ЗекIуэлIМы хъыбарыр дгъэкIэщIауэ къитхыжащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыфIищу 2014 гъэм дунейм къытригъэхьа и тхылъым. ТхакIуэм ар 1952 гъэм къыжезыIэжар Инжыдж Iуфэ Iус Хьэбэз къуажэм дэса Тыуаршы Алийщ.Адыгэ къуажэ гуэрым дэс щIалэ зэкIужым фыз къишат. Къиша нэужь, хабзэм къызэригъэувымкIэ, езыр зекIуэ ежьэу зэманыфIкIэ къикIухьын хуейт, ауэ щхьэусыгъуи хуэмыщIурэ, нысащIэм бгъэдэкIыни игу пымыкIыурэ зэманыр кIуэрт, и ныбжьэгъухэри къызэпхыпсэлъыкI хъуат: «Фызым и бостеикIэр игу пыкIыркъым!» – жаIэурэ. Махуэ гуэрым щхьэгъубжэ щIагъым здыщIэсым зоIэбэкIри, блыным тотIыркъэ, щIыбымкIэ зыгуэр къеуэ хуэдэу. КъыщIокI, зыгуэрым епсэлъа хуэдэ зещIри, щIохьэж. НысащIэр къыщеупщIкIэ: - Си ныбжьэгъухэр зекIуэ йожьэри, сэри къызоджэ. Гъуэмылэ сыхуейщ! – жреIэ. НысащIэм зыри жимыIэу щIокIри, и щауэм и шы-уанэ хузэщIекъузэ, и Iэщэ-фащэр къегъэхьэзырри къыщIохьэж. - ЗекIуэ уежьэнумэ, уи шы-уанэ зэтелъщ, уи Iэщэ-фащэ хьэзырщ, уи гъуэмылэр хъуржын зэпедзэкIкIэ уанэм кIэрыпхащ, уи шу щIакIуэри абы и гущIыIу тепхэжащ. Къыпхуэнэжыр ушэсынырщ! – къыжреIэ. ЩIалэр мэшэсри докI. Къуажэ Iэхэлъахэр къызэрызэринэкIыу, мурад быдэ ещI зы гъэхъагъэ гуэр имыщIауэ къемыкIуэлIэжыну, нысащIэм фIыгъуэ гуэр къыхуимыхьу и пащхьэ къимыхьэжыну. ЗекIуэлIым куэд къикIухьащ. Адыгэ хэгъэгухэм щигъуэтакъым и лIыгъэ къыщигъэлъэгъуэнрэ пэщIэщIэгъу ищIынрэ. Апхуэдэу щыхъум, таучэл ещIри, Кърымым къыщохутэ. ЛIэщIыгъуэ куэдкIэ Кърым хъанхэр АдыгэщIым нацIэнэкIэ къеплъмэ, зауэ къращIылIэ зэпытурэ къахьащ, хьэкълыкъыу ди щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ Iахыу. Ар къэплъытэмэ, гъэщIэгъуэнкъым кърым тэтэрхэм адыгэ зэрахэсыр, гъэр ящIахэм ящыщ мыбы унагъуэ щыхъужхэурэ къинэжауэ. Iэбыдэ (арат зекIуэлI щIалэм и зэреджэр), гугъу дыдэ демыхьу, къуажэ гуэрым къыщигъуэтащ абы куэд щIауэ дэс адыгэ лIыжь. «Мы сыкъызыхуэзам чэнджэщи акъыли къыпысхынщ. Ар мыбы жьы щихъухьыжакIэ, Iэджи и нэгу щIэкIагъэнщ!» - и щхьэ хужеIэж Iэбыдэ. Адыгэ щIалэ зэгъэпэщар щилъагъукIэ: - Еблагъэ, щауэхъу! – бысымым къыжреIэ, къыхуэгуфIэу. - ФIым дыхуиблагъэ, ди адэ! Тхьэр къысхуэупсэри уэ укъысхуигъэзащ! – жеIэ Iэбыдэ. ХьэщIэр ирегъэблагъэри, хьэщIэщым щIешэ. Шым и Iуэху лIыжьым и щIалэхэм зэфIагъэкI. Бысым лIыжьым ХьэтIэхъу и цIэу къыщIокI. Абы кIэщIу къыжреIэ мы щIыналъэм къинэн хуей щIэхъуар. Сымаджэ хьэлъэу, мы щIыпIэм я техьэгъуэ бзаджэм зэщIиIулIауэ уэрамым къытрадзэжу, иджы и щхьэгъусэ бзылъхугъэм ищтэу зэригъэхъужар. И щхьэгъусэр Кърымым хуикIыртэкъыми, езыр къэмынэу хъуакъым, ажалым къезыгъэлар хыфIидзэу ежьэжын и адыгэ напэм къыхуегъэкIуатэкъыми. Иджы бынуни ихъухьыжащ, и гъунэгъуу нэгъуэщI адыгэхэри щопсэури, бзэри, хабзэри, адыгэ зэхэтыкIэри IэщIыб ящIакъым, я бынхэри абы щIапIыкI… ХьэщIэм хуэфащэ псори хуащIэщ, зрагъэгъэпсэхури, пщыхьэщхьэм ХьэтIэхъу Iэбыдэ деж щIыхьащ, тIэкIу дэуэршэрыну, Хэкужьым щыхъыбархэм щIэдэIуну. Куэдри щысахэщ, Iэджэми я щхьэфэ иIэбащ ахэр. Ауэрэ ХьэтIэхъу къыщIэкIыжын хуей щыхъум: - Уэ, си щIалэ, хъарзынэу укъытехуащ. Пщэдей ди къуажэ хъаным зэхуэс ещI, ешхэ-ефи щызэхаублэнущ, шурылъэс щымыIэу апхуэдэхэр зэхэкIыж хабзэкъым. НакIуи нахэплъэ, Iуэху блэкI уимыIэмэ! – къыжреIэ. - Хъунщ, си гуапэу сынэкIуэнщ! – жэуап етыж Iэбыди. - АтIэ, унэкIуэнумэ, уэ мы ди жылэхэм щызекIуэ зэхэтыкIэм ущыгъуазэкъыми, иджыпсту уэстыну чэнджэщхэм уакъытемыкIыу тет, бэлыхь ухэхуэну ухуэмеймэ! Фефэ-фешхэу фыздэщысым, мыбыхэм зэрахабзэу, мэл е бжэн зэрыбгъуэу гъэжьауэ Iэнэм ныфхутралъхьэнущ. Ар ящIа иужь: «Сэр къытщыгъупщащ, хэт сэ иIыгъ, лыр къригуэдгъэжыну?» - щIэупщIэнущ. Абдеж, Iэмал иIэххэмэ, уи сэр къипхыу зыми иумыт! Пщэдджыжьышхэ нэужьым тIури дэшэсыкIри, хъаным и зэхуэсым кIуащ. Зы гуп зэдыхэмыхуэу, пэш зырыз щIэтIысхьа хъуат. Iэбыдэ зыхэс гупым я деж зэрыбгъуэу гъэжьауэ мэлышхуэ къахьри, щIалитIым Iэнэм къытралъхьэ. «ЕI, сэр къытщыгъупщащ! Хэт сэ иIыгъ?» - жаIэри мэупщIэ. Iэбыдэ мыгупсысэу «сэ сIыгъщ!» - жеIэри, сэр ярет. ЩIалэжьитIым сэр зэралъагъуу я нэпсхэр къыщIэщэщу гъын щIадзэ. - Сыт къэхъуар? ФыщIэгъыр сыт? – жаIэри, Iэнэм пэрысхэр щIалитIым пэроупщIыхь. – Мы сэр ди адэм иIыгъыу дэкIати яукIащ. ЗыIыгъращ ар зыщIар! – жаIэри, щIалэжьитIыр Iэбыдэ къыщохьэ. Мис абдежщ ХьэтIэхъу и чэнджэщыр Iэбыдэ игу къыщыкIыжар, ауэ кIасэ хъуат. - Пщэдджыжьым тIури жьыуэ ди деж фыкъокIуэ! – къыжраIэри, хьэщIэри бысымри къаутIыпщыж. ХьэтIэхъу и чэнджэщ хьэщIэм ирихьэлIэ мыхъуну унафэ къыхуащIати, и пыIэр зыщхьэрехри, абы епсалъэ хуэдэурэ къыщIедзэ: - Иджы-ы, си пыIэжь, уэ сыпхуэдатэмэ, пщэдджыжь, самыукI щIыкIэ, Iэмал зэриIэкIэ зизгъэнэнти, иужьрей псалъэ къызамыту здэнтэкъым. Къызатмэ, мыр жысIэнт: «Си адэр зэраукIар а сэрати, ар зейм сылъыхъуэурэ мыбы сыкъэсащ. ЩIалитIым я адэм сэр щеякIэ, си адэр зыукIар къэзгъуэтащи, ахэращ зи хьэкум щIэн хуейр, армыхъу сэракъым!» Зыщымыгъэгъупщэ ар, си пыIэжь! И щхьэ и лажьэу жьэгум бгъэдэс хьэщIэми гугъэ гуэр иригъэщIыжауэ нэху къокIхэри, зэрызэгурыIуам тету хъаным и пщIантIэм трагъазэ. Iэбыдэ тэрмэшыр къегъэсэбэпри: - Тхьэр зэгуэпэн жылэ! Си адэ тхьэмыщкIэр яукIауэ, а сэр и гум хэлъу къыщызгъуэтыжым Тхьэ сIуат ар зыщIар къэзгъуэтыну. ПщафIэ щIалитIым сэр я адэм ейуэ щыжаIакIэ, къэзгъуэтащ си адэм и лIыукIыр. Ауэ щыхъукIи, си псалъэри згъэпэжащ! Иджы фызэрыхуейщ! – жеIэри, и щхьэр лъагэу Iэтауэ мэувыж. - Адыгэр дэнэ дежи адыгэу къонэж, хьэмэ къилъхуахэ! Ар ажалкIэ пхуэгъэшынэнукъым! ЩIалэр хьэкъыншэщи, къэвутIыпщыж! – жеIэ хъаныжьым. Iэбыдэ и адэм и лъы уасэри дыщэкIэ къратыжыну унафэ яхуещI. Сэр зейуэ жызыIа щIалэжьитIыр яубыд, Бахъшысэрей яшэу бэзэрым щащэу, хьэщIэ щIалэм лъы уасэу иратыжын хуейр къыщIахыжын папщIэ. Дыщэ бэгъуари иIыгъыу, Iэбыдэ ХьэтIэхъу щIыгъуу къокIуэж, бэлыхьыр лIыжь Iущым и чэнджэщкIэ щхьэщыкIауэ…
Поделиться:
Читать также:
11.09.2024 - 16:42 →
Даус и тешапIэ
11.09.2024 - 15:40 →
Усэ нэжэгужэхэр
06.09.2024 - 16:23 →
УсакIуэм и гъуэгуанэ дахэр
06.09.2024 - 12:31 →
Уэсэпс
04.09.2024 - 16:14 →
Хъымсад гуащэ и хъыбарымрэ и уэрэдымрэ
|