Псори къызэрыкIар Сурэт и япэ лъагъуныгъэр министру зэрагъэуварт. Школым щыщIэсым зэгуэкIуауэ щыта физикэмкIэ егъэджакIуэр.
Щыри Сэрмакъ щыщ щхьэкIэ, Iэсхьэд щыпсэур къуажэкIэрати, Сурэт къыщицIыхуар иужьыIуэкIэщ. Сытми, абыхэм я зэхуакум дыхьауэ зыкъыщыхъужын хуэдизкIэ Iуэхум щыгъуазэтэкъым Iэсхьэд. КъищIэнIауи къыщIэкIынтэкъым нысащIэм и фейсбукым лъагъуныгъэ усэхэр кърилъхьэрей мыхъуамэ. «Уэрэ сэрэ» пшыналъэр трихыжыххэтэкъым. Iэсхьэд и щхьэ хуихьыпхъэу абыхэм къахэхуэр хъыджэбзыр дэкIуэным зэрыхуепIэщIэкIамрэ зэрыщыуамрэт. Усэхэр зыхилъхьэ щымыIэ хуэдэут Сурэт сыт щыгъуи утыкум зэритыр. АдыгэбзэкIэ щригъаджэкIэ дэнэ кIуэнт? Дыгъэ бзийхэр е уодз, е зыбошалIэ. Е тIуми узэрыщымыщыр пщыгъупщэжыпэн хуэдэу, фэ зытегъэуэным Iэзэ ухуохъу. Сурэт мытхьэIухудми, лъагъугъуейкъым. Ауэ и жьэр зэрызэщIихыу, усакIуэ гуэрми жиIащи, бжьын ишхам ещхьу, зэрыгуIувыр къыкIэрецыцыкI. Арагъэнщ усэкIэ щIэерыщыр. Е зэрыщымытыфэ зытригъэуэн хуейщ, е, а нэхъ илъагъу мыхъуращи, щхьэузыхь зызыщI цIыхубз хьэл зыхилъхьапхъэщ.
Нэхъ зэпIэзэрыт дыдэу фэ зуплъ бзылъхугъэри къыпхуэумысынукъым и интернет лэгъунэр зыхузэлъыIуихымкIэ. «Личное пространство »! Уи лъапэр ипшиеу уеплъыжарэт! Уэ «мыбы и гукъэкIыр» жыпIэу, зыщумыгъэнщIу и напэкIуэцIыр щIыбощыкI. Езым и сэхураныщхьэм хьэрэкъуакIэ къыщепс дыгъэ гуэрым зыдегъазэ. Щхьэ дэмыкIуарэ-тIэ Родион Мустафаевич, ар апхуэдизу щыпщIэгъуалэкIэ? Ишакъым, гурыIуэгъуэщ. Иджы къекIуэлIэжащ. Уэ къащIэ дыгъуасэ уигу пыкIар къулыкъущIэ зэрыхъуам ихъуэжыр? ЩIегъуэжащ. Арат фIыуэ илъагъуну зыхуэфащэр, и щIалагъкIэ бэлэрыгъыу къыхиха Iэсхьэд- псэукIэмыщIэтэкъым. Сурэт и жьэм зэи къыжьэдэкIакъым а псалъэхэр. Ауэ сыт пщIэнур у-Iэсхьэдрэ делафэ зэрызуплъыжыр пхуэмышэчыжыххэмэ? Угупсысэнущ, дауи! БампIэм уIэщIэкIын къудей щхьэкIэ, уи щхьэгъусэм и зыгъэхъеикIэр зэIыупщIыкIыурэ, гува-щIэхами къыбгурыIуэнущ абы и гум узэрыщимыгъафIэр. Уи усэ бзагуэхэм фIэкIаи зыри бампIэдэх пхуэхъунукъым.
Зыкъомрэ и гугъу ищIакъым. Iэсхьэди, цIыхубзхэм яфIэфIу къапсэлъ цIэкIэ къикIа а Радикыр Сурэт зэринэIуасэр ищIэ пэтми, телевизорым къигъэлъагъуэ адрей IэнатIэщIэкъухэм къахигъэщхьэхукIын щIыхуей щхьэусыгъуэм теплъэкъукIат. Мис и инстаграмри! Сыту пIэрэ мыбы и щхьэм щызекIуэр жумыIэ щIыкIэ, зи ныбэр къыппежьэ щIалэжь, хабзэр зэринэрыгъым и бжьакъуэхэр хутриупIащIэу. Зэрыбэлыхьлажьэр уи тхьэкIумитIым къыщриубэкIэ, насып уиIэмэ, уадыгэнщ, зэпумыудын хуэдэу. УзэрыцIыхур нэгъуэщIу къыпхуигъэгъунукъым.
Фыгъуэм текъута унагъуэ. Зэгуэр итхынщ Iэсхьэд апхуэдэ тхылъ. Иннэ цIэмкIэ къригъажьэу. Радик и щхьэгъусэрат Сурэт щысу къимыпсэлъыж а цIэр зезыхьэр. Я унэцIэр-щэ? Къэбышххэ. Къэбышх Иннэ… Iэсхьэд Радик и напэкIуэцIым иIэпхъукIри абы и щхьэгъусэм ейм нэсауэ, цIэрэ щхьэрэ зиIэ цIыхубзым и хьэпшып зызыхомыгъэкIыжыпхъэхэр зэпеплъыхь. Шхэнымрэ жеинымрэ къыхуигъэщIа гуащэ хъурей, кIыхIу пшыхьрэ зэпыбгъэлъэлъыжмэ, Сурэт хуэдищ къыпхухэкIыну. Абы хуэзэху къызыфIэзэрыхьт модрейр. Школыр къэзыух хъыджэбзхэм и хъуапсэнэр ятримыхыфурэ фызкъэмышэу илъэс плIыщIым езыхулIа Радик лIы тынш къызэрыхэмыкIар гурыIуэгъуэт. Езыми щIызримыпэсар къигъэпэжынкIэ зэрымыгугъэрт. Иджы щхьэгъусэ хуэхъуа цIыхубзым и фIэщу йохъуапсэ.
Хуэмурэ тепсэлъыхьын щIидзащ. Iэсхьэд тIасхъэщIэхым ещхьу хуэIэзэ хъуат нысащIэм хамэ цIыхухъухэм я гугъу къыхуищIыныр къызэрыригъэзэгъ псалъалъэм. И нэгум щIэтыр цIыхубзмэ, и цIэр къриIуэт. «Ленэ и гъусэу сыкъэкIуэжащ». «Зыгуэрым» жиIэмэ, хъыбарыр зытеухуар щIалэт. «Ди къуажэ гуэрым машинэ къигъэувыIэри сыкъыздишэжащ». БзэгупэкIэ зи цIэр игъафIэхэр уэршэрым къызэрыхишэр ауан макъамэм хэтут. Сытегъэпсэлъыхь закъуэ, сыубми содэ. «Зы хъыджэбз цIыкIу блигъэкIынутэкъым Радик, зыгъэукIытэн гуэр жримыIэу». Щымытхъуху я нэчыхьыр игъэпэжым ещхьу, езыр щэхуу псэкIэ зэдэхащIэм и Iейхэр нахуэу жиIэурэ, Iэсхьэд и гур Радик щызыгъэкIари Сурэтщ. И щхьэгъусэм къыжьэдэкI псори зыкъомрэ зэрыщыт дыдэм хуэдэу иригъэхащ щIалэ жыIэзыфIэщым. И лIыр зыдигъэIэпыкъуурэ зэхигъэувэт нэгум щытрих киноущIэр. Езым хыфIидзэжат, зэрыжиIэмкIэ. Ауэрэ щымытхъуу щыхуэмышэчыжым нэсащ. «Уэ уэлъытауэ» мыхьэнэм хуэмыкIуэн щхьэкIэ, куэд щIауэ екIуэкIахэм Iэбэт, къыщыхъуар мыдыгъуасэ-мынобэу.
ФIыуэ илъагъуу пIэрэт иджыри? ЩыIэ а лъагъуныгъэ жыхуаIэр, сытми? Узыхэдэхэр зыр адрейм нэхърэ зэрынэхъыфIым фIэмыкIмэ, ар лъагъуныгъэкъым, щэн-щэхуэнщ. Пхуэхъу, зэбгъэкIу щыгъын е вакъэ къызэрыплъыхъуэм ещхьу, зыхуэбгъэфащэ цIыхур уэр-уэру адрейхэм ятыбогъакIуэ. Сурэти емыхъулIауэ, IэщIэкIаIауэ къызэрилъытэм зэхэзехуэн ищIагъэнт. ЦIыхубзхэр делэ мэхъу-тIэ дыгъуасэ къахуэгуфIа гуэр цIэрыIуэ щыхъум деж. И Iей псори зылъагъу лIыр сытым дежи нэхъ жагъуэгъущ, езыр щIалэу зи нэгум къыщIэна игъащIэрей щауэм нэхърэ. ЩIалэгъуэм кIэлъыIэбэу, и ныбжьыр зэрыхэкIуатэр хуэмыхьу аркъудейщ, нэгъуэщI хэлъын хуейкъым. Езым фIыуэ зыщилъагъужыф зэманым егъэзэж абы щыгъуэм ицIыхуахэм я гъусэу. Радик и фызым сытыт-тIэ къыщIыкIэрымыкIыр? ЛIыр фIыуэ илъагъур пэжмэ, ар и щхьэгъусэм ирифыгъулIэн хуейтэкъэ? Я унэ ихьэнуи фIэемыкIутэкъым. ЗигъэеджакIуэу, зигъэнэхъыщIэу бгъэдыхьэт Радик. Езыри зэрыегъэджакIуэм хуит ищIу къыфIэщIт апхуэдэу хьэлыншэну. А жыпхъэращ Iэсхьэди къэзыгъэпцIар. «Сригъэджащ» жыпIэмэ, еджэкIэ пщIэуэ къащохъу цIыхухэм. Сурэт тхылъым къриджыкIыфым хуэдиз къыщIэкIынщ Радики егъэджэныгъэмкIэ къиминистрыр.
ЩIалэм Иннэ и хьэпшыпхэм зыщызэблахъу напэкIуэцIыр щIещыкI. Сурэт и гъусэу сурэт зытримыгъэхауэ пIэрэ мыбы? Хьэуэ, иIэкъым. И щхьэгъусэм фыгъуэ хэлъу ищIакъым Iэсхьэд, а зи цIэ зыIуримыхыж Иннэр я уэршэр бжьэпэм къытехутэху. Зыдэплъейр тхьэмыщкIэ гуэру щытамэ, и зыхуэпэкIэри, и псэлъэкIэри, илъэскIэ нэщI уисыфын хуэдэу ерыскъым уигу щызыгъэкI и Iэпкълъэпкъ къитIэтIари уэрэдрэ Iуданэу ирихьэжьэнт. ЛъагапIэм тезыгъэувар езырати, жыжьэу къызыпэкIухьыпхъэ цIыху чэнжхэм зэращыщым гу лъитакъым. Е лъитэри зыщхьэщихуащ. Е езыри апхуэдэщ.