Лъэпкъ гупсысэхэр - фэилъхьэгъуэхэмкIэДэтхэнэ хъыджэбз цIыкIуми хуэдэу, Лалинэ щысабийм дэрбзэр IэщIагъэр зы Iуэхугъуэ хьэлэмэт гуэру и нэгу къыщIигъэхьэрт, езыми абы хэлъхьэныгъэ хуищIыну щIэхъуэпсырт. Апхуэдэ IэщIагъэ зригъэгъуэтыныр абы къыщIехъулIар и гурыхуагъэм къищынэмыщIа, и анэ Мадини (модельер цIэрыIуэр) а Iуэхум зэрыхэтыр къэплъытэ хъуну къыщIэкIынщ. Махуэ къэс щэкI зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрыхахыр, IэдакъэщIэкIхэр зэрагъэхьэзырыр и нэгу зэрыщIэкIарщ нэхъыбэу зи гугъу тщIыр. Лалинэ япэ щIыкIэ Налшык къалэм дэт ДизайнымкIэ колледжыр къиухащ. Абдеж дизайнер ныбжьыщIэм «и хъэтIыр» пыухыкIауэ иубзыхуащ - и IэдакъэщIэкIхэм лъэпкъ мыхьэнэ яIэу иджырей гъащIэми къезэгъыу зэрыщытынур. Ещанэ курысым щIэсу Лалинэ и япэ фэилъхьэгъуэхэр игъэхьэзырри, «Подиум» зэхьэзэхуэм и зэфIэкI щигъэлъэгъуэну кIуащ. Езыр щымыгугъами, абы «Pret-a-porter» унэтIыныгъэм япэ увыпIэр къыщихьащ. Зэпеуэм иужькIэ куэд дэмыкIыу нэгъуэщI зы ехъулIэныгъи хъыджэбзым къихьащ - «Русский Силуэт» зэхьэзэхуэм кърикIуар къызэщIакъуэжа нэужь, Сан-Францискэ щекIуэкI Reve Creative гъэлъэгъуэныгъэм хэтыну абы Iэмал иратащ. - Лэжьыгъэр къызэхъулIэу сщIэмэ, нэхъыбэжу абы си къарур есхьэлIэфынущ, - жеIэ дизайнер ныбжьыщIэм. - Илъэс 17 сыщыхъум нэхъ тегушхуауэ зеспщытащ фэилъхьэгъуэхэр къэгупсысыным. Сурэт щIынми сызэрыцIыкIурэ сызэрыдихьэхыу щытар къысщхьэпэжри, си IэдакъэщIэкI хъуну лэжьыгъэхэм тхыпхъэхэр си нэгу къызэрыщIыхьэм хуэдэу тесщIыхьын щIэздзащ. Джинс щэкIым къыхэщIыкIа курткэхэм лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ сурэтхэр тызощIыхь: адыгэ пщащэм и теплъэр, фащэ, хьэзыр, бгъэIулъ, нэгъуэщIхэри. Псори зэхэту апхуэдэ лэжьыгъэ 250-м щIигъу сщIауэ къыщIэкIынущ. Абыхэм асыхьэту щIэупщIэ яIэ хъуащ. Апхуэдэу Лалинэ и хьэпшыпхэр ягу ирихьу зэрызэбгрыкIым къыхэкIыу бренд зэригъэпэщащ, иджы и лэжьыгъэхэр псори Инстаграмым къыщызэIуиха напэкIуэцIым щегъэлъагъуэ. Хъыджэбз гурыхуэр адэкIэ зэрызиужьынуми егупсысащ. И зэфIэкIым хигъэхъуэн мурадкIэ Урысейм и модельер цIэрыIуэ Зайцев Вячеслав и деж зыщигъэсауэ щытащ. - Зайцев Вячеслав къэсцIыхуа нэужь, си гъащIэм, си лэжьыгъэм, си еплъыкIэхэм нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ сригъэплъыжащ жысIэмэ, сыщыуэнукъым. Ди IэщIагъэм епха Iуэхугъуэ псоми абдеж щIэрыщIэу дыщригъэлэжьыжащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт Зайцевым и дерсхэр къызэрытхуэщхьэпар. Ар къыддэлажьэу дгъэхьэзыра фэилъхьэгъуэхэр 202I гъэм и щIышылэм Зайцевым МодэмкIэ и унэм утыку къыщитхьэжат, - жеIэ Лалинэ. Къэралым и модельер цIэрыIуэр цIыху 15 къыхихыу илъэсым щIигъукIэ зыдэлэжьа дизайнер ныбжьыщIэхэм яхэхуа Лалинэ дерсхэм и зэфIэкI щеплъыжащ цIыхухъу щыгъын гъэхьэзырыным. Хъыджэбзым зэрыжиIэмкIэ, ар хущIэкъуащ адыгэлIым и лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ иджырей гъащIэм къезэгъ фэилъхьэгъуэхэм къыщигъэлъэгъуэну. «Генетикэ код» - арат и лэжьыгъэм фIэщыгъэуи иритар. - Зы щIэблэр нэгъуэщIым зэрихъуэкIыу къекIуэкIми, лъэпкъым щIэт лъыр кIуэдыркъым, лъэхъэнэ куэдым пхокI, зимыхъуэжу цIыхум догъуэгурыкIуэ. ЖысIэнуращи, зи анэдэлъхубзэр е зи хабзэр щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэкIэ зыIэщIэхуа ди нобэрей цIыхум езым гу лъимытэжу лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа Iуэхугъуэ куэд къыгурыIуэнкIэ е зыхищIэнкIэ хъунущ, - жеIэ Лалинэ. - Апхуэдэ гупсысэхэр сиIэу Зайцевым деж сыщызэлэжьа фэилъхьэгъуэхэр сщIащ. ИкъукIэ дерс щхьэпэхэр къыдатащ: дунейпсо модэм и тхыдэм теухуауи, дэрбзэр IэщIагъэм и Iэмалхэми щыщIэкIыжу. Экзамен къэс Зайцев Вячеслав езыр къыдэдэIуат, ди лэжьыгъэхэм яхуэфащэ гулъыти яритат. Эскизхэм дыщелэжьым, Зайцевым езгъэлъэгъуат къэзгупсыса цIыхухъу фащэхэм щыщ зы гуп. Абыхэм яхэтт адыгэ цейм щыщ Iыхьэхэр къызыщыгъэлъэгъуа фэилъхьэгъуэхэр: дамащхьэхэр щIакIуэм ейм хуэдэу щIауэ, хьэзырхэм я пIэкIэ жып щIэту, щхьэрыхъуэным ещхьу, ауэ капюшон быхъушхуэ пщампIэм телъу… ЕгъэджакIуэм ахэр нэхъ къыщыхигъэщым, япэу сытегушхуауэ аращ цIыхухъу щыгъыным селэжьыну. ИкъукIэ си гуапэ хъуат лъэпкъ мыхьэнэ зыщIэлъ си лэжьыгъэхэр абы игу зэрырихьар. Абы нэмыщIи, адрей ди егъэджакIуэхэми ди фащэхэр яфIэгъэщIэгъуэн хъуауэ упщIэ куэд къызатат. Ди лъэпкъ гупсысэр иджырей фэилъхьэгъуэхэмкIэ хэIущIыIу щIыным нэхъ тегушхуауэ селэжьыну си мурадщ, - жеIэ Сэралъп Лалинэ.
Поделиться:
Читать также:
12.09.2024 - 09:58 →
Адыгэ псори къыдахьэхат
12.09.2024 - 09:43 →
Куэдым хуэжыджэр щIалэ
11.09.2024 - 18:48 →
Ди уэрэджыIакIуэ щIалэщIэхэр
11.09.2024 - 14:36 →
Тырку уафэлъащIэм щоджэгу
10.09.2024 - 12:26 →
«Уи къарум зэи шэч къытумыхьэ»
|