КъикIуа гъуэгуанэм ириплъэжу

Ди газетыр зи нэIэ щIэт «КБР-Медиа» IуэхущIапIэм и мылъкукIэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэр я дэIэпыкъуэгъуу, иджыблагъэ «Фрегат» тедзапIэм къыщыдагъэкIащ илъэс зыбжанэ хъуауэ ди редакцэр зэлэжь «Адыгэ псалъэ-I00» тхылъыр. 

Тхылъыр гъэхьэзырын къалэныр нэхъыбэу зи пщэ къыдэхуар редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу илъэс куэд щIауэ лажьэ ЖьэкIэмыхъу Маринэщ. НапэкIуэцI 300-м нэблагъэ къыдэкIыгъуэм ихуа тхыгъэхэр газетым къикIуа  гъуэгуанэм, адыгэ лъэпкъым и гъащIэр итхыжыным зэрытегушхуэ лъандэрэ ича лъэбакъуэхэм къагъэщIа теплъэгъуэщ. «Адыгэ псалъэм» и тхыдэм къыдэкIуэу, мы тхылъым ихуащ ди лъэпкъым, республикэм, цIыхубэм я блэкIам и щыхьэтхэр.  Тхыдэджхэр уэрэдыжьхэм щIэдэIукIыурэ лъэпкъым и блэкIар къызэрахутэжым хуэдэ къабзэу, къыщыдэкIа махуэр, зытха цIыхум и цIэ-унэцIэр, щIыгъу сурэтхэр, хьэрфым и къэщыпыкIэр зытеплъагъукI фэеплъыр ухэтми усытми нэхъ IупщIу уи нэгум къыщIэзыгъэувэ музей хьэпшыпщ, и уасэр иныIуэ хъункIэ мышынагъуэу.

КупщIэшхуэ зыхэлъ пэублэм и псалъэхэм къыбгурагъаIуэ тхыбзэмрэ газетымрэ зэтIолъхуэныкъуэм хуэдэу гъуэгу зэрыпхашыр: «ЦIыхубэ зыужьыныгъэм дежкIэ тхыбзэм иIэ мыхьэнэр, абы игъэзащIэ къалэным и инагъыр къызэрыплъытэн пщалъэ щыIэкъым. Абы пебдзых мыхъуну абрагъуэщ «Адыгэ псалъэ» газетым ди лъэпкъым хуищIар. Ар лъэпкъым и джэлэсщ, и гъуазэщ, и блэкIам, и нобэм я гъуджэщ: газет напэкIуэцIхэм илъэси 100 хъуауэ къощ зыхуэлажьэ цIыхухэм я IуэхущIафэхэр – я гуфIэгъуи, я гукъеуи».

Iыхьэ 12 ирокъу тхылъым и псалъащхьэхэр. А псори  газетым и тхыдэм ироплъэж, дэтхэнэ зыри ар зрикIуа гъуэгуанэм и щыхьэту къэуву. КупщIэ куу щIэлъщ пэублэм къыкIэлъыкIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу лэжьа  ТIымыжь Хьэмыщэ  и тхыгъэми. Урысейм къыщыдэкIа газетхэм я деж къыщымыувыIэу, ар адыгэм и лъэр щеувэха щIыпIэхэм мэIэбэри, лъэпкъым и бзэр щIэныгъэ хъумапIэ ищIыну щытегушхуа япэ махуэхэм ялъоIэс. МащIэу уегъэнэщхъей адыгэхэм газет къыдагъэкIын гукъыдэжыр хамэбзэкIэ яублэн хуей щIэхъуа щхьэусыгъуэхэм. «Адыгэ псоми яхуэгъэза «Джэридэту Иттихьад» газетыр Къаир дэт Iэл-Iэзхар университет цIэрыIуэм 1899 гъэм Мысыр жыжьэм къыщыдэкIыу иригъэжьауэ щытащ», - дыкъыщоджэ ТIымыжьым и тхыгъэм. Абдеж къыщыщIэдзауэ къыубжмэ, адыгэ газетыбзэр илъэси 125-рэ ипэкIэ гъуэгу техьауэ пхужыIэнущ. «Адыгэ псалъэм» щэхуу ди гум щыхуэдгъафIэ защIэщ Хьэмыщэ и тхыгъэр зэриухахэри: «Ар («Адыгэ псалъэр») дяпэ ита ди нэхъыжьыфIхэм лъэхъэнэ гугъухэм хуэсакъыпэурэ къыпхраха лъэпкъ фащэщ. Ар адыгэхэм я хасэ махуэщ, и псалъэ-унафэ IущхэмкIэ лъэпкъым и гъащIэ гъуэгуанэр тынш хуищIу, гъунапкъэщIэхэр къыхузэIуихарэ лъагапэщIэхэм щигъэхъуэпсу. Ар жиIам тебгъуэтэж псалъэщ – лъэпкъым и дунейщ».

Ещанэ Iыхьэм щыгъуазэ дещI газетым и редактор нэхъыщхьэу лэжьахэм я гъащIэ гъуэгухэм.  КъыкIэлъыкIуэм дигу къегъэкIыж газетыр псэзэпылъхьэпIэм щита лъэхъэнэ гугъур: «Ди редакцэм щыщу фронтым кIуа цIыху зыбжанэм я хъыбар куэдрэ я унагъуэхэми, я лэжьэгъухэми ящIакъым.  Абы лъандэрэ блэкIа зэманым газетым и лэжьакIуэхэм зэхуахьэсыж зауэлI-журналистхэм ятеухуа материалхэр, хэкум и хъумакIуэхэм я гъащIэ гъуэгуанэ кIэщIыр нэхъ щызу къызэрагъэлъэгъужыным яужь итщ».

«Нэхъыжьхэм я гукъэкIыжхэр» Iыхьэм езым къыбжеIэ зытеухуар. ЦIэ  зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэ зезыхьа ди газетым щылэжьахэм ятеухуа тхыгъэхэр ихуащ абы. ЗэрыфщэщIи, «Адыгэ псалъэм» («Къэрэхьэлъкъ», «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр», «Къэбэрдей пэж», «Ленин гъуэгу») сыт хуэдэ зэмани щылэжьащ журналист IэщIагъэм къыхэтэджыкIа тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ. Къалэмыр, зэрыжаIэу, «и гупэ хэлъу» гъащIэ къэзыгъэщIа, лэжьыгъэ къезыхьэлIа апхуэдэ IэщIагъэлIым и гукъэкIыжхэр зыхуэбгъэдэн дунейм теткъым, адэ-анэм ефIэкIыжу зи куэщIым псысэ къыщыпхуэзыIуатэ дадэ-нанэхэм я ущием фIэкIа. Ауэ щыхъукIэ, нэхъыжьыфIхэм къаIуатэр псысэкъым, адыгэм зригъэгъуэтыфа акъыл гъэбзэкIэщ, бзэ гъэшэрыуэкIэщ, тхылъымпIэмрэ гум къизэрыхь псалъэуха гугъэзагъэмрэ зэрызэлъагъэIэс Iэмалщ. Бзэм и зэманыгъуэкIэ дызэмыджэжыфыну нобэрей махуэм дежкIэ ахэр зи уасэр мыкIуэщIщ, зи  IэфIми хэмыщIщ.

«Фэеплъ» Iыхьэр зытеухуар ди лэжьэгъуу щытахэм ящыщу дунейм ехыжахэрщ. Дэтхэнэ зыми, ар адрейхэм къахэзыгъэщ хьэл зэриIам хуэдэу, я тхэкIэр къозыгъэцIыхуж псэлъэкIи, лэжьэкIи, къалэн бгъэдыхьэкIи иIащ. Абыхэм ятеухуа гукъэкIыжхэри я хъэтIыр зыхъумэ тхыгъэхэри зэи щыкIуэдынукъым ди деж, газетым и музей  къызэIутхыну дызыщIэхъуэпсым хуэфэщэн плIанэпэ щагъуэтынущ.

Iыхьэ щхьэхуэу тхылъым ихуащ редакцэм щылэжьа нэужь, нэгъуэщI  IэнатIэ увахэм ятеухуа тхыгъэхэр. МащIэ-куэдми, «Адыгэ псалъэм» и редакцэм щылэжьа псоми ятеухуа тхыгъэ зэридгъэхуэным иужь дитащ. Къалэмым гу хуэзыщIам ар зэи игъэтIылъыжыпэркъым. Абы къыхэкIыу, ахэр сыт хуэдэ зэмани «Адыгэ псалъэм» и гъэфIэну щытынущ.

Iыхьэ нэхъ убгъуахэм яхыубжэ хъунущ газетым нобэ щылажьэхэм ятеухуар. Тхьэмахуэм щэ тхылъымпIэм тету, махуэ къэс интернет IэмалкIэ щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ ихьэ «Адыгэ псалъэм» зи гуащIэрэ хэлъэтрэ езыхьэлIэ нобэрей лэжьакIуэ гупым я Iэзагъыр здынэсым щыгъуазэ дещI мы Iыхьэм. Журналистхэр я тхыгъэхэм къыуагъэцIыху щхьэкIэ, газетым и тепхъуэмрэ и къупхъэмрэ зэзыгъэзахуэхэр нэхъ гъунэгъуу нэIуасэ кыщытхуэхъур нобэ хуэдэ махуэшхуэхэрщ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэмрэ Парламентымрэ и газету дыщыщыткIэ, ди унафэщIхэм я гулъытэ ди лэжьакIуэхэм къалъэмыIэсыпIэ иIэкъым. Илъэс къэс журналистхэм я лэжьыгъэхэр къыщапщытэжкIэ, зи къалэныр нэхъ жану езыхьэкIхэр цIэ лъапIэхэмрэ саугъэтхэмкIэ къыхагъэщ. Апхуэдэ хъыбархэм щыгъуазэ дещI «ЩIыхьыцIэхэр, дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэщахэр» Iыхьэм. Абы къыкIэлъокIэ щхьэхуэу редакцэм кърата тыгъэхэмрэ къыхуагъэфэща цIэ лъапIэхэмрэ ятеухуар. Иужьрей напэкIуэцIхэм щызэхуэхьэсыжащ «Адыгэ псалъэм» япэ лъэбакъуэр щича махуэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым щылэжьахэм я цIэ-унэцIэхэр.

Редакцэм фIыщIэшхуэ хуещI тхылъыр  екIуу, зыхуей хуэзауэ, теплъэ дахэ иIэу къыдэзыгъэкIахэм. Лъэпкъым, цIыхубэм, щымыIэж лъэхъэнэхэм я фэеплъу щыт мыпхуэдэ лэжьыгъэм егъэджакIуэми, инженерми, дохутырми, къулыкъущIэми, гублащхьэдэсми я дапхъэм телъыну хуэфащэщ. «Адыгэ псалъэм» къикIуа илъэсищэ гъуэгуанэр зэрылъэпкъыу дызыдэкIа Iуащхьэшхуэщ, дяпэкIи нэхъ лъагэ хъуну дызыщигъэгугъыу.

                            ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться: