ДраматургиемкIэ сабийм куэд къыгурыбогъэIуэфИжь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадекIуэкI шыпсэхэм, хъыбархэм, таурыхъхэм литературэ фащэ дахэ ягъуэтащ драматургием хуэIэижь тхакIуэхэм я фIыщIэкIэ. Нобэрей адыгэ тхакIуэхэм я пщэм къалэн куэд къыдохуэ ди лъэпкъым и къэкIуэнур, и пщэдейр зэпха щIэблэщIэм я щIэныгъэм, зэхэщIыкIым, цIыху щытыкIэ-зэхэтыкIэ дахэм хуэущииным, я псэм дахагъэр къыщыгъэушыным, хэкупсэу гъэсэным. А къалэн гугъум и хэкIыпIэ нэхъыфI дыдэу щыIэр театр гъуазджэрщ. ЦIыхум и хьэлым щытепщэн хуей щэныр игъэнахуэм къыщымынэу, абы зэрызебгъэужьыну Iэмалхэми театрым ухуегъэуш. Драматургиемрэ театр гъуазджэмрэ къуэпс быдэкIэ зэпхащи, я псэр зы чысэм илъщ. Я гулъытэ нэхъыщхьэр сабийм хуэгъэзарэ хэхауэ цIыкIухэм яхуэтхэу ди лъэпкъ литературэм куэд хэбгъуэтэнукъым. АтIэми, жанр псоми ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр щызыгъуэта ди адыгэ литературэм сабий драматургиер увыпIэншэу къыщымынамэ, ар зи фIыщIэхэм ящыщщ Акъсырэ Залымхъан, Щхьэгъэпсо Мухьэмэд, Дудар Хьэутий, Дэбагъуэ Мухьэмэд, Журт Биберд, IутIыж Борис сымэ. Абыхэм я «Дахэнагъуэ», «Щхьэхуеуэ пшынэ», «Iэпхъуалъэ телъыджэ», «ГъущIыпсэ», «Иныжьым и нэр», «Хьэлэлыжьымрэ Хьэрэмыжьымрэ», «Нартхэ я дыгъэ» пьесэхэм хэлъ гупсысэхэм я щIэщыгъуагъэр зэи икIынукъым икIи фагъуэ хъунукъым. Сабий драматургием и мызакъуэу, адыгэ литературэм и классикэу ябж «Дахэнагъуэ» пьесэр Акъсырэ Залымхъан щитхам (1942 гъ.) къыщыщIэдзауэ драматургыр дунейм тетыху елэжьащ ар зэрыригъэфIэкIуэнум, зэхъуэкIыныгъэхэри мызэ-мытIэу хилъхьэжащ. Аращ езым итха пьесэхэм я нэхъыфI зы ар щIэхъуари, ди лъэпкъ драматургием лъэ быдэкIэ щIыхэувари. Пьесэм и иужьрей вариантыр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм Акъсырэм и пьесэхэр щызэхуэхьэса «Дахэнагъуэ» сборникым иту 1991 гъэм къыщыдэкIыжауэ щытащ. Ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхухэр псэукIэфIым, псэукIэ дахэм щIэхъуэпсурэ, гум фIэфIым Iэр зэрылъэIэсыным щIэбэнурэ зэман куэд екIуэкIащ. ЗыщIэхъуэпсу щытар къаIэщIэмыхьами, я гуращэмрэ я мурадымрэ къэзыIуатэ, къэзыгъэлъагъуэ таурыхъ хьэлэмэтхэмрэ усэхэмрэ зэхалъхьэу щытащ. Абыхэм ящыщщ Акъсырэ Залымхъан и теплъэгъуибл хъу, усэбзэкIэ тха «Дахэнагъуэ» пьесэри. Насып пэлъытэу щыт Дахэнагъуэ цIыхухэм къалъыхъуэ. Абы и хэщIапIэу щытыр емынищэм яхъумэ къуршыщхьэ быдапIэщ. ЦIыху бгъущIрэ бгъурэ гъуэгу теуват Дахэнагъуэ и псэлъыхъуу. АрщхьэкIэ ахэр псори зэщэр езым я щхьэ фIыгъуэти, Дахэнагъуэ IэщIэкIуэдащ. Дахэнагъуэ-насыпым и хъыбарыр бжэныхъуэ Джэримэс щызэхихым, мурад ищIащ емынищэм къатрихыжу Дахэнагъуэ цIыхубэм къахишэжыну. Джэримэс щIалэ бланэщ, бжьыфIэщ. Абы къыхихащ лIым и лIыгъэр зэрапщу щыт Iуэхугъуэ гугъур – е а пщащэр зыхъумэ бзаджащIэхэм ятекIуэнщи насыпыр къихьынщ, е абыхэм езауэурэ и гъащIэр итынщ. Сыт хуэдэ псэзэпылъхьэпIэ щхьэкIи къимыкIуэту, бжэныхъуэ хахуэр иужь итщ зыхуигъэувыжа Iуэхум. МэзылIи, мыщи, алмэстыи, благъуи, бгъэжьи, иныжьи абы къыпэуваи, псы уэрхэри, и анэ Дисэрэ и къэшэн Кэзибан нэгъунэ яхэту. КъарукIэ къыщыпэмылъэщым, бзаджащIэхэр хьилагъэм хуокIуэр – дахьэхыу къэгъэпцIэн мурадыр яIэу тхьэIухудищым зыкъыпащIэ. Ауэ зыми яхуэкъутэфакъым щауэм и мурадыр. Джэримэс псоми ятокIуэри, Дахэнагъуэ цIыхухэм къахешэж. ГъащIэр зыгъэлъэщ, зыгъафIэ, дэрэжэгъуэ ин къозыт тхыгъэщ «Даханагъуэ» пьесэр. Абы и щIагъыбзэр зыхуэкIуэр зыщ: насыпыр цIыхум зэи тыншу игъуэтыркъым. Ар къыпIэрыхьэн щхьэкIэ, уи щхьэ закъуэ ухуэмылъэпхъащэу, лъэпкъ псом и насыпым ущIэбэнын хуейщ. Аращ пьесэм и гупсысэ нэхъыщхьэу, и купщIэу щытыр. Тхыгъэм хэт персонажхэм яIурылъ бзэр дэтхэнэ образми екIужщ. Щхьэж и псэлъэкIэ щхьэхуэ иIэжщ. Хьэл-щэнкIэ, гупсысэкIэкIэ псори зэщхьэщокI. Пьесэм и япэ теплъэгъуэм къыщыщIэдзауэ, и кIэм нэсыху удихьэхыу, узыIэпишэу щытщ. «Дахэнагъуэ» пьесэм и сэбэп куэд екIащ ди лъэпкъ щэнхабзэм зегъэужьыным. Апхуэдэу, ар лъабжьэ хуэхъуащ композитор Молэ Владимир и «Дахэнагъуэ» оперэм (1965), балетмейстер цIэрыIуэ Проценко Александр и «Дахэнагъуэ» балетым (1968). КъыжыIэпхъэщ, «Дахэнагъуэ» къытращIыкIа спектаклыр япэ адыгэ музыкальнэ-драматическэ спектаклу зэрыщытыр. Спектаклым хэта персонажхэм я ролхэр ягъэзэщIащ артистхэу Щынахъуэ Мэржан (Дахэнагъуэ), Щхьэгъэпсо Мухьэмэд (Джэримэс), ДыщэкI КIунэ (Дисэ), Сибэч Быхуэ (Кэзибан), Атэлыкъ Тэзрэт, Тхьэзэплъыж Азрэт (лIыжьхэр), нэгъуэщIхэми. Спектаклым и япэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык дэт промкооперацэм и клубым 1944 гъэм щекIуэкIауэ щытащ. «Дахэнагъуэ» пьесэм къыщыIэта темэр купщIэ хуэхъуащ Акъсырэм теплъэгъуищу зэхэлъ и «Щхьэхуеуэ пшынэ» драматическэ поэмэми (1991). Я темэхэр зэщхьми, я сюжет гъэпсыкIэкIи, я ухыкIэкIи ахэр зэщхьэщокI. «Дахэнагъуэ» пьесэм насып пэлъытэу щытар Дахэнагъуэ бзылъхугъэ хахуэращ. Мыдрейм лъэпкъым и насыпыр зэпхар щхьэхуеуэ пшынэщ. А насыпу щыIэр зыхэлъ щхьэхуеуэ пшынэр зыIэригъэхьэну хэку тепщэныгъэр джатэ маисэкIэ къэзыхьа Шузадэ хъыжьэр яужь итщ. ЩIэпхъаджэ зылэжь цIыху бзаджэщ Шузадэ тепщэр. А лIы мэхъаджэращ пьесэм хэт лIыхъужьхэм я мыгъуагъэ псоми я къежьапIэу щытыр. Лейзехьэ бзаджащIэм и цIэри езым екIужщ. Щхьэхуеуэ пшынэр уасэ зыхуищIа и мылъхупхъу Сансэней и адэри, унэIут Нанэм и къуэ Къарэмэзыкъуэ и адэри зыукIар аращ. Пьесэм гукъинэжу къэгъэлъэгъуа щыхъуащ Сансэнейрэ Къарэмэзыкъуэрэ я образхэр. Щхьэхуеуэ пшынэм уэрэд хуиусауэ, Къарэмэзыкъуэ а насыпышхуэр къигъуэтыжыным яужь итщ. Абы и телъхьэщ цIыхубэр. Ауэ къэхьыжыгъуафIэкъым а пшынэ телъыджэр. Шузадэ и мызакъуэу, зыр зым къыдэщIу, куэдыщэ мэхъур абы ещакIуэ бийхэр. Щхьэхуеуэ пшынэр мылъху адэ бзаджэм Сансэней уасэ хуищIащ. УнэIут Нанэм Шузадэ тепщэм и унагъуэм и щэхур хъыджэбзым щыхуиIуатэм, Сансэней тхьэрыIуэ ищIащ илъ ищIэжыну. Абы хьилагъэкIэ игъэжея Шузадэ и джатэр къыIэщIихри, Къарэмэзыкъуэ иритащ, тIуми я адэхэм ялъ иригъэщIэжыну. Ауэ сытми къызэрыгуэкI джатэкъым абы къыIэрыхьар. Маисэ гуащIэм къыхэщIыкIауэ, благъуэхэм ялъкIэ псыхьауэ, зэIусэ псори пигъэщу. Пхъуантэ фIыцIэжьым дэлъу ар зэрахьэрт. А Iэщэ бзаджэрат лIы гущIэгъуншэм и лIыгъэри, и къарури къызыхэкIыр. Джатэр зыIэригъэхьэжын щхьэкIэ, тепщэм тхьэ еIуэ щхьэхуеуэ пшынэр хъыбар нэпцIу насып зимыIэхэм къагупсысауэ. Ауэ Нанэм утыкур еубыдри щхьэхуеуэ пшынэм и пэжыпIэр къеIуатэ. Мы пьесэм къыщыIэта гупсысэхэм нэрылъагъу ящI е зигу илъ бийм и мурад бзаджэхэр къызэремыхъулIэнур. Пьесэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм узэщIаубыдэ, лIыхъужьхэм я хьэл-щэныр зыхуэкIуэнум узыIэпишауэ укIэлъоплъ. Драматургым нэсу гурыIуэгъуэ ещI цIыхубэ къарум и лъэщагъыр узыщыгугъ хъун къаруушхуэу зэрыщытыр, насыпыр бзаджащIэм и телъхьэ зэи зэрымыхъунур.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2024 - 16:42 →
Даус и тешапIэ
11.09.2024 - 15:40 →
Усэ нэжэгужэхэр
06.09.2024 - 16:23 →
УсакIуэм и гъуэгуанэ дахэр
06.09.2024 - 12:31 →
Уэсэпс
04.09.2024 - 16:14 →
Хъымсад гуащэ и хъыбарымрэ и уэрэдымрэ
|