Иджыри зы Тэрч хъыбар«Хьэрэдурэхэ я дыхьэпIэжькIэ» зэджэ щIыпIэр къуажэм и курыкупсэрат. Абдеж Хьэрэдурэхэ псори зэрылъэпкъыу щызэхэст. Мы дыхьэпIэр апхуэдизкIэ задэти, цIыхухэри, былымхэри, шыхэри, выхэри екIуэкIыфыртэкъым, цIыхухэм мэкъумэш, гъавэ къызэпрашын щыхъукIэ, выхэм, шыхэм къехьэлъэкIырти, джабэр Хьэрэдурэхэ белкIэ иратIэкIащ, къыщыпкIухьыну нэхъ тынш хъун папщIэ. Хьэрэдурэ Эммэ зэрыжиIэмкIэ, иужьым, мы щIыпIэм Хьэрэдурэхэ я закъуэкъым щызекIуэнур жаIэри, къуажэдэсхэри къадэIэпыкъури, гъуэгу хуащIащ, джабэр джабэшхуэти, я закъуэ пэлъэщыртэкъым. А зэманым хуащIа гъуэгум иджыри щызокIуэ сыт хуэдэ транспорти. А дыхьэпIэм узэпрыкIмэ, адэкIэ гъавэ щащIэу щIы гектар 2000-м нэс щыIэщ къуажэм. ЗэрыжаIэмкIэ, а гъуэгур хуамыщIатэмэ, апхуэдиз гъавэ къызытекI щIыр абдеж щыкIуэдынут. Щокъулхэ, Мэрзейхэ, Дзэгъэлхэ, Хъупэхэ я дыхьэпIэ жыхуаIэ щIыпIэхэми зэрылъэпкъыу зэхэсу, зэгъусэу щыпсэуащ мы лъэпкъхэр, абы къыхэкIкIэ, щIыпIэхэр кърацIыхужу абыкIэ йоджэ къуажэдэсхэр нобэми, ауэ «Сыныжь дыхьэпIэкIэ» зэджэ щIыпIэм сыныжьитI тетауэ аращ, ахэр зейр зыми ищIэркъым, сынхэр зэрытетам щхьэкIэ а фIэщыгъэр къыхуэнауэ аращ. Мыдрей дыхьэпIэхэм лъэпкъ псо щыпсэуамэ, Щокъулхэ ейм зэкъуэшитI щыпсэуауэ аращ жаIэжыр. Щокъул ХьэкIыгу и къуэхэу Хьэутийрэ Хьэтурэ зы унагъуэу щыпсэуауэ аращ. ИтIанэ мыр нэхъ дыхьэпIэшхуэу аращ адрейхэм нэхърэ. «Умар и дыхьэпIэми» Умар цIэр зиIэ щIалэщ щыпсэуар. ЩIалэ цIэрыIуэу щытауэ жаIэж. Мы дыхьэпIэхэр къуажэ кIуэцIым щыIамэ, «ХьэтIыжь и дыхьэпIэкIэ» зэджэ щIыпIэр мэз цIыкIум пэгъунэгъут. Мыбы цIыхухэр чы, бжэгъу кърашыну кIуэхэрт. Мы мэзым чырэ бжэгъурэ нэхъыбэу щIэтт, адрей мэзышхуэм нэхърэ. ХьэтIыжьыр цIыхухъуцIэщ. Мэзыр Iувт, щIыхьэпIэ, гъуэгу, лъагъуэ имыIэу. ХьэтIыжьым мы щIыпIэм жыгыу итыр ириупщIыкIщ, пхиупщIыкIри лъагъуэ хуищIащ, фIэщыгъэр щIратари аращ. «ХьэтIыжь и дыхьэпIэм» чышэ, бжэгъушэ кIуэуэ жаIамэ, гурыIуэгъуэт дэнэ щыIэми, арат къыщалъыхъуэр, зыгуэр къэхъу хъужыкъуэмэ. «ПсыкъепкIэ дыхьэпIэри» зыхуэзэр мэзырщ. Ислъэмей мэзым ущIыхьэмэ, мэз кIуэцIым пэгун щIэбгъэувэ хъууэ псыкъепкIэ иIэу щытауэ жаIэ. А щIыпIэм деж «ПсыкъепкIэ дыхьэпIэкIэ» йоджэ. Иджыри а псыр къыщIэжу жаIэ, ауэ дунейр гъущэу фIэкIа укIуэфыркъым. «Кхъуэпсафэ дыхьэпIэкIэ» зэджэ щIыпIэри мэз лъапэщ. Мы щIыпIэм деж, кхъуэхэр мэзым къыщIэкIрэ псы щефэрэ щIыхьэжу щытауэ жаIэж. Абы къыхэкIкIэ «Кхъуэпсафэ дыхьэпIэ» фIащащ. Мыри къыщыхъуар пасэ зэманырщ. «МывэIуэ» жыхуаIэ щIыпIэм мывэ щыкуэдт, уэшх къешха иужь, мэзымкIэ къежэх псыхьэлыгъуэм къыздрихьэхауэ. А мывэхэм цIыхухэм къахуэIэту хэлъыр зэхуахьэсри зэтралъхьащ, хъурейуэ Iуэм ещхьу, былымыр зэрихьэн лъагъуэ бжэ хуэдэу къагъанэри. Былыму яIэр а мывэм къыхащIыкIа Iуэм ирахуэрти ирагъэтт. А мывэхэм щыщу жаIэ Хьэрэдурэ Шэхьбан къишэу ищIа псынэр къызэрищIыкIар. «Мывэ хьэдзэр» щIыпIэм щIыфIащар мывэ хьэдзэшхуэхэр куэду щызэхэлъти аращ, зэжьэхэуэурэ къыгуэудахэри яхэтщ. А мывэшхуэхэр, нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, уэшх къешха иужь, псыежэххэр къиурти, апхуэдэ мывэшхуэхэр хэлъу мэзымкIэ кърихьэхырт. Мывэхэр инти, къыпхуэгъэхъеинутэкъым, къыпхуэщтэнутэкъыми, а псым къыздрихьэха щIыпIэм къыхэнэрт, къуэкIийм къыдэнэрт. Зэманыр кIуэурэ ахэри щIым хыхьэри нэхъ цIыкIу хъуащ, япэм зы метритI инагъыурэ щытауэ жаIэ. Мэзым щыкIуэкIэ, «Мывэ хьэдзэм» кIуэуэ жаIэрт, щIыпIэ здэщыIэр къращIэн щхьэкIэ. Мэзым фIыуэ укIуэцIрыкIын хуейуэ жаIэ, мы мывэхэр зыдэлъ къуэкIийм унэсын щхьэкIэ, мыбы дэт жыгхэр, къуэкIийр куути, тракторкIи къыпхудэмылъэфурэ ин хъуащ. «Шэдыкъуэ», «Шэдыкъуэ цIыкIу» щIыпIэхэм, къуэхэм псы къыщыщIэжу, мэзымкIэ къежэхри къыхэлъадэу шэд ина иIэу, былымхэр псы щефэу шэдылъэти, нэхъ иным «Шэдыкъуэ», нэхъ цIыкIум «Шэдыкъуэ цIыкIу» фIащауэ а цIэр зэрахьэ нобэми. Шэд итхэр нэхъ цIыкIу хъуащ, ауэ иджыри бдзэжьейхэр къыщаубыду апхуэдэщ. «Шэдыкъуэ цIыкIум», зэрыжаIэжымкIэ, къуажэ исащ. Абы щыхьэт тохъуэ а щIыпIэм къыщагъуэтауэ щыта унагъуэ хьэпшыпхэр. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, иджыблагъэ Кърымым (Керчь) псым лъэмыж щытралъхьэм къыщагъуэта хьэпшыпхэм хуэдэ дыдэщ а «Шэдыкъуэ цIыкIуми» къыщагъуэтахэр. «Сын къуагуэм» и хъыбарыр Хьэрэдурэ Анатолэ зэрыжиIэжымкIэ, пасэ зэманым къуажэм щыщ щIалэ гуэрым нысащIэ къыхуашэну кIуауэ, фызышэр нысащIэр къашэу къыщыкIуэжым, абрэдж гуп къапэтIысри къытеуащ. Зауэр яублэри, зэзауэм щIалэр (щауэр) хэкIуэдащ, абрэджхэм къаукIащ. ЩIалэр щIалэ дахэу, екIуу щытауэ жаIэж, зыщIэжхэм. Абы хуагъэува сыныр зэман дэкIа нэужь гуэудащ. Зыгуэрым гуиудами, езыр къачэу мывэр гуэхуами ящIэркъым, ауэ сыным абы лъандэрэ «Сын къуагуэкIэ» еджэу щIадзащ. Сыныр зыхуагъэува щIалэр зыпIа и адэм, лIыжьым мыпхуэдэу жиIауэ къаIуэтэж къуажэдэсхэм: «Сэ къысщыщIар, си гуауэр зылъэгъуам зэи хамэ бын къихьу иремыпI». АпхуэдизкIэ къегуэуат а щIалэр зэраукIар лIыжьым. Иужьым, колхозым и зэманым, Анатолэ къуажэдэс щIалэ гуп и гъусэу сыныр джэлэжауэ щылъу, хагъэувэжауэ щытащ. Иджыпсту сыныр хэтыжкъым, къыхэхуауэ щылъщ, ауэ а щIыпIэм зэреджэр «Сын къуагуэщ». Хьэлэмэтщ икIи сэбэпынагъ ин зыхэлъщ «Гъуамэжьыкъуэм» теухуа хъыбарри, езы щIыпIэри. Гъуамэ – жиIэмэ, бамэ – жиIэу аращ. «Гъуамэжьыкъуэ» жыхуаIэ къуэм псы тIэкIу ежэхыу, сэрэш (ситник) удз жыхуаIэм хуэдэ къыщыкIыу щытщ, былымми яшхыркъым ар. А шэдылъэм зэпымыууэ мэ Iей къыхихырти, абы щхьэкIэ Гъуамэжьыкъуэ фIащащ, ауэ мы щIыпIэм, зэрыжаIэмкIэ, хущхъуэгъуэ гуэрхэр хэлъщ. Мыбэуэфу, псчэуэ щыт сабийхэр, коклюш узыфэ зиIэхэр а псым деж яшэурэ щагъэбауэрэ, абыкIэ хъужу къалъытэу щытащ. Щытащ жыпIэну мыбдеж тIэкIу къемызэгъ хуэдэу мэхъу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ мыбы сабий куэд игъэхъужащ. Иджыпсту дызэрыт зэманми а щIыпIэм, псым апхуэдэ узыфэ къызэуз сабий сымаджэхэр пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми яшэурэ щагъэбауэ икIи мэхъуж. Псым мэ къыхихыр тхъуэбзащхъуэм (сера) и мэщ. I930 гъэм ди щIыналъэм Астемырей ГЭС-р щагъэува иужь, япэ дыдэ уэздыгъэ щыблар Ислъэмейращ. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, Гувэжокъуэ ТIытIэ жыхуаIэм и анэм и унэм япэ дыдэу токыр къашауэ, уэздыгъэ щыблауэ жаIэ. ЗэрыжаIэмкIэ, япэ дыдэу мыбы къитIысхьари Ислъэмейр аращ. Ар зы уэрэд гуэрым мыпхуэдэу къыхэщу жаIэж: «Мэздэгу тхьэгъушыр япэу къыщеуэм, Ислъэмей шухэр нежьащ». Мыр зыхуэзэр I764 гъэрщ, Мэздэгур къыщитIысхьар, ар щыхьэт тохъуэ Ислъэмейр япэу къитIысхьауэ зэрыщытым. Арати, ГЭС-м кърашри телефон пкъо метр 50 къэс зы хатIэурэ ток къашауэ щытащ. А зэманым Тэрч районым и унафэщI, исполкомым и Iэтащхьэу щыта Гувэжокъуэ ТIытIэ жыхуаIэр къуажэм щыщти, япэ дыдэ, абы и фIыгъэкIэ, токыр къуажэм къригъэшауэ аращ. Токыр къызэраша пкъохэм телефон пкъот зэреджэхэри, ар къызэраша къуэм фIащауэ щытащ «Телефоныкъуэ». Телефонри токри а зы пкъом кIэращIауэ щытащ зэгъусэу. Тхуей пкъорэ бжей пкъорэ Ислъэмей мэзым къыщIашри абыкIэ къашащ, кIапсэр абы иращIэри. Жыгей пкъоитIым я кум тхуей пкъо е бжей пкъо дэту ящIырт, нэхъ быдэ хъун папщIэ (жыгейр илъэсищэкIэ мыфу жаIэрти). Зыгъэхьэзырар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться:
Читать также:
27.11.2026 - 12:41 →
Адыгэ дэшхуейхэм я щIэин
24.11.2026 - 14:30 →
Зыужьыныгъэр я плъапIэу
20.11.2026 - 14:26 →
ПсэукIэм зрагъэужьырт
19.11.2026 - 16:38 →
КъуажитI - зы тхыдэ
09.11.2026 - 17:44 →
ЩыIащ апхуэдэ хабзи
| ||




