«Уи къарум зэи шэч къытумыхьэ»

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист Шыпш (Багъ Иннэ) и IэщIагъэр къызэрыхихамкIэ, театрым теухуа и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ.

         - Актёр сыхъуну къызжаIамэ, си фIэщ хъуну къыщIэкIынтэкъым. А IэщIагъэр нэхъыбэу къызэрысщыхъур телевиденэм, кином епхауэт. Си анэр щIэхъуэпсырт гъуазджэм сыхуеджэну. Арати, школыр къэзуха нэужь, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым уэрэд жыIэнымкIэ и къудамэм сыщIэтIысхьэну сыкIуащ. АрщхьэкIэ макъамэм ехьэлIауэ лъабжьэ гуэри сиIэтэкъым. КъызэдэIуа цIыхубзым занщIэу къызжиIащ макъ зэрызиIэр, ауэ еджапIэм сыкъащтэн щхьэкIэ зы илъэскIэ абы  зыхуэзгъэхьэзырын хуейт. Институтым сызэрыщIэмыхуар си гум щIыхьауэ сыкъыщIэкIыжауэ, си анэ шыпхъур къэпсэлъащ, Москва Щукиным и цIэр зезыхьэ театрым еджакIуэхэр къызэращтэр къызжиIэну. Пэжыр жыпIэмэ, абдеж финансхэм епхауэ семыджэ закъуэмэ, дэни сыщIэтIысхьэну сыхьэзырт. 

         ЕджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьа нэужь, Иннэ театр лэжьыгъэм, спектаклхэм пэгъунэгъу хъуащ, дихьэхащ. «Институтыр къэзыух гупым игъэува «Фальшивая монета» лэжьыгъэм деплъа нэужь, дыкIуэрей хъуат Вахтанговым и цIэр зезыхьэ театрым. Артист цIэрыIуэхэу Лановой Василийрэ Князев Евгенийрэ лIыхъужь нэхъыщхьэу щыджэгу «Посвящение Еве» спектаклым и массовкэм дыхэту зы утыку дыкъыщыщыхутам, ди гуфIэгъуэм кIэ иIэтэкъым. Ауэ, пэжыр жыпIэмэ, сызыхэтыр къыщызгурыIуа дыдэр илъэсиплIкIэ седжа нэужьщ. Абы ипэкIэ актер IэщIагъэм гукъыдэж ин къызит фIэкIа, и мыхьэнэр нэсу къызгурыIуэу щытауэ схужыIэнукъым, - къыхегъэщ хъыджэбзым. 

         Иннэ и егъэджакIуэхэм ноби япыщIащ. Художественнэ унафэщIу, уеблэмэ анэ етIуанэ къахуэхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа артист ныбжьыщIэхэм къадэлэжьащ Ворошиловэ Людмилэ. Иннэ игу къегъэкIыж курсыр абы щратам, ар зэрыгузэвам гу лъатауэ зэрыщытар. Москва къыщымыхъуа, Къэбэрдей-Балъкъэрым нэс икIа ныбжьыщIэхэм зэрадэлэжьэну щIыкIэм мащIэу къигъэуIэбжьагъэнт. Къапщтэмэ, гурыIуэгъуэт абы и щхьэусыгъуэр - къалэшхуэм зэи щыIахэтэкъым, куэдым щыгъуазэтэкъым. Арагъэнщ и быным зэрахущытым хуэдэу, ар абыхэм зэрабгъэдэтыным, яхуэсакъыным щIыхущIэкъуар. «Сыт щыгъуи фIэгъэщIэгъуэну ар щIэупщIэрт ди хабзэхэми щэнхабзэми. Зыхилъхьэ щымыIэу ди къафэхэр игу ирихьырт, «зы теплъэгъуэ гуэр сывгъэлъагъу, севгъасэ сэри», - жиIэурэ къыщыдэлъэIу щыIэт. Зи ныбжьыр ику итыну бзылъхугъэр апхуэдизкIэ жыджэрти, псори фIэтелъыджэт, абыкIэ дэри дыкъыдихьэхат. Апхуэдэ егъэджакIуэфI хъарзынэхэр диIащ», - жеIэ Иннэ.

         Урысейм и артист нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ куэдым яIущIэнуи щIалэгъуалэм я насып кърихьэкIащ - Этуш Владимир, Дубровская Аннэ, Лановой Василий, Князев Евгений, Сажин Владимир, Маркин Валерий сымэ.   Апхуэдэ цIыху цIэрыIуэхэр щалъагъукIэ дауэ дамэ къатемыкIэнрэт?!  «Ди щхьэм тхуигъэзагъэртэкъым: апхуэдэ «цIыхушхуэхэм» ауэ убгъэдыхьэу уепсалъэ зэрыхъур. Дыгузавэрт икIи дышынэрт. Ауэ езыхэр къыббгъэдыхьэу илъэс 20 хуэдэкIэ уацIыхуу щытам хуэдэу къопсэлъэфынут. Сыт хуэдэ упщIэкIэ захуэбгъазэми, дэтхэнэри хуиту къыбдэуэршэрынут, «сыцIэрыIуэщ», - жаIэу зыми зыкъыпщамыдзейуэ, - дыщIегъу Шыпшым. - Абыхэм дызыхуагъэIущар зыщыдмыгъэгъупщэну иджыпсту иужь дитщ. СощIэж «Егерь» лэжьыгъэр япэ дыдэу утыку къитхьэн хуейуэ, пычыгъуэхэр къыддэзыгъэув Сажин Владимир Джатэжьокъуэ Константинрэ сэрэ къызэрыддэлэжьар. Константин иущий мыхъумэ, къызгурыIуэртэкъым, сэ зы ныкъусаныгъи къыщIызжимыIэр. Къыздэлэжьэну хуэмейуэ къысщыхъурти, си гум щIэзгъэхьэрт, ауэ зы псалъи схужеIэртэкъым. Апхуэдэу пычыгъуэм елэжьын духри, ар къэдгъэлъэгъуащ. ИтIанэщ ар къызбгъэдыхьэу и Iуэху еплъыкIэр къыщызжиIар.  Ролыр сэ езым гукIэ зыхэсщIэну, сызэгугъужыну зэрыхуеяр жиIэри, ар зэрызгъэзэщIам арэзы къызэрищIари дыщIигъужат. «Уи къарум зэи шэч къытумыхьэ», - къызэрызжиIар иджыпсту си лэжьыгъэм къыщысхуощхьэпэ. 

         Шыпш Иннэ лъагъуныгъэ зи лъабжьэ лэжьыгъэхэр фIэфIщ, къапщтэмэ, апхуэдэ роль зыбжани игъэзэщIащ. Апхуэдэуи щIохъуэпс трагедие гуэр утыку кърихьэну е езым емыщхьу зы лэжьыгъэ игъэзэщIэну.

         Мы гъэм Иннэ хэтащ ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэм, ирихьэлIэу ягъэува «Давай за жизнь» пшыхьым. «Абы делэжьыху цIыхур зыIыгъыфынкIэ хъуну гурыщIэ зэхуэмыдэ куэд зыхэтщIащ. Абыхэм ящыщщ пагагъэри, лъагъуныгъэри, нэщхъеягъуэри, шынэри. Уэрэд, усэ къэс гугъэ къыпхалъхьэжу, упсэун папщIэ къаруущIэ къуатыжу апхуэдэт. А псор «ди щIыфэкIэ» зыхэтщIащ жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынкъым», - жеIэ Шыпш Иннэ.  - Хабзэ схуэхъуауэ, спектаклым щIидзэн и пэ, утыкум си закъуэу сохьэри, къызыфIэзгъэщI театреплъым «сопсалъэ». Ар куэдым ягъэщIагъуэ, ауэ апхуэдэу щысщIым сценэм нэхъ сызыхищIэу, фIэщхъуныгъэ къысхилъхьэу къысщохъу.

         Иннэ хэтщ «Как мой дедушка женился» лэжьыгъэм, лIыхъужь нэхъыщхьэ Ивлитэ и ролыр игъэзащIэу, «Лъагъуныгъэм и къару» спектаклым – Iэминат ейр, «Таланты и поклонники» лэжьыгъэм - Негинэ Александрэ, «Диплом»-м - Кларэ. Ролхэр зэщхькъым, зыр нэхъ зэпIэзэрытщ, адрейм хьилагъэ нэхъ хэлъщ. Ауэ дэтхэнэми гъэщIэгъуэнагъ гуэр хэлъщи, удахьэхыу къызэригъэлъэгъуэным и ужь итщ.

         - Театрыр зэрымыщIэкIэ къыхэсха хуэдэу хъуами, ар иджыпсту си гъащIэм схухэмыгъэкIыжыну и Iыхьэщ. ЦIыху къэс  апхуэдэ гуэр иIэщ, ар лъагъуныгъэ хъуми, нэгъуэщIу щытми, арыншэу и гъащIэр имылъагъуу. Мы зэманым театрыр си дежкIэ апхуэдэу хъуащ. Си гъащIэм къыщыхъур, Iейми фIыми, си лэжьыгъэм къыщызогъэсэбэпыжыф, жысIэнуращи, си гъащIэмрэ утыкумрэ зэпыщIа хъуащ. Сыт къэмыхъуами, гушыIэ щIэлъу а щытыкIэм сыкъызэрикIынум сыхущIокъу, комедиер щынэхъыбэу къыщIэкIынщ си гъащIэм. Нэхъ куууэ актёр IэщIагъэм зыхэзгъэгъуэзэн зэрыщIэздзэрэ, хэзубыдыкIауэ Каренинэ Аннэ и ролым сыджэгуну сыщIохъуэпс. Абы теухуауэ зы пычыгъуэ цIыкIу еджапIэм дыщыщIэсым утыку къисхьауэ щытащ, иджы сыхуейт зэгуэр ар нэгъэсауэ утыкум щызгъэлъэгъуэну.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

 

Поделиться:

Читать также: