Урысей псом бгыщхьэм щаухуа и къалэ нэхъ лъагэ дыдэу къалъытэр Тырныаузщ - метр 1307-рэ щIыпIэм тетщ. Ар Бахъсэн псыхъуэ зэвым километриплIрэ ныкъуэрэ и кIыхьагъыу бгы зэхуакум дэтщ. Тырныауз Iуащхьэмахуэ районым и къалащхьэщ. Мыбы лъэпкъ куэдым щыщхэр щопсэу. Ар къызыхэкIар, комбинатыр къыщызэIуаха зэманым къэралышхуэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIыу, IэщIагъэлI куэд къэкIуауэ зэрыщытарщ.
Мы къалэм цIыху куэд щызэблокI, Iуащхьэмахуэ дэкIыну, зыщаплъыхьыну. АзаукIэ зыунэтIхэм я гъуэгур ТырныаузкIэ докI. А тIум я зэхуакур километр 40 къудейщ зэрыхъур.
Мы къалэм и щIыпIэ нэхъ лъагэ дыдэр метр 2786-рэ зи лъагагъ Тотурбаши бгырщ. А щIыпIэм щыкуэдщ мывэхур, гипсыр, вольфрамыр, молибденыр, гранит зэмылIэужьыгъуэхэр, ятIагъуэр.
Тырныауз къалэ щыхъуар 1955 гъэрщ, абы ипэкIэ Бахъсэн Ищхъэрэ къуажэу щытащ. А къуажэм и гъащIэр 1934 гъэм ихъуэжащ, Новочеркасскэ техникэ университетым и еджакIуэ Флёровэ Верэ аузым практикэ къэкIуауэ молибден къыщигъуэта нэужь. Абы и мызакъуэу, вольфрами къыщагъуэтауэ щытащ мы щIыпIэм.
Промышленностым вольфрамри молибденри куэду къыщагъэсэбэп. Ахэр егъэлеяуэ гъущI быдэхэщ. Псалъэм папщIэ, фочышэм ущызыхъумэ зауэлI фащэхэри ракетэ щащIым дежи къагъэсэбэп. Апхуэдэу лампIхэм илъ спиралхэри къызыхэщIыкIар вольфрамщ.
1940 гъэм Тырныауз къыщызэIуахауэ щытащ бгы-обогатительнэ комбинат. Абы и гъусэуи къалэм зиужьын щIидзащ. Ауэ куэдрэ мылажьэу, 1942 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм нэмыцэхэр гъунэгъуу къалэм къызэрекIуэлIам къыхэкIкIэ цеххэри шахтэхэри къагъауэри цIыхухэри щхьэдэхыпIэмкIэ Грузием яшауэ щытащ. Нэмыцэхэр мы щIыпIэм куэдрэ щытепщакъым, зыри къамыгъэуами хъунут - къагъэсэбэпэпыну хунэсынутэкъым. Iуащхьэмахуэ лъапэ советыдзэм зэман кIэщIкIэ хуит къищIыжа нэужь 1943 гъэм и щIышылэ мазэм зэрагъэпэщыжу щIадзащ комбинатыр икIи абы 1945 гъэм лэжьэн щIидзэжащ.
Къэралым апхуэдэ гъущIхэкIхэм зэрыхуэныкъуэм къыхэкIкIэ 1960 - 1980 гъэхэм комбинатым зиубгъу, ефIакIуэ зэпыту екIуэкIащ. Бгым щаухуащ хьэлъэ, цIыху къызэрырашэкI кIапсэ гъуэгухэр. СССР-м и зэманым Тырныауз къалэ нэхъ къулей дыдэхэм ящыщ зыуэ щытащ.
90 гъэхэм къалэр тхьэмыщкIагъэ ихуауэ щытами, иджыпсту зиужьыжу щIидзащ. СССР-р къутэжа нэужь комбинатри зыхуащIыжащ, цIыхухэм лэжьыгъэ ямыгъуэту куэд къыдэIэпхъукIауэ щытащ. Комбинатыр щылажьэм къалэм цIыху мин 31-рэ дэсамэ, зыхуащIыжа нэужь къыдэнар цIыху мин 20-щ. Рудник мылэжьэжым щхьэщытщ Флёровэ Верэ и фэеплъыр. А бзылъхугъэр 1936 гъэм жьапщэшхуэм бгым къридзыхри иукIауэ щытащ.
Абы и щIыIужкIэ 2000 гъэм бгым псыдзэ къехам зэраныгъэшхуэ къихьауэ щытащ - лъэмыжыр икъутат, къат куэду зэтет унэхэм псышхуэ щIэуат, ирихыпи къыхэкIыу, комбинатым и оборудованэ къэнахэр, цеххэр Iисраф ищIат.
Тырныауз къалэм и хъуреягъыр икъукIэ дахэщ. Абы укIуа нэужь уи гум зыщегъэпсэху, жьыр къабзэщ, нэхъ гъэмахуэ махуэ хуабэми абы щыщIыIэтыIэщ. Iуащхьэмахуэ лъапэ екIуалIэ гъуэгур Тырныауз и уэрам нэхъыщхьэмкIэ ирокIуэ. КIуэ пэтми мы щIыпIэм туризмэм зыщеужь, абы къалэри къыдощIэрэщIэж.