Мыхьэнэшхуэ зыгъэзащIэ IуэхущIапIэ

Махуэ къэс лэжьыгъэ гугъу пэрыт цIыхур хуэныкъуэ мэхъу и псэм зыщигъэпсэхун е и къэухьым щыхигъэхъуэн щIыпIэ кIуэным. Апхуэдэ мыхьэнэ къуажэдэсхэм дежкIэ ягъэзащIэ щэнхабзэмкIэ унэхэм. IуэхущIапIэхэм къыщызэрагъэпэщ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэм, пшыхь дахэхэм, шэч хэмылъу, цIыхухэм я нэгу зыщеужь.

Терекскэ (Болэтей) къуажэм къатитIу зэтету дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр 1967 гъэм «Заря коммунизма» колхозым иригъэухуауэ щытат. Унэр цIыху 450-м тещIыхьащ. ЕтIуанэ къатым библиотекэр щолажьэри, абы къокIуалIэ цIыкIухэри зи ныбжь хэкIуэтахэри.

Зэман зэхуэмыдэхэм ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIу щытащ Щокъул Михаил, ТIэхъу Хьэсэн, Балъкъэр Мухьэмэд, Тхьэгъэзит Руслан, Наурыз Артур, Дадэ Тимур сымэ. Мы зэманым абы и унафэщIщ илъэс 30-м щIигъуауэ щэнхабзэм Iуэхухэм елэжь Пэшол Iэсият.

ЦIыхубзыр 1980 гъэм, еджапIэ нэужьым, абы лэжьакIуэ ягъэкIуауэ щытащ. А зэманым библиотекэм щылажьэр Маремкъул Женэт. Абы лэжьакIуэщIэр лэжьыгъэм хигъэгъуэзащ, щэнхабзэм хишащ. Библиотекэм и лэжьакIуэхэм колхозхэтхэм, Iэщыхъуэхэм тхылъхэмрэ журналхэмрэ хуахьырт икIи зэIэпахыу еджэрт. Былымыр къущхьэхъу щыдахум, ерыскъыр куэду яIыгъыу, къэфакIуэ-уэрэджыIакIуэхэри ящIыгъуу автобускIэ губгъуэм дэкIырти, махуищкIэ цIыхухэм я нэгу зрагъэужьырт, я Iуэхур дагъэпсынщIэн папщIэ.

ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэм махуэшхуэхэр ягъэлъапIэ, литературэ-макъамэ пшыхьхэр къызэрагъэпэщ, нэхъыжьыфIхэр ирагъэблагъэри ягъэгушхуэ. Зэпымыууэ абы щолажьэ гупжьей хьэлэмэтхэр икIи я гъэсэнхэм Тэрч щIыналъэм щекIуэкI зэпеуэхэм сыт щыгъуи ехъулIэныгъэхэр щызэIэрагъэхьэ.

Нэхъ ипэIуэкIэ дыIэбэжмэ, 1986 гъэм, Болэтейм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къыщызэрагъэпэщауэ щыта «Сосрыкъуэ» IуэрыIуатэ ансамблыр хэтащ «Легенда и песни адыгов», «Свадьба на Тереке» фильмхэм. Мыхьэнэ ин зиIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и илъэс 80-р щагъэлъапIэм ирихьэлIэу «Первые переселенцы Болатово» театр теплъэгъуэ кIэщI ягъэлъэгъуауэ щытами. 1999 гъэм ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэм, зэи апхуэдэ щымыIауэ, «Лъэпкъ зэпеуэ» ирагъэкIуэкIауэ щытащ. Абы хэтат я хабзэ ягъэлъагъуэу Мэкъуауэхэ, Алэщхэ, Дыщокъуэхэ, Наурызхэ, Хамэхэ.

IуэрыIуатэ пшыхьхэри къыщызэрагъэпэщ Болэтей. Абы къищынэмыщIауэ «Адыгэ пщащэ», «Сытыр уи псэукIэ, адыгэ унагъуэ?», «Жьэгу пащхьэ», «Уэ пщIэрэ уи лъэпкъ тхыдэр?», нэгъуэщIхэри ирагъэкIуэкI. Мыпхуэдэ пшыхьхэм я хьэщIэ лъапIэщ жылэдэс нэхъыжьхэр. 2001 гъэм ирагъэкIуэкIа «НэхъыщIэ дыдэм илъэс 71-рэ и ныбжьщ» зэхьэзэхуэ гукъинэжым хэтат къуажэ молэ Джазэ Хьэмыщэ, лэжьыгъэм и ветеранхэу Хьэпэ Абузед, Хамэхэ ДжэбрэIилрэ Михаилрэ, Чернобыль АЭС-м къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм и лъэужьхэр гъэкIуэдыжыным хэта ЛIэужь Мирон сымэ.

ЩэнхабзэмкIэ унэм щолажьэ «Iэсият» зи фIэщыгъэ IуэрыIуатэ цIыхубз гупи. Абыхэм я художественнэ унафэщIыр пшынауэ Iэзэ, «Играй, гармонь» зэпеуэм мызэ-мытIэу щытекIуа Дадэ Нинэщ. Абы иIыгъщ къафэмкIэ, уэрэдымкIэ, пшынэ еуэнымкIэ гупжьейхэр, игъасэхэр район, республикэ зэхьэзэхуэхэм щытекIуэу яхэтщ. Пшынауэ Iэзэ хъуну узыщызыгъэгугъщ Нинэ и гъэсэн Сэбан Сослъэн. А щIалэщIэр зэпеуэ, фестиваль зэхуэмыдэхэм жыджэру хэтщ. Абы и къуэш Аслъэни бэрэбан йоуэ. Сыкъун Астемыр пхъэцIычым хуэIэкIуэлъакIуэщ, уэрэд жеIэ, ЩэнхабзэмкIэ унэм щылажьэ театр гупжьейми хэтщ. Мы цIыкIуищым жылэдэсыр ирогушхуэ, фIыкIэ я цIэр Iунуи щогугъ.

Лэжьыгъэ купщIафIэ ирагъэкIуэкI театрым и режиссер Джазэ Раерэ абы и гъусэ Балъкъэр Iэсиятрэ. ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» пьесэмкIэ абыхэм 1993 гъэм ягъэува спектаклым къыпэкIуауэ щытащ театрым «ЦIыхубэ» цIэ лъапIэр къыфIащыныр. «Мадинэ» и ролыр игъэзэщIат Пэшол Iэсият, Дисэ и ролыр - Джазэ Рае, Мадинэ и дэлъху нэхъыщIэ Алий и ролыр - Жылау Руслан.

- Сыт хуэдэ зэхыхьэ едгъэкIуэкIми, дэ дыхущIокъу жылэдэсым я гум дынэсыну, гуапагъэ гуэркIэ абыхэм дахуэупсэну, - жеIэ Пэщол Iэсият. - ИкъукIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ ЩэнхабзэмкIэ унэм хуохъу Къуэдзокъуэхэ Мухьэмэдрэ Ахьмэдрэ, Лыкъуэжь Хьэсэдин, Наурыз Арсен, Къэбард Олег, Хамэ Русенрэ и щхьэгъусэ Аринэрэ, нэгъуэщIхэри. Зэпеуэ щедгъэкIуэкIым, цIыхушхуэ къыщедгъэблагъэхэм абыхэм мылъкукIэ зыкъытщIагъакъуэри, фIыщIэ яхудощI, дэри я гум дыкъинэн хуэдэу Iуэхум зыхудогъэхьэзыр. Анэр фIыуэ лъагъуным, унагъуэр зэтеIыгъэным, щIэблэм я гум щабагъэ илъыным, ди хабзэмрэ тхыдэмрэ тIэщIэмыхуным ди лэжьыгъэр нэхъыбэу тыдоухуэ.

ЩэнхабзэмкIэ и унэм 2004 гъэ лъандэрэ щолажьэ «Адыгэ центр» музейр. Абы ущрихьэлIэнущ пасэрей зэманым зэрахьэу щыта хьэпшыпхэм. Чы матэм и кур ятIэкIэ къищIыкIауэ (хьэжыгъэ гъущапIэу къагъэсэбэпу щытащ), убалъэ, пхъэIэпэ, гуэгуэн, адыгэ шылэхъархэм, нэгъуэщIхэми ди блэкIам зы мащIэкIэ ухагъэплъэж.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: