Ди Iэхэр кIэзызынукъымИлъэси 165-рэ блэкIащ Кавказ зауэм и напэкIуэцI гущIыхьэхэм яз хъуа Гъуниб зауэзэрылIыр зэрекIуэкIрэ. Зи гугъу тщIы къэхъукъащIэр хэIущIыIу пэтми, мащIэ дыдэщ щыгъуазэр Щамил Iимамыр щрагъэкIуэта сыхьэт гугъум адыги зэрыбгъэдэтар. Гъуниб деж щекIуэкIа зэпэщIэтыныгъэм тетхыхьа тхыдэджхэм я IэдакъэщIэкIхэм «Щамил и кIэм нэс хуэпэжахэр» псалъащхьэм щIэту кърабжэкI цIыху зыбжанэм язщ «1846 гъэ лъандэрэ Щамил гухьа адыгэ мухьэжырхэм я къадыуэ щыта, Гехи шэшэн къуажэм щыпсэуа Шэркэсий Ибрэхьим-хьэжы». А цIэ дыдэм ущрохьэлIэ 1859 гъэм урысыдзэм Гъуниб Iуащхьэр къыщиувыхьам «икIэм нэс Щамил бгъурытахэм» я сатырым. «1859 гъэм шыщхьэуIум и 25-м Щамил и гъусэу Гъуниб Iуащхьэм гъэру зыщитащ», - итщ а лIым теухуауэ урыс дэфтэрхэм. НэгъуэщI зы тхыгъэми Щамилрэ Ибрэхьим-хьэжымрэ я зэхуакум дэлъа зэхущытыкIэр къегъэнаIуэ: «Дарго къызэрикIыжрэ, Щамил Iимамым хиубыдыкIауэ фIыуэ илъагъуу щыта шэрджэс Ибрэхьим-хьэжы». Ибрэхьим-хьэжы а махуэм хэкIуэдауэ жаIэ щIэныгъэлIхэм. Ардыдэхэм я тхыгъэхэм къыхощ «Щамил зитащ» псалъэухар урыс генералхэм загъэщIагъуэу жаIэрейми, пэжым зэрыпэжыжьэр. «Кавказым и тетым ухуэзэнщи къэбгъэзыжынщ», - къыжраIэщ, зэпсалъэмэ, къаутIыпщыжыну тхьэ къыхуаIуэри ирашэжат Iимамыр. Барятинскэм и лIыкIуэхэм пцIы зэраупсыр, Iимамыр псэууэ зыIэрагъэхьэн папщIэ иджыри зэраупсынур лIыкIуэхэм хъыбару къахьа нэужь къэхъуар псори зи нэкIэ зылъэгъуа икIи зытхыжа Щамил и малъхъэ Гъэзикъумыхъу Абдурахьмэн и тхылъым итщ: «Iимамым къыбгъэдэкIыу (урысхэм хуагъэхьа тхыгъэм – Ч. М.) сэ мыпхуэдэу ирызагъэтхащ: «Кавказым и тет Барятинскэ джыназым деж. Сэлам идох гъуэгу захуэм тет псоми. Мэчэм кIуэ гъуэгур сэрэ си гъусэхэмрэ хуит къытхуэфIщмэ, мамырыгъэкIэ дызэгуроIуэ, хьэуэ жыфIэмэ – хьэуэ!» Тхыгъэр хьэзыр хъуа иужь, Абэзэхэм щыщ мухьэжыр Ибрэхьим-хьэжы мыпхуэдэу къыхилъхьащ: «Уа Iимам! Тхыгъэм мыпхуэдэ псалъэхэр дыщIыгъуамэ арат: «Сэшхуэхэр къитхакIэщ, ди Iэхэри кIэзызынукъым». Iимамым и унафэкIэ а псалъэхэр тхыгъэм хэзгъэувэжащ». «Щамил Iимамыр хэкIуэдэху щхьэ мызэуарэ», - жызыIэ «блэкIа лъэхъэнэм и ахъырзэманхэм» Iуэхум зэрыхамыщIыкIыр гурыIуэгъуэщ. Ауэ щIыхамыщIыкIри, хащIыкI зэрымыхъунури, Iуэхум и пэжыпIэр щIэхъумэныр бгырысхэр зэрагъэбэлэрыгъа политикэ Iэужьу зэрыщытри нобэми зэрызэрамыгъэзэхуэфым укъегъэуIэбжь. Езыр зэрыхэкIуэдэнум зыхуигъэхьэзыра дэнэ къэна, къэдзыхэнкIэ зыхуэгузавэ и къуэхэр зэригъэшхуа псалъэхэр нэгъунэ къыщIэнащ Щамил. «ЦIыхур къызэралъхури зэрылIэри зэщ. Сыт хуэдизрэ дымыпсэуми, гува - щIэхами дылIэжынущ. Дунеягъэм фи гупсысэхэр пывгъэкI, фи ахърэт гъуэмылэр хэмыщIын папщIэ», - яжриIэрт Щамил и бынхэмрэ и муридхэмрэ, лIэныгъэм щымыщтэн папщIэ ягухэр фIы яхуищIу. Тхыгъэр кIыхьыIуэ тфIэмыхъун щхьэкIэ нэмыгъэсауэ къэдгъанэ мы хъыбарым гукъыдэж зиIэр щеджэфынущ Гъэзикъумыхъу Абдурахьмэн и «ГукъэкIыжхэм я тхылъым». Тхыдэ хъужащ нобэ дигу къэдгъэкIыж напэкIуэцIхэр. БлэкIар щIаджыжыр щапхъэрэ ущиещи, зэхэпхыху бгъэщIагъуэ хъыбархэр къыхохуэ Щамил Гъунибыщхьэм щыжиIахэмрэ къыщигъэхъуахэмрэ ятеухуауэ. КъызэраIуэтэжымкIэ, Iимамыр Iуащхьэм щыдэкIуейм щыгъуэ, и мылъкур гу зыбжанэкIэ яшэрт. Шыгуищым Iэщэхэр илът, хым – ахъшэхэр, дыщэр, дыжьыныр, шыгу пщыкIублкIэ тхылъхэр яшэрт. АрщхьэкIэ Гъуниб щыдэкIуеям, абыхэм ящыщу Щамил къыIэщIэнар и Iэщэм и закъуэт. Адрей хьэпшып псори фIадыгъуат. ИужькIэ къыщIэщыжащ а псори езым бий къыхуэхъужа нэIиб гуэрым зэрызыIэщIилъхьар, къыхурикъужын папщIэ. Арати, къэхъуар къыщыгурыIуэм, и гъусэхэр къиплъыхьри, Щамил хьэрыпыбзэкIэ усэ къеджащ: Афэ джанэм хуэзгъадэу къуэшхэр сиIати, Мис, бийуэ къыспэщӀэувэжаи! Шабзэшэм хуэзгъадэу псэм щызгъэфӀахэм Иджы си гум зыкъыхаукӀаи! А зэманым псэуа сурэтыщIхэм я Iэдакъэ къыщIэкIауэ сурэт зыбжанэ щыIэщ Гъуниб зауэзэрылIым щекIуэкIар уи нэгу къыщIигъэувэу. Мэзым жыгыу щIэтам нэхърэ мынэхъыбэмэ, нэхъ мащIэтэкъым Гъуниб къэзыувыхьа пащтыхь сэлэтхэм я бжыгъэр. Iуащхьэм къеплъыхыу ахэр къилъэгъуа нэужь, Щамил жиIар нобэми зэIэпах: «Ашильтэ щыщу цIыхубз 50 сиIамэ, сыту сехъулIат!» Абы къригъэкIар хэт ищIэн? Зи цIэ къриIуа и анэш къуажэм щыщ цIыхубзхэр зэрыхахуэра? Хьэмэ цIыхубз 50 зыпэлъэщыну дзэм фыкъыпикIуэтыну фигу къэвмыгъэкIыххэ жиIэрэт? Нэхъ пасэу дигу къэдгъэкIыжа Ахульго къуажэм деж щекIуэкIа зауэм Ашильтэ щыщ Ханзадай цIыхубзым и цIэр къыхощыж. И щхьэгъусэр хэкIуэда нэужь, абы и щыгъынхэр щитIагъэри, езыри яукIыху къамэр игъэтIылъауэ щытакъым. Адыгэхэм ятеухуауи сурэт куэд зи IэдакъэщIэкI, урыс императорым и сурэтыщIу щыта Рубо Франц «1859 гъэм шыщхьэуIум и 25-м Гъуниб Iуащхьэр къызэращтамрэ Щамил гъэру зэраубыдамрэ» фIищауэ сурэт щыIэщ. Нэхъ цIэрыIуэхэм хабжэ Горшельт Теодор и «Гъуниб урысыдзэр зэребгъэрыкIуар» сурэтыр. Гъуниб деж щекIуэкIа зауэзэрылIым адыгэ напэкIуэцIи зэрыхэтыр зыщыдгъэгъупщэ мыхъуну Кавказ зауэм и напэкIуэцIхэм ящыщщ.
Поделиться:
Читать также:
04.10.2024 - 13:00 →
Дерс къыхахыпхъэт…
02.10.2024 - 17:39 →
Владикавказрэ Тбилисирэ я зэхуакум
01.10.2024 - 12:44 →
Алыдж щхьэхуитыр
27.09.2024 - 18:31 →
Укъэзылъхуар здэщыIэ пщIащэрэт
26.09.2024 - 14:18 →
Хьэнцигуащэм кърикIуар
|