Хъымсад гуащэ и хъыбарымрэ и уэрэдымрэ

Абы и ужькIэщ Хъымсад уэрэдыр щиусар. Апхуэдизу фIыуэ илъагъуу зыдэкIуауэ щыта Талъостэнхэ я къуэр игъуэ нэмысу къаукIыу фызабэу къыщынэм, фIыуэ имылъагъуу нэгъуеипщ Беслъэн зэрыратыжари хилъхьэжри, уэрэдыр иусащ.

Уэрэдыр цIыхубэм яхыхьа нэужь зыхуэмейхэр хадз, зыхуейхэр халъхьэ, йотхъунщIауэ-къотхъунщIауэ, уэрэдыр ягъэпс, езыхэр зэрыхуейм хуэдэу.
Хъымсад езым иусамрэ иужькIэ халъхьахэмрэ иджы зэхэгъэкIыжыгъуейщ.
Факъырэм ищIа Iуэхутхьэбзэм и пщIэр къыIэрыхьэри, хъуржыныр зыпщIэхихыжащ. Ауэ нэр ирищIу пэжыр къыжезыIа Хъымсад-гуащэ дахэр Беслъэн игу пыкIыу иригъэкIыжакъым.
АдэкIэ Хъымсад и уэрэдымрэ хъыбарымрэ къэзыIуэтэжхэм къыпащэ:
Арати, Хъымсад иуса тхьэусыхафэ уэрэдыр Нэгъуейм къикIри, Къэбэрдейм къэсащ, Хъымсад щалъхуа къуажэжьым къэсри, Кушыку зэхихащ, ауэ и тхьэкIумэм цIыв иригъапщхьэри, зэхимыха зищIащ. Апхуэдэу щыхъум, Кушыку и бейгуэл Бекъалдыжьым шу гуп зыщIигъури ежьащ, Нэгъуейм кIуэуэ Хъымсад къытрихыжу къихьыжыну.
Ауэ абы и пэ къихуэу нэгъуэщI зы Iуэху къэхъуащ.
Махуэ гуэрым Беслъэн лулэкIэ тутын ефэу шэнтым тесу пщIантIэм дэст, жыг жьауэм щIэсу. Махуэр хуабейт.
Къуажэдэсхэр зэрыгъэкIийуэ, хьэ делэ яукIыну кърахуэкIырт. КъезыхуэкIхэр иужь иту, хьэ делэр Беслъэн и пщIантIэм дэлъэдащ.
 – Дипщ, зиусхьэн, хьэ делэр къодзэкъэнущ, щIэлъэдэж! – жаIэурэ, цIыхухэр зэрыгъэкIийрт.
Хъымсад унэм щIэсти, зэрыгъэкIий макъыр щызэхихым щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъри, и жьэр ущIауэ и лIым къыхуэжэ хьэшхуэр щилъагъум:
 – Я, Алыхь, егъэшх! – жиIащ.
Беслъэн зигъэхъеякъым, и жьэм лулэри къыжьэдихакъым. Хьэр къыщыжьэхэлъадэм, и фоч кIэщIыр и бгым къыдипхъуэтри, жьэдэуэри хьэри иукIащ, ар зезыхуэ цIыхухэри къэувыIэжащ.
Абы ирихьэлIэу Бекъалдыжьым и шу гупыр пщIантIэм дыхьащ.
Хьэ делэм щхьэкIэ зызымыгъэхъея Беслъэн шу гупыр щилъагъум:
 – Iэу, си щыкъухэр къэкIуащ, – жиIэри къапежьащ. – Феблагъэ, зи благъагъэ схуэмыгъуэтхэ! – жиIэри.
Беслъэн Къэбэрдейм икIа шу гупыр зэрыхуэфащэкIэ иригъэблагъэри игъэхьэщIащ. Яхьыжыну шу гупыр щIэкIуар арауэ Хъымсад къыщищIэм, къахуэкIуэжын идакъым.
 – Тыгъуэн Беслъэн лIыгъэ иIэщ, лIыгъэ зиIэм деж сисынущ, – жиIэри.
Абы и ужькIэ Беслъэн хуилъхуауэ къуитI иIащ, тIуми пащтыхьыдзэм къулыкъу щащIэу щытащ. Хъымсад и цIэр урыс тхыгъэхэм къыхощ 1848 гъэ пщIондэ.

1. Цыбылэхэ я гуащэ дахэ,
Хэтхэ щхьэкIэрэ укъысхуэкIуа, рэтIэ,
Тэтэрхъанхэ щхьэкIэрэ укъысхуэкIуамэ,
Шууищэти, Хэкум зэдисхэт, рэтIэ.
Талъостэнхэ щхьэкIэрэ укъысхуэкIуамэ, рэтIэ,
Шу закъуэти, епсыхыжат, рэтIэ.
2. Чэщей гущэуэ си пхъэ вакъитIымэ
ЩхьэкIуае мыгъуэмэ срегъэпсыхи, рэтIэ,
Пщы щауэ гущэурэ епсыхыжыгъэмэ
Сэ махуае гущэм сегъэгузасэ, рэтIэ.
3. МыIэрысэ гущэуэрэ си быдз цIыкIуитIыр, уей,
IэдакъэкIэрэ ныхызокъузэ, рэтIэ,
Сэ пщы щауэ гущэмэ зескъузылIэнути, рэтIэ,
Данэху-данапIэми измыгъуэтэжи, рэтIэ.
4. Дыщэ гущэурэ си зэпэщIыIур, уей,
Iэ сэмэгукIэрэ зэрызогъэлъэлъи, рэтIэ,
Си нэпситI гущэр къысфIелъэлъэхыурэ, рэтIэ,
ЖагъуэлI гущэм сэ сыныхуашэ, рэтIэ.
5. Сэ сыгуащэт, сыгуащэ мыгъуэти,
Гуащэ псоми сафIэтхьэмыщкIэт, рэтIэ,
Айрэщ, жыфIэркъэ, ай,
Хъымсадыр магъыр, мэусэ, рэтIэ.
6. Суншыжь гущэм и тобылыгъур, уей,
Пщы дадэ гущэм и зэпэбашти, рэтIэ,
Арыкъыжь гущэмэ и бланэ пшэрыр, атIэ,
Пщы дадэ гущэмэ и хьэщIэнышти, рэтIэ.
7. Емынэ гущэмэ и бэракъ фIыцIэр, рэтIэ,
Мэртазэхэ къыщызэфIащIэ, рэтIэ,
Гуимэжьхэр зэщIэщIагъэхэт, рэтIэ,
Талъостэнхэ сыныдашыжи, рэтIэ.
8. Уэредадэр Къуэдзым къыхидзэурэ
Пхъэш мэзыжьымкIэ сыныщIашыжи, рэтIэ,
Сэ гъищэр си уэредадэт, рэтIэ,
Къуэгъулъкъуэхэ срашэлIэжри, рэтIэ.
9. Таж гущэу си пыIэ лъапIэр, рэтIэ,
Мэртазэхэ къыщыпызолъэ, рэтIэ,
Хьэгъэбанэмэ сыныпэплъэнут сэ,
Пщы уэлий гущэм сэ къысхуимыдэ, рэтIэ.
10. Пщы уэлий гущэмэ сырипхъу лъапIэм, рэтIэ,
ХьэтIохъущокъуэхэ щхьэ саримытрэ, рэтIэ,
Къэбэрдей гущэмэ пщыжь имысыжмэ,
Бекъалдыжьымэ хъыбар схуевгъащIэ, рэтIэ.
11. Жыр гущэуэ си лэныстэшхуэр
Хьэщхъуэжь хабзэуэ зэрызогъэшхи, рэтIэ,
Пщы щауэ гущэмэ зишхыхьыжыххэурэ
ЖагъуэлI гущэмэ сэ сыныхуашэ, рэтIэ,
Сэ сыгуащэт, сыгуащэ мыгъуэт, рэтIэ,
Гуащэ псоми сафIэтхьэмыщкIэт, рэтIэ.
12. Талъостэнхэ сыщранысэмэ
Жыхафэри си шэджагъуакIуэт, рэтIэ,
Нэгъуеижь гущэмэ сыщратыжмэ, 
Мыжьыкъ алащэри къысщIэмыхьэжи, рэтIэ,
13. Си анэ гущэурэ Щэхугъуей гущэмэ
Данэху-данапцIэми сыкъыхимыхти, рэтIэ,
Нэгъуей жэм гущэурэ сэ къысщIэпхари, рэтIэ
ЧэрэчэкIэ яугуэшыжи, рэтIэ.
14. АдрыщIымкIэрэ сызэпрыплъым, рэтIэ,
Елмырзэхэ фи унэ лъапIэт, рэтIэ,
Нэгъуеижьымэ фи уэтэужьыр, рэтIэ,
ИгъащIэми кIэгъуасэ мыщIти, рэтIэ.
15. Талъостэнхэ сыщранысэмэ,
Чыщмыщыр сэ си шхын лъапIэт, рэтIэ,
Нэгъуеижьымэ сыщратыжмэ,
Къащыкъжьейри къызобзеихьри, рэтIэ.
16. Щыпэ гущэуэрэ, си щыпэ нэхумэ
ЗэпрыкI гущэти шыбэр кърихурт, рэтIэ,
Нэгъуеижь гущэу сызратыжмэ
Шы цIахуцIэкIэ танэжь къехужи, рэтIэ.
17. Абджышхуэ гущэуэ си щхьэгъубжэшхуэр, рэтIэ,
IэгупэкIэрэ зэIузогъэжри, рэтIэ,
Си нэпситI гущэр къезгъэжэбзэхыурэ, рэтIэ,
ПIэ лъапэ гущэри ныпызокIухьри, рэтIэ.
18. Сэ сыгуащэт, сыгуащэ мыгъуэт, рэтIэ,
Гуащэ псоми сафIэтхьэмыщкIэт, рэтIэ,
Айрэщ, жыфIэркъэ,
Хъымсадыр магъыр, мэусэр, рэтIэ.
 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также:

11.09.2024 - 16:42 Даус и тешапIэ
11.09.2024 - 15:40 Усэ нэжэгужэхэр
06.09.2024 - 12:31 Уэсэпс
03.09.2024 - 15:23 ЗекIуэлI