Энгельс гуащIэрыпсэухэм япэгъунэгъут

Совет лъэхъэнэм псэуахэм я дежкIэ марксизм-ленинизмэм и классикхэр тхьэпэлъытэ гуэрхэм хуэдэт. Iустазхэм я закъуэтэкъым, атIэ сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэт: я хабзэкIи дуней тетыкIэкIи. Ульянов (Ленин) Владимир теухуауэ, дауи, нэхъыбэ тщIэрт. Псалъэм папщIэ, революцэ зэщIэхъееныгъэм хэт и къуэш Александр и щхьэр зэрыпалъар, езым аттестатым зыплI закъуэ имыту (къыхуэзыгъэувари и адэм и лэжьэгъурт, ПIалъэкIэ щыIа правительствэм и Iэтащхьэу щыта Керенский Александр и адэрт) курыт еджапIэр къызэриухар, нэгъуэщI куэди. Маркс Карл пхъу куэд зэриIам, и щхьэгъусэ Женни нэхъуеиншэу фIыуэ зэрилъэгъуам теухуауэ зыгуэрхэр тщIэрт, ауэ Энгельс Фридрих и гъащIэм ехьэлIауэ зыми дыщыгъуазэтэкъым. Ар ябзыщIми ярейт. Абы щыгъуэми, ар хуабжьу цIыху телъыджэу, псори зыщIигъэхьэу псэуащ. Уеблэмэ, ягъэщIагъуэ и мылъкур зэрихьэни, революцэр игъэхьэзырынми, тхылъхэр итхынми, абыхэм къадэкIуэу цIыхухэм гулъытэ яхуищIынми хунэсу зэрыщытар.
1820 гъэм къалъхуа Энгельс Фридрих тхъэжу псэуну Iэмал псори иIащ. ЩэкIхэр щызэIуащэ IуэхущIапIэ ин зиIэ я адэ Фридрих (и адэм и цIэр къуэм фIащыжат) и бынибгъури зыхуей ягъуэту къигъэтэджащ. Фридрих ныбжьыщIэр япэщIыкIэ и унэм щрагъэджащ. Ар дихьэхырт макъамэми, спортми, щIэныгъэми, езыр сыт щыгъуи нэжэгужэт. ЩIалэ гурыхуэм бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр тыншу зригъащIэрт, усэхэр итхырт, и прозэр Iейтэкъым. Егугъуамэ, абы тхакIуэ е усакIуэ къыхэкIынут. АрщхьэкIэ и адэм абы хуимурадхэр нэгъуэщIт. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу и ныбжьыр илъэс 17 ирикъуа иужь къыхуигъэуващ гимназием къыщIэкIыу езым и фабрикэм щылэжьэну. Адэр хуейт Iуэхухэр зезыхьэфыну цIыху акъылыфIэ.
 Фридрих хьэрычэт лэжьыгъэм зыкIи дихьэхыртэкъым, арщхьэкIэ и адэм пэувыфынутэкъым. Арати, Бремен и сату школым щIэтIысхьэн хуей хъуащ. АрщхьэкIэ дэзыхьэх нэгъуэщI Iуэхухэри IэщIыб ищIакъым. Абы и тхыгъэхэр Штуттартрэ Аусбургрэ я газетхэм къытехуэу хуежьащ. Энгельс шэрыуэу икIи удихьэхыу тхэрт. Абы къыдэкIуэуи хъыджэбзхэмкIи еплъэкIырт. Пэжу, лъагъуныгъэ нэсым ар щиубыдар Инджылызым кIуа иужькIэщ.
1842 гъэм Фридрих япэ дыдэу Манчестер илъэгъуащ. Ар абы кIуат я адэм и IуэхущIапIэшхуэм и къудамэм унафэ щищIыну. А зэманым ирихьэлIэу Фридрих лIыпIэ иуват: дзэм къулыкъу щищIат, универстетым щеджат.
Фабрикэм къыщицIыхуащ хъыджэбз зэкIуж Бернс Мэри. Ар занщIэу Фридрих игу ирихьащ, езы Мэри къыщыхъурт мо щIалэ зэкIужыр уафэм къехуэхауэ. ЖиIэми едаIуэрт фIэхьэлэмэту: Энгельс абы ирихьэлIэу щIидзакIэт езым и гъащIэ гъуэгур пхришу. Мис а мыгувэу дунейр къызэзыгъэдзэкIынур, икIи «пролетариат», «коммунизм», «революцэ» псалъэхэм псэ яхэзылъхьэнур. Мэри Фридрих цеххэм къыщришэкIырт, гуащIэрыпсэухэм я Iуэху зыIутым щыгъуазэ хуищIырт. Ауэрэ, фIыуэ зэрылъэгъуащ.
Дауи, Мэрирэ Фридрихрэ къызыхэкIахэр зэхуэдэтэкъым. 1821 гъэм къалъхуа Бернс пролетар дыдэт. Мэри илъэсибгъу ныбжьым иту мыбы лэжьэн щыщIидзат икIи Энгельс къыщыкIуам щыгъуэ псоми щыгъуазэт. Iей зигу имылъ хъыджэбз дахэм фабрикэр зейм и къуэм хуиIуатэрт къызэрыгуэкI лэжьакIуэхэм лейуэ ятехьэр зыхуэдизыр. ИужькIэ Энгельс тепщэ гупым яхуиIа лъагъумыхъуныгъэм къежьапIэ хуэхъуари арагъэнущ. Абы и фIыгъэкIэ Энгельс 1845 гъэм итхащ «ЛэжьакIуэбэм Инджылызым щаIэ щытыкIэр» лэжьыгъэ хьэлэмэтыр. ИужькIэ Мэри и деж къыщищIа псори абы хуиIуэтэжащ иджыри къэс пролетариатымрэ абы и хъуэпсапIэхэмрэ щIагъуэу хэзымыщIыкIа Маркси. Арати, «Капитал» цIэрыIуэми хэлэжьыхьауэ жыпIэ хъунущ а хъыджэбз лъагъугъуафIэр: марксистхэм лъабжьэ псори яIэщ Мэри фэеплъ хуагъэувын папщIэ.
 АрщхьэкIэ ипэжыпIэкIэ зэщхьэгъусэ хъуами, Энгельс идакъым абы нэчыхь хуригъэтхыну. Абы игъэвур лъагъуныгъэ щхьэхуитырт икIи нэчыхьыр ипэ итахэм къащIэна щIэин мыхъумыщIэу къилъытэрт. Уеблэмэ Мэри игъэпщкIурт. Апхуэдэ дыдэу Фридрих сыт щыгъуи фIэфIт цIыхубз дахэхэм якIэлъыкIуэн. Ахэр куэдыкIей хъурт. Ауэрэ и гур бгъэдэкIыу хуежьащ. Абы щхьэусыгъуэ иIэт: Мэри фадэм дихьэхат. Энгельс ар хыфIидзэфынутэкъым, ауэ Мэри и шыпхъу нэхъыщIэ Лиззи дахэри блигъэкIыфынутэкъым.
1853 гъэм Мэри лIащ. Зэрыкъуэншар къызыгурыIуэж Энгельс ар дунейм ехыжын ипэкIэ игъэзэщIащ къызэрелъэIуауэ щытар: нэчыхь хуригъэтхащ.
ИужькIэ Фридрих Лиззи дэпсэуащ. Ар хуейт нэчыхь. Ауэ абыи ар щыхуригъэтхар цIыхубзыр лIэным гъунэгъу хуэхъуауэщ.
 Лиззи дунейм ехыжа иужь Энгельс афIэкIа фыз къишэжакъым. Абы хуабжьу и жагъуэ хъужат фIыуэ илъэгъуа цIыхубзитIри насыпыфIэ зэримыщIыфар.
Ауэ абыкIэ дгъэкъуаншэ хъуну дэ марксизмым и классикыр? Езыми фIыуэ илъагъуу щытащ ахэр. ЗэрыхузэфIэкIкIэ.
 

 

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: