Унагъуэ ихьа бзылъхугъэм ехьэлIа хабзэхэр

Илъэс щэ бжыгъэ ипэкIэ ди хэкум щыхьэщIахэм яфIэтелъыджэу ятхыжу щытащ адыгэ бзылъхугъэхэр зэрыдахэр, абыхэм гъэсэныгъэшхуэ зэрахэлъыр, нэмысышхуэ хуащIу зэрыщытар. Ар къызыхэкIыр фIагъыу яхэлъ псори къыдалъхуауэ аратэкъым, атIэ, ахэр IэпкълъэпкъкIэ зэкIуж защIэу щытауи дощIри, куэд елъытат къызыхэхъуа унагъуэмрэ лъэпкъымрэ гъэсэныгъэу къратым.

Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и лэжьакIуэ Гъут Лянэ зэритхымкIэ, дунейм къыщытехьам щегъэжьауэ адыгэ хъыджэбзхэр яущийрт, хуаузэщIырт хьэл-щэныфIэу, Iэ щабэ-Iу щабэу, гъэщыпкъауэ, унагъуэ зехьэнкIи IэкIуэлъакIуэхэу, Iуэху зэфIагъэкIынкIи шэрыуэхэу, цIыху хэтыгъуэми щэныфIэрэ бзэ IэфIу щытыным. А псори къыхалъхьэрт гуащэ-хьэпшып щыджэгухэм щегъэжьауэ, пщащэр унагъуэ ихьа иужькIэ къыхуэщхьэпэн хуэдэу. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм псалъэжь яIэщ: «Къэзылъхуар мэупIэри, зымыпIам хуолажьэ». Абы къикIыр бзылъхугъэр къызыщыхъуа унагъуэр абы и гъэсэныгъэм куэду егугъуу зэрыщытаращ, балигъыпIэ иувэу хамэ унагъуэ ихьа нэужь къэзылъхуар имыгъэщIэхъун хуэдэу.

Гъэсэныгъэм ехьэлIауэ мыпхуэдэ псалъэжьи щыIэщ: «Шэхур хуабэу яхуз, фызыр щIалэу ягъасэ». Адыгэ Хабзэм и пкъыгъуэхэр зэхуэзыхьэсыжа ди нэхъыжь лъапIэхэм ящыщщ щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, МафIэдз Сэрэбий, Бгъэжьнокъуэ Бэрэсбий, Гъут Iэдэм сымэ.

Нысэмрэ гуащэмрэ я зэхущытыкIэр зыкъомкIэ ещхьщ пхъумрэ анэмрэ я Iуэхум. Ауэ нысэр унагъуэм щыщ щыхъуа махуэм щегъэжьауэ ар хуаущийрт унагъуэр зэрызэрихьэным, абы илъ хабзэмрэ зэхущытыкIэхэмрэ зэрихъумэным, фIыуэ щIэлъыр зэригъэбэгъуэным, унагъуэ кIуэцI Iуэхухэр и гуащэм къыIэпихыу, пIалъэр къыщысым деж езыр унэгуащэ къалэным зэрыпэрыувэным. Дауи, бзылъхугъэ нэхъыжьу зыущиймрэ нысащIэмрэ зы пэш зэдыщIэсыну емыкIу хэлътэкъым, а тIум Iэджи фIыкIэ зэIэпахын хуейт.
Ауэ тхьэмадэмрэ нысэмрэ я Iуэхур тIэкIу нэгъуэщIу зэхэлът.

Унагъуэ ихьа бзылъхугъэм и тхьэмадэр абы занщIэу къытехьэртэкъым, а тIур зы пэш щызэIущIэхэртэкъым икIи зэпсалъэртэкъым, зыгуэркIэ зы пэш кIуэцI щызэхуэзами, ауэ щызэблэкI мыхъумэ зэдыщIэстэкъым. Тхьэмадэм нысэм псынщIагъэ гуэр дилъэгъуамэ е игу иримыхьын гуэр ищIэу илъэгъуамэ, ар езыми жриIэртэкъым, техьэнуи хуепIэщIэкIыртэкъым, унагъуэм щыщ зыгуэр щIэупщIэу Iуэхур зытетыр къищIэху. ИтIанэ а щIэупщIар къигъэсэбэпырти, мис мыпхуэдэ хьэлыр сигу иримыхьу дэслъэгъуащ, жиIэрти нысэм зэхригъэхыжырт. Мыбдежым щIагъыбзэ дахэри шэрыуэу къагъэсэбэпу зэрыщытар псалъэжьу къэнэжащ: «КъедаIуэ сипхъу, зэхэщIыкI си нысэ», - жиIэу. Апхуэдэу нысэм ираIуэкIырти, абы и щыуагъэ-гъуэщагъэр зэригъэзэхуэжа нэужь, хьэл-щэн мыхъумыщIэу жыхуаIар зыхиныжа нэужь тхьэмадэр нысэм техьэрт. НысащIэр унагъуэм зэрихьэрэ мазэ зыбжанэ ирикъуа нэужь, тхьэмадэр нысэм фIыуэ кIэлъыплърэ, нэмыс, укIытэ, гъэсэныгъэ хэлъу дилъагъумэ, игъуэ хъуауэ къилъытэмэ, тхьэмадэр и Iыхьлы-благъэхэм еджэрти, Iэнэ яхузэщIиузадэрт. Абдежым абы, зэрыхабзэу, нысэм техьэпщIэ-псалъапщIэу саугъэт хуищIырти, итIанэ зэтехьэхэт. Абы щегъэжьауэ нысэмрэ тхьэмадэмрэ зэпсалъэу икIи зэрылъагъу хъууэ щытащ. Ауэ абы щыгъуэми щIэх я жьэр зэсэртэкъым, уэршэрэгъу кIыхь зэдэхъуртэкъым.

Фызыжь нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, илъэс зыбжанэкIэ я тхьэмадэхэр къащытемыхьа щыIащ. Нысэр тхьэмадэм игу иримыхьыххэу, дэпсэлъейуэ, хабзэмыщIэу дилъэгъуамэ, е езы лIыжьыр ябгэIуэу къыщIэкIамэ, зэи щызэтемыхьи къэхъурт.

Пасэрей адыгэ унэхэм щIыхьэпIэу тIу яIэу щытащ: зыр гуащэ-тхьэмадэм къагъэсэбэпу, адрейр нысащIэм къигъэсэбэпу. Ар ящIу щIыщытар гуащэ-тхьэмадэмрэ нысэмрэ куэдрэ зэхуэмызэн, я жьэрэ къызэрыгуэкI псэлъафэхэрэкIэ щIэх зэмысэн щхьэкIэт. Апхуэдэ хабзэм къикIыр нысащIэр ягъэпуду хьэмэрэ зэрамыпэс хуэдэ защIу аратэкъым, атIэ гуащэ-тхьэмадэм зэман яIэт я нысэм кIэлъыплъыну, и Iуэху щIэкIэр, и дуней тетыкIэр, и хьэл-щэнхэр зрагъэщIэн папщIэ. НысащIэ къашагъащIэри унагъуэм нэхъ тыншу есэрт, абы къыщекIуэкI хабзэхэри зригъащIэрт. Мис арат а хабзэр адыгэхэм зэрахьэу щIыщытар.

Пасэ зэманым нысащIэ къашагъащIэм илъэскIэ Iуэху хьэлъэ ирагъащIэу щытакъым. Нысэр цIыхубз Iуэху дэтхэнэми нэхъ теубыдауэ еувалIэу щыщытар япэу псыхьэ кIуа нэужьт. АтIэ, нысащIэр япэ дыдэ псыхьэ щыкIуэм деж Iэмал зимыIэу ябжырт Псыхъуэгуащэм пщIэ хуищIыр игъэлъэгъуэну. Абы дауэдапщэ цIыкIу гуэрхэр ехьэлIат.

Псыхьэ ежьэным ипэкIэ нысащIэм саугъэт зыкъом игъэхьэзырырт: чысэ цIыкIу, пэрылъэщI бэлътоку цIыкIу, IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIыгъужу. НысащIэм пхъэхьыр и дамэм телъу къежьэрт. Псым нэблэгъауэ адрейхэр къэувыIэрти, нысащIэм и закъуэ япэ ирагъэщырт. Ар псыежэхым, е псынащхьэм бгъэдыхьэрти, къригъэхъуэн ипэкIэ дахэу шхыныгъуэхэмрэ IэфIыкIэхэмрэ псы Iуфэм мывэ гуэрым трилъхьэрт, Тхьэм елъэIурт.

ЦIыхубзыр зэи цIыхухъу Iуэхум хэпсэлъыхьыртэкъым, цIыхухъухэри цIыхубз Iуэхум хэIэбэ хабзэтэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Къэзанокъуэ Жэбагъы лейуэ жиIакъым: Жылэм ягъэпуда лIыр фызым къыдехыжыфри, фызым игъэулъия лIыр зэрыжылэу яхуэгъэкъэбзэжыркъым, - жиIэу. ЦIыхухъум пщIэуэ иIэныр ар щхьэгъусэм зэрыхуэузэдым IэджэкIэ елъытат. Пасэ зэманым нобэ хуэдэу куэду хьэпшып ящэртэкъым – цIыхухэм нэхъыбэу зэрахьэр езыхэм ядыжа хьэпшыпт. Абы къыхэкIкIэ, адыгэ бзылъхугъэхэр дэрбзэрыным хуэмыIэзэныр икIагъэу ябжырт. Абыхэм ящIа цейр пкъым хуэфIыпст, яда джанэр тIэпIыжыртэкъым, я Iэм къыщIэкIа хьэпшыпыр быдэт, егъэлеяуэ дахэт, гъэщыпкъат. ЦIыхубзхэм щIагъщIэлъ, джанэ, гъуэншэдж, фащэ къудейтэкъым ядыр, абыхэм къэптал, пыIэ, лъей, гуэншырыкъ хуэдэхэри ящIырт. Бзэпс быдэ икIи дахэ зыщIыф бзылъхугъэр, уагъэ-щагъэ екIукIэ хьэпшыпхэр зыгъэщIэращIэр, блэкIрэ пэт зэрыжаIэу бзыпхъэ тезыхыфыр хэку псом щагъэлъапIэу цIэрыIуэ хъурт.

Бзылъхугъэм сабий къыщIэхъуамэ, дауи, ар и быныр зыхуей хуигъэзэфу IэкIуэлъакIуэу зэрихьэу щытын хуейт. ЦIыхум цIыкIу щIыкIэ зыхилъхьа хьэл-щэнращ гъащIэм и кIыхьагъкIэ къыхуэщхьэпэжыр. Анэм и дерст сабийр иущиину, и лъэпкъ къызыхэкIар фIыуэ илъагъуу, хабзэмрэ нэмысымрэ илъытэу, нэхъыжьми нэхъыщIэми пщIэ яхуищIу, цIыху пэжу дунейм тетынымкIэ. Сабийхэм гъэсэныгъэ бгъэдэзылъхьэу щытар нэхъыбэу анэмрэ анэшхуэмрэщ. Сабий ныбжьым икIа нэужь щIалэ цIыкIухэр цIыхухъу нэхъыжьхэм я IэмыщIэ щихуэм ирихьэлIэу абыхэм къыхалъхьагъэххэу лъабжьэ щыпкъэ яIэ хъурт.

Зыгъэхьэзырар Фырэ Анфисэщ.

 

Поделиться: