Къалэр удз гъэгъахэм ягъэдахэу

Республикэм и цIыхухэм я гукъыдэжыр къиIэтащ фокIадэм и 7, 8 -хэм Налшык ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум щекIуэкIа удз гъагъэхэм я фестивалым. Мы гъэм ар етхуанэрейуэ щекIуэкIащ Налшык. Iуэху дахэм кърагъэщIылIащ уэрам театрым и фестивалри. Фестивалым фIэщыгъэ хуащIащ «Гъэмахуэр икIащ». Iуэхур  къызэрагъэпэщащ КъБР-м и къэралыгъуэм и махуэмрэ Налшык къалэ и махуэмрэ я щIыхькIэ. ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум нэмыщI фестивалым къызэщIиубыдащ «ЗыгъэпсэхупIэ» паркри, утыкум и Iэгъуэблагъуэ псори. Удз гъэгъа зэмылIэужьыгъуэхэм, IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр, мастер - классхэр, теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэр - щIэщыгъуэу зэхэтащ ар. Удз гъагъэхэр гъэкIынымрэ зэхэгъэувэнымрэ егугъу IэщIагъэлIхэм ягъэлъэгъуащ пэшым е губгъуэмрэ хуабэщхэмрэ щагъэкI удз гъэгъа зэмылIэужьыгъуэ куэд. IэпщIэлъапщIэхэмрэ IэпэIэсэхэмрэ фэм, пахъэм, гъущIым, щэкIым, ипоксидым, цым къыхащIыкIа хьэпшыпхэр, дыщэкIхэм ящIа тхьэгъухэмрэ Iэлъынхэмрэ, къэлътмакъхэр, сабын зэмыфэгъухэр, хъуржынхэр, сурэт гъэщIэгъуэнхэр зытращIыхьа IэфIыкIэхэр – куэд хъурт нылшыкдэсхэр зыгъэгуфIэхэр. Сабийхэми балигъхэми щIэщыгъуэ ящыхъуащ фестивалым щагъэлъэгъуа спектаклхэр. ПщыхьэщхьэкIэрэ къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ зыщагъэпсэхуащ макъамэм и дунейм. Головин Сергейрэ Синяевэ Ольгэрэ я уэрэд пшыхьыр зы пщыхьэщхьэм, Ковалёвэ Елизаветэ и джаз квартетымрэ «8 bit» кавер гупымрэ - етIуанэм екIуэкIащ.

- Фестивалым хэтыну Налшык къеблэгъащ Москва, Санкт-Петербург, Воронеж, Къэзан щыщ уэрам театрхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми махуэм къриубыдэу зыбжанэрэ зыкъагъэлъэгъуащ. ПщыхьэщхьэкIэрэ джаз пшыхьхэр екIуэкIащ. Псори гъэщIэгъуэнт, щIэщыгъуэт, нэгузыужьт, - жиIащ къалэм зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтым и унафэщI Шыхъуэстэн Оксанэ.

Удз гъагъэхэм я фестивалым къекIуалIэхэр илъэс къэс нэхъыбэ мэхъу. Мы гъэм абы зиубгъуауэ екIуэкIащ, цIыху куэди къришэлIащ. Республикэм и цIыхухэм я гукъыдэжым зезыгъэIэта Iуэхум и инсталляцэ нэхъыфIым папщIэ ягъэуващ Налшык къалэ администрацэм и саугъэт.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: