Шхарэ - Щхьэрэ

Урысей Федерацэмрэ Куржымрэ я гъунапкъэр зыгъэбелджылы Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и нэхъ лъагапIэ дыдэщ Шхарэ бгыжьыр (и уардагъэкIэ псоми ефIэкI Iуащхьэмахуэ ищхъэрэкIэ гъэза Гуэдзэн Шытхырщ зыщхьэщытыр).

Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, Куржым и Сонэ щIыналъэм щежэх псыхэм я нэхъ ин Ингури и къыщIэдзапIэ нэхъыщхьэу къалъытэр Шхарэ – Щхьэрэ Iуащхьэ зэкIэлъыпытым ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и лэдэх куухэрщ. Бгы екIуэкIым ищхъэрэкIэ гъэза и джабэщIхэм зытрагъэщIащ Кавказым и мылылъэ нэхъ кIыхь дыдэу къалъытэ, ди республикэм и Безенги псыхъуэм ищхьэхэмкIэ щыIэ, километр I2-м нэблагъэ зи кIыхьагъыу зэхэжыхьыжа уэсукхъуэ абрагъуэхэм.  

Куржым и къуршхэм я нэхъ лъагапIэ дыдэу ябж Шхарэ Iуащхьэм ипщэкIэ гъэза и джабэщIхэр я хэщIапIэщ бгылъэ щIыпIэхэм нэхъ лъагэ дыдэу щитIысыкIа сонэ жылагъуэу «Ушгули» зыфIащам хыхьэ къуажэхэу Жибиани, Чажаши, Чеибиани, Муркмели сымэ.

ГъэщIэгъуэнщ  

Шхарэ бгы екIуэкIыр къуэладжэ уэххэмкIэ зэпыгъэщхьэхукIащ, езыри лъагапIэ зыбжанэу зэкIэлъыгъэкIуащ (нэхъыщхьэм - метр 5I93,2-рэ, къухьэпIэмкIэ щыIэм – 5068,8-рэ, къуэкIыпIэмкIэ гъэзам 4866,5-рэ я лъагагъщ). ПапцIапIэ нэхъыщхьэм и лъагагъыр 20I0 гъэм къэзыпщытахэм ящыщщ альпинист цIэрыIуэхэу Шон Питеррэ Авдеев Борисрэ, DGPS приемникыр къагъэсэбэпкIэрэ. Шхарэ къэухъуреихьащ зи уардагъэкIэ абы лъэщIыхьэну бгыщхьэхэу «Ушбэ», «Джанги», «Джангуш» зи фIэщыгъэхэм.

Шхарэ, и инагъкIэ къэзыухъуреихь псоми зэрефIэкIым и мызакъуэу, и Iэхэлъахэм щыпсэухэм (сонэхэм) къызэралъытэмкIэ, мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ лъагапIэщ. Ар абыхэм я дежкIэ Тхьэ елъэIупIэщ (и джабэ нэкIуи и щыгуи), дунейм и щытыкIэнур къызэращIэщ, Ингури и псыхъуащхьэхэр «къэзыхъумэщ».

Шхарэ и Iэгъуэблагъэм ущрохьэлIэ зыхуэдэ щымыIэу удэзыхьэх уэсылъэ губгъуэхэми, мылылъэ абрагъуэхэми, къущхьэхъу зыкъизыххэми, а псоми ящхьэщыплъэ мывэ скъар дзакIэжьхэми. Мы щIыпIэр я хэщIапIэщ къурш бжэнхэми, бгъащхъуэжь уардэхэми, Iэщыхъуэхэм яIэщIэкI мэл закъуэтIакъуэу зи щхьэ зыпIыжыфхэми.

Бгыщхьэм ихьэну зезыпщытхэр зэрыузыншэн хуейм нэмыщI, Iуэхуми фIыуэ хащIыкIыу, къарууфIэуи щытыпхъэщ. АрщхьэкIэ, зылъэбгъэкIрэ, Iуащхьэ щыгум укъихутамэ, нэм къыIуидзэнур зэи уигу имыхуж теплъэгъуэщ: Iуащхьэмахуэ уи гупэм къиту, ижьымкIэ зыбгъазэмэ - Кавказ Ищхъэрэр, е нэхъ пэжу жытIэмэ, а лъэныкъуэмкIэ езыгъэзых къуэладжэхэр, псыхъуэхэр уи Iэгу илъым хуэдэщ, сэмэгумкIэ укъеплъэкIыжамэ – Куржыр, нэхъ дгъэбелджыламэ, Сонэм и щIыпIэм ущхьэщытым хуэдэщ.            

  Зэреджэм ехьэлIауэ

         БгъэдыхьэкIэ зыбжанэ щыIэщ. Япэр епхащ куржы-сонэбзэм хэт «чхара» псалъэу «ебгъуанэ» къызэрыкIым. КъызэрыбгурыIуэн хуейуэ зытрагъэчыныхьри «ебгъуанэ лъагапIэ» мыхьэнэр иIэущ. Ар сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, аранэ екIуэкIым ипщэ лъэныкъуэмкIэ (КуржымкIэ) ущыIэу, къухьэпIэмкIэ къыщегъэжьауэ къыщеббжэкIмэ, Шхара и нэхъ папцIапIэ дыдэр ебгъуанэщ.

ЩIыуэпсыр фIыуэ зылъагъухэм яхэтщ щIыпIэцIэр сонэбзэм хэт «шхара» псалъэу «къуэлэн» е «кусэ» мыхьэнэхэр къызэрыкIым къытехъукIауэ къэзылъытэхэри. Къызыхахыр бгым и къырылъэ нэкIухэр зэрызэхэухуэна и пкъыгъуэхэр зэрызэхуэмыдэрщ.

ЩыIэщ щIыпIэцIэр балъкъэрыбзэм хэт «ушхара» псалъэу «зыуэ щымыт», «зэпкърыгуэшыкIа» мыхьэнэхэр къызэрыкIым къытехъукIауэ къэзылъытэхэри. Апхуэдэу щIыхуагъэфащэм и зы щхьэусыгъуэщ езы бгым и щытыкIэу ищхьэкIэ зи гугъу щытщIар.

Къыхэгъэщыпхъэщ, Iуащхьэм зэреджэ «Шхарэ» фIэщыгъэм и пэщIэдзэр адыгэбзэм хэт «щхьэ» псалъэм, и етIуанэ Iыхьэр абхъазыбзэм куэдрэ къыщагъэсэбэп «ра» суффиксым зэрытехуэм къыхэкIыу, щIыпIэцIэр «ЩхьэщылъэгыкI» мыхьэнэм хуэзыгъакIуэхэри зэрыщыIэр.                             

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

Читать также: