И гъащIэ псор зытриухуар

Филологие щIэныгъэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Андрей лъэпкъ литературэр джыным, абы зегъэужьыным и къаруушхуи, и гуащIэшхуи ирихьэлIащ. ХьэкIуащэр фIыуэ зыцIыхухэр щыгъуазэщ абы и лъэныкъуэкIи а щIэныгъэлIым бгъэдэлъа зэфIэкIым. ТхакIуэ, усакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къэжэр Хьэмид и тхыгъэм ХьэкIуащэм и лэжьыгъэм и зы Iыхьэ къыщегъэлъэгъуэж.

«Япэ дыдэу сэ ХьэкIуащэ Андрей сыщыхуэзар 1957 гъэрщ, университетым сыщыщIэтIысхьам щыгъуэщ. Абы лъандэрэ зыхэсщIэу къекIуэкIащ цIыху емышыжым и гукъыдэж мыкIуэщIыр къызыхэкIа къарур - адыгэ художественнэ псалъэм хуиIэ лъагъуныгъэр.

СщIэркъым сыщыуэми, ауэ ХьэкIуащэ Андрей, университетым зэрыщригъэджам къыдэкIуэу (ар езыр IэнатIэ тыншхэм ящыщкъым), ихь лэжьы­гъэшхуэр сэ мыпхуэдэ лIэужьыгъуи­плIу зэщхьэщызгъэкIынт:

а) и щIалэгъуэу къэхутэныгъэ лэжьы­гъэм щыдихьэха дыдэм къыщыщIэдзауэ псэуху имыгъэкIащхъэу ар зыпэрыт Iуэхугъуэшхуэр - Щоджэн­цIыкIу Алий и гъащIэмрэ и творчествэмрэ джыныр;

б) XIX лIэщIыгъуэм адыгэхэм къыт­хэкIа щIэныгъэлI, тхыдэтх, тхакIуэ ахъыр­зэманхэу «узэщIакIуэ» цIэ лъа­пIэр зыхуагъэфащэ гупым (Нэгумэ Шорэ, Къаз-Джэрий, Адэл-Джэрий сымэ, н.) я IэдакъэщIэкIхэр джауэ абы лъэпкъ тхыдэмрэ щэнгъуазэмрэ щаIэ мыхьэнэр ­убзыхуныр;

в) учебникыу, хрестоматиеу, программэу, проспекту - адыгэ IуэрыIуатэмрэ литературэмкIэ класс е курс щхьэхуэхэр зэраджыну игъэхьэзыра тхылъ къомыр;

г) прессэм дригъэкIуэкI лэжьыгъэр (статья, рецензэ, эссе, критикэм е публицистикэм я жанр зэмылIэужьыгъуэхэм я хабзэм итIасэу абы зэфIигъэкIыр).

Япэу. 1957 гъэм Налшык къыщы­дэкIауэ щытащ «Сборник статей о кабардинской литературе» тхылъыр. Абы ихуат ЩоджэнцIыкIу Алий теухуауэ лэжьыгъиплIи, щыр зи IэдакъэщIэкIыр къэхутакIуэ щIалэ ХьэкIуащэ Андрейт. Абы ипэжкIи, «Къэбэрдей» альманахым къытехуэрт Андрей и тхыгъэхэр, Що­джэнцIыкIум и биографием е и творчествэм ехьэлIа Iуэхугъуэ гуэрхэр зыу­бзыхухэр.

Абы лъандэрэ щIэныгъэлIым и нэIэ тет зэпытщ адыгэхэр зэрыгушхуэ ди усакIуэ иным и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ. И кандидат диссертацэр ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIа нэужьи, ХьэкIуащэр а темэм епцIыжакъым: Iуэхугъуэ пыухыкIахэр щызэпкърыха статьяхэмкIи, очеркхэмкIи къэмыувыIэжу, усакIуэм и творчествэр зэрыщыту уэзыгъэлъагъу тхылъ щхьэхуэхэри къыдигъэкIащ.

Лъэпкъ усыгъэр, прозэр, драматургиер зэфIэувэн папщIэ ЩоджэнцIыкIу Алий илэжьар зыхуэдизыр зыхыди­гъэщIэн мурадкIэ, къэхутакIуэм гупсэхуу ешэщI тхакIуэ щыпкъэм и творчествэм зэрызиужьа нэщэнэхэм ятеухуа псалъэмакъыр.

ЕтIуанэу. Илъэс щэ ныкъуэм щIи­гъуауэ Андрей нэгъуэщI Iуэхугъуэми толажьэ. Ар XIX лIэщIыгъуэм псэуа ­адыгэ узэщIакIуэхэм я щIэинырщ.

Тхыдэм дриплъэжмэ, гу лъыдмытэу къанэркъым: адыгэхэм - Iэмал ягъуэт закъуэмэ - лIыгъэ мыкIуэщIым и гъусэу хьилмы нахуи къагъэлъагъуэрт. Къагъэ­лъагъуэрт къадэгъуэгурыкIуэрти. Аращ сэ къызэрызгурыIуэр XIX лIэщIыгъуэм адыгэхэм къытхэкIауэ щIэныгъэфI зиIа узэщIакIуэ гупым я Iуэхур. ХьэкIуащэ Андрей зи зэфIэкIыр игъуэ хъуа еджагъэ­ш­­хуэхэм къатехуэр илэжьащ: езым япэ а Iуэхум хэIэба къэхутакIуэхэм я пщIэр имыгъэкIуэду, я лэжьыгъэр гупсэхуу щIиджыкIри, фIэщхьэпэр къищтащ, щыуагъэу къыщыхъуми гурыIуэгъуэу те­псэлъыхьащ, зыхуэмейхэр лъэны­къуэкIэ иригъэкIуэтэкIри, зыхущыщIэу къилъытэри езым щIигъужащ. Апхуэдэу адыгэхэм ди лъэпкъ тхыдэм, литературэм, бзэщIэныгъэм, щэнхабзэм заужьын папщIэ зи къарурэ зи зэфIэкIрэ емыблэжа узэщIакIуэ телъыджэхэм я Iэда­къэщIэкIхэм иIа мыхьэнэр, апхуэдэ фIыгъуэм ноби лъысыпхъэ пщIэр нэхъ тэмэму зэзыгъэщIэну хуей дэтхэнэри зыблэкI мыхъун лэжьыгъэ ди пащхьэ кърилъхьащ.

Ещанэу. ХьэкIуащэм етх еджапIэхэм ямыIэу мыхъуну учебникхэр, хрестоматиехэр, илъэситIым тхылъищ къыщы­дигъэкI къыхэхуэу.

Дауи, учебникыу, хрестоматиеу Хьэ­кIуащэ Андрей къыдигъэкIахэр дагъуэншэкъым, а тхылъхэр фIыуэ къы­кIэроху нобэрей ди лъэпкъ литературэр здынэса гъунапкъэми, иджырей ди литературэхутэ щIэныгъэм и зэфIэкIыр зыхуэдэми. Ар пэжщ. Ауэ, пэжыр фIыуэ щытлъагъукIэ, иджыри зы пэж: адыгэ IуэрыIуатэмкIэ курыт еджапIэхэм къыщагъэсэбэп учебникыу е хрестоматиеу диIэр, нэхъ тэмэмыжу жыпIэмэ, диIэм я нэхъыфIыIуэр зи IэдакъэщIэкIыр Хьэ­кIуащэ Андрейщ; дяпэкIи ахэрщ егъэ­джакIуэри еджакIуэри «зыкъуэ­сынур» - абыхэм ефIэкI дунейм къытехьэху.

ЕплIанэу. АдыгэбзэкIэ журнал, газет къеджэ е ди радиом едаIуэ, телевизор еплъ дэтхэнэри щыгъуазэщ ХьэкIуащэ Андрей прессэм дригъэкIуэкIа лэжьыгъэм. Ди литературэ гъащIэм зы Iуэхугъуэ гуэри къыщыхъуагъэнкъым ар хэмыту. ПцIыупси урихъуну къы­щIэ­кIынкъым мыпхуэдэу жыпIэмэ: ХьэкIуащэ-критикым куэд-мащIэми зы­гуэр зыхужимыIа ди тхакIуэхэм яхэткъым.

А лэжьыгъэ мытыншыр Андрей псэуху жэуаплыныгъэ пылъу игъэзэщIащ».

ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
Поделиться: