ЗэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ

УФ-м и Правительствэм и саугъэтым и лауреат, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща, Адыгэ Республикэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и къэрал ансамбль «Ислъэмейм» къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр адыгэхэм я лъэпкъ уэрэдхэмрэ къэфэкIэхэмрэ къэгъэщIэрэщIэжынырщ, ахэр хъумэнырщ, ди щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ дуней псом хэIущIыIу щыщIынырщ. 
«Ислъэмейр» Адыгейм и щэнхабзэр зыгъэдахэ гуп екIущ жыпIэныр мащIэщ. Урысейм и макъамэ щэнхабзэр зэрыщыту къапщтэми, абы хуэдэ ансамбль гъуэтыгъуей хъунущ. Апхуэдэу жытIэну дыщIытегушхуэм щхьэусыгъуэ пыухыкIа иIэщ. Ансамблым макъамэм и унэтIыныгъэ куэд къегъэсэбэп, абыхэм нобэрейм и теплъэ гуэрхэр иритми, лъэпкъ уэрэдым и купщIэр игъэкIуэдыркъым. Ар зыхузэфIэкIыр нэхъ лъэщыр аракъэ?!
ГъуэгуанэфI къызэпызыча ансамблым зыкъыщигъэлъэгъуащ Урысей, Тырку, Иордание, Израиль, Алыдж, Инджылыз къэралыгъуэхэм, щIэх-щIэхыури ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэщIэ лъапIэщ. Ансамблыр фестиваль куэдым я лауреат хъуащ. ДэнэкIэ еблагъэми, «Ислъэмейм» гуапэу къыщыIуощIэ, игъэзащIэ уэрэдхэмкIэ сыт хуэдэ лъэпкъым щыщ цIыхуми и псэм, и гущIэм носыф. Абы къегъэлъагъуэ и лэжьыгъэр цIыхубэм я дежкIэ уасэ зимыIэ хъугъуэфIыгъуэ зэрыхъуар. 
Уэрэдрэ къэфэкIэ зэмылIэужьыгъуэу мы гупым 200-м нэблагъэ егъэзащIэ. Абыхэм яхэтщ ансамблым и унафэщIым зэхилъхьахэри (рондо, элегие, вариацэ, н.). Гупым и унафэщIыр Нэхей Аслъэн Къасым и къуэрщ. Ар Адыгейм и композитор цIэрыIуэщ. Макъамэ унафэщIыр КъБР-м, Адыгейм щIыхь зиIэ я артисткэ Лъыцэр Светланэщ, хормейстерыр - Адыгейм щIыхь зиIэ и артисткэ Агъыржэнокъуэ Саниятщ, балетмейстерыр - Хьэжы Аслъэнщ.
Нэхей Аслъэн къыщалъхуащ икIи къыщыхъуащ Теувэж районым хыхьэ Джаджэхьэблэ къуажэм. 1976 гъэм абы къиухащ щэнхабзэм щыхурагъаджэу Краснодар дэт институтыр. 1978 гъэм Тбилиси къэрал консерваторием Аслъэн щIэтIысхьэри, ехъулIэныгъэ иIэу 1983 гъэм къиухащ. Щэнхабзэм япэ лъэбакъуэ абы зэрыхичар джаз-гитаристущ.
Нэхейм зэхилъхьащ «Раскаты далекого грома» япэ лъэпкъ оперэр, апхуэдэуи симфоние макъамэ инхэр, уэрэд купщIафIэхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Аслъэн и жэрдэмкIэ Адыгейм къыщызэIуахауэ щытащ республикэм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр, абы и правленэм и унафэщI IэнатIэр иIыгъащ 1992 - 1996 гъэхэм.
Шэч хэмылъу, Нэхейм и творческэ ехъулIэныгъэшхуэщ 1991 гъэм абы утыку къриша «Ислъэмей» ансамблыр. Зэрынэрылъагъущи, нобэ ар зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ гупщ.
Ансамблым Налшык щIэх-щIэхыурэ концертхэр щет. Сэри срихьэлIат гуп цIэрыIуэм и зы пшыхь. Ар щыщIидзэнум и пэ къихуэу, гупым и унафэщIым журналистхэм къыджиIат: «ЦIыхум я гум дынэсрэ къытщыгуфIыкIмэ, абы нэхъ фIыгъуэ щыIэкъым. Ди программэм хэтщ лъэпкъ макъамэр лъабжьэ зыхуэхъуа лэжьыгъэ инхэри иджырей мардэм къигъэзэгъа уэрэдыфIхэри. Ахэр псори зэрыдгъэзащIэр ди лъэпкъ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэщ. Ди дежкIэ нэхъыщхьэр, зэрыжысIауэ, цIыхум дызыхащIэнырщ, ди Iуэхур къыддаIыгъынырщ.
Налшык Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэм и утыкур а пщыхьэщхьэм игъэлыдат Нэхейм и ансамблым. Пщащэхэр псым ес къыу хужьу, щIалэхэр къуданрэ уардэу… Пшынауэ-бэрэбэнауэхэр-щэ?! Егъэлеяуэ псори телъыджэт… 
 «О чем плакала скрипка» нарт симфониемрэ Хьэгъэуджым и «ЗэхуэкIуэ» рапсодиемрэ дахэу ягъэзащIэ КъБР-м, Адыгейм щIыхь зиIэ я артистхэу Лъыцэр Светланэ, Къумыкъу Шамсудин, Адыгейм и цIыхубэ артисткэ ХъуакIуэ Сусаннэ сымэ.
Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ МэшбащIэ Саидэ «Къазбэч-уджыр» и макъ дахэкIэ иришэжьа нэужь, уи гум зегъэпсэху. Щхьэхуэу тепсэлъыхьын хуейуэ къыщIэкIынщ «Раскаты далекого грома» лъэпкъ оперэм. Абы Нэхей Аслъэн къыщигъэлъагъуэр XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм Бзиикъуэ деж щекIуэкIауэ щыта зауэрщ. Къулейсызыгъэм къиша зауэ гуащIэм и тхыдэщ оперэр, цIыхубэмрэ пщыхэм я зауэлIхэмрэ я зэпэщIэувэныгъэщ зытеухуари. Акузэ и партиер егъэзащIэ Кубань консерваторэр къэзыуха Дыгъужь Iэсият, Хьэгъурым ейр - Адыгей Республикэм щIыхь зиIэ и артист Гуазэ Тимур. «ЗэхуэкIуэ», «Удж-хъурей», «Ислъэмей», «ХьэпащIэ и уэрэд» - мы ансамблым сыт утыку кърихьэми щIэщыгъуэщ. 
«Ислъэмейм» нобэ и гъуэгу хишыжащ, сыт хуэдэ лъэпкъми фIэгъэщIэгъуэнын хуэдэу. Гупым и унафэщIым къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр адыгэ лъэпкъым щэнхабзэ лъэщ зэриIэр псоми къаригъэщIэнырщ. Абы къызэрилъытэмкIэ, макъамэмрэ уэрэдымрэ лъэпкъым и псэщ, аращ ди уэрэдыжьхэр дуней псом щагъэIуну щIыхущIэкъур.
Нэхей Аслъэн щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зэрызригъэужьым, лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр зэригъэбыдэм къыхэкIыу, КъБР-м и цIыхубэ артист цIэ лъапIэр фIащауэ щытащ.  
Ансамблым и зэфIэкIым куэд топсэлъыхь. Абыхэм ящыщ зыбжанэ къыфхудохь:
ХьэIупэ ДжэбрэIил, композитор: «Ислъэмейм» и концертыр сюитэ дахэу тхащ, абы уэрэдымрэ къафэмрэ я симфониекIэ уеджэ хъунущ. Нэхей Аслъэн и макъамэм жанрыщIэхэр къыщытхузэIуех, ахэр щIэщыгъуэщ, гур хэзыгъахъуэщ».
Уэхъутэ Александр, КъШР-м щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ Хасэм и унафэщI: «СыщогуфIыкI Нэхей Аслъэн хуэдэ композитор Iэзэ, Адыгей Республикэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и къэрал ансамбль «Ислъэмей» лъэщыр зэрыдиIэм. Абыхэм я макъ зэхэсхыну, я къафэ телъыджэхэр слъагъуну си дежкIэ гухэхъуэщ. БлэкIа жыжьэмрэ нобэреймрэ зэпызыщIэ макъамэхэр зыхъумэ гупым фIыщIэ хузощI».
 Эмрэ Дундар, тырку композитор: «Ислъэмейм» макъамэкIэ ди гущIэм къехьэс щэнхабзэм и купщIэр. Адыгэ уэрэдыжьхэр абы щигъэзащIэкIэ IэмалыщIэхэр къигъэсэбэпми, зыужьыныгъэ ярит фIэкIа, и мыхьэнэм зригъэхъуэжыркъым. Гупсысэ куум ухэзышэ макъамэхэр гум йохуэбылIэ. Сыт хуэдэ ехъулIэныгъэ ансамблым зыIэригъэхьами хуэфащэ дыдэщ».
Уджыхъу Ихьсан (Германие): «Къэрал куэдым сыщыIащ, лъэпкъ ансамбль Iэджи зэзгъэлъэгъуащ, ауэ, «Ислъэмейм» хуэдэ зыщIыпIи сыщрихьэлIакъым. Гупым и унафэщIми и артистхэми я зэчийм уохъуапсэ. Уэрэдымрэ къафэмрэ лъэпкъым и бзэщ, и тхыдэщ. Дауэ уримыгушхуэнрэ гум хыхьэ уэрэдкIэ ансамбль къыщыпхуэупсэкIэ?! Ди щэнхабзэр дахэщ, ар зыгъэлъагъуэ «Ислъэмей» гупри телъыджэщ!».
 

 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: