Ислъэмей къуажэм и щIыпIэцIэхэрЦIыху гъащIэм ещхьщ къуажэм и гъащIэри. Ар куэду зэхэлъщ. Зэманыр кIуэхукIэ, и тхыдэри къулей мэхъу. Адрей къуажэхэм хуэдэу, Тэрч районым хиубыдэ Ислъэмей къуажэми тхыдэ хьэлэмэт иIэщ. - Илъэс щитIым щIигъуащ къуажэм и ныбжьыр, - жеIэ жылэм и щIыпIэцIэхэм убгъуауэ тетхыхьа, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Хьэрэдурэ Эммэ. - Ар Курп псы Iуфэм Iуcщ. Курпыпсыр нобэ чэнж, жьгъей хъуами, япэм мыхьэнэшхуэ иIэу щытащ къуажэдэсхэм я дежкIэ. Аращ къуажэдэсхэр псы зэфэу яIари, зэрыжьыщIэу къагъэсэбэпари, былымхэм ирафу щытари. Мэз Iувышхуи къуажэм пэмыжыжьэу щыIэщ. Нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, къуажэдэсхэр нэхъапэм а мэзым щIэсащ, нэхъыбэр унагъуэу щыпсэуащ. ЩIымахуэр щIыIэт, ткIийти, пхъэ гъэсын куэду хуейт, къахуэшэртэкъым, къызэрашэни яIэтэкъыми, абы гугъу къищIырт пхъэм и Iуэхури, мэзым пэгъунэгъуу щыпсэумэ нэхъ тыншу къалъытэурэ Iэпхъуэхэрт. Мэз лъапэм къуажэр куэдрэ щыпсэуауэ жаIэж, иужьым, совет властыр ува нэужь, нэхъ гъунэгъуу къэIэпхъуэжауэ аращ. Ислъэмей къуажэр илъэс 200-м щIигъукIэ лъэгум, КурпитI зэхуаку щыпсэуауэ, 1957 гъэм щыгум къыдэIэпхъукIауэ щытащ, ауэ цIыхухэр къыдэкIа щхьэкIэ, апхуэдиз илъэс бжыгъэкIэ ахэр здэщыса щIыпIэхэм, къагъэсэбэпа псынэхэм, хадэхэм фIащауэ щыта цIэхэри езы щIыпIэхэри къэнащ. Ауэ, дэнэ щIыпIэкIэ щымысами, къуажэр нэхъыбэу зэрыпсэуар мэзым къыщIахырт, къыщIаш пхъэрат, пхъэщхьэмыщхьэрат икIи псыкIэ, пхъэкIэ гугъу емыхьу зы махуэ щытакъым. Абы къыхэкIыу, псы ирафын, пхъэ ягъэсын куэдрэ къалъыхъуэн хуей хъуащ. Зэман куэдкIэ мэзым нэс кIуэурэ абы кърашу щытауи жаIэж псыри пхъэри. Ауэрэ, псы нэхъ здэщыIэну зыхуагъэфащэ щIыпIэхэр ягъэунэхуу, пхъэм щхьэкIэ мэзым пэгъунэгъуу Iэпхъуэрэ абы щыпсэууэ щIадзащ. Ислъэмей къуажэм теухуа къэхутэныгъэ лэжьыгъэ Эммэ щригъэкIуэкIым дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуащ къуажэдэсхэу Гувэжокъуэ ХьэмтIакъэрэ Хьэрэдурэ Анатолэрэ. Абыхэм зэрыжаIэжымкIэ, «Къаскэм лъэгур» Къаскэмыпсым къытекIауэ аращ. Къаскэмыпсым къетIысылIауэ щытащ Хурикау къуажэр. Хурикау къуажэр зэрыс щIыр Осетием ейщ, щыпсэухэр шэшэнщ. Нобэр къыздэсым къуажэшхуэу бгъэдэсщ а псым. Псыр езыр ИнарыкъуейкIэ ирашащ. Къаскэм лъэгу щIыфIащар а псыр абыкIэ къежэхыу зэрыщытар аращ. А лъэгум псыр къилъадэрэ шыгъэжапIэм нэс къежэхыу щытащ. Пхъащхьи кърашу щытауэ жаIэж а щIыпIэм. Ауэ къуажэдэс нэхъыжьыфI ТIымыжь СулътIан зэрыжиIэмкIэ, мы щIыпIэм КъаскIэм къуажи исащ, адыгэ щыпсэууэ. Езы щIыналъэр, КъаскIэм лъэгур, гектари 110-рэ мэхъу. КъаскIэмыпсыр мэзым къыщожьэ, а псыежэхым и цIэкIэ «Къаскэм лъэгу» фIащащ. «Река Кескем» жыхуиIэращ. «Пхъэгулъей гъуазэ», «Мей лъэгу», «Зеикъуэ», «Кхъужьеикъуэ кIуэцI» жыхуаIэ щIыпIэхэм я фIэщыгъэр къызыхэкIар адрей жыгхэм ебэкIыу мей, пхъэгулъей, зей, кхъужьей куэду щыкIырти аращ. Мы щIыпIэхэм игъащIэ лъандэрэ щIыр щынэхъыфIу, псыIагъэ нэхъ иIыгъыу щытти, аращ къедбжэкIа жыгхэр нэхъ къыщыкIыу, щыхъуу щIыщытар. Колхозыр къэунэхуа нэужь жыгхэр къратхъыжри, хадэ щащIащ. Къуажэдэс нэхъыжьыфI Къущхьэ Нахъуэ бригадирти, цIыхубзхэр дишурэ щигъэлажьэу, абыхэм зэрахьэу щытауэ жаIэж, ауэ, нобэр къыздэсым а цIэхэр щIыпIэхэм къахуэнауэ зэреджэр аращ. Абыхэм ящыщу Пхъэгулъей гъуазэ жыхуаIэ щIыпIэм нэгъуейхэр къуажэу исауэ жаIэж. Адыгэхэм щIыпIэр яубыдыху нэгъуейхэр исащ. Абыхэм яужькIэ Ислъэмейр зэрыкъуажэу исауэ жаIэ а щIыпIэм. Зи гугъу тщIы щIыпIэхэр мэзылъэу щытащ, икIи щIыпIэхэм цIэхэр зэраIэр куэдкIэ цIыхум сэбэп къахуэхъурт. Псалъэм папщIэ, пасэм цIыхухэр мэз кIуэрейуэ щытащ. Мэзым кIуар зыгуэркIэ и чэзум къэмыкIуэжамэ, пхъэр кIэлъыкIуэрт, ар здэкIуэу жыхуиIа щIыпIэм къыщалъыхъуэрт. Езы мэзакIуэхэри бэлэрыгъыртэкъым, Iэщэ ямыIыгъыу мэз зыри кIуэртэкъым, Iэщэр, плъэмэ ялъагъуу, Iэбэмэ, занщIэу лъэIэсыну япэгъунэгъу жыг гуэрым ираупсейрт пхъэ щыпаупщIкIэ, ауэ абыхэм къещакIуэхэр ямылъагъуу я щIыбымкIэ къащыбгъэдыхьэ, Iэрыубыд, гъэр щащI къэхъурт, Iэщэм лъэIэсыну Iэмал кърамыту. Iэщэ ямыIыгъыпIэр иIэтэкъым а зэманым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, япэрауэ, абрэджхэр куэдт, етIуанэрауэ, осетинхэр, шэшэнхэр а щIыпIэхэм куэду щызекIуэрт, ахэр къатеуэрти, я Iэщэхэр, яшхэр, выхэр трахырти, езыхэри жыгым ирапхырти ежьэжырт. Мэзым кIуар къыщалъыхъуэну щIыпIэр ящIэн папщIэ, здэкIуэр Iэмал имыIэу жаIэрти дэкIырт, абы тынш ищIырт цIыху кIуэдар къэлъыхъуэныр. Куэди апхуэдэу къагъуэтыжырт. Апхуэдэ хъыбар хьэлэмэт иIэщ «Тубэчхэ я хуей» щIыпIэми. Нэхъ пасэм, Тубэчхэ унагъуэ зытхух хъууэ, Ислъэмей къуажэм дэсащ. Тубэчхэ зэрыс щIыпIэр мэзым пэгъунэгъут, а зэманым щIымахуэр ткIийт, зэпымыууэ пхъэ къашэн хуей хъурти, пхъэм и хьэтыркIэ, я Iуэхур нэхъ тынш ящIын папщIэ, къуажэдэсхэр зырыз-тIурытIурэ Iэпхъуэурэ мэз лъапэм деж щытIысат. (А зэманым пхъэм щхьэкIэ лъэпкъыр зэрыщыту мэзым кIуэрэ щIэтIысхьэу щытауэ жаIэж.) Пхъэр мэзым нэс къызэрырашын яIэтэкъым, апхуэдизыпхъи къахуэшэртэкъым, пэлъэщыртэкъым мо щIымахуэ щIыIэ кIыхьми, мэзым пэгъунэгъуу щысмэ нэхъ тыншу къалъытэрт. Пхъэр мэзым къыщIахырти, къуэкIийхэм далъхьэрт, ягъэсырт, пхъэ фIамыщI ящIырти, а пхъэ фIамыщIымкIэ гъавэ къахъуэжырт. Ауэрэ, жыгхэр паупщIурэ, мэзыр нэхъ пIащIэ хъуа нэужь, дыгъуэгъуакIуэхэр, абрэджхэр къуажэм къатеуэу щыхуежьэм, нэхъ гъунэгъуу къэIэпхъуэжащ. Апхуэдэу пIащIэ хъуа мэзым жыг куэд щыхасэжащ, иджыпсту ди зэманым Iуву мэз дэгъуэ, дахэ хъужауэ щытщ. А хуейм Тубэчхэ лъэпкъыу къинауэ япэу зэрисам щхьэкIэ, «Тубэчхэ я хуей» фIащауэ аращ, щIыпIэр кърацIыхужу. ЩIыпIэр кърацIыхужу хъыбар яIэщ «Сыбыр гъуазэ», «Сыбыр бэтэх», «СыбырдыхьэпIэкIэ» зэджэхэми. Мэз лъапэм и деж «щIыфIщ» жаIэри кIэртIоф къуажэдэсхэм ейуэ щащIэу щытащ пасэм щыгъуэ. ЩIым, Сыбырым зэрыщыхъум хуэдэу, фIыуэ кIэртIофыр бэв щыхъути, арат щIыхащIэр, щIыфIащари арауэ жаIэж, Сыбырым я щIым ирагъэщхьу. КIэртIофыр къыщIахыжа иужь, къуажэдэсхэм псоми хуагуэшыжырт. Иджы мэзышхуэ хъужащ а щIыпIэм ихъуреягъыр, ауэ нобэр къыздэсым «Сыбыр гъуазэ», «Сыбыр бэтэх», «Сыбыр дыхьэпIэкIэ» йоджэ къуажэдэсхэр. «Сыбыр бэтэх», «Сыбыр дыхьэпIэ» - мыбыхэм я хъыбар зэкIэ ящIэжыркъым, «Сыбыр гъуазэм» узэрыдыхьэ дыхьэпIэти, абы щхьэкIэ фIащауи жаIэ. Ар ТIымыжь СулътIанрэ Гувэжокъуэ ХьэмтIакъэрэ зэрыжаIэмкIэщ. Ауэ «Сыбыр гъуазэм» нэгъуэщI зы хъыбари иIэу жеIэ къуажэдэс Дэжыг Артур. Абы нэхъыжьхэм жаIэжу зэхихауэ игу къызэригъэкIыжымкIэ, мы щIыр ди щIыналъэм щыщу нэхъ щIыIапIэ дыдэу аращ икIи Сыбырым хуэдэу зэрыщIыIэм щхьэкIэ «Сыбыр гъуазэр» фIащауэ аращ. Абы пэгъунэгъуу адэкIэ «Кхъужьей дахэ», «Жыг дахэ», «Мэрсей гъуазэ» щIыпIэхэм къуажэм зыгуэрым къуэ къыхуалъхуамэ, гуфIэгъуэ гуэр дэлъмэ, мыбы дэкIырти, Тхьэ щелъэIурт. ЛIыжьхэри кIуэурэ Тхьэ щелъэIурт, мывэ ирагъэжэхыу. Жыгхэр жыг дахэт, екIут, щIыпIэр нэхъ дахэжт, къуажэдэсхэми къабзэу зэрахьэрт, ар лъапIэу, щIыхь зыпылъ щIыпIэу ябжырти. ИтIанэ абдеж утету укъаплъэмэ, къуажэр зэрыщыту къэплъагъуу щытауэ жаIэж, иджыри щытщ апхуэдэу. А жыгхэм нэхърэ нэхъ дахэ мэзми жыг щIэмытауэ жаIэ. Кхъужьейр езыр жыгищ-плIыуэ зэгуэтт, адыгэхэм езыхэм кхъужьейм пщIэ ин хуащIу щытащ игъащIэ лъандэрэ. Зыгъэхьэзырар ФЫРЭ Анфисэщ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2025 - 18:10 →
ЗэпыщIэныгъэр къызыпэкIуар
23.04.2025 - 17:32 →
Лажьэншэу кIуэдахэр
23.04.2025 - 13:12 →
Зымыдэхэри щыIащ
22.04.2025 - 16:40 →
Хейм гъуэгу егъуэт
22.04.2025 - 14:41 →
Анэдэлъхубзэм къригъэлар
|