Дагъыстэнхэм я щыгъуэщIэж

 Ахульго цIэр зэрехьэ Кавказ зауэм и гуащIапIэхэм хабжэ зауэзэрылIхэм я зыр щекIуэкIа дагъыстэн къуршым. ШыщхьэуIум и 22-р дагъыстэнхэм я «накъыгъэм и 21-щ». Зыр адрейм и ужьым иту, машинэхэм Ахульго кIуэ гъуэгур яуфэбгъури, лъыкIэ ятхьэщIа а Iуащхьэм докIуей, къызытепщIыкIахэр хэтми къащIэжын папщIэ.

 Щамил Iимамыр Кавказ зауэм зэрыщIидзэрэ щIэхъуэпсырт щхьэхуэ-щхьэхуэу ныкъуакъуэ къарухэр зэригъэуIуну, арати, унафэ псори езым и деж екIуэлIэжу зэтриухуащ. Къэралыгъуэ дэтхэнэми зэрыхуэфащэу, езым и мылъку, и дзэ, и унафэщIхэр иIэжу, Щамил къару лъэщ зэригъэпэщати, пащтыхьыдзэр гузавэрт, кавказ лIыхъужьхэм нэгъуэщI къэралхэм къикIыу дэIэпыкъуэгъу къахуэкIуэнкIэ.

1838 - 1839 гъэхэм Ахульго цIэр зезыхьэ къуажитIыр Щамил и къэралыгъуэм и щыхьэру игъэуващ. Къуажэжьыр зэхакъутати, ар зэрагъэпэщыжри, абы бгъурыту къуажэщIэ иухуат Iимамым. 1839 гъэм урысыдзэм унафэ къыхуащIащ къуажэр зытет Iуащхьэм ебгъэрыкIуэу, Щамили абы и телъхьэхэми зыри къахэмынэжу зэтракъутэну. Урысыдзэм а мурадыр къащехъулIар илъэс тIощI дэкIа нэужьщ. Ауэ Ахульго деж щекIуэкIар а мурад бзаджэм хуэунэтIа япэ лъэбакъуэт.

Бгырысхэм икIуэтыну загъэхьэзыртэкъым. Я щIыналъэр фIыуэ зэрацIыхужым нэмыщI, абыхэм Сурхъай и чэщанэкIэ зэджэ плъырыпIэри яIыгът. Апхуэдэу зэджэр къуажэм ипщэкIэ щыт Шулатлулго къуршырт. Абы и щыгур папцIэу щымыту, зэрысэнтхыр, зыщыбгъэпщкIуным хуэщIауэ апхуэдэт. Абдежым пщыIэ зыбжанэ тращIыхьати, бийхэм фIыуэ ятебгъэпсэфырт икIи укъеухыфырт. Апхуэдэ щIыкIэу Щамил пIалъэ кIыхькIэ Ахульгор ихъумащ, гу лъумытэу зыгуэр абы бгъэдыхьэнкIэ зыкъомрэ Iэмал щыIакъым.

Граббе и дзэр Ахульгом щекIуэлIар 1839 гъэм мэкъуауэгъуэм ипэхэрщ. Щамил фIыуэ зигъэхьэзырат: бгым и хъуреягъкIэ къуэхэр датIыкIат, бгъэдыхьэпIэ имыIэу. КъуажэщIэм Iимамым и дзэр узэдауэ дэтт, псыежэхыр гъунэгъути, псы хуэмылIэу, муридхэм абдежым куэдрэ зыщагъэбыдэфынут. Къуажэм дэса цIыху бжыгъэр 40000 хъууэ щытауэ жаIэж. Абы хэтыр Iэщэ зыIыгъ бгырысхэм я закъуэтэкъым, абыхэм я унагъуэхэри ящIыгъут, Щамил и къэралыгъуэм хиубыдэ гъунэгъу лъэпкъхэри ягухьат. Муридхэм я бжыгъэр 100 хуэдиз хъуми арат.

Граббе и дзэр тIурэ ныкъуэкIэ нэхъыбэт: батальони 10, цIыху 500 нэс зыхэт бгырыс шуудзэ, къэзакъ 500, топ 18. Абыхэм яхэтыжт сапер ротэ.

Урысыдзэм Койсу псыежэхым и IуфитIри яуфэбгъуащ. Сурхъай и чэщанэм нэс уэфын хуэдэу, Граббе и топхэри и дзэри IэкIуэлъакIуэу иригъэувэкIат Ашильта и Iуфэм.

Мы зауэзэрылIым и инагъыр нэгум къыщIегъэхьэ Рубо Франц «Ахульго къызэращтар» зыфIища сурэтым. Мэкъуауэгъуэм и 12-м урысыдзэр ежьащ, 13-м бгырысхэм ебгъэрыкIуэн щIадзащ.

Граббе къыгурыIуат Сурхъай и чэщанэр къамыщтауэ, Щамил зэрытемыкIуэнур. Арати, бадзэуэгъуэм и 4-м теуэр щIадзэжри, къуршыр урысхэм яубыдащ, Щамил зыщыгугъын къыхуэмынэжу. Генералым иджыри дзэ зэгухьэныгъэу щы къриджат.

ЕтIуанэ зэхэуэгъуэр къыщыхъуар бадзуэгъуэм и 16-щ. Рубо и сурэтым ихуар абы и теплъэрщ. ЛIыжьхэр, цIыхубзхэр, сабийхэр - псори щызауэрт абдежым. Ахульгор а махуэм къахуэщтакъым. Урысхэм цIыху 200-м нэс яфIэкIуэдат, 600-м нэс уIэгъэ хъуат. Щамил и дзэм и Iыхьэ щанэр хэщIат.

Псори зэхэту махуэ 80-кIэ екIуэкIащ Ахульго зауэзэрылIыр. Тхуэнейрэ бгырысхэм ятеуащ урысыдзэр. ШыщхьэуIум и кIэр къыщысам, быдапIэм щIэсхэм емынэ узыр къахыхьауэ хьэлэч зэтрищIэрт, яшхын яIэжтэкъым. ШыщхьэуIум и 22-м урысыдзэр аргуэру ятеуэри, япэщIыкIэ къуажэжьыр, итIанэ къуажэщIэр яубыдащ. Абдежым щызэуа бгырысхэр псори хэкIуэдауэ жыпIэ хъунущ. Щамилрэ абы и гъуса цIыху зыбжанэмрэ бийхэм зыкъыIэрагъэхьакъым.

Урысыдзэм и генерал Граббе езым и унафэщI Чернышевым шыщхьэуIум и 29-м 1839 гъэм хуигъэхьа тхыгъэм дыкъыщоджэ: «Ахульго деж бгырысхэм щафIэкIуэда цIыху бжыгъэр 2100-м нос. Абыхэм ящыщу 1200-р яукIащ, адрейхэр гъэру яубыдащ, Щамил и телъхьэ нэхъыщхьэхэр яхэту. Щамил иригъэщIа быдапIэхэр якъутэри, езы къуршри къагъэуащ. Щамил и унагъуэм Ичкерием и къуршхэм ихьэжауэ, Ведено деж зыщагъэпщкIу. И лъакъуэм шэ хэлъу уIэгъэщ, и Iыхьлыхэм ящыщу и щхьэгъусэр, и шыпхъур, и адэкъуэшыр, и зы къуэр яукIащ, адрей и къуэр дэ гъэру тIыгъщ».

Граббе а текIуэныгъэм щхьэкIэ Невский Александр и цIэр зезыхьэ орден къратауэ щытащ. Щамил яIэщIэкIами, урысыдзэм ар и япэ текIуэныгъэ хуэдэу щытт. Ауэ щыхъукIэ, бэнэныгъэр иджыри илъэс 20-кIэ екIуэкIащ. Императорым «Ахульго къызэращтам папщIэ» и цIэу медаль иригъэщIри, урысыдзэм щыщу абы хэта псоми ар иратащ.

2017 гъэм а зэманым Дагъыстэным и УнафэщIу щыта Абдулатипов Рамазан и жэрдэмкIэ, Унцукуль щIыналъэм Кавказ зауэм и напэкIуэцI шынагъуэу щыта Ахульго и фэеплъ къыщызэIуахащ. Тхьэм афIэкIа апхуэдэ гузэвэгъуэ зыми иримыгъэлъагъукIэ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

12.11.2025 - 15:10 Сыт и щхьэусыгъуэр?
11.11.2025 - 10:30 ИщIэм деплъынщ
10.11.2025 - 12:00 Щхьэусыгъуэ иIэщ
05.11.2025 - 12:42 Псалъэм и мыхьэнэр