Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, балетмейстер Iэзэ Алэкъей Мухьэмэд псэужамэ, шыщхьэуIум и 5-м и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.
Ар Уэрэдымрэ къафэмкIэ ансамблым 1952 гъэм хыхьащ, и ныбжьыр илъэс 13 фIэкIа мыхъуу. Гупым и къэфакIуэхэм я нэхъыбэр Хэку зауэшхуэм хэта, зи ныбжьыр илъэс 40 ирикъуат. Я нэхъыщIэ дыдэр илъэс 24-рэ хъурт, ауэ абы елъытауэ Мухьэмэд сабий дыдэт.
ЩIалэ цIыкIум къафэмкIэ зэфIэкI зэриIэр нэрылъагъут, ауэ яфIэсабийт зыхагъэхьэну. РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ, макъамэтх, къэфакIуэ, пшынауэ цIэрыIуэ Къашыргъэ КIурацэ и лъэIукIэщ ансамблым и унафэщI Рыков Юрий ар къызэрищтар, езым и ныбжьыну зы щIалэ цIыкIу гъусэ хуащIри. Къафэхэм икухэм хагъэувэу, щIопщ, къамэ яIыгъыу къилъадэурэ къалэн пыухыкIа гуэрхэр ягъэзащIэу къекIуэкIащ. 1957 гъэм Алэкъейр илъэс пщыкIуий ирикъуащ икIи къэблэгъащ ар концертхэм щыхагъэхьэну яубзыхуа пIалъэр. Ансамблым и ехъулIэныгъэхэм я щIэдзапIэ хъуари а илъэсхэрщ. ТхущI гъэхэм ирихьэлIэу зэрагъэуIуащ пасэрей цIыхубэ уэрэдыжьхэмрэ къафэжьхэмрэ зыгъэзащIэхэм я гуп. Апхуэдэу къызэрагъэпэщащ адыгэбзэр куууэ щрагъэдж, псэлъэкIэм щелэжь, макъамэм щаIэ щIэныгъэм щыхагъахъуэ дерс купщIафIэхэр.
Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьам теухуа махуэшхуэхэр 1957 гъэм Москва гукъинэжу зэрыщагъэлъэпIэнум зыхуагъэхьэзырырт. А гуфIэгъуэ зэхыхьэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къэрал гулъытэм щIэтти, Москва къикIри ди щIыналъэм къэкIуащ Iуэхум хуэIэижь режиссёрхэр, композиторхэр, дирижёрхэр, балетмейстерхэр. Къалащхьэм щатыну концертыр ирагъэгъэхьэзырыну Москва кърагъэкIахэм ящыщт куржы композитор цIэрыIуэ Мурадели Вано, къэфакIуэхэм ядэлэжьа, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист, Москва и Театр Иным и балетмейстер Корень Сергей, Санкт-Петербург къикIа балетмейстер Гальперин Григорий. Мы Iуэхум ирихьэлIэу Шейблер Трувор итхат «Нартхэр» оперэ-балетым (либреттэр зейр КIуащ БетIалт) и макъамэр. ЯпэщIыкIэ концертым и программэр ягъэхьэзырри, Iуэхум и ужь ихьащ. Махуэшхуэм 1956 гъэм зыхуагъэхьэзырын щIадзат Уэрэдымрэ къафэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал ансамблым, ЩоджэнцыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, республикэм и районхэм, къуажэхэм, къалэхэм я художественнэ самодеятельностхэм я артистхэм, пшынауэхэм, сурэтыщIхэм, скульпторхэм, композиторхэм, шахтёрхэм, колхозым и жэмыш пашэхэм.
Къэфэну, хорым хагъэхьэну щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зэпеуэкIэ къыхахащ. Зи насып къикIахэм ящыщащ Алэкъей Мухьэмэди. «Нартхэр» оперэ-балетыр Москва яшэным и пэ, Налшык къалэм ар мэкъуауэгъуэ-бадзэуэгъуэ мазэхэм щагъэлъэгъуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Азие Курытым къикIыжа балъкъэрхэри - Ульбашев Мутай, Ульбашев Хъаний, Беппаев Сергей, Бегиев Анатолий сымэ - абы щыгъуэ къазэрыхыхьэжар. ЦIыху 400-м нэблагъэу Москва щыкIуэм, СССР-м и цIыхубэ артист Астангов Михаил зи пашэ москвадэсхэр вокзалым фIэхъус гуапэкIэ къыщыIущIэри, «Москва», «Центральнэ», «Колос» хьэщIэщхэм трагуэшащ.
Театр Иным щата пэублэ концертыр езыгъэкIуэкIар ди лъэпкъэгъу, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, киноактрисэ цIэрыIуэ КIуэкIуэ Тамарэщ. Уэрэдымрэ къафэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал ансамблым, Тэрч, Дзэлыкъуэ, Бахъсэн, нэгъуэщI районхэм щыIэ художественнэ самодеятельностхэм хэтхэр зэхыхьэри, «Зэныбжьэгъугъэ» къафэр ягъэзэщIащ. Хорым хэтхэм адыгэ уэрэдыжьхэр жаIащ.
Заводхэм, фабрикэхэм, институтхэм, университетхэм щекIуэкIа зэхыхьэхэм ди лъэпкъ тхыдэм щыхагъэгъуэзащ, концертхэр щатащ. КIэщIу жыпIэмэ, сыхьэт 24-кIэ емытIысэхыу лажьэрт.
Иужьрей махуэм жэщ хъуху Театр Иным зыщагъэхьэзырри, кIэух концертыр абы сыхьэтитIкIэ щекIуэкIащ. «Нартхэр» оперэ-балетыр и кIэм щынэблагъэм, мыужьых мафIэр иIыгъыу, пианисткэ Iэзэ Фридман Беатрисэ и щIалэ цIыкIу илъэсих хъур Алэкъей Мухьэмэд и дамащхьэм тесу, оперэ-балетым хэтхэр и ужь иту къакIуэурэ мафIэр щыпагъанэм ирихьэлIэу, пэшышхуэри къагъэнэхуащ. Абдеж зэхуэсахэр къэтэджри Iэгуауэ ин хуаIэтащ. Сэтэней и ролыр зыгъэзэщIа Сосмакъ Валентинэ гум дыхьэ макъ телъыджэ зиIэ уэрэджыIакIуэт. Лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм удахьэхыу еуащ Къашыргъэ КIурацэ, Ашуров Танахум, Исаков Арон сымэ.
Москва къикIыжа къудейуэ, ансамблым телеграммэ къыIэрыхьащ, ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалым зыкъыщагъэлъэгъуэну ирагъэблагъэу. Москва трагъэзэжын хуей хъуащ, осетин къэфакIуэхэри я гъусэу. ЯпэщIыкIэ союзпсо фестивалыр ирагъэкIуэкIащ. Кавказ Ищхъэрэм щыщу абы хэтар осетинхэмрэ ди щIыналъэм икIахэмрэт. КъыкIэлъыкIуэу екIуэкIыну дунейпсо фестивалым хагъэхьэнур а союзпсо зэпеуэм дыщэ медалыр къыщызыхьахэрт - дыжьынрат дыдейхэм къахьэхуфар. Театр Иным и балетмейстер, хыхьэхэкI зиIэ Корень Сергей и деж кIуэри елъэIуащ фестивалым, Iэмал иIэххэмэ, хагъэхьэнымкIэ къыдэIэпыкъуну икIи я программэм щыгъуазэ хуащIащ: къафэ, удж хэш, нэгъуэщI гуэрхэри ирагъэлъэгъуащ. Абы хузэфIэкIащ я лъэIур игъэзэщIэн.
Гупым я утыку ихьэгъуэр къыщыблагъэм, къафэ хуэмыр ягъэзащIэурэ къыдэкIащ. Абы щIэст хамэ къэралхэм къикIа куэд. Сыт хуэдэу къэфами ящIэжыртэкъым, апхуэдизкIэ псори гузэвати. Концерт нэужьым, автобусым къитIысхьэжауэ къыщыкIуэжым зы цIыхум зы псалъэ жиIатэкъым…
Фестивалым и етIуанэ махуэм и пщэдджыжьым Къашыргъэ Билалрэ Мухьэмэдрэ зыщIэлъ пэшым Корень Сергей кIуэри дыщэ медалыр къызэрахьамрэ ЩIалэгъуалэм я VI дунейпсо фестивалым и лауреат зэрыхъуамрэ къажриIащ. Гуп 70-м нэблагъэ зыхэта дунейпсо фестивалым дыщэ медаль къыщыпхьыныр, дауи, насыпышхуэт. Мексикэм, США-м, Германием, Канадэм, Франджым, нэгъуэщI щIыпIэ куэдым къикIахэри абы хэтат. Ар гуфIэгъуэшхуэт абыхэм я дежкIэ. Фестивалым къыщикIыжам ди республикэм ис псори къапежьауэ фIэкIа пщIэнтэкъым, апхуэдизкIэ цIыхур Iувти. Иджыри зы гуфIэгъуэ къапэплъэрт. Фестивалым зыкъызэрыщагъэлъэгъуар зигу ирихьа монголхэр къэлъэIуат ансамблыр ирагъэблэгъэну хуейуэ. Абы зыхуагъэхьэзырри, аргуэру Москва кIуащ. Посольствэм концерт щатри, Монголием ежьащ. ЗдэкIуам ди къэралым и лIыкIуэу абы щылажьэр Совет Союзым и Совнаркомым и унафэщIу щыта Молотов Вячеславт. ХьэщIэщым щIэсу Молотовым и щхьэгъусэ Жемчужная Полинэ Ташум къеджащ. Ар Алэкъейм еджэжри цIыхубзым бгъэдишэри иригъэцIыхуащ. Абы къыжриIащ Монголием и цIыхубэ артисткэм ислъэмей къыдэфэмэ зэрыфIэфIыр. «Хьэуэ» къыщыхимыгъэкIым, театрым яшащ. Ар Москва дэт Театр Иным и къэфакIуэ цIэрыIуэ Улановэ Галинэт. Алэкъейр махуипщIкIэ а театрым къанэри, цIыхубзыр адыгэ къафэм хуигъэсащ, езым монгол къэфэкIэ къригъэщIащ. «Кабардинка» ансамблым кIэух концертым зыкъыщигъэлъэгъуэну утыку къихьащ. Япэ Iыхьэм Мухьэмэдрэ Галинэрэ адыгэ къафэ, етIуанэм - монголхэм ей щагъэзэщIащ. Зыщагъасэм къакIэлъыплъа Жемчужнэм Галинэ къыжриIат шэрджэс хъыджэбзхэр зэрыдахэр, зэрыпагэр, абыхэм ещхьу екIуу, Iэдэбу къэфэн зэрыхуейр. Ар Алэкъейм гуапэ щыхъунтэкъэ! Монголием зэрызыкъыщагъэлъэгъуар куэдым ягу ирихьащ. ИужькIэ Молотовым Мэлбахъуэ Тимборэ фIыщIэ тхылъ къызэрыхуигъэхьари гуапэт гупым дежкIэ.
Илъэс тIощI щыхъум, 1960 гъэм, «КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэр къыфIащащ Алэкъей Мухьэмэд. Абы илъэсищкIэ къулыкъу щищIащ Волгоград, Астрахань къалэхэм я зэпылъыпIэм щыIэ полигон нэхъыщхьэм. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьам теухуа махуэшхуэ концертым зыкъыщигъэлъэгъуащ дзэ къэфакIуэ гупым хэту икIи къыхуагъэфэщащ ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министрым и саугъэтыр - Iэпщэ сыхьэтыр. Абы ирихьэлIэу Соттаев Къанщауэ къыхуигъэхьа письмом итт ансамблым и хорыр Радиокомитетым зэрыратыжар, къэфакIуэ гупым «Кабардинка» цIэр къызэрыфIащар.
КъэкIуэжа нэужь, химиемкIэ езыгъаджэ и шыпхъумрэ физикэмрэ математикэмкIэ факультетым щыIэ я малъхъэмрэ университетыр къыхуагъэлъэгъуащ. Езыми абы триухуауэ, партым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и етIуанэ секретарь ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд и деж зэрыриджэр къыхуиIуэхуащ. ШэджыхьэщIэм щIалэм и мурадыр зригъэщIащ икIи университетым заочнэу щIэтIысхьэу гупым яхыхьэжу лэжьэну къыщыхуигъэувым, арэзы техъуащ.
КъэфакIуэ гупым зэрыхэтам, абы щигъэкIуа зэманым зэи хущIегъуэжакъым Мухьэмэд. ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я дунейпсо фестивалым тIэу хэтыну и насып къихьащ: Уэрэдымрэ къафэмкIэ ансамблым яхэту (1957 гъэ), и гъэсэн «Нальчанка» ансамблыр щIыгъуу (1985 гъэ). Къэрал 50-м щIигъум щыIащ Алэкъейр, гъэщIэгъуэн Iэджи илъэгъуащ. Аракъэ насып жыхуаIэри.
Алэкъей Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 85-м иту нэгъабэ фокIадэм и 4-м дунейм ехыжащ. Абы хузэфIэкI ищIащ республикэм и щэнхабзэмрэ къафэ гъуазджэмрэ заужьыным теухуауэ.