ЩIалэгъуалэм я щапхъэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Олимп чемпионкэ Ласицкене Мариерэ абы и тренер Габрилян Геннадийрэ Прохладнэ къалэм къыщызэрагъэпэща «ЛъэгапIэщIэ. Марие фыкърегъэблагъэ!» урысейпсо зэхьэзэхуэр щекIуэкIым зригъэхьэлIащ.

Турнирым хэтащ Урысеймрэ Белоруссиемрэ я спортсмен лъэрызехьэхэр. ЗэфIэкI хъарзынэхэр къагъэлъэгъуащ Атлетикэ псынщIэмкIэ олимпиадэм щыхуагъэхьэзыр школу Прохладнэ дэтым и гъэсэнхэм. Езы Марии япэу зыщигъэсар аращ.

«Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу Ласицкене Мариерэ Габрилян Геннадийрэ, турнирым и къызэгъэпщакIуэхэм, хьэщIэхэм, урысей спортсменхэм фIыщIэ яхузощI, щIыналъэ спортым и зыужьыныгъэм я Iыхьэ зэрыхалъхьам, спортым дихьэх ди ныбжьыщIэхэр зэрагъэгушхуам папщIэ. Ар щIалэгъуалэм я дежкIэ хуабжьу щапхъэщ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.  

Поделиться:

Читать также: