Лъэпкъыр щыIэху, и тхыгъэхэр кIуэдыжынукъым

 «Ар «сабий дыгъэ»-кIэ къызэджэрт. Борис дэрэ дыщызэрыцIыхуам си ныбжьыр илъэс пщыкIублым иту арат, сабиифэ дыди стетт абы щыгъуэм. Арауэ къыщIэкIынт Борис гъэфIэныцIэ къысфIищыныр къызыхэкIари. Абы и цIэ лейр занщIэу къыскIэрыпщIащ, ар щыскIэрыхужари сщIэжыркъым, ауэ езы Борис псэуху апхуэдэу къызэджа сфIощIыж, - Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, адыгэ драматургием и классик IутIыж Борис теухуа и гукъэкIыжхэмкIэ къыддогуашэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Ацкъан Руслан. - Абы дэрэ зы фэтэр дыздыщIэсащ а зэманым – Къэбэрдей уэрамым тет унэ лъахъшэ цIыкIухэм ящыщ зым дыщыпсэуащ. ДызыщIэс пэш цIыкIум куэд къыщызэхуэсырт – къеддеджэхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр. Литературэм дытепсэлъыхьырт, тхыгъэщIэ зытха къытхэтмэ, дыкъеджэрт. Нобэ сызыхуэзэш гуапагъэ гуэр щызекIуэрт абы щыгъуэм къызэдгъэпэщу щыта утыку цIыкIум, абдеж псэр хуиту «щыбауэрт».
 Борис пщэдджыжь къэс, си зы сурэт ищIырти, унэ лъэгум къридзыхырт, сэри абы сесэжати, апхуэдэу щытын хуейуэ къысщыхъурт. СщIэркъым абы си сурэту ищIар здэкIуар. Ахэр бзэхащ, зыщIыпIэ лъэтэжа фIэкI умыщIэну. Илъэс куэд дэкIауэ абыхэм ящыщ зы-тIум Борис и сурэтхэр щагъэлъагъуэм сыщыхуэзэжащ, а къызэрызэджэу щытар кIэщIэтхауэ. Сэ нэгъуэщI плIанэпэмкIэ згъэзащ. ГъэфIэныцIэм тIэкIуи сыщыукIытэжауэ, си Iэр си щхьэ къетхъухамкIэ кIуащ…
 Зы пщыхьэщхьэ гуэрым Къэбэрдей уэрамымкIэ дыкъыдэкIуеижырт. Дызытепсэлъыхьым дыдихьэхауэ дыкъыздэкIуэм, ипщэкIэ уэрэд макъ къыщыIуащ, ар жызыIэ щIалэ гупри куэд мыщIэу къэтлъэгъуащ. ЖаIэр Борис и псалъэхэр зыщIэлъ, Къэбэрдей уэрамым теухуа уэрэдырт. ЩIалэ гупыр ди деж къэсри къэувыIащ. «Зэран фыкъытхуэхъуу ди уэрамым щхьэ фытет?», – жаIэри дахэ-дахэу къаймыдаIуэ урысыбзэмкIэ къытфIэнащ гужану къытщыхъуа гупыр. Борис зыри жимыIэу щытт, сыт щыгъуи хуэдэу пыгуфIыкIыу. Iуэхур куу хъуну къыщысфIэщIым, Борис сеIущэщащ: «Мыбыхэм зыгуэр яжесIэ хъуну?..» «Мыхэр адыгэщ», – жиIащ тхьэкIумэ жану къыщIэкIа зы щIалэм. «Дыадыгэ къудейкъым, – сыкъызэрыгъуэтыжащ сэ, – иджыпсту жыфIа уэрэдым и псалъэхэр зытхари мы си гъусэрщ, IутIыж Борисщ». ЩIалэхэм зэуэ дыкъаухъуреихьащ. «Уи паспортыр дыгъэлъагъу», – жиIащ зыгуэрым. Борис зэрыстудентымкIэ щыхьэт тхылъым фIэкIа имыIыгъыу къыщIэкIащ, ауэ ари ярикъуащ щIалэхэм жысIэр я фIэщ ирихъуну. Арати, си Борису плъагъур къащтэри, драдзейуэ щIадзэ. Мо щIалэшхуэр къаIэпыхунурэ зэгурагъэудынущ жызоIэри, согузавэ. Ерагъыу къаIэщIэсхыжащ. ДызыщIэс фэтэрым нэс дашэжащ щIалэхэм, адыгэбзи къыджаIащ, яхуэдгъэгъунуи къыдэлъэIуащ.
ЩIалэгъуэм щыплъэгъуахэр нэхъ уигу къонэ. Сэри сщыгъупщэркъым а зэманым епха гъащIэ Iыхьэр. Борис абы увыпIэ щхьэхуэ щеубыд. Ауэ щIалэгъуэр блэлъэтащ, ди псэм щыщ Iыхьэ здихьу.
 ИужькIэ илъэс куэдкIэ декIуэкIащ дызэпэIэщIэ хуэдэу щыту. СщIэркъым ар къызыхэкIар. Сэ абы итхыу хъуам сыкъеджэрт, сигу ирихь абыхэм къащыхэкIкIэ, егъэлеяуэ сыщыгуфIыкIырт, езыми псалъэ гуапэ куэд къызжиIэрт, ауэ ар мащIэIуэу зэрыщытар иджы къызгуроIуэж. Борис сэ гуапагъэу дэслъэгъуамкIэ, абы и Iуэху зытетыр сымыщIэу зы махуэ сыпсэун хуеякъым…
 IутIыж Борис ди литературэм хищIыхьам дяпэкIэ тхылъ Iэджи зэрытратхыхьынум сэ шэч къытесхьэркъым, ди лъэпкъыр щыIэху, абы и тхыгъэхэр зэрымыкIуэдыжынури фIыуэ сощIэ. Нобэ адыгэ лъэпкъым и IутIыжщ, ар езым фIыуэ къыгурымыIуэжми. Абы иIэщ IутIыж Борис и тхыгъэ щэджащэхэри, нэгъуэщI куэдым я IэдакъэщIэкI купщIафIэхэри. ДиIэр тхъумэжыфу, абы пщIэ хуэтщIыжыфу нэхъри зедгъэсэнырщ къытхуэнэжыр».
 

 

 

Зыгъэхьэзырар БЕЗРЫКЪУЭ Данэщ.
Поделиться:

Читать также: