Тэрч и щIагъыбзэхэр

Лермонтов Михаил мыгъэрей бжьыхьэм илъэс 210-рэ ирокъу. А махуэшхуэм гуэгъу хуэхъуауэ жыпIэ хъунущ «Тэрч и тыгъэхэр» усэр илъэси 185-рэ зэрырикъури.

Гум иубыдэгъуафIэ гъэпсыкIэкIэ зэхэлъхьа хъуа усэмкIэ Лермонтовым Кавказ зауэм зэрыхущытыр литературэ Iэмал защIэкIэ къыщигъэлъэгъуэфащ мы усэм. Дадэ образым иригъэува Каспий хым зэпэщIэт лъэныкъуитIым щыщ адыгэ щIалэмрэ къэзакъ пщащэмрэ я хьэдэхэр къезыхьэх Тэрч псыежэхыр иригъэпсалъэурэ, усакIуэм екIуэкI хьэлэбэлыкъым и гущIэгъуншагъыр къыдгурегъаIуэ. Зы лъэныкъуэмкIэ – лъы къабзэм и бжьыгъэ къызытена «лIы ирикъу къэбэрдей щIалэр». АдреймкIэ – зи щхьэц кIыхьыр еухуэнэха къэзакъ хъыджэбзымрэ абы илъ ищIэжрэ пэт шэшэн Iэщэм пэщIэхуа къэзакъ щIалэмрэ. Сыт зи псэугъуэу дунейм ехыжа абыхэм гъащIэм гу щыхуапIэ щIамыIэр? Езыр политикэ щхьэусыгъуэкIэ Кавказым зэрагъэкIуам хуэдэу, Лермонтовым лIыгъэ хурикъуащ зи гугъу ищIым псалъэ пхъашэкIэ емыIусэу, цIыхум зыхищIапхъэр зыхыдигъэщIэну. УсакIуэм и цIэр лейуэ къыщраIуэ илъэсым ар зэрыщыту адыгэбзэм къидгъэзэгъащ.

 

       Тэрч и тыгъэхэр

Тэрч къогубжь, мэгуо, мэшхыдэ,

Къурш зэхуакум гъуэгу дещIыкI,

Борэнышхуэ къепщэ щIыкIэу,

Нэпсхэр зэбгреутхыкI.

Ауэ губгъуэм зэрилъадэу,

Псыежэхыр мэхъу Iужажэ,

Каспий хышхуэм зыхуигъафIэу,

Бзэрэбзэныр кърегъажьэ.

«ЗэIукIуэти, тенджыз-дадэ,

Си толъкъуным хуэхъу бысым!

КъэжыхьынкIэ срикъуащ сэ,

Иджы тIэкIу зызгъэпсэхунщ.

Къазбэч лъапэр си къежьапIэщ,

Пшэхэм я псымкIэ сапIащ,

ЦIыхум и унафэ пхэнжым

ЕдэуэнкIэ зызгъэнщIащ.

Уи щIалэфIхэр тезгъэуну,

Дарьялыжьыр къэсхъунщIакъэ!

ЛIыгъэ къризыкъуахыну

Мывэ джей къахуэслъэфакъэ!»

 

Каспиижьми, хуэжейбащхъуэу,

Iуфэ щабэм зыщегъэш.

Тэрчи, лIыжьым зыхуигъафIэу,

Бзэрэбзэныр къыщIедзэж:

«Сэ IэнэщIу сыкъэкIуакъым!

Тыгъэ щIагъуэ къыпхуэсхьащ:

ЛIы ирикъу къэбэрдей щIалэ

Зауэ губгъуэм къыпхуисхащ.

ЛъапIэкIейщ и афэ джанэр,

И IэщIтелъхьэу жыр псыхьам

КъурIэн лъапIэм щыщ Iэятхэр

Дыщэ тхыпхъэу хэщIыхьащ.

И набдзитIыр, нэщхъ ищI щIыкIэу,

Хуэерыщу иуфауэ,

И пащIэкIэхэм лъы къабзэр

Бжьыгъэ плъыжьу къытенауэ…

И нэгу къабзэ жэуапыншэм

Губжь ин щызэхуэхьэсащ,

И щхьэ щIыбым акIэ псыгъуэр

ФIыцIэу еухуэнэхащ».

Ауэ Каспий Iуфэ щабэм,

Щхьэукъуарэ щыму Iулъщ.

Тэрчи, тIэкIу къэгузэвауэ,

дадэм псалъэ пегъэтIылъ:

«ПщIэрэ, дадэ: мыр тыхь лъапIэщ!

Сытым ещхь адрейхэр, еплъ!

Зы нэплъэгъуэ тезмыгъахуэу,

Къэсхьэсащ сэ ар уи деж.

Къэзакъ пщащэщ мы къыпхуэсхьыр,

И дамащхьэр уфIыцIауэ,

Хъыджэбз хьэдэм телъ щхьэцыгъуэр

И щхьэ щIыбым кIэрыпщIауэ.

Нэщхъеифэщ и нэкIущхьэр

Щэхуу, щыму жей къыпфIощI.

И бгъэм телъ уIэгъэ цIыкIум

Лъы ткIуэпс лъагъуэ зэпрож.

Къэзакъ пщащэу тхьэIухудым

Къыщыхъуа жылэжьым щыщу

щIалэ закъуэщ хуэмыщыгъуэр,

Iускъым гъыуэ ар псы Iуфэм.

Зытридзэри къарапцIэм,

Жэщыбг зауэм хэлъэдати,

шэшэн бзаджэм и сэшхуэдзэм

гъащIэ закъуэр IэщIихакIэщ».

Толъкъун Iэлыр йощIэ щыму.

Уэсым хуэдэу, щхьэц хужь кIыхь

Ухуэна зытелъ цIыхущхьэ

КъыщыщIощ псым и гущIыIу.

ЛIыжьми, ар зэрызэхихыу,

И къарур зэщIегъэуIуэ,

Зэрыхъуапсэри ибзыщIкъым,

ЩIыху-фIыцIафэу къигуфIыкIыу.

Месри, джэгурэ нэжэгужэу,

Хы сыдж гуп къегъэукъубей,

Лъагъуныгъэм и IэплIэшхуэм

КъесылIахэр щегъэжей.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: