуапхэр тIасхъэщIэххэм къагъуэтырт. Япэрауэ, РОВС-м и Iэтащхьэ къулыкъур Миллер зэрыIэрыхьэу жиIащ удын «жьгъейхэм» мыхьэнэ ямыIэжу къызэрилъытэр. РОВС-м дяпэкIэ и къалэн нэхъыщхьэу щытынут СССР-м хамэ къэралхэр зэрытеуэу абы и щIыналъэм зыкъыщызыIэтыну гупхэр куэду къызэгъэпэщыныр. ЕтIуанэрауэ, белджылы хъуащ 1934 гъэм къыщыщIэдзауэ Ещанэ рейхым зыпищIэну генерал Миллер зэрыхущIэкъур. Зэгухьэныгъэм хэт псори Миллер 1936 къыхуриджащ Испанием кIуэуэ Франко Франсискэ дэIэпыкъуну. А псоми къыхэкIыу Москва къилъытащ шынагъуэ ин къызыбгъэдэкI а генералыр икIэщIыпIэкIэ Iуахын хуейуэ. АдэкIэ къэхъуар детектив хъыбарым зыкIи къыкIэрыхуркъым.
1937 гъэм фокIадэм и 22-м пщэдджыжьыр сыхьэт 11-м Миллер РОВС-м и IуэхущIапIэу Колизей уэрамым щыIэм щIыхьащ. Зы сыхьэт абы щигъэкIуа иужь канцелярием и унафэщI генерал Кусонский Павел и деж кIуэри, пакет зэтегъэпщIа хуишиящ:
- Сэ сыхьэти 3 дэкIрэ къэзмыгъэзэжмэ, мы пакетыр зэтеч.
АрщхьэкIэ Кусонскэм ар зэтричакъым сыхьэтищи плIыи дэкIа иужькIи. Пщыхьэщхьэм зэрыхьзэрий къиIэтащ кIуэда генералым и щхьэгъусэм. Жэщым сыхьэт 11-м РОВС-м и IуэхущIапIэм щIыхьащ Миллер и къуэдзэ вице-адмирал Кедров Михаил. ИтIанэщ Кусонскэм пакетыр щызэтричар: Абы итт: «Сэ нобэ сыхьэт 12-рэ дакъикъэ 30-м генерал Скоблиным сыщыхуэзэнущ Жасменрэ Раффэрэ я зэхэкIыпIэм деж. Абы сэ сишэн хуейщ нэмыцэ офицер, дзэ атташе полковник Штроманрэ Германием и посольствэм къагъэкIуа зиусхьэн Вернеррэ я деж. ТIуми урысыбзэ фIы дыдэу ящIэ. Дызэхуэзыгъазэр Скоблинырщ. Зыгуэр къэхъ хъужыкъуэмэ, мы тхыгъэр къызогъанэ. Генерал-лейтенант Миллер».
- Щхьэ зытумычарэ къыщыбжаIа зэманым?!-кIиящ Кедровыр.
- Сщыгъупщэжщ…
Телъыджэщ хабзэ ткIийм щIапIыкIа цIыхур «щыгъупщэхыу» къызэрыщIэкIар. Ауэ ар НКВД-м и агенту щытамэ, пакетыр ибзыщIынтэкъэ?
- Фыкъеджэ Скоблиным. ПсынщIэу!
Скоблиныр къашащ. Ар кабинетым щIыхьащ.
- Сыт къэхъуар?
- Генерал Миллер кIуэдащ. Дапщэщ ар уэ иужьу щыплъэгъуар?
- Дыгъуасэ.
- Ауэ уэ абы нобэ ухуэзащ, пэжкъэ?-Кедровыр Скоблиным и нэхэм щIэплъэрт.
- Япэу зэхэсхыу аращ.
Кедровым Скоблиным пакетыр IэщIилъхьащ. Абы къеджэри, генералым и дамэхэр дришеящ:
- Сэ фэ вжызоIэ абырэ сэрэ нобэ дызэрыхуэмызар.
- Дэ псори полицэм дыкIуэн хуей си гугъэщ,-жиIащ Кусонскэм.
- Дауи, - Скоблиныр мыпIащIэу къыщIэкIащ.
Я бэлътохэр щатIагъэжри, Кусонскэмрэ Кедровымрэ къыкIэлъыщIэкIащ. АрщхьэкIэ еблэгъапIэм полковник Мацылев Сергей фIэкIа щIэттэкъым.
- Дэнэ здэкIуар Скоблиныр?,-щIэупщIахэщ.
- ЩIэкIащ, - къитыжащ жэуап Мацылевым. Мыбдежщ тIуми я щыуагъэр къащыгурыIуэжар: Мацылевым къэхъуам зыри хищIыкIыртэкъым.
- Я дэ ди Тхьэ! Ар щIэпхъуэжащ!-щэIуащ адмиралыр.
Франджым и полицэр Iуэхум хыхьащ. Хабзэхъумэхэм сэтей къащIащ жэщыр сыхьэти 3-м Скоблиныр езым и ныбжьэгъу капитан Кривошеев Александр и деж зэрыкIуар. Ар и унэм щIэстэкъыми, Скоблиныр абы и щхьэгъусэм елъэIуащ ахъшэ щIыхуэ тIэкIу къритыну. Iихри, кIыфIым хэбзэхэжащ. АфIэкIа ар зыми зы щIыпIи щилъэгъуакъым.
Пщэдджыжьым полицей комиссарым езым и унафэщIхэм яжриIащ жэщым «Мария Ульянова» совет кхъухьым хьэлъэзешэ автомашинэ зэрыIухьар. Иужьрейм зэтеIулIа хьэлъэ гуэрыр къызэрырахыу кхъухьыр пIащIэу IукIыжащ. Таможнэм ирагъэлъэгъуащ къащыну хуит зымыщI дипломат дэфтэр. Апхуэдэу щыхъум, совет посолыр псынщIэу МИД-м ираджащ. Абы хуагъэуващ къапщытэн икIи еплъын щхьэкIэ кхъухьым икIэщIыпIэкIэ кърагъэгъэзэну.
ЛIыкIуэм и нэщхъхэр зэхиукIащ
-Кхъухьыр зыми имей псыхэм хэтщ. Абы фэ залымыгъэкIэ къевгъэгъэзэжмэ, къаугъэшхуэ къэхъеинущ, жэуап зыхьынури Франджырщ. Абы къыдэкIуэуи,- щIигъужащ дипломатым,- а кхъухьым фэ зыри къивгъуэтэнукъым.
Мыдрейхэм къагурыIуащ абы зытригъащIэр - шынагъуэ гуэр къыкъуэкIмэ, «хьэлъэр» псым хадзэнурэ,- зэфIэкIащ.
1937 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм НКВД-м и Лубянкэ лъэхъуэщым къыщIэхутащ «кIуэда» генерал Миллер. Абы иригъэтхащ РОВС-м и лэжьыгъэм теухуауэ напэкIуэцI 18. АрщхьэкIэ генералым цIэ-унэцIэ гуэри къриIуакъым, зы хэщIапIи яжриIакъым. Абы къыдэкIуэуи бэнэныгъэр щагъэтыну РОВС-м хэтхэр къыхуриджэн идакъым. НКВД-м и унафэщI Ежов Николай зэзыхъуэкIа Берие Лаврентий I939 гъэм накъыгъэм и 11-м Iэ тридзащ Миллер Евгений яукIыным теухуа унафэм.
Миллер и кIуэдыкIар РОВС-м и дежкIэ удын хьэлъэ дыдэу къыщIэкIащ. Абы иужькIэ зэгухьэныгъэр къызэфIэувэжыфакъым. Псом хуэмыдэу ягухэм еуар хэти дежкIи щапхъэ Скоблиныр большевикхэм я агенту къызэрыщIэкIарщ. Абыи и закъуэ? Миллер иужькIэ РОВС-м и Iэтащхьэм и къулыкъур зыIэрыхьа генерал Абрамов Николаи НКВД-м и лэжьакIуэу къыщIидзащ!
Зэгухьэныгъэм лъалъэу щIидзащ. Абы и пIэ къихутащ «парт», «зэщIэхъееныгъэ» жьгъейхэу пщIы бжыгъэхэр. АрщхьэкIэ абыхэм къару гуэри ябгъэдэлъыжтэкъым икIи зыми къафIэIуэхужакъым.
Апхуэдэущ дэтхэнэ террорист зэгухьэныгъэми кIэ зэригъуэтыр.