ЦIыхур зэрагъэунэхур…
ГъукIэ-Мэремкъул Маринэ и новеллэхэм гъащIэм лъэныкъуэ куэдкIэ ухагъаплъэ, абы къытхуигъэув упщIэхэм я жэуапхэри къыщыбогъэт. Нэхъыщхьэращи, мы бзыъхугъэм и тхыгъэ кIэщIхэм узыщIагъэгупсысыж, сыт хуэдэ Iуэхуми фIы гуэр къызэрыхэпхыным ухуаущий. «ЦIыхур зэрагъэунэхур» новеллэр ди гъащIэ зэхэтыкIэм и гъуджэщ, куэдым абы зыкъыщацIыхужынущ.
Къалэ гъуэгур бгъуфIэщ, дахэщ, нэхущ. Гъатхэ дыгъэм и къуэпсхэр абы и уэздыгъэщ, удз гъэгъахэмрэ псыутххэмрэ ягъэщIэращIэ. Балигъхэм, щIалэгъуалэм, сабийхэм я дыхьэшх макъкIэ гъэнщIащ уэрамыр. Ауэ абы ирикIуэ цIыху псоми я теплъэм хуэдэу я псэр дахэкъым. Удз гъэгъа гъэщIэгъуэнхэм я гъунэгъуу щыт тетIысхьэпIэхэм язым тесщ хъыджэбзитI. Я теплъэкIэ зэкIужхэщ, нэфIэгуфIэхэщ, ядэбгъуэн щыIэкъым. Ауэ абыхэм я псалъэмакъым уедэIуэхущ апхуэдэу узэрегупсысыр. Япэмыжыжьэу щыт адрей тетIысхьэпIэм тес хъыджэбзым еплъурэ ахэр мэдыхьэшх. - АIей, сыти и теплъэ абы?! И пшэрагъыр-щэ?! ИтIанэми, зыгуэрхэр ешхри щысщ. Тхьэ, абы и пIэм ситмэ, шхыным и лъэныкъуэкIэ семыплъэкIын. Е, абы сэбэп къыхуэхъунур сощIэ сэ! И жьэр зэтедэн хуейуэ аращ. Я псалъэхэр гушыIэ дахэ ящохъужри, тIури ину мэдыхьэшх. А псалъэхэр зыхуэгъэза хъыджэбзым, ауи зэхихаIауэ закъригъэщIакъым. Апхуэдэ хъуэн япэу кърадзу аратэкъым абы, ауэ итIанэми гущIыхьэ щыхъурт. Абы и теплъэм и ныкъусаныгъэхэр зэпхар и узыншагъэрат, сыхьэт бжыгъэ къэс зэрышхэн хуейм нэмыщIа, зэфэ хущхъуэхэм я Iэужьт. Хущхъуэхэм гъащIэр кIыхь ящIырт, ауэ теплъэри зэрахъуэкIырт. А псор цIыхухэм ящIэркъым, дэтхэнэ зыми жепIэуи удэтыфынукъым. Ауэ, абы и псэ къабзэр куэдым щапхъэ яхуэхъунт… - Мо щIалэр-щэ?! – къыпещэ адрей хъыджэбзым. – Абы и нэкIур нэджэIуджэ зэрищIам еплъыт?! Ар зи унэ щIэсыр дауэ къыпщыхъурэ? Жэщу уэрамым ущрихьэлIэмэ – уилIыкIынщ… А псалъэхэр аргуэру дыхьэшх макъкIэ ягъэбыдэж. Ар зэхэзыха щIалэм зыри жимыIэу къахуеплъэкIри – пыгуфIыкIащ, иужькIэ хьэ банэ макъ къэIуауэ къыщымыхъуу, хъыджэбзитIым яблэкIащ. Ауэ, абы и Iэпэр зыIыгъ щхьэгъусэм и плъэкIэ губжьам и гум илъ псори хъыджэбзитIым къагуригъэIуащ. Абы фIы дыдэу ищIэжырт щIалэм и нэкIум тещIыхьа тхыпхъэщIыпхъэхэм я щхьэусыгъуэр. Гъунэгъум я унэм мафIэ къыщыщIэнам, абы щIэсыр илъэситхум ит сабийм и закъуэт. Абы и кIий макъыр иджыри зэхихыу къыщохъу хъыджэбзым. Абы фIы дыдэу ещIэж, зы дакъикъэкIи и щхьэм емыгупсысыжу, мафIэм гъэр ищIа унэм и щхьэгъусэр зэрыщIэлъэдар. Ар псэууэ илъагъужыным и гугъэр хихыжакIэт. Абы и нэкIури, и Iэпкълъэпкъри мафIэм ипхъуэтат, ауэ итIанэми сабийр къригъэлащ. Илъэс бжыгъэ дэкIа нэужь, и нэкIум къытена дыркъуэхэр тхыпхъэщIыпхъэ зэхуэмыдэхэмкIэ щIихъумэу щIидзащ. ХъыджэбзитIым ар ауан ящIами, абы и щхьэгъусэм фIы дыдэу ищIэрт а сурэтхэм ягъэпщкIуа псэм и дахагъэр зыхуэдэр… - ЦIыхур къызэрацIыхур дауэми фщIэрэ фэ хъыджэбз дахитIым? – закъыхуигъэзащ а тIум я псалъэмакъым щIэдэIуа цIыхубзым. Ар абыхэм япэмыжыжьэу щысти, жаIа псор фIы дыдэу зэхихат. - Дауэ къызэрацIыхур? – щIоупщIэ зы хъыджэбзыр. - И жьэмкIэщ, абы къыжьэдэкI псалъэхэмкIэщ. Теплъэм нэр егъэгуфIэ, ауэ псэм къилъыхъуэнур гуапагъэщ, гъэсэныгъэщ, щабагъэщ. Ахэр цIыхум хэмылъмэ, нэри теплъэ дахэм щыгуфIыкIыжынукъым. Дэ дыкъызэрынэнур тщIэркъым, зыми и жагъуэ псалъэкIэ дымыщIмэ нэхъыфIщ… - Пэжщ, къытщыщIыну псор тщIэкъым, ауэ сэ си теплъэр мобы ейм хуэзгъэкIуэнукъым, сыт сымыщIами, - идэркъым итIанэми хъыджэбзым. – Сэ сыапхуэдэ цIыхущ, языныкъуэ Iуэхухэр зэи зэрызмыдэнур фIы дыдэу си ныбжьэгъухэми ящIэ. Ауэ, мы гъащIэм куэд щызылъэгъуа цIыхубз мыщIалэм а псалъэхэр зэрызэхихыу пыгуфIыкIащ: - ГъащIэм цIыхухэр зэригъэунэху хабзэр зыщышынэ IуэхухэмкIэщ! Уэ жыпIэнущ: «Захуэу сокIуэ», ауэ гу лъумытэжу улъэпэрэпэнщ; жыпIэнущ «Апхуэдэу сэ зэи сщIэнукъым», ауэ зэрыхъуари умыщIэу пщIэнущ; «Арыншэу сыпсэуфынукъым», жыпIэнурэ, арыншэуи уи гъащIэ псор пхьынущ. Нэхъ мащIэ жыпIэху, нэхъ мащIэрэ уигъэунэхунущ гъащIэм. Мис ар зыщывмыгъэгъупщэ, - жиIэри цIыхубзыр къэтэджыжащ, псалъэмакъыншэу абы кIэлъыплъ хъыджэбзитIым къахуэгуфIэжри, и гъуэгу теувэжащ.
Поделиться:
Читать также:
05.08.2026 - 16:23 →
Сабийхэм къахуэщхьэпэн защIэщ
03.08.2026 - 19:28 →
Уэрэд
30.07.2026 - 15:08 →
Тхьэпэлъытэ Iуащхьэмахуэ
30.07.2026 - 12:36 →
ЗЫ ТХЫБЗЭ ДИIЭНУ ДЫХУЕЙМЭ
29.07.2026 - 13:27 →
ЛIэщIыгъуэкIэрэ зэIэпахырт
| ||




