Уэрэд жыIэным къыхуигъэщIа

         Илъэс зыбжанэ ипэкIэ мыпхуэдэ фIэщыгъэ иIэу згъэхьэзырауэ щытащ тхыгъэ. Стхатэкъым, урысыбзэти адыгэбзэкIэ зэздзэкIат, редактор нэхъыщхьэм и унафэу, зытеухуар оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым и доцент Бэгъуэтыж Светланэт. Зыгуэрым уелэжьу гухэхъуэ бгъуэтынумэ, а махуэм си гур гуфIэрт IуэхугъуитI щхьэкIэ. Япэрауэ, псалъэ гуапэ куэд къэзылэжь бзылъхугъэм хужиIэн зиIэ и ныбжьэгъур, СКГИИ-м гуманитар щIэныгъэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, культурологиемкIэ кандидат ЩауэцIыкIу Людмилэ и гугъу ищIырт, псалъэ дахэу щыIэм, щымысхьу, яхэщыпыхьурэ. ЕтIуанэрауэ, тхыгъэм апхуэдизкIэ сызыIэпишат, адыгэбзэм къызэризагъэм сыкъызэщIиIэтэрти, сызэрыбэуэн хуейр сщыгъупщэжами ярейуэ, сатырхэр тхылъымпIэ напэм къытехутэрт. Аращ ар «Адыгэ псалъэ» газетым и электроннэ къыдэкIыгъуэм гъэкIэщIауэ къытездзэжу, нэхъыбэ щызгъэгъуазэмэ нэхъ къыщIэсщтэр. Абы щыгъуэми Светланэ къызэралъхурэ мы мазэм илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащи, игъуэ дыдэщ, узыншагъэ иIэу, и щIэблэр хуэузыншэу куэдрэ ди япэм итыну ди гуапэщ. 

         - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ Бэгъуэтыж Светланэ и макъымрэ и утыку итыкIэ дахэмрэ, и теплъэмрэ и гъащIэмрэ, и лэжьыгъэмрэ и цIыху хэтыкIэ екIумрэ теухуауэ Iэджэ, фIы защIэу, жыпIэфынущ. Езыр абджыпсым къыхэщIыкIа кумбыгъэ щIэращIэм, и макъыр псы ежэхым и Iущащэ макъым   ебгъэщхьыфынущ… - щетх и IэдакъэщIэкIым Людмилэ.

Псоми ящIэркъым уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм и унэцIэ дыдэр зэры-Гугъуэтыжыр. Абы и адэ Батыр Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ цIыкIум щыщIэтIысхьэм, урысыбзэр зэримыщIэм къыхэкIыу и унэцIэр адыгэбзэкIэ жиIати, ар къазэрыгурыIуауэ ятхыгъащ.

         I960 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и классикэ гъуазджэм вагъуэижым хуэдэу къыхыхьат Светланэ: абы и «Университет вальсыр» дэнэкIи щыIурт  икIи зы щIэблэкъым ар гимн пэлъытэ зыхуэхъуар. Япэ лъэпкъ оперэм абы щигъэзэщIа Мадинэ и образыр-щэ?! Ар ди нэгу къыщIэнащ Бэгъуэтыж Светланэ и теплъэ иIэу – хъыджэбз IэмащIэ-лъэмащIэ цIыкIуу, абы щыгъуэми хахуэрэ къарууфIэу.

         Абы къыкIэлъыкIуащ «Травиата»-р, уэрэджыIакIуэм нэхъыфI дыдэу илъагъухэм ящыщ партиер. Верди и оперэм и премьерэр гуимыхуж Iуэху щыхъуат ди республикэм, Бэгъуэтыжым и макъ гъуэзэджэмрэ и драматическэ зэчиймрэ я фIыгъэкIэ телъыджэу къехъулIат ролыр. А зым фIэкIа утыку къримыхьами, Светланэ и цIэр дыщэ хьэрфхэмкIэ тхауэ лъэпкъ гъуазджэм и тхыдэм къыхэнэнт.

         Куэд дыдэ мэхъу абы утыкум щигъэзэщIа образхэр, дэтхэнэми тхыгъэ щхьэхуэ тебухуэ хъуну апхуэдэщ. Псалъэм папщIэ, «Травиата» оперэр япэу щагъэлъэгъуам, Iупхъуэр пщыкIублрэ Iуахыжауэ щытащ, нэгъуэщI пшыхьхэм Iэгуауэр дакъикъипщIым нэскIэ щыужьыхыртэкъым. Бэгъуэтыжым и дежкIэ пщIэшхуэт а гулъытэ псори, ауэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэр спектакль къэс япэ тIысыпIэхэм щысу къеплъ и адэ-анэр зэрыгушхуэрт, утыкум щилъагъумрэ и пхъум и ехъулIэныгъэмрэ игъэин адэм и гуфIэгъуэ нэпсхэрт.  

         Музыкэ Олимпым и щыгум укъыщыхутэн папщIэ актёр талант уиIэн, ритмыр къыпхуэубыдын, а псор зэрызэбгъэхъулIэфын ерыщыгъэ ббгъэдэлъын хуейщ. Уэрэд жыпIэу зебгъэсэфынуми, псэ псыхьарэ къару къэмылэнджэжрэ уиIэмэщ уи мурадыр щызэбгъэхъулIэфынур. Ахэр псори къыщыпкIыу бгъэдэлът Бэгъуэтыж Светланэ. Налшык музыкэ училищэр къыщиухри, Саратов дэт консерваторэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Светланэ. Иджыри япэ курсым щIэсу ар хагъэхьащ гуп къыхэхам икIи профессиональнэ сценэм уэрэд щыжиIэн щIидзащ.

         Бэгъуэтыжым ибзыщIыркъым махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу зыгуэрым щапхъэ зэрытрихыр, ар профессиональнэ Iуэху ирехъу е гъащIэ дыдэрауи щрети. Езыгъэджа псори ещIэж, яхуэарэзыщ, вокалымкIэ и егъэджакIуэу щыта, Саратов къэрал консерваторэм и профессор Стрижовэ Ольгэ жиIауэ щытахэр нобэр къыздэсым игу къегъэкIыж. А и цIыхуфIагъыр арагъэнщ Светланэ и теплъэкIи, и зыIыгъыкIэкIи зэкIужу къыщIызэтенар, и нэхэм гуапагъэр къыщIыщIихыр.

         Светланэ зэи зыхиIэтыкIакъым, гулъытэ зыхуригъэщIынуи къилъыхъуакъым, и щхьэм пщIэ хуищIыжрэ цIыхухэм фIыуэ къызэралъагъур и къулеягъэ нэхъыщхьэу псэу мыхъумэ. Сэ зэи слъэгъуакъым абы и мыIуэху зэрихуауэ, зыгуэрым хуэпсэлъауэ. ГъащIэр апхуэдизкIэ кIэщIщи, апхуэдэ Iуэху мыхъумыщIэхэм ар тебгъэкIуэдэну гупыкIыгъуейщ. Ар фIы дыдэу къыгуроIуэ ди ныбжьэгъум. Псори дэзыхьэх нэгъуэщI зы хьэли хэлъщ Бэгъуэтыжым: егъэлеяуэ гушыIэрейщ, гукъыдэж имыIэми ар Iэзэу щIехъумэф. ГуфIэр и нэгум къищ зэпытщ Светланэ, и джэгуалъэ гъэщIэгъуэнхэмрэ и гушыIэ хъуэрыбзэхэмрэ цIыхухэм хэз хъуащи, дыхьэшхыу ахэр зэIэпах. Сытым дежи зэщIэкъуащ, дахэу хуэпащ, и щхьэцыр зыхуей хуэгъэзащ. Шанель Габриель и псалъэхэр плъэмыкIыу уигу къегъэкI Светланэ и теплъэм: «ЦIыхубзым и дежкIэ ныбжьыр нэхъыщхьэкъым: илъэс тIощIым и деж екIуу, илъэс плIыщIым ирихьэлIэу гуакIуэу щытыфынущ, и гъащIэ псокIэ удихьэхыуи къызэтенэфынущ». Пэжщ, абы лэжьыгъэшхуэ и лъабжьэм щIэлъщ: гъэсэныгъэ дахэ зэриIэр, щэнхабзэ куу зэрыхэлъыр, тхылъ куэд зэреджар, и цIыхуфIагъыр, сыт хуэдэ щытыкIэ гъащIэм иримыгъэувами зэрызэпIэзэрытыр.

         Светланэ и хьэл-щэныр фIыуэ къэзыгъэлъагъуэ зы Iуэхугъуэ вжесIэни. УэрэджыIакIуэр сымаджэ хъуат, операционнэ стIолым къытемыкIынкIэ шынагъуэ щыIэу. Тхьэм и фIыщIэкIэ и узыфэр къахутэри, и Iэзэгъуи къыхуагъуэтащ. И уIэгъэр щапхэкIэ и гъын къэзыгъакIуэ уз шэчыгъуейм хэкIыпIэу къыхуигъуэтар гъэщIэгъуэнт: ину Травиатэ и ариер жиIэрт. Отделенэ псом зэхахырт фIыуэ ялъагъу уэрэджыIакIуэм и макъ телъыджэр икIи псори щэхуу тхьэ хуелъэIурт. Апхуэдэущ ар зыхыхьэ гуп псоми фIыуэ къызэрыщалъагъур – Музыкэ театрым, ди республикэм и Къэрал филармонием, Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым, Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и институтым.

         Оперэ гъуазджэм ди республикэм щигъуэтыну гулъытэм егъэгузавэ Бэгъуэтыжыр. Зэуэ сценэм къыщыунэхуу етIуанэ махуэм ящыгъупщэжхэм Светланэ ягъэщхьэжагъуэ. Иригъэджахэр псори ецIыхуж Светланэ, утыку зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ щызыIэрызыгъэхьахэм я зэфIэкIым иропагэ.

         Бэгъуэтыж Светланэ соплъри хьэкъ сщохъу дыщэр дыщэпс зэрыхуэмыныкъуэр. Ауэ къызгурымыIуэр зыщ: сыт къэрал дамыгъэхэр, щIыхьыцIэхэр нэхъыбэу абы щIимыIэр? КъызгуроIуэ ар  бзылъхугъэм и дежкIэ зэрымынэхъыщхьэр, арщхьэкIэ дэ, и ныбжьэгъухэм, абы и гуащIэм и уасэр, ди республикэм и гъуазджэм къыщымынэу, къэралым и макъамэ тхыдэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIар дощIэ, гулъытэ нэхъыбэIуэ зэрыхуэфащэми шэч къытетхьэркъым. Сигу къокIыж Хьэкъул Розэ:  апхуэдиз зи Iэзагъ балеринэр дунейм ехыжащ щIыхьыцIи къыфIамыщарэ и гуащIэр къамылъытауэ. Сыту пIэрэ ар къызыхэкIыр? ЦIыхум и зэфIэкIым десэжрэ, хьэмэрэ абыхэм я талантыр къызэрыгуэкI гуэру къэтлъытэу дыхъурэ? Тхьэм ищIэнщ, ауэ ар захуагъэкъым. ЦIыхур псэу щIыкIэ хуэфащэ пщIэ хуэщIын хуейщ, юбилей гуэррэ махуэ хэхарэ дыпэмыплъэу. Ди гъащIэр зэлъытар, ди жагъуэ зэрыхъунщи, къыщалъхуа махуэщ, нэхъ гухэщIращи, щылIа махуэщ. АрщхьэкIэ къыщалъхуа махуэм е утыкум къызэрихьэрэ илъэс бжыгъэ гуэр щрикъум ехьэлIа пшыхь хэIэтыкIа гуэр хуащIауи къысхуэщIэжыркъым Бэгъуэтыжым. Дэтхэнэ зы лэжьакIуэшхуэри, зэрыхабзэу, зэпIэзэрытыщэщ, ар куэдым я щхьэхуещагъэкIэ къагъэсэбэп. Сыту фIыт Светланэ и гуащIэм дихьэххэм я лъагъуныгъэм и пщалъэр зэрынэгъуэщIыр! Бэгъуэтыжым и уэрэд жыIэкIэр зи гум къинахэр абы уэрамхэм къыщыбгъэдохьэ, и концертхэм щагъуэта гухэхъуэр, и макъым и дахагъэм зэритхьэкъуар къыжраIэ. Аращ цIыхум и къулеигъэ нэхъыщхьэу къыщIэкIынури.

Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.

Поделиться: