Псэм лъэIэс усакIуэ
МахуэлI Нарзан и усыгъэм къызэщIеубыдэ цIыху зэхущытыкIи, гуапагъи, псэ хуабагъи, ныбжьэгъугъи, Хэку лъагъуныгъи, анэдэлъхубзэм и IэфIи. ЩIыналъэм и теплъэр гукIи псэкIи зыхещIэ, уеблэмэ езыр абы щыщ дыдэ мэхъури, дыкъэзыухъуреихь дунейм и плIанэпэхэр набдзэгубдзаплъэу къызэхеплъыхь. Къелъагъу и гур къизыгъэгуфIыкI куэд, куэдым гу лъетэ. Лъахэм йопсалъэ, щIыуэпсым IэплIэ ирешэкI, дунейм и хъугъуэфIыгъуэ псори елъытэ. Къуршхэм, мэзхэм, хъупIэхэм, тафэхэм, псыежэххэм, уафэм, дыгъэм, вагъуэхэм я зыщIыкIэхэр зыхещIэ. Мис, лъахэр егъафIэ: Си лъахэу Кавказ къуршхэр зи пшыналъэ! Зи тхыдэр мафIэ бзийкIэ япсыхьа! Къуршыпсхэр псэм къыдыхьэу зыгъэпсалъэ! Усэбзэр анэкъилъхуу зрита! («Адыгэ Хэку») УсакIуэр хуейщ щIыуэпсым и щэхухэм хыхьэну, щыбэуэну, щыгупсысэну. Дунейм и хабзэхэр къелъыхъуэ, упщIэхэр и куэдщ. ГъэщIэгъуэнщ, жэуап зэрыпэмыплъэри: КъэсщIэнт утыкур къащIылъысыр Уэрэд щаускIэ къуалэбзум. КъэсщIэнт псынэпсыр зэгупсысыр ЩыхэлъэдэжкIэ псы нэхъ куум. («Ар сыту нэху икIи щIэщыгъуэ»). Хэкум и «мывэ къэскIэ, и «тхьэмпэ къэскIэ», и «удз къэсыху» фIэхъус ярех, ахэр псори и нэIуасэщ. Зы вагъуэ закъуэм дуней телъыджэ ирещIэкIри, абы дрегъэхъуапсэ: Зы вагъуэ цIыкIу уафэшхуэм къехуэхат. Техуат ар щIылъэм, лъейуэ и къутахуэр. МахуитI зэхуакум губгъуэр къэтIэпIат, ЗэщIищыпэжу вагъуэ бзий лъеяхэр. Вагъуэм и къутахуэхэр жылэу зыщып губгъуэми и IутIыжым хуэдэщ. А щIыпIэм укъихутэныр хъуэпсэгъуэщ, уи псэр пIэпыкIыурэ абыкIэ маплъэ. АтIэ усэм хэт лIыхъужьыр итыхэщ а губгъуэм: Сыхэтщи губгъуэм, сэри нэху къыслъос. Изыбзэ хъуащ нурыпскIэ си къэлътмакъыр. Хьэуам щIэщыгъуэ Iэджи щызэхуос, Къахьэсу си псэм вагъуэм и джэ макъыр. Вагъуэр зи цIыкIуагъым усакIуэм апхуэдизу къару мыкIуэщI иритащи, абы псэ куэд насыпыфIэ ищIын лъокI. Вагъуэ щэщар зытехуа губгъуэр егъэдахэ нэри пэри ихьу. УсакIуэ-сурэтыщI хуэдэщ МахуэлIыр, щIыуэпсым и теплъэр ди нэгум къыщыщIигъэувэкIэ. Девгъэплъыт: Си вагъуэ цIыкIу, си лъахэ… псэр зи Хэку. Уэсэпс щIэщыгъуэр губгъуэм йобзэхэжыр. ИтIани еплъ… иIэжу щхьэж и жьэгу, Пщэдджыжь къэсыхукIэ псэщIэ къахохьэжыр.
Си лъапсэ тIэкIу, си вагъуэ, си дуней! Си губгъуэ щэху. УдзыпцIэм хэлъ си уафэ! Къыслъысу нэху, ситыхукIэ сэ уи куей, ФIэкIынкъым псэр къабзагъэм и унафэ! ЩIыуэпсым пэгъунэгъу цIыхум и псэр зэрыкъабзэм, апхуэдэр дахагъэм зэрителъхьэм и щапхъэщ къэтхьа сатырхэр. «Зы вагъуэ цIыкIу уафэшхуэм къехуэхауэ» зи фIэщыгъэ мы усэм гупсысэу кIуэцIрокI дунейр зэрытелъыджэр, цIыхур насыпыфIэ зыщIыфын хъугъуэфIыгъуэхэр абы зэриIэр, щIыуэпсым гу лъыттэрэ абы дыпыщIауэ дыпсэун зэрыхуейр. МахуэлI Нарзан и усыгъэм къыхощ гъащIэр бужэгъу зэрымыхъунур, дунейм цIыху щхьэхуэр къызэрытехьэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. УсакIуэр зэджэр фIыщ, жиIэр гуапагъэщ, узытригъэгушхуэр псэунырщ. «ЖумыIэ зэи…» усэм а псор къыщыгъэлъэгъуащ. Зы ткIуэпс фIэкIа уи псылъэм къимынами, Гурыщхъуэ бзаджэм уи псэр иумыгъэшх. Къэлъыхъуэ, гугъэ, уи лъэр щезэшами… ТкIуэпс зырызыххэущ къызэрешхыр уэшх.
ЛъэлъэнкIэ мэхъу дунейр зы напIэзыпIэм ЩIиIубэу хъугъуэфIыгъуэу псэм хэлъар. Ухихьэ хъуми гъащIэм и уэрыпIэм, Уи нэгу щIэгъэт псы Iуфэм Iут гъэгъар. ГъащIэм иIэщ IэфIи, дыджи, ущыIуощIэ гуфIэгъуи гуауи. Псэр гугъуехь куэдхэм блокI, цIыхур Iуэхугъуэ минхэм япсыхь, укъэувыIэу ущыгупсысэн Iэджэри къыпхуохуэ. Нэхъыщхьэр гугъуехьхэм уапсыхьарэ, уи гум зэпымыууэ гугъэ илъу упсэунырщ. ГъащIэм и къэхъугъэ псоми уасэ яIэщ. ЦIыху щхьэхуэм ар зэрызыхищIэми сыту куэд елъыта! Напэр къабзэу, псэр хуиту къанэмэ, ар насыпу къелъытэ усакIуэм: Iуэху зепхьэу хъуам, уи бгъэгу илъ дэп къэсыхукIэ Къыхэщ зэпыту зэрыщыIэр пэж, Утыку уитыфмэ, щIылъэм утетыхукIэ Насып бгъуэтащи, Тхьэм уигъэIуэтэж! ГукъэкIыжхэм щытепсэлъыхькIэ, усакIуэм и сатырхэр нэщхъейщ, ауэ купщIэ яхэлъщ. ИгъащIэкIэ уаIумыщIэжыну блэкIам щыщ хъуж Iуэхугъуэхэм ущегупсысыжкIэ, гур абыхэм якIэлъыпхъуэж хуэдэщ. Хуейщ иджыри зэ зыхищIэжыну, щыгуфIыкIыжыну е игъэвыжыну. Ауэ абыхэм къахэнэр гум къиIукIыж псалъэщ. Девгъэплъ «ГукъэкIыжхэр» усэм: ИужькIэ псори мэхъури усэ, Псэм сытхъур пищIэу къэвыжыху, Зы дуней псо хуэдиз гупсысэ Къызат, схьын хуейуэ сыпсэуху, -жи. ЛIыхъужьыр сабиигъуэми IуощIэж, гухэлъри къещIэж, зэгуэр и хъуэпсапIэу щытахэм йогупсысыж. ЗебгъэзэкIыу абыхэм уазэрыIумыплъэжыфым уегъэнэщхъей. Ауэ апхуэдэ гупсысэхэр къыппэплъэхэмрэ уи къэкIуэнумрэ зэран яхуэхъу хъунукъым. Аращ жиIэр усакIуэм: КъыслъэщIохьэжыр си дыгъуасэр, Пщэдейм си фIэщуи сыхуосакъ… Си гукъэкIыжхэр изогъасэр Яхъумэжыну я тэмакъ. УсакIуэм и бзэр зэрыкъулейм тхыгъэхэр нэсу зыхыуегъащIэ. Сатырхэм я лъэужь уиту ухохьэ абы къигъэнэху дунейм. Абы ухэбэкъуэху, псалъэхэр нэхъри къызэрокI, мэтIэпI, мэгъагъэ. ИтIанэ, а дунейм укъыхонэ. ГъащIэр фIыуэ плъагъуу, гугъуехьхэр Iумпэм умыщIу, гуфIэгъуэри IэплIэешэкIыу къебгъэблагъэу. МахуэлIым и «пшэ хужьхэм загъэпсэху», и вагъуэхэм «джэ макъ» ягъэIу, и «уэсэпс щIэщыгъуэр губгъуэм йобзэхэжыр», и «жыгым лъабжьэр щIыхиукIэр щIыгу, къыпыкIэну хуейщи аращ дыгъэ», и «губгъуэм гъавэр щонэщхъей». Усэхэр гум къонэ, псэр нэхъ нэху ящIу, гъащIэм и зэхэлъыкIэм урагъэгупсысу. ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 15:00 →
Унэхэр
10.11.2025 - 13:30 →
И лIыгъэр ноби ящыгъупщакъым
08.11.2025 - 12:52 →
Гупсысэ щIэщыгъуэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр
08.11.2025 - 11:51 →
МЭЗЫТХЬЭ КЪЫДЭУИ!
06.11.2025 - 12:26 →
Литературэ зэпеуэхэм я нэхъ иныр иухащ
| ||



