ЦIыкIураш

ЭЗОП, пасарей алыдж тхакIуэ

Хъуэрхэр

ГЪУЭГУРЫКIУЭХЭМРЭ МЫЩЭМРЭ

ЗэныбжьэгъуитIым, гъуэгум ирикIуэрэ пэт, мыщэ къахуэкIуэу ялъэгъуащ. Зым абдеж щыт жыгым занщIэу дэпщейри зыщиудыгъуащ. Адрейр, кIасэ хъуати, жыгым дэпщеинуи, щIэпхъуэнуи хунэсыжакъым. НэгъуэщI къыхуэмыгупсысу, мыщэр лIам зэремыIусэр игу къыщыкIыжым, щIым зридзыхри, лIа нэпцI зищIащ; мыщэр къыбгъэдыхьэу, пэкIэ зригъэдзэкI-къызригъэдзэкIыжу, къепэму щыхуежьэм, модрейр, псэ хэмытыжым хуэдэу, мыбэуэжу щылъащ.
Мыщэр, гурыму IукIыжри, ежьэжащ. Жыгым тесар къехыжри, и ныбжьэгъум еупщIащ: «А мыщэжьым уи тхьэкIумэм и жьэр Iуилъхьэурэ къоIущэща си гугъэщ… Сыт абы апхуэдизу къыбжиIар?» - жери. «КъызэIущэщащ: гузэвэгъуэ, бэлыхь ухэхуэмэ, уи закъуэу укъигъанэу, щIэпхъуэж ныбжьэгъу уи гъусэу дяпэкIэ гъуэгу утемыхьэ», - къызжиIащ.
Ныбжьэгъур нэсу къыщыпцIыхур шынагъуэ щыщыIэрщ, псэзэпылъхьэпIэ ущихуэрщ. Аращ хъуэрым къуиIуэкIыр.
Адыгэми жеIэ: «Ныбжьэгъур щагъэунэхур махуейщ».

АЖЭМРЭ БАЖЭМРЭ

Ажэжьыр, псы хуэлIати, джабэ задэм ехри, мис иджы зэгуиудынущ жыпIэу, игу пэщыху псынэм хэфащ. КъуэкIийм къыдэкIыжыну щыхуежьэм - дэнэ къыщыдэкIыжынт!..
Арати, макъ тхьэмыщкIэ дыдэкIэ чэчэн щIидзащ. Бажэм, блэкIрэ пэт Iуэхур къызэрекIуэкIар илъэгъуати, бжьэпэм щхьэщыхьэри, къуэкIийм къыдэмыкIыжыфу дэтым ещащ: «Мис аращ, зэхэщIыкIыншэжь! А уи жьакIэм цыуэ итым хуэдиз акъыл уи щхьэм илъамэ, къуэкIийм удыхьэн ипэ, укъызэрыдэкIыжынум уегупсысынт».
Хъуэрым зыхыумыщIыкI Iуэхум ухыхьэмэ, укIытэгъуэ узэрихуэнур, напэтех узэрыхъунур къыбжеIэ.

АДЭМРЭ КЪУЭХЭМРЭ

Адэм къуэ зыбжанэ иIэт, зыри зэмызэгъыу. ЗэгурыIуэну яжриIэрти, къедаIуэхэртэкъым: зэфIэнэхэрт, зэзауэхэрт. Щымыхъужыххэм, ящIэкIиящ: «Жыхапхъэ къысхуэфхь!» - жери. Къыхуахьащ. «ЗэпыфщIыкI иджы!» - яжриIащ. Зэкъуэшхэм, дауэрэ емылIэлIами, яхузэпыщIыкIакъым. «АтIэ иджы, - пищащ адэм, - къэфтIатэ, зэпкърыфхи зырызурэ зэпыфщIыкIи феплъ».
Зэкъуэшхэм жыхапхъэр зэпкърахри, зырызурэ псори тыншыбзэу зэпащIыкIащ.
«Мис аращ, - жиIащ адэм, - фэ фызэкъуэту фызэдэпсэумэ, зыри къыфтекIуэнукъым. Ауэ зэпымычу фызэфIэнэ-фызэныкъуэкъумэ, щхьэж и закъуэрэ фызэрегуакIуэу фыпсэумэ, псори зырызурэ игъуэ нэмысу фыхэкIуэдэжынщ».
Мы хъуэрымкIэ Эзоп жиIэну зыхэтар имытхами, гурыIуэгъуэщ: «Узэгъусэмэ, уогушхуэ, ущхьэзакъуэмэ, уэ езым куэд къыптогушхуэ».
Адыгэми жеIэ: «ЗэкъуэшитIрэ дзитI зыIутрэ», «ЗэкъуэшитI зэдеIэмэ, абрэмывэ трач», «Зэшыбэ бэрыхьщ», «ФIыгъуэм я нэхъыщхьэр зэгурыIуэщ», «Хъушэм къакIэрыхуа мэлыр дыгъужьым пэщIохуэ»,- жи.

Хьэту Пётр

Гъатхэ

Гъатхэр къокIуэ, уей, къэсащ,
Мес, щызокIуэ хадэм,
Дадэ дэрэ жыг хэтсам
Уэс ткIужар щIолъадэ.
ЩIылъэ щта къигъэвыжар
Махуэ псом мэушэ.
Жьгъыру макъым удехьэх,
ЗэщIожьыуэ дахэу…
Гъатхэр нобэ зикI мыщхьэх,
ЗэхекIухь ди лъахэр.
И лъэр дэни щыболъагъу,
Мес, щоджэгу ди ныджэм…
КъэкIуэжащи лъагъунлъагъу,
Зыкърех - телъыджэщ!

Гъатхэ щихухэр

Жыжьэу пфIэщIу иныжь блын,
Щиху жыгыжьхэр сыту ин!
Гулъ къапидзэхэри пIащэщ…
Зэман куэди дэмыкIын -
Ягъэджэгуу дыжьын пщIащэр,
КъыщIадзэнущ къоIущащэу:
«Гъатхэр, еплъыт, зэрыгъагъэм, -
Гум иубыдэ а дахагъэр,
Тыгъэ лъапIэу псэм щыгъафIэ,
Ухъунщ уэри лъагъугъуафIэ…»

 

Хьэщыкъуей Олег

Нанэ и лэкъум

Нанэ и лэкъумыр
Сшхыми зызмыгъэнщI,
Iэпэр къису щытми,
Пщтыру зы къэсщтэнщ…
Бырыбыжрэ щабэу -
Сытым хуэдэу IэфI!
Хызогъауэ шатэм -
ЩыIэкъым нэхъ сфIэфI!

Уигъэтхъэнущ Цацэ

Мыщэ шыр бэлацэ,
Уигъэтхъэнущ Цацэ,
Къыхуахьащ фо хьэкIуэ,
Уигъэшхынущ, къакIуэ,
ФощIэж - япэщIыкIэ,
ФоIумыл - иужькIэ…
 
ДУНЕЙПСО IУЩЫГЪЭ

ГУФIЭГЪУЭХЭР

ЦIыкIухэр къуажэ гупэ ныджэм тесу щызэдэуэршэрхэрт:
- Сэ гуфIэгъуэ сиIэщ, - жиIащ Динэ, - лентIыщIэ къысхуащэхуащ… Феплъыт - зэщIопщIыпщIэ! - Хъыджэбз цIыкIум и щхьэц кIыхьышхуэм хэухуэна лентI зэмыфэгъу дахэр ярегъэлъагъу. Ар, пэж дыдэу, зыщигъазэкIэ лэгъупыкъум хуэдэу зэщIэпщIыпщIэрт.
- Сэри гуфIэгъуэ сиIэщ, - жиIащ Данизэ, - сэ къэрэндащ зэмыфэгъу къысхуащэхуащ. Зы пхъуантэ псо.
- Ара-тIэ гуфIэгъуэр! - жиIащ Мэдэ. - ФщIэну фыхуеймэ, сэ къунтх сиIэщ. Дадэрэ нанэрэ згъэгуфIэу, сэри сыгуфIэу, бдзэжьей куэди къызоубыд. Къэрэндащ жыхуэпIэхэр сыт? Уритхэу, сурэт ирипщIу ар къудейщи, бухмэ - зэфIэкIащ.
Абдеж Мышэ цIыкIуи зигъэщIагъуэу жиIащ:
- Сэри джанэ щIыху къысхуащэхуащ! - и джанэ дахэр псоми ялъагъун хуэдэу къэтэджри, и Iэхэр зэкIэщIэхауэ зигъэкIэрэхъуащ.
Аслъэн цIыкIу, жаIэм едаIуэу, зыри жимыIэу щысти, Динэ жиIащ:
- Лъанэ зригъэщIэгъуэну гуфIэгъуэ цIыкIунивэ дыди иIэкъым, хоплъэри щысщ.
- Сыт щIызимыIэр? СиIэщ-тIэ, - щэхуу жиIащ Аслъэн, - сэ удз дахэ слъэгъуащ.
Псоми зэуэ щIэупщIэу щIадзащ:
- Сыт хуэдэ удз дахэ? Дэнэ?
- Iущхьэ плъыжь… Мэзым хуейм сихьауэ щыслъэгъуащ. Пщыхьэщхьэт, кIыфI хъууи хуежьат. Iущхьэ плъыжьыр, мэз псор зэщIигъэнахуэу къыпщыхъуу, къопсэлъэным хуэдэу, щытт… СыщыгуфIыкIыу, «ФIэхъус узох!» - жысIати, сызэрызэхихар, псэ зэрыIутыр зыкъызигъащIэу, и щхьэр ищIащ…
ЦIыкIухэр псори зэщIэдыхьэшхащ.
- И щхьэр ищIащ, жи!.. Мэзми губгъуэми щэнауэу удз дахэ мащIэ щыплъагъунур! Къэбгъуэтаи гуфIэгъуэ!
Аслъэн ауан къызэращIыр зэхимых хуэдэт:
- Сэ мы гъэ щIымахуэм унащхьи слъэгъуащ…
ЦIыкIухэр нэхъ иныжу зэщIэдыхьэшхащ.
- Уа-а, мыбы гъэмахуэм унащхьэ имылъагъуу аращ!
- Сыт щIэзмылъагъур? Солъагъу, ауэ щIымахуэм уэс телъащ… Дыгъи къепсырт. Зы унащхьэ лъэныкъуэр щIыхут, адрейр - тхьэмбылыфэт. Езы унащхьэри зэрыщыту, сурэт тепхыну уасэ имыIэжу, хъуэпсэгъуэу зэщIэлыдэрт. Абы хуабжьу сигъэгуфIащ…
- Сыт мыбы жиIэхэр? - игъэщIэгъуащ Динэ. - Дэ щIымахуэм унащхьэм уэс телъыр дымылъагъу нэхъей. А уэ плъэгъуа уэсыр, щIыхути, тхьэмбылыфэти жыхуэпIэхэр, къэбгупсысауэ аращ.
- Аслъэн ар ауэ сытми жиIауэ аращ, - къыщылъэтауэ мэкIий Мышэ, - мыр дэ къытщыдыхьэшхыу аращ!
- Зэ догуэ, - жиIащ Данизэ, Мышэ иригъэтIысэхыжу. - Уэ, Лъанэ, апхуэдэ гуфIэгъуэ гуэрхэр иджыри уиIэ?
- СиIэщ, - жиIащ Аслъэн. - Сэ иджыри дыщэ бдзэжьей цIыкIухэр слъэгъуащ.
- Дэнэ щыплъэгъуар? - къыщылъэтащ Мэдэ. - Псэууи? Дыщэуи?
Мыши къыщылъэтащ:
- Хыжьейми? Псыежэхми?
- Псыинам, - жиIащ Аслъэн.
Абдеж псори, я ныбафэр яIыгъыу, иукIуриикIахэщ. Зи дыхьэшхын къэмыкIуа Мэдэ гъумэтIымащ:
- Сэ сщIэрт ар. Дэ, дыщодыхьэшх жытIэурэ, езыр къытщыдыхьэшхыу аращ!
- Хьэуэ, сыфщыдыхьэшхыркъым, - жиIащ Аслъэн. - Уэшх нэужьым мыIэрысей щIагъым, уафэ къабзэм хуэдэу къащхъуэу, псыина тIэкIу къэнат. Абы дыгъэр къыхэпсэрт. Жьы тIэкIуи къепщэрти, псыщхьэр кIэзызырт, къэуджырт… Езы псыинам дыщэ бдзэжьей цIыкIухэр лыдыжу щыджэгурт. Абыхэм уеплъыну сытым хуэдэу гуфIэгъуэт…
- ЖиIэри имыщIэжу, къэвэрей гуэрщ мыр!.. ГуфIэгъуэ лъэпкъи иIэкъым, псори къигупсысу аращ!.. - дыхьэшхыурэ жиIэрт Дини.
Данизэ хэгупсысыхьауэ къэпсэлъащ:
- Сэ сызэригугъэмкIэ, Лъанэ гуфIэгъуэ нэхъыбэ иIэщ, дэ нэхърэ. Мыбы а гуфIэгъуэр дэнэ щIыпIи къыщыхех…
Зытхыжар Шэрджэс  Дэбагъуэщ

ГУАПАГЪЭМРЭ БЗАДЖАГЪЭМРЭ

(Псысэ)
 
Гуапэмрэ бзаджэмрэ я IуэхущIафэхэр, дауи, зэи зэхуэдэ хъунукъым. Гуапэм и IуэхущIафэхэр фIыщ, бзаджэм ейр Iейщ. Ауэ а тIум, дунейр зэтетыхукIэ, я хьэлыр яхъуэжыну къыщIэкIынукъым, апхуэдэу къигъэщIащи. Гуапэр, фIыр псоми я псэм ехуэбылIэу, бзаджэр, Iейр псоми ягу еуэу - апхуэдэу дунейм тетынухэщ. Зым фIыщIэ уэрэд хуаIэту, фIыщIэ жыг хухасэу, адрейм ялъагъу мыхъурэ пунэлат ирахыу.
… Мэз кIыфIым, къуэкIий куум Жьыбгъэ гуапэмрэ (нэ щIыху дахэу ныбжьыщIэщ) Жьы щIыIэбжьымрэ (къэдзыгъуэ жьакIэ зытет лIыжьщ) щожей.
Къос щIымахуэр. Дыгъэм лъагэу зиIэтыфыркъым. Уафэр кIыфIыгъэкIэ зэщIэбгъащ, щIылъэр - уэс хужькIэ. Жыг щхьэкIэхэр мэIэуэлъауэ - мэпIейтей, мэгузавэ. КъуэкIий куум къыщоушыр Жьы щIыIэбжьыр. Къотэджри, чыцэ Iувхэр игъэщэIуу, зэщIигъэцIычэу, мэзым къыщIокI. Бэкъуэху зыхуэзэр егъэхыщIэ, егъэпыхьэ. Псыхэр егъэщт. ЦIыху цIыкIур унэхэм щIехуэж, къыщIигъэплъыркъым. ЩIыIэ уаещи, Жьы щIыIэбжьым хуарзэу уэсыр кърехьэкI, къуакIи тафи къимыгъанэу, джэбын хужьыр ярешэкI. Ябгэщ. Ерущ.
Ауэ, мис, дыгъэм тIэкIу зыкъиIэтащ. Жьы щIыIэбжьым и тхыр занщIэу къыхэузыкIащ. Нэрымылъагъу и лъакъуэхэр щIэщIэу, хуэмурэ мэджэдэжыр мэз кIыфIыжьым, къызыдэкIа къуэкIий куужьым.
Жьы щIыIэбжьым и зэманыр фIэкIащ.
Жьыбгъэ гуапэр, къоушри, мэзым къыщIокI. Иджы чэзур абы ейщ. Дыгъэр къыпогуфIыкIри, псыхэм уэршэрын къыщIадзэ, къэкIыгъэхэри, къызэщIэрыуауэ, зэщIогъагъэ.
 Уафэр къащхъуэщ, щIылъэр щхъуантIэщ. ЦIыхум я нэгум гуфIэгъуэр къощ.
Гъатхэщ!
Жьыбгъэ гуапэр, псыIагъэ щIыIэр зэщIибзаеу, щIы щхьэфэм щабэу толъэщIыхь, жыгхэм, удз гъэгъахэм, цIыхухэм я щхьэм хопэщэщыхь - ядоджэгу.
Сыту телъыджащэ-тIэ Жьыбгъэ гуапэм и IуэхущIафэр!
ГуапагъэкIэ, къабзагъэкIэ, IэфIыгъэкIэ гъэнщIа хьэуам псэущхьэри къэкIыгъэри егъафIэ.
Дунейм Жьы щIыIэбжьи, цIыху бзаджи, нэгъуэщI Iей лъэпкъи темытыжу къыпщохъу.
Псэм, бзу ушэхэм задищIу, уэрэд жеIэ.

КАВКАЗЫМ И ПСАЛЪЭ IУЩХЭР

ДАРГИН

♦ХъумпIэцIэджрэ пэт - и жагъуэ пщIымэ, къодзакъэ.
♦ЦIыхуфIым и Iэгум къашыргъэри йошхыкI.
♦Къулейм и джэдури пшэрщ.
♦Джэдум дамэ тетамэ, дунейм зы бзу къытринэнтэкъым.

ЛАК

♦Акъылыр ныбжьракъым зэлъытар - щхьэращ.
♦Фор пшхыуэ ебгъэлеймэ, уи Iур дыдж ещI.
♦Хьэм алейуэ вакъэ лъумытIагъэ - пишхыкIынурэ ежьэжынущ.
♦Бажэ бзаджэри къэпхъэным йохуэ.
♦НэгъуэщIым и IэкIэ шыпсыранэ къипчыну тыншщ.

ЛЕЗГИН

♦Дэ кунэфыр жьгъырущ.
♦Гум къыбгъэдэкI псалъэр гум нос.
♦Псэлъэрейр щыуэрейщ.
♦«Сыхуейкъым!» - жиIэурэ, щIакхъуэ зэтеупIэщIыкIыу блы ешх.

ОСЕТИН

♦ЩIым и нэхур - дыгъэщ, цIыхум и нэхур - щIэныгъэщ.
♦Щхьэм ираукIа щIэныгъэр - Iущыгъэкъым.
♦ЩышхэкIэ хьэри банэркъым.
♦Псалъэ гуапэр блэми къыгуроIуэ.
♦ФIыр (хьэлэлыгъэр) хьэми щыгъупщэркъым.

ТАТ

♦Жьы хъуа дыгъужьым хьэри щодыхьэшх.
♦УкIурия жыгым псоми джыдэ хуагъэдалъэ.
♦Сабийм пцIы хуумыупс - къыдэкIуэтеймэ, хьэл мыгъуэ хуэхъунщ.

АБХЪАЗ

♦Псалъэ дахэр - гум и лIыкIуэщ.
♦ЦIыхугъэр - гъащIэм и акъылщ.
♦Къэбгъэплъмэ, мывэри къочэ.
♦УзэгурыIуэу зэдэпщIэр щIэбэщ.
♦ЦIыхур укIытэн е шынэн хуейщ.

 

ТХЬЭКIУМЭКIЫХЬЫМРЭ МАЗЭМРЭ

Псысэ

ЩIымахуэм ТхьэкIумэкIыхь цIыкIур  щIыIэм ес. Мэзым къыхэжу хуейм къыщилъэдам,  жэщ хъуакIэт. ЩIыIэр зэщIоцIычэ, уэсыр Мазэм толыдыкI, псэущхьэ цIыкIум и щIыфэр зэпхилыгъукIыу жьы щIыIэр къопщэ.
ТхьэкIумэкIыхь цIыкIур чыцэ лъабжьэм щIотIысхьэри, и лъапэ цIыкIухэр Мазэм хуишийуэрэ йолъэIу:
- Мазэ дахэу си нэху, уи бзийхэмкIэ тIэкIу сыкъэгъэхуэбэж, Дыгъэм иджыри куэдрэ ежьэн хуейщ.
Мазэм, ТхьэкIумэкIыхь цIыкIур фIэгуэныхь хъуауэ, жеIэ:
- Си бзийхэм уагъэхуэбэнукъым, ауэ, пхуэсщIэфынур аращи, гъуэгур пхуэзгъэнэхунщ, уэ, мэзым хэжи, губгъуэ защIэкIэ хьэуазэ пыпхъуэм унэсыху жэ…
ТхьэкIумэкIыхь цIыкIур щIэпхъуэщ, хьэуазэ пыпхъуэм нэсри, абы фIыуэ зыщIиуфащ. ТIэкIу къэхуэбэжащи, къыкъуэплъауэ Мазэм хупогуфIыкI:
- Тхьэм уигъэпсэу, Мазэ дахэу си нэху, иджы уи бзийхэр хуабэ дыдэу зыхызощIэ.

 

ЗЫХУЭСАКЪЫПХЪЭХЭР

ПСЫ IЭФI ЛIЭУЖЬЫГЪУЭХЭР

«Кока-кола», «Пепси» псы IэфIхэр, удимыхьэхынкIэ Iэмал имыIэу - ефэхэм гухэхъуэшхуэ къаритрэ абы щыгуфIыкIыу - телевиденэкIэ ехьэжьауэ рекламэ ящI. Ауэ а псы IэфIхэр къэзыгупсыса езы американ дыдэхэри абыхэм апхуэдэу щыгуфIыкIыжыркъым. Газетхэм иджы щIэх-щIэхыурэ къытохуэ сабийхэм яхуэгъэза тхыгъэхэр - а псы IэфIхэм зэраныгъэу къашэм щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэхэр. Фошыгъумрэ шхынхэлъхьэхэмрэ псым къебэкIыу зэрыхалъхьэм узыншагъэр ирегъэкIакIуэ. Фошыгъу куэдыIуэр гу узым къежьапIэ хуохъу, абы нэмыщI дзэр зэхекъутэ. Псы IэфIым узыхуэмей асу щIэлъым пшэр уещI, фошыгъу узыфэм ухуешэ. Шхынхэлъхьэхэм жейр пфIагъэкIуэд, псантхуэр къагъэхъей, гур хуабжьу кърагъауэ…
Аращи, «Кока-кола», «Пепси-кола», абыхэм хуэдэ нэгъуэщI псы IэфIхэми ефэн хуейрэ хуэмейрэ фэ езыхэр фегупсысыж. Псалъэм щхьэкIэ, щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, гъэмахуэ хуабэвэхым псы Iейуэ фыхуэлIэмэ, шейм нэхърэ нэхъыфI икIи нэхъ сэбэп щыIэкъым, псом хуэмыдэу - удзыфэ лIэужьыгъуэр.

САГЪЫЗ

(Жвачка)

ТелевиденэмкIэ зэпымычу рекламэ къагъэлъагъуэ, сагъыз бгъэныщкIуну укъыхураджэу, абы уи дзэр игъэкъабзэу, дзэ узыфэхэм ущихъумэу жаIэу. Ауэ апхуэдэ къыхуеджэныгъэхэм хуэсакъыпхъэщ.
Зыдумыгъэхьэхыщэмэ, сэбэпынагъ гуэрхэри хэлъщ, ауэ ебгъэлеймэ, зэраныгъэшхуэ къешэ. Зэпымыууэ сагъызыр бгъэныщкIумэ, абы, дзэр игъэкъэбзэныр щыгъэтауэ, дзэ щIыIум телъ къупщхьэ джафэр трех, арыххэуи сагъызым узыщихъумэну жыхуаIэ дзэ узыфэхэр уи хьэзырщ.
Абы нэмыщI, езы сагъыз гъэныщкIуным лъатэр «къегъапцIэри», шхыныр зыгъэткIу сокыр зыкIи мысэбэпу куэдыIуэ кърегъэутIыпщ. Уи пкъыр апхуэдэу зэпымыууэ «къэбгъапцIэмэ», кIэтIий, лъатэ узыфэхэм ухуешэ.

ПСАЛЪЭЗЭБЛЭДЗ

УпщIэхэр: 1. ВакIуэ дэкIым кIэлъоджэ, къаджэ-наджэу къекIухь. 2. КIуэ пэтми, бжьиз зымыкIу. 3. Бырыбыплъ, бырыб лъэщ, зауэлIищэм я напэ. 4. Цыпхыдзэр зи пащIэ, хуэмыпIащIэу дзыгъуащэ, гуащэ жьантIэм къыдэмыкI, зи кIэ цIыкIур зыгъэджэгу. 5. Ди вы хужь цIыкIу шыгъу бэшхщ. 6. Уд фIыцIэ пэ дыд, тхьэкIумакIэм зыхесэ, уэсэпс къехмэ, мэмэх, хьэ хыжыгъуэм мэятэ, мэкъуауэгъуэм мэтэдж. 7. ЕфэрыкIуэ, екIуэр, алащэ, щэ ныбэ. 8. Ди гуэн цIыкIу лы изщ. 9. ЛъэщIабгъуэжь, щхьэ гъуанэ, щIыбышэ, пэ шия. 10. ЩабэрыкIуэ, мэз кIуэрей.
Къехыу: Нэшэкъашэ, хьэ лъакъуэжь, и нэр къопщ, и пщэр кумбщ, «жьгъумпIыкъ» жиIэу псым хопкIэж.
IуэрыIуатэр зымыщIэхэр ди хъуржыным иIэбэну хуитщ: аргъуей, гущэ, джэду, къубгъан, мэкъугу, нып, хьэндыркъуакъуэ, хьэрхьуп, джэдыкIэ, Iэпхъуалъэ.

Поделиться: