Щэнхабзэм, театр гъуазджэм я лэжьакIуэхэм Ерчэн Леонид я пашэт. Псом япэу къыхэгъэщыпхъэр адыгэ драматургиер абы и зэманым къиIэтауэ зэрыщытарщ.
Ди тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкI пьесэхэм Леонид гулъытэ хэха яхуищIырт, абыхэм къатрищIыкI лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр лъэпкъ театрым щигъэувырт. Шортэн Аскэрбий итхауэ Леонид игъэувауэ щыта «ХьэкIуэкIунэ» спектаклым къыхэщат а зэманыр зыхуэдар, ныкъусаныгъэу хэлъахэр. Ар, дауи, куэдым яфIэфIынутэкъым, итIани абы щхьэкIэ къимыгъанэу, а лэжьыгъэр абы къехъулIат. Адыгэм тхыгъэкIэ къаIэта Iуэхугъуэхэр ядиIыгъыурэ Леонид игъэуващ «Дахэнагъуэ», «Лашын», «Мадинэ», «Къызбрун» спектаклхэр, нэгъуэщI куэди.
Ерчэныр Музыкэ, Къэбэрдей, Балъкъэр, Урыс театрхэм ядэлэжьащ, дэтхэнэми и утыкум щигъэуващ спектакль гукъинэжхэр. Апхуэдэт Толстойм итха «Власть тьмы» пьесэм абы къытрищIыкIар. А лэжьыгъэм щхьэкIэ фIыщIэшхуэ къыхуащIауэ щытащ. Ерчэным къыхуагъэфэщат режиссер Iэзэу щыта Поповым и цIэкIэ къыдагъэкIа орденыр. Абы къикIырт режиссерым и гуащIэм къэрал псом пщIэ къызэрыщыхуащIыр.
«Мадинэ» спектаклыр Леонид Музыкэ театрми щигъэуват, ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр и либреттэр и лъабжьэу (абы и музыкэр ятхат Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ). Зы зэман щыIащ театрым къыщыбгъэлъэгъуэнум и унафэр режиссерым деж къыщымынэу, лIыщхьэхэми щаIэщIэлъа. Абы къыхэкIкIэ «Мадинэ»-м ЩоджэнцIыкIум имытхауэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри Ерчэным хигъэхьэн хуей хъуат. Ар зыфIэфIаи зигу дэмыхьаи щыIат, ауэ псори зэхуэдэу арэзы пхуэмыщIынри хэлъщ. Режиссурэ и лъэныкъуэкIэ Iэзэу а спектаклыр Леонид игъэуват, нэхъыщхьэуи абы къыхигъэщат адыгэм я хабзэр, нэмысыр, гъэсэныгъэр, акъылыр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а зэманым щыIакъым спектаклхэм видео зэрытрах Iэмэпсымэхэр. Абы къыхэкIыу Ерчэным и лэжьыгъэхэр хъума зэрымыхъуар гущIыхьэщ. Шэч хэлътэкъым абы и Iуэху бгъэдыхьэкIэр режиссёр ныбжьыщIэхэм сэбэп яхуэхъуфыну зэрыщытам.
Музыкэ театрым Ерчэным щигъэувахэм ящыщщ «Искатели жемчуга» спектаклри. ЦIыхухэм ягу дыхьэрт абы утыку кърихьэ и дэтхэнэ лэжьыгъэри. Апхуэдэт «ЩIэблэщIэ гвардие»-ри, «Хъанумэ» спектаклри фIы дыдэу къехъулIат.
Ерчэн Леонид и гугъу щащIкIэ, абы и щхьэгъусэ Казими ящыгъупщэркъым, ари актрисэ гъуэзэджэу щытащи. Леонид Вишневскэм и «Оптимистическая трагедия» тхыгъэм къытрищIыкIа спектаклым Казимэ Iэзэу зэрыщыджэгуар театр тхыдэм щыщ хъуащ. А спектаклыр театр куэдым ягъэувауэ щытат а зэманми, дыдейхэр ящыщщ ар нэхъ къызэхъулIахэм.
ЖыпIэнумэ, Леонид зыдэлэжьахэм зэфIэкIышхуэ ябгъэдэлъащ. Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей театрым и лъабжьэр зыгъэтIылъа нэхъыжьхэу ТIыхъужь Алий, ДыщэкI КIунэ, Тубай Мухьэмэд, Балъкъэр Калисэ, Шортэн Даниткэ, Атэлыкъ Хьэзрэт, Шэрий Азрум, Къардэн ХьэкIуцэ сымэ пщIэшхуэ яхуищIырт Ерчэн Леонид. А нэхъыжьхэр зэрызэхущытар щапхъэу яIэн хуейуэ къыщIэкIынщ нобэ утыку ит артистхэм. Абыхэм я гуащIэ хэлъщ анэдэлъхубзэр хъума зэрыхъуам, лъэпкъ театрым зэрызиужьам.