Хэку зауэшхуэр зэриухрэ заул дэкIащ, абы хэтахэм ящыщу псэужыр закъуэтIакъуэщ. КърикIуахэри белджылы хуэдэщ. АрщхьэкIэ тхыдэр, Iуэхухэр зэрекIуэкIар зэзыхьэкIыну хущIэкъухэм я бжыгъэм кIэрыхуркъым. Къамыгупсыс щыIэкъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, ди адэхэмрэ адэшхуэхэмрэ я лIыгъэр, абыхэм зэфIагъэкIахэм я мыхьэнэр ягъэмэщIэн папщIэ ТекIуэныгъэ Иныр зи фIыщIэр… щIымахуэ щIыIэ ерур арауэ жаIэ. Жагъуэгъухэм я мызакъуэу, урысейхэми иджыри яхэтщ апхуэдэу къэзылъытэ.ТегъэщIапIэ ящIри, нэмыцэ дзэзешэхэм езыхэм загъэхеин щхьэкIэ къагупсысахэрщ. Къапщтэмэ, фашист танкыдзэм и унафэщI Гудерман Гейтц Москва и деж и Iуэху къыщимыкIым жиIэгъащ: «Ди щIалэхэр Кремлым пивэ щефэнут, арщхьэкIэ щIыIэ егъэлеям къигъэувыIащ». ПцIы зэфэзэщщ! Фашистхэр къызэрехьэжьауэ ди щыхьэрым щебгъэрыкIауа 1941 гъэм и бжьыхьэм щIыIэр градус 11-м нэхърэ нэхъ лъахъшэу ехакъым. ЩIымахуэ еру къыщыкIуар ахэр ирахужьэжа иужькIэщ. КъэзыгъэувыIар ди совет зауэлIхэм я лIыгъэмрэ къэмылэнджагъэмрэщ. Сталинград и дежи аращ.
Гъэмахуэ цIывыгъуэми бийм зэрытекIуэфыр Дзэ Плъыжьым къыщигъэлъэгъуащ 1943 гъэм екIуэкIа Курск зауэзэрылIым. Москва и деж япэ дыдэу фашистхэр щрагъэкIуэтащ, Сталинград хьэлэч щащIащ. Мы щIыналъэм щекIуэкIа зэхэуэшхуэм белджылы къищIащ Ещанэ рейхым кIэ игъуэтыну зэманыр къызэрыблагъэр. Курск зауэзэрылIым иужькIэ зэрыпхъуакIуэхэм икIуэтын, захъумэн фIэкIа ебгъэрыкIуэн Iуэху зэрахуэжакъым. Ар зауэлI къызэрыгуэкIхэм я хахуагъэм къыдэкIуэу, ди къэралым и унафэщIхэм, дзэзешэхэм я Iэзагъми и фIыгъэщ.
ЛъэныкъуитIми пасэу зыхуагъэхьэзыру щIадзат мыбдеж щызэпэщIэувэным. 1943 гъэм и гъатхэм СССР-м мы щIыпIэм къаруушхуэ щызэщIигъэуIуат. Нэмыцэхэми загъэхьэзырырт, арщхьэкIэ дыдейхэр ефIэкIырт. Псоми ягугъащ щIыр зэрыгъущу ди зауэлIхэм зрачыну. Совет дзэзешэхэр Iуэхум нэгъуэщIу егупсысу къыщIэкIащ.
Мэлыжьыхьым и 8-м Жуков Георгий Штаб нэхъыщхьэм щыжиIащ: «Бийм япэ зидгъэщын мурадкIэ махуэ гъунэгъухэм ди дзэхэр ебгъэрыкIуэныр пасэу къызолъытэ. НэхъыфIынущ дымыкIуатэу бийм и къарур щIэдгъэкIмэ, абы и танкхэр ткъутэмэ…»
Ауэ адрей лъэныкъуэмкIэ Iуэхум нэгъуэщIу щегупсысырт. Гитлер вермахтыр иригъэпIащIэрт, хуейт Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу фашистыдзэм и пщIэр зэфIигъэувэжыну, ар къыхуэзыхьынури ехъулIэныгъэ хэлъу къебгъэрыкIуэнырт. И тхьэкIуми иригъэхьэртэкъым абы нэхъыфIу зыхуигъэхьэзырыну языныкъуэ генералхэм къыжраIэри, «Цитадель» зыфIища Iуэхум унафэ щытрищIыхьым , 1943 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м абы итхащ: «Ди ебгъэрыкIуэныгъэм мыхьэнэшхуэ дыдэ иIэщ. Ар зэфIэкIын хуейщ псынщIэу ехъулIэныгъэшхуэ къэтхьауэ. Курск и деж дызэрыщытекIуэр дуней псом и дежкIэ ди мурадым дызэрылъэIэсым и нэпкъыжьэ хъун хуейщ».
1943 гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м и жэщым ди тIасхъэщIэххэм гъэру къаубыдащ вермахтым и 6-нэ лъэсырыкIуэ дивизэм и сапер Формель Бруно. Абы къажриIащ сыхьэт зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу нэмыцэхэр Курск къызэребгъэрыкIуэнур. Абы и псалъэхэр техуэрт Дзэ Плъыжьым нэхъапэм къыхуаIуэхуахэм.
Курыт фронтым и Iэтащхьэ Рокоссовский Константин и унафэкIэ бадзэуэгъуэм и 5-м сыхьэтыр 2-рэ дакъикъэ 20-м зэуэ топ 595-рэ. апхуэдэу «Катюшэхэр» къызэщIэгъуагъуэри, шэхэр бийм тракIутэу хуежьащ.
Жуков Георгий ауэ сытми щхьэхуэу къыхигъэщатэкъым танкхэр. Иджыри къэс зэрыпхъуакIуэхэм щIэгъэкъуэнышхуэ къахуэхъурт а къару лъэщыр. Мыбдежми нэхъыбэу зыщытрагъащIэр ахэрат. Абы щыхьэт тохъуэ «Цитадель» Iуэхум «Тигр», «Пантера» щIэрыпсхэр яхэту танкхэу, езыр зекIуэ артиллериеу мини 2-рэ 758-рэ зэрыхузэщIигъэуIуар.
СССР-р - щэ? ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ари щыстэкъым и Iэхэр зэтедзауэ. Дзэ Плъыжьым егъэлеяуэ и лъэр жан ящIат Сыбырым къикIыу къыIэрыхьэ Iэщэ щIэрыпсхэм. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къахуэщхьэпэжат 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м щIадзэу гъэр иухыхукIэ къэралым жыжьэу и къуэкIыпIэ лъэныкъуэм псори зэхэту лъэщапIэ ину 1523-рэ зэрагъэIэпхъуар. Иджы ахэр жэщи махуи мыувыIэу лажьэрт, дзэр зыхуеинухэр къату. Хэбгъэзыхьмэ, Европэ псор зытелажьэ вермахтым Iэрыхьэм нэхърэ нэхъыбэ! Арати, «Тигрхэмрэ» «Пантерэхэмрэ» пагъэувын яIэт.
Зызыгъэхьэзыра бийм япэ зыкъригъэщу зэрахэуэм мыхьэнэ ин иIащ. Фашистхэр игъэундырэщхъуащ зыпэмыплъа удыным. Ауэ нэмыцэхэр гужьеигъуафIэтэкъым. Ар къигъэлъэгъуащ Прохоровкэ къуажэ цIыкIум и гъунэгъуу екIуэкIа танк зэхэуэ цIэрыIуэм. ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэр махуи 7-кIэ, бадзэуэгъуэм и 10-м къыщыщIэдзауэ 16 пщIондэ, екIуэкIащ. Мыбдеж щызэпэщIэуващ Ротмистров Павел зи унафэщI 5-нэ гвардие танк армэмрэ Хауссер Пауль и 2-нэ танк корпусымрэ. ЛъэныкъуитIми я дежкIэ нэхъ хьэлъэ дыдэу щытар бадзэуэгъуэм и 12-рщ. Ротмистровым и зауэлIхэм дыгъэвэхым хэту икIи гъуэгу мыхьэнэншэхэм тету километр 350-рэ зыпачын хуей хъуат Курск и лъэныкъуэмкIэ кIуатэ бийм пэщIэувэн папщIэ. Хэбгъэзыхьмэ, бадзэуэгъуэм и 11-м и пщыхьэщхьэми танки 100-м нэсыр иджыри гъуэгум тетт. Техникэм и Iыхьэ щанэм хуэдизым дерт ягъуэтат. Фашистхэр епIэщIэкIын хуей хъуатэкъым, щызэзэуэну щIыпIэр къыхэзыхахэри ахэрат.
ЗанщIэу жытIэнщи, Хауссер и къарухэр абдеж къыщыувыIэн хуей хъуащ. КъыкIэлъыкIуэ махуи 4-ми зы километркIи кIуэтэфакъым. ИужькIэ щытыкIэм зэуэ зихъуэжащ: Дзэ Плъыжьым и къарухэм зэрыпхъуакIуэхэр щIыналъэ псом щрахужьэжащ. Гитлер «Цитадель» Iуэхум къыпыкIащ, ди дзэхэм ДонбасскIэ яунэтIащ. Мыгувэу хуит къащIыжащ Белгородрэ Харьковрэ.
1943 гъэм фокIадэм ирихьэлIэу вермахтым и къуэкIыпIэ фронтым, ипэкIэ къэдгъэлъэгъуа мини 2-рэ 758-м щыщу, зэуэфыну танк 605-рэ къудейщ иIэр. Белджылы хъуащ иджы щыщIэдзауэ танкхэм нацистхэм текIуэныгъэ къызэрыхуамыхьыжыфынур. Абыхэм къахуэнэжар зэпымыууэ икIуэтынырт.