Зи гуащIэдэкIыр ин дыдэЛъытэгъуейщ КъардэнгъущI Зырамыку и гуащIэдэкIыр – ар апхуэдизкIэ инщ, зэмылIэужьыгъуэщи. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIауэ дунейм къытехьащ пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэмрэ IуэрыIуатэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ купщIафIэ куэд. «Къару ин дыдэ ирихьэлIащ Зырамыку пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыным - ахэр ди деж къэсамэ, псом япэрауэ зи фIыщIэр аращ. КъардэнгъущIыр мыхъуамэ, нобэрей щIэблэр щыгъуэзэнутэкъым ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа пасэрей уэрэдыжьхэм, абыхэм я макъамэхэри цIыхухэм ящыгъупщэжагъэнт, - щыжеIэ Къэрмокъуэ Хьэмид КъардэнгъущIым триухуа и тхыгъэм. - Дунейм тетыху, Зырамыку зыхущIэкъуари зыхуэлэжьари адыгэ IуэрыIуатэм и фIыпIэр хэIущIыIу щIынырщ. Ар абы къехъулIащ– нобэрей щIэблэм хуихъумащ ди IуэрыIуатэм и хъугъуэфIыгъуэхэр. Аркъудейри пхурикъунущ Зырамыку и гуащIэдэкIыр зэрыин дыдэр къыбгурыIуэн щхьэкIэ. Куэдым къызэранэкIыфыркъым апхуэдэ щIэин, ар зыхузэфIэкIыр ди IуэрыIуатэм куууэ щыгъуазэ, Iуэхур гурэ псэкIэ зыхэзыщIэ лэжьакIуэ Iумахуэрщ. Адыгэ IуэрыIуатэр, псалъэм папщIэ, уэрэдыжьхэмрэ псалъэжьхэмрэ, зэхуэхьэсыным и закъуэкъым Зырамыку зи ужь итар: зи гупсысэр жан, зи гур мызагъэ щIэныгъэлI цIэрыIуэт ар – абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ ди IуэрыIуатэм и купщIэмрэ и лъэпкъ фащэхэмрэ къызыхэщ тхыгъэ хьэлэмэт зыбжанэ. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ Андемыркъан къыдэгъуэгурыкIуа хъыбархэр Зырамыку къыщихутэ тхыгъэр. КъардэнгъущIым хузэфIэкIащ лIыхъужь цIэрыIуэр щыпсэуа зэманыр игъэбелджылын – нэхъапэм зыми къехъулIатэкъым ар. Шэч зыхэмылъращи, пасэрей адыгэ уэрэдхэм я купщIэмрэ япкърылъ гуащIэмрэ сэтей къэщIынымкIэ Зырамыку пэхъун бгъуэтынукъым – абы къыхуигъэщIат ар. Шортэн Аскэрбий къызэриIуэтэжамкIэ, абырэ Зырамыкурэ кIахэ адыгэхэм я деж еблэгъауэ, КIэрашэ Тембот Зырамыку къелъэIуауэ щытащ: «Лабэдэсхэм я гъыбзэм» дегъэдаIуэ», – жери. Езыми зыхилъхьэ щыIэтэкъым а уэрэдыр – къыхидзащ. Гъыбзэр и кIэм нигъэсыху, КIэрашэ Тембот и нэпсыр зэпыуакъым… Ар хузэфIэкIырт Зырамыку: уигури уи псэри итхьэкъурт. Дызэрыщыгъуазэщи, пасэрей адыгэ уэрэдыжьхэм хъыбар хьэлэмэтхэри къадогъуэгурыкIуэ. Абыхэм къаIуатэ уэрэдыр къежьэнкIэ щIэхъуар, ар зытеIукIар. Апхуэдэ хъыбар зыщIымыгъу зы уэрэди ущрихьэлIэнукъым КъардэнгъущIым и деж. Уэрэдыр къыхидзэрэ и кIэм нигъэсамэ, абы щIыгъу хъыбарри иIуатэрт– фIыуэ щыгъуазэти. Уэрэдымрэ абы къыдэгъуэгурыкIуэ хъыбарымрэ зэи зэкIэщIичыртэкъым Зырамыку: хъыбарыр щIымыгъумэ, уэрэдыр къыбгурымыIуэнкIэ зэрыхъунур ищIэрт – ар узытеплъэкъукI мыхъун хабзэт. ГукъэкIыж хьэлэмэтхэри къызэринэкIащ КъардэнгъущIым. Абыхэм я нэхъыбапIэм лъабжьэ хуэхъуар Хэку зауэшхуэм и зэманым езым и нэгу щIэкIарщ. Абыхэм ущеджэкIэ, уи фIэщ мэхъу Зырамыку зауэлI хахуэм и гъуэгу зэрикIуар, абы лIыгъэ зэрыхэлъар, зауэм и гуащIапIэ дыдэм зэрыпхыкIар. Апхуэдэщ КъардэнгъущI Зырамыку - и уэрэдхэри, и гъащIэ гъуэгуанэри, и дуней тетыкIари. Апхуэдэущ ар ди гум къызэринари».
Поделиться:
Читать также:
12.09.2024 - 09:58 →
Адыгэ псори къыдахьэхат
12.09.2024 - 09:43 →
Куэдым хуэжыджэр щIалэ
11.09.2024 - 18:48 →
Ди уэрэджыIакIуэ щIалэщIэхэр
11.09.2024 - 14:36 →
Тырку уафэлъащIэм щоджэгу
10.09.2024 - 12:26 →
«Уи къарум зэи шэч къытумыхьэ»
|