Алыджхэр Кавказым къызэрыкIуар

Понт къудамэм щыщ алыджхэр ди лъэныкъуэмкIэ XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм къэIэпхъуауэ хуагъэфащэ. Япэу яухуар Къардэныкъуей станицэм бгъурыт Хьэсаут-Алыдж псэупIэрщ. 1924 гъэм абы щыщхэмрэ Трапезундрэ Карсрэ щIэуэ къиIэпхъукIа алыджхэмрэ етIуанэ къуажэ яухуащ, тхыдэм щыцIэрыIуэ Пелопоннес фIащри. 

 «Хьэсаут иубыд щIыпIэр къуэ зэвти, гъавэ щыхэпсэ хъуну губгъуэ къалъыхъуэн щIадзащ, - ягу къагъэкIыж а къуажэм щыпсэуахэм я гъусэу Спартэр зыухуахэм. – Къуажэм и хъуреягъкIэ щылъ щIы пшэрым гуэдзи, нартыхуи, хьэи, сэхурани къыщыбгъэкI хъунут, гъуэгушхуэри жыжьэтэкъым, псыежэхри Iэгъуэти, аращ къыщIыхахар». 
 ПсэукIэ зыщIэм IэбэкIи ещIэ. КъуажэщIэр щаухуэм, къэIэпхъуагъащIэхэм мэз цIыкIухэр хасащ, псы зэрыщIагъэлъадэ кIэнауэхэр датIыкIащ, Iуащхьэхэм къазмакъ, пыжь, хьэмкIутIейхэр щыхасащ. ЗэрыжаIэмкIэ, алыдж къуажитIым щыпсэу унэгуащэхэм ныбжькIэ зэIэпах ерыскъы гъэщIэгъуэнхэр япщэфI. 
Зэман кIыхькIэ Спартэм алыдж фIэкIа щыпсэуакъым. Иджыпсту къуажэм лъэпкъ зыбжанэ дэсщ, ауэ иджыри нэхъыбэр алыджхэрщ. Къуажэм цIыху 400-м нэблагъэ дэсщ, псори зэхэту пщIантIэ 200 хуэдиз мэхъу. Зэрыхъу хабзэу, гъуэгу зэрагъуэту, цIыху куэд Алыдж къэралым Iэпхъуэжащ. 
 «Дэ алыджыбзэм и понт къудамэм дропсалъэ, - жеIэ Спартэ къуажэм дэт школым и директор Надеждэ. – Алыджым дыпэIэщIэу щытми, анэдэлъхубзэр тхъумэжыным дыхущIокъу икIи дыщIохъуэпс». 
 Школым нэмыщI, къуажэм иджыри алыдж члисэ дэтщ. ТхьэелъэIупIэкIэ уеджэмэ, нэхъ пэжынщ. Илъэс куэдкIэ «Свято-Троицкий храм» жыхуаIэр дин зехьапIэу яIащ. Ауэ ар зыхуей хуэзауэ щыттэкъым, абы къыхэкIыу, щэнхабзэ мыхьэнэуэ иIэр нэхъыбэт, фIэщхъуныгъэм зэрепхаишхуэ щымыIэу. 
Сыт иджыри Спартэр зэрыцIэрыIуэр? Мыбы «Марстел» псыIэфыр къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэ щолажьэ. Къуажэдэсхэр я хэкум гукIэ зэрыпыщIам и щыхьэтщ мыбы щыпсэу сабийхэм Дионис, Сократ хуэдэ цIэхэр зэрыфIащыр. 
 ЯгъэщIагъуэу ягу къагъэкIыж хъыбарщ Спартэ къуажэм дэт колхозым и унафэщIу щыта Михайлиди Анастас япэ къэсыр къуажэгъу ищIу зэрыщымытар. Спартэ сыщыпсэуну сыхуейщ жызыIэхэм фIэкIа къищтэртэкъым. Щхьэхынэхэмрэ хьэрэмышххэмрэ я нэр игъэплъэххэртэкъым. И зэманыгъуэм Спартэм дэта колхозым куэд хузэфIэкIащ, къуажэм уэздыгъэрэ газрэ дэзышар аращ. 
 Ди щIэджыкIакIуэхэм къагурыIуауэ дыщогугъ дэтхэнэ хэхэс псэупIэхэми хуэдэу, Къэрэшей-Шэрджэсым зыщызыубгъуа Спартэ алыдж къуажэм и щэнхабзэр ихъумэжыфыну гугъэшхуэ зэрыщымыIэр. Ауэ абы гу лъыттэн хуей щIэхъуар мы алыдж гъуджэм хамэ къэралхэм щыкIуэдыж адыгэ къуажэхэр къызэрищырщ. Зызэман Щамми Тыркуми бжыгъэшхуэкIэ зыщызыубгъуауэ щыта адыгэ къуажэжьхэм я нэхъыбэр хуэмурэ хэкIуэдэжри, абыхэм щыпсэуа ди лъэпкъэгъухэр къалэшхуэхэм Iэпхъуэжащ. Ар я щхьэусыгъуэуи хамэхэм нэхъ яхэшыпсыхьащ. Ардыдэр къыпэплъэу пхужыIэнущ КъШР-м щыIэ, фIэщыгъэ къудейкIэ фIэкIа алыдж щэнхабзэм пхуемыпхыж Спартэми. 
 Иджы тхыдэ напэкIуэцIхэр къызэIутхынщ. Дауэт икIи сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкIэт алыджхэр Урысейм къызэрыIэпхъуар? XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм – XIX и пэм хуахь ар къыщыхъуа лъэхъэнэр. 1768 - 1774 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм и ужькIэ япэ гупыр къэIэпхъуащ. А зэманым Урыс империер нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу чыристанхэм къащхьэщыжырти, Урысейм къэIэпхъуа алыджхэм я къэралыгъуэ яухуэжыну гугъэшхуэ ящIу зыкърагъэшауэ арат. ЕтIуанэ къэIэпхъуэгъуэр зыхиубыдар 1801 - 1856 гъэхэрщ. 1810 гъэм «Чыристанхэр Тыркум кърашыжу Кавказым зыгъэIэпхъуэ комитет» Тифлис къыщызэрагъэпэщауэ щытащ. Понт къудамэм хыхьэ алыдж мини 100 Тыркум къикIри Куржым къэIэпхъуат. Ещанэ къэIэпхъуэгъуэр 1862 гъэм хуэзащ. Абыи и щхьэусыгъуэр чыристан алыджхэр муслъымэн къэралу щыт Тыркум къызэрырашырт. АпщIондэху Кавказым щыщ муслъымэнхэр - псом ялейуэ адыгэхэр - Тыркум яшэрт. 
1878 гъэм понт алыджхэм ящыщу мин 75-рэ Карс кърагъэIэпхъукIауэ щытащ. Абыхэм я нэхъыбэр иужькIэ Псыжьрэ Тэрчрэ пэгъунэгъуу ягъэтIысащ. Псалъэм папщIэ, Псыхуабэ и Iэгъуэблагъэм щытIыса япэ къуажэхэм ящыщщ Нагут, Кърымджэрий, СулътIан къуажэхэр. 
 Кавказым щыпсэу алыджхэр адрей кавказ лъэпкъхэм яхэшыпсыхьакъым, динкIэ къатехуэ ермэлыхэм фIэкIа. Муслъымэн диныр зезыхьэ адыгэхэм япэгъунэгъуу псэуху, абыхэм я хабзэ куэд къащтащ, ар унэ зэгъэзэхуэкIэ, щыгъын зехьэкIэ, хьэщIагъэ ехыкIэ, атэлыкъ хабзэ, лъыщIэж ирехъу. XX лIэщIыгъуэ пщIондэ алыджхэм цIитI зыфIащыжу щытащ, тIум я зыр адыгэцIэрэ абыкIэ унэм къыщеджэу. Кавказ алыджхэм адыгэбзэкIэ псалъэ куэди яхэтт, ар я анэдэлъхубзэм и гъусэу ягъэшэрыуэфу. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: