Ислъэмей къуажэм и щIыпIэцIэхэр

     

«Тэрч щIыналъэм щыIэ Ислъэмей къуажэм и щIыпIэхэм хъыбар нэхъ хьэлэмэт, гукъинэж зиIэр «Дуужь Iуащхьэращ», - жеIэ Хьэрэдурэ Эммэ. Ислъмей, Инарыкъуей къуажэхэм удэту уплъэмэ, Дуужь IуащхьэкIэ зэджэр нэхъ бгы лъагэ дыдэу плъагъуращ (Курпские высоты) жыхуаIэращ. А щIыпIэм Хэку зауэшхуэм и зэманым, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, 1942 гъэм  и бжьыхьэм зауэшхуэ, зэхэуэшхуэ щекIуэкIауэ жаIэж, мин 17-м нэс цIыхуу щаукIащ, абдежыращ нэмыцэм щигъэзари.

 А Iуащхьэм ущхьэпрыкIмэ, адэкIэ Шэшэным ящIщ, нэмыцэхэр арат зыхуеIэр, абы я щIыдагъэр яубыдыну.

«Бийм пэщIэувам я нэхъыбэр сабийт, - жаIэж нэхъыжь ар зи нэгу щIэкIахэм, - нэмыцэхэр кхъухьлъатэкIэ къащхьэщыхьэурэ тхылъымпIэ тхахэр кърадзыхырт», «Мыр сыт мы сабий сад къытпагъэувар, дакъикъэ бжыгъэм зэтедукIэнущ», - жиIэу иту. АрщхьэкIэ, щыуауэ къыщIэкIат фашистхэр, а сабий сад жыхуаIаращ ахэр езыхужьэжари, абыхэм езыгъэгъэзари. Ар зи нэгу щIэкIа, сабийуэ зылъэгъуауэ щыта Джатэжьей Щэрэлыкъуэ мыпхуэдэу игу къигъэкIыжу зэхэтхауэ щытащ: «Дысабийуэ, дыкъыдашурэ окопэ къыдагъэтIырт, мащэ къыдагъэтIырти, хьэдэхэр ирыдагъадзэрт. Нэмыцэхэм ейр псори зы мащэм ирыдагъалъхьэрт, ди зауэлIхэм я хьэдэр зырызурэ щIыдагъалъхьэрт. А зэманым мы банэ гуэрэныр зэпэзэву зэритым хуэдэу, хьэдэр изу илът мы щIыпIэм, Iуащхьэр умылъагъужу». А псор фIы дыдэу ищIэжырт Щэрэлыкъуэ.

Пасэ зэманым Дуужь Iуащхьэ и щIыбагъымкIэ нартыху бэв щыкIыу, гъавэшхуэ къыщрахьэлIэжу щытауэ жаIэж. Бжьыхьэ хъуа иужькIэ, хэт шыплIэкIэ, хэт шыгу-выгукIэ къахьурэ Iуащхьэм и нэхъ лъагапIэ дыдэм тракIутэрт, абдеж щызэхуахьэсырти, Iуащхьэм тращIыхьа духэм иракIутэрт. Дур куэду тращIыхьырт, псоми я гъавэр ихуэн хуэдэу. Духэм я лъабжьэхэр Iэжьэ лъакъуэм ещхьу пхъэм къыхащIыкIырти, абы и щIыIум ду тращIыхьыжырт, трагъэувэжырт. Абы щыгъуэ зэрызекIуэн, хьэлъэ зэрагъэIэпхъуэн техникэ щыIакъым, транспорт зыми яIэтэкъыми, гугъу хъурт гъавэр абы къыдэпшыну. Ауэ, сыт хуэдэ гугъуехь пымылъами, кърашалIэрт а дум. А зэманым щIымахуэр ткIийт, мэзым, зи щхьэкIэр нэхъ баринэу къуацэ-чыцэ куэду къралъэфырти, гъуэгу лъэужь ящIырт, ущызекIуэ хъуну. Гъуэгуи щыIэтэкъыми абыи гугъу къищIырт гъавэ къешэлIэжыныр, арати, щIымахуэм, цIыхур нэхъ хущIыхьэ хъуа нэужь, выхэм, шыхэм Iэжьэ щIащIауэ а Iуащхьэм кIуэрти, ду ящIар къыпащIэти, къуажэм къалъэфыжырт икIи хэт ихьэжырт, хэт и гуэн ирикIутэжырт, хэти сыткIэ хуейми къигъэсэбэпырт. IэкIэт, гъубжэкIэт псори зэрыIуахри, цIыхухэр езыхэр хунэсыртэкъым щIымахуэку хъуху гъавэр Iуахыжыну. Дур а Iуащхьэ нэхъ лъагэ дыдэм щIытращIыхьыр къуажэм дэту плъэмэ ялъагъурти арат.

Иджыблагъэ Хьэрэдурэ Динэ Ислъэмей къуажэм теухуауэ зэхилъхьа  уэрэдми къыхощ «Дуужь Iуащхьэр».

«Мэз Iуащхьэ шэдым», Дэжыг Артур зэрыжиIэмкIэ, ихъуреягъыр Iуащхьэщ, мэзым нэхъ Iуащхьэ лъагэ дыдэу иIэр езыр а «Мэз Iуащхьэ шэдырщ». Iуащхьэхэм уехмэ, и кум шэдыр иту аращ, уэшхри уэсри абы и кIуэцIым йожэх, а зы щIыпIэм йолъадэ, езыр-езыру къэхъуауэ аращ мы шэдыр. ДызэупщIахэм, хъыбархэр къыджезыIэжахэм зэрыжаIэмкIэ, «Мэз Iуащхьэ шэдыр» тенджызым и щхьэм метр 930-кIэ нэхърэ нэхъ лъагэщ. Псы щIагъым еххэр (водолазхэр) хыхьауэ, къахутауэ жаIэ. И кIапэлъапэ тенджыз гуэрым хэхуэжуи жаIэ, ауэ мы хъыбархэр къыджезыIэжахэр псори зэхуэдэу арэзы техъуэркъым абы. Хэт пэжу жеIэ, хэти пцIыуэ, къагупсысауэ къелъытэ.

ЗэрыжаIэжымкIэ, «Уэлджырхэ я IуащхьэкIэ» зэджэм лъэпкъыу Уэлджырхэ тесащ. Ижь зэманым а щIыпIэм Астемырей къуажэр щыпсэуащ, иужьым Iэпхъуэжауэ аращ иджы здэщыс щIыпIэм, абы псы къыщыщIэжу, къежэхыу къагъуэтри. А псы ежэхым зэреджэр Зэманкъулыпсщ.

«Уэлджырхэ я Iуащхьэм»   утету укъеплъыхмэ, ди щIыналъэм къуажэу исыр, уи Iэгум итым хуэдэу, IупщIу болъагъу. Зэгуэрым а Iуащхьэр къатIу дыщэ къыщIахауэ жаIэж. Iуащхьэм и щыгу дыдэм деж метритIкIэ иратIыхри, яжьэ къыщIэщащ гъущабзэу, абы хъыдан гуэрым кIуэцIылъу дыщэр къыщагъуэтащ. Абы нэмыщI, зэгуэрым, мы щIыпIэм зэгъусэу щIалъхьауэ цIыху гуп я унагъуэ хьэпшып, мылъку сытхэр я гъусэу къыщагъуэтауэ жаIэж. Нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, нэгъуейуэ ягугъэщ, и пэжыпIэр ящIэркъым, ауэ мы Iуащхьэм теса лъэпкъхэм я унагъуэм щыщ дунейм ехыжамэ, абы и гъусэу унагъуэр псори, мылъкуу яIэри дыщIалъхьэрт. Абыхэм ящыщ гуэру аращ жаIэр а къагъуэтар.

НэгъуэщI зы хъыбари къыджаIащ мыбы теухуауэ. Нэгъуей унагъуэхэм щыщ цIыхухъухэм яукIынкIэ шынагъуэ щыIэу къащIамэ, я унагъуэр псори яукIырти, езыми заукIыжырт, бийм абы ящыщ Iэрамыгъэхьэн, гъэр ирамыгъэщIын щхьэкIэ.

Хэхауэ хъыбар гуэрхэр ямыIэми, Iуащхьэ, бгы гуэрхэр къуажэм иIэщ цIыху, лъэпкъ, унагъуэ щыпсэуам тещIыхьауэ цIэ фIащри къахуэнауэ. Апхуэдэщ «Цырхъохэ я IуащхьэкIэ» зэджэр. Иджыпсту Ислъэмей къуажэкхъэр здэщыт щIыпIэращ ар. Нэхъапэм, къуажэр лъэгум, КурпитI яку щыдэсам, Цырхъохэ зэрылъэпкъыу а щIыпIэм деж щыпсэуащ. Къуажэр зырыз-тIурытIурэ щыгум къыдэIэпхъукIыу щIадзэри, Цырхъохи Iэпхъуэн хуей хъуащ. ЯпэщIыкIэ Къандзэгулъэм къэIэпхъуахэщ, итIанэ иджы здэщыс щIыпIэм, щыгум къыдэIэпхъукIащ. Иджы гушыIэурэ «Цырхъохэ я Iуащхьэм»   жаIэу и гугъу ящIу зэхыбох.

«Цырхъохэ я Iуащхьэм»  деж лъэпкъ псо щыпсэуамэ, «ТIалэ и бгыжь» фIэщыгъэр зиIэ щIыпIэм щыпсэуар зы цIыхущ. Урым ТIалэ жаIэри Ислъэмей къуажэм дэсауэ жаIэж зи ныбжь хэкIуэта лIыжь гуэр. Джырандокъуэ Рае  зэрыжиIэжымкIэ, абы щхьэгъуси, быни, унагъуи иIакъым, и закъуэ псэууэ щытауэ аращ. Иужьым «ТIалэ и бгыжь» жыхуаIэм деж унэ трищIыхьри, и закъуэ дыдэу абдеж щыпсэуауэ аращ. Былым, мэл Iэхъуэм щыдахукIэ, цIыху блэкIхэр, кIэщIу жыпIэмэ, абдеж щызекIуэ псори илъагъуу тесыну хуеяуэ аращ зэрыжаIэжыр. Ар апхуэдэу а бгыщхьэм зэрытесам щхьэкIэ, «ТIалэ и бгыжь» фIащащ.

«ХьэтIэ и Iуащхьэр» щIыфIащам и щхьэусыгъуэ дыдэр къыджезыIэжын дгъуэтакъым, ауэ абы теухуауэ нэгъуэщI зы хъыбар хьэлэмэти зэхэтхащ, къуажэдэсхэм куэдрэ  иридыхьэшхыу жаIэжу. Хьэрэдурэ Хьэдис (НэIуц) жыхуаIэм чы, бжэгъу  къишэу мэзым къикIыжырти, къуажэ унафэщIым къигъэувыIащ, пхъэм щхьэкIэ. ЗэрыжаIэжымкIэ, а зэманым пхъэи чыи мэзым къыщIашыну хуиттэкъым. «Пхъэр дэнэ къипха, дэнэ щыпыбупщIа, зыгуэрым укъилъагъумэ дэнэ къипхауэ жесIэну?» - жиIэу къыщеупщIым, «ХьэтIэ и Iуащхьэм, жыIи бухащ», - жиIащ НэIуцым. Абы щыгъуэм ХьэтIэ и Iуащхьэм мэкъу, удз фIэкIа зыри къыщыкIыртэкъым. Абы лъандэрэ а хъыбарыр къуажэдэсхэм яIуатэ, жыIэгъуэу къахэнауэ: «НэIуци жиIащи, ХьэтIэ и Iуащхьэм щыпызупщIащ», «НэIуц нэхъ зригъэумыусынути» - жаIэри.

 «Дзэгъэлхэ я джабэ», «Хъуэдхэ я Iуащхьэ» щIыпIэхэми, зэрыжаIэжымкIэ, Дзэгъэлхэ, Хъуэдхэ лъэпкъыу щыпсэуахэщ зэхэсу, абы ипкъ иткIэ а цIэхэри къахуэнащ.

«ТIымыжьхэ я чэтыпIэжь» жыхуаIэ щIыпIэм ТIымыжь Ибрэхьим жыхуаIэр щыпсэуауэ жеIэж ТIымыжь СулътIан. Ибрэхьимым мэл куэд иIэти, иригъэшхын зэримыIэм къыхэкIкIэ, и мэлыр а щIыпIэм ихури, гъэ щIигъэкIауэ арат. Абы щхьэкIэ, щIыпIэр кърацIыхужу «ТIымыжьхэ я чэтыпIэжь» фIащащ.

Зыгъэхьэзырар ФЫРЭ Анфисэщ.

 

Поделиться: